Иуан 19

19
19-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
1Пилат зауэлӀхэм Хьисэ яригъэубыдри, щӀопщкӀэ иригъэуащ абы и ужькӀэ. 2ЗауэлӀхэм банэм къыхэщӀыкӀауэ пащтыхь таж яблэри, Хьисэ и щхьэм фӀалъхьащ. Абэ плъыжь-фӀыцӀафэ кӀыхь щатӀэгъащ. 3Къыбгъэдыхьэри къыщӀэнакӀэрт зауэлӀхэр:
– Упсэу, журтхэм я пащтыхь! – жаӀэурэ.
Ар жаӀэурэ, абы енэпэфауэрт.
4Преторием къыщӀэкӀыжри, Пилат журтхэм яжриӀащ:
– Зэрызгъэкъуэншэн зыри зэрезмыгъуэтылӀэр фщӀэн щхьэкӀэ, езыр къыфхущӀызош.
5Хьисэ банэ тажыр щхьэрыгъыу, абэ плъыжь-фӀыцӀафэ кӀыхьыр щыгъыу къыщӀэкӀащ. Пилат цӀыхухэм яжриӀащ:
– Мис езыр!
6Хьисэ щалъагъум, дин пэшэшхуэмрэ хъумакӀуэхэмрэ зэрыгъэкӀиящ:
– Жорым еӀулӀ! Жорым еӀулӀ!
– Ар фэ фшэи, жорым ефӀулӀ, – яжриӀащ Пилат, – сэ зэрызгъэкъуэншэн лъэпкъ езгъуэтылӀакъым.
7Дэ хабзэ диӀэщ,#19:7 дэ хабзэ диӀэщ – еплъ 3 Мусэ 24:16. – къыжраӀащ журтхэм. – А ди хабзэм тету лӀэн хуейщ ар, Тхьэм и Къуэу зэрызигъэӀуам щхьэкӀэ.
8А псалъэхэр щызэхихым, Пилат хуабжьу къэшынащ. 9Преторием щӀыхьэжри, Хьисэ жриӀащ:
– Уэ дэнэ ущыщ?
Хьисэ жэуап иритыжакъым.
10– Уэ укъызэпсэлъэну ухуэмейуэ, ара? – жриӀащ Пилат Хьисэ. – УзутӀыпщыжынуи жорым урезгъэӀулӀынуи лъэкӀыныгъэ зэрызиӀэр пщӀэркъэ?
11– Ди щхьэщыгу ит Тхьэм къыуимытатэмэ, къызэпщӀэнӀауэ лъэкӀыныгъэ уиӀэнтэкъым, – къыжриӀащ Хьисэ. – Апхуэдэу зэрыщытым щхьэкӀэ, уэ сыкъыпӀэщӀэзыгъыхьам гуэныхь нэхъыбэ иӀэщ.
12Абы къыщыщӀэдзауэ, Хьисэ зэриутӀыпщыжыным и ужь итащ Пилат. Ауэ журтхэр зэрыгъэкӀийрт:
– Ар бутӀыпщыжмэ, кесарым уриныбжьэгъукъым. Пащтыхь зыфӀэзыщ дэтхэнэри кесарым и бийщ.
13А псалъэхэр щызэхихым, Хьисэ къыщӀишри, Пилат хеящӀэ тӀысыпӀэм тетӀысхьащ. А тӀысыпӀэр здэщыӀэ щӀыпӀэм и цӀэр Лифостротонщ, журтыбзэкӀэ Гаввафэщ. 14А махуэр ӀутӀыж махуэшхуэм и пэ къихуэ мэрем махуэт. Сыхьэтыр пщыкӀутӀым дежт ар.#19:14 сыхьэтыр пщыкӀутӀым дежт – зэрытха дыдэр зэбдзэкӀмэ, «еханэ сыхьэтыр». Абы къикӀыр шэджагъуэщ.
– Мис фи пащтыхьыр! – яжриӀащ Пилат журтхэм.
15– Ӏуш, Ӏуш, жорым еӀулӀ ар, – зэрыгъэкӀиящ ахэр.
– Фи пащтыхьыр жорым есӀулӀынуи? – яжриӀащ Пилат.
– Кесарым фӀэкӀа, нэгъуэщӀ пащтыхь диӀэкъым, – жаӀащ дин пашэшхуэхэм.
16Апхуэдэу щыхъум, Пилат Хьисэ жорым ираӀулӀыну яӀэщӀилъхьащ.
Хьисэ жорым зэрыраӀулӀар
(Маттэ 27:32-44; Марк 15:21-32; Лука 23:26-43)
Хьисэ здашэри ӀукӀыжащ итӀанэ. 17Хьисэ, и жорыр ихьурэ, къалэм дэкӀри, «Щхьэ къупщхьэ» жыхуаӀэ щӀыпӀэм кӀуащ. А щӀыпӀэм журтыбзэкӀэ Голгофэщ зэреджэр. 18А щӀыпӀэм Хьисэ жорым щраӀулӀащ. ЦӀыхуитӀ ибгъу зырызым къыщыту, Хьисэ я зэхуакум дэту, жорхэм ираӀулӀащ.
19Пхъуэбгъу кӀапэм «Назарет щыщ Хьисэу журтхэм я Пащтыхьыр» жиӀэу, Пилат и зауэлӀхэм трыригъатхэри, жорым трыригъэӀулӀащ. Ар журтыбзэкӀи, алыджыбзэкӀи,#19:19 алыджыбзэ – грекыбзэр арщ. латиныбзэкӀи тратхат. 20Хьисэ жорым щраӀулӀа щӀыпӀэр къалэм и гъунэгъути, журтхэм ящыщу а тхыгъэм еджар куэд хъурт. 21Журтхэм я дин пашэшхуэхэм Пилат жраӀащ:
– «Журтхэм я пащтыхьыр» жыпӀэу томытхэ, атӀэ Хьисэ «Сэ журтхэм срапащтыхьщ» жиӀэу зэрыщытар тетхэ.
22– Сэ стхар тхауэ щрет, – жиӀащ Пилат.
23ЗауэлӀхэм Хьисэ жорым щраӀулӀым, и щыгъынхэр ящтэри, дэтхэнэ зауэлӀми зы Ӏыхьэ иратурэ, ӀыхьиплӀу ягуэшащ. Джанэри ящтащ, арщхьэкӀэ джанэр мыдауэ, пщэм къыщыщӀэдзауэ и кӀэм нэс зы щэкӀышхуэу зэӀущауэ щытт.
24– Мыр зэпыдмыгъэжу, пхъэидзэ дывгъэщӀи, зытехуэм еттынщ, – жаӀащ абыхэм.
Апхуэдэу щӀэхъуар Хьисэ теухуауэ Тхьэм и псалъэ тхахэм хэт мы псалъэхэр#19:24 Тхьэм и псалъэ тхахэм хэт мы псалъэхэр – еплъ Уэрэд ЛъапӀэхэм (Сабур) 21:19. пэж хъун щхьэкӀэщ:
«Си щыгъынхэр зэхуагуэшащ,
си джанэм щхьэкӀэ пхъэидзэ ящӀащ».
А псалъэхэм тетущ зауэлӀхэм Хьисэ и щыгъыныр зэрагуэшар.
25Хьисэ и анэри, и анэм и шыпхъури, Клеопэ зи цӀэм и щхьэгъусэ Мэриемри, Магдалэ жылэм щыщ Мэриеми Хьисэ и жорым бгъэдэтт. 26Хьисэ и анэмрэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщу нэхъыфӀу илъагъумрэ абдежым щыту къыщилъагъум, и анэм жриӀащ:
– Уэ, цӀыхубз, мыращ иджы уи къуэр!
27Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэм жриӀащ итӀанэ:
– Мыращ иджы уи анэр!
Асыхьэтым къыщыщӀэдзауэ, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщу зым езым и унэм Хьисэ и анэр ишащ, ар псэупӀэ хуэхъун щхьэкӀэ.
Хьисэ зэрылӀар
(Маттэ 27:45-56; Марк 15:33-41; Лука 23:44-49)
28И лэжьыгъэр зэрынигъэсар ищӀэрти, Тхьэм и псалъэ тхахэм хэтхэр пэж хъун щхьэкӀэ, Хьисэ жиӀащ:
– Псы схуолӀэ.
29Серчэ изу фалъэ щытт абдежым. ЩӀыфэр зэраӀуэт хъыданым серчэр быдэу зыщӀрагъэфщ, хьиссопкӀэ зэджэ къамыл башым ар фӀаӀури, Хьисэ и жьэм ирахьэлӀащ. 30Серчэм щӀэфа нэужь, Хьисэ жиӀащ:
– Си лэжьыгъэр нэзгъэсащ.
И щхьэр къыфӀигъащӀэри, и псэр итащ итӀанэ.
31Мэрем махуэт. КъыкӀэлъыкӀуэ щэбэтыр махуэшхуэт. Хьэдэхэр щэбэт махуэм жорхэм памыгъэлъын щхьэкӀэ, журтхэр Пилат елъэӀуащ:
– Жорхэм ираӀулӀахэм я лъэдийхэр зэпаудурэ,#19:31 я лъэдийхэр зэпаудурэ – жорхэм ираӀулӀахэм я лъэдийхэр щӀызэпауду щытар нэхъ щӀэх лӀэн щхьэкӀэщ. хьэдэхэр жорхэм къыфӀахыжыну унафэ щӀы.
32Арати, зауэлӀхэр къакӀуэри, япэрейм и лъэдийр зэпаудащ. Хьисэ и гъусэу адрей жорым еӀулӀам и лъэдийри зэпаудащ. 33Хьисэ къыбгъэдыхьэхэри, зэрылӀар щалъагъум, абы и лъэдийр зэпамыуду къагъэнащ. 34ЗауэлӀхэм ящыщ гуэр Хьисэ и джабэм бжыкӀэ епыджащ. Зэрепыджу лъырэ псырэ къыщӀэкӀащ абы. 35Къэхъуар зылъэгъуар а Ӏуэхум щыхьэт техъуащ, и щыхьэтыгъэри пэжщ. Ар зэрыпэжыр езыми ещӀэ. Фэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэ хъун щхьэкӀэщ ар щыхьэт щӀэхъур. 36Мы Ӏуэху псори апхуэдэу щӀэхъуар Тхьэм и псалъэ тхахэм хэт мы псалъэхэр#19:36 Тхьэм и псалъэ тхахэм хэт мы псалъэхэр – еплъ 4 Мусэ 9:12; Уэрэд ЛъапӀэхэм (Сабур) 33:21. пэж хъун щхьэкӀэщ: «Абы и къупщхьэхэм ящыщ зыри зэпыудынукъым». 37Абы нэмыщӀу, Тхьэм и псалъэ тхахэм мыпхуэдэу хэтщ:#19:37 Тхьэм и псалъэ тхахэм хэтщ – еплъ Зэчрей бегъымбарым и тхылъым 12:10. «Зэпыджам худэплъеинущ».
Хьисэ и хьэдэр кхъэлэгъунэм зэрыщӀалъхьар
(Маттэ 27:57-61; Марк 15:42-47; Лука 23:50-56)
38Аримафей жылэм#19:38 Аримафей жылэр – Ерусалим километр 35-кӀэ пэжыжьэу, и ищхъэрэ къухьэпӀэ лъэныкъуэмкӀэ итащ. щыщу, Исуф зи цӀэ лӀы гуэр щыӀащ. Ар Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм щэхуу ящыщт. А Ӏуэхугъуэр щӀибзыщӀыр журтхэм ящышынэти, аращ. Ар Пилат деж кӀуэри, елъэӀуащ:
– Хьисэ и хьэдэр жорым къыфӀэсхыжыну хуит сыщӀ, – жиӀэри.
Пилат хуит щищӀым, кӀуэри, Хьисэ и хьэдэр жорым къыфӀихыжащ Исуф.
39Исуф и гъусэу Никодими къэкӀуащ. Никодимщ Хьисэ деж жэщым къакӀуэуэ щытар. Мэ ӀэфӀ къызыпих удзу смирнэрэ алоерэ литрищэу хуэдиз зэхищӀари къыздихьащ абы. 40А тӀум Хьисэ и хьэдэр жорым къыфӀахыжри, журтхэм хьэдэр зэрыщӀалъхьэж хабзэм тету, мэ ӀэфӀ къызыпих удзхэр и гъусэу, джэбынхэр хьэдэм ирашэкӀащ. 41Хьисэ жорым щраӀулӀа щӀыпӀэм жыг хадэ щыӀэт. А хадэм хьэдэ зэи зыщӀамылъхьа кхъэлэгъуныщӀэ итт. 42Журтхэм щэбэт махуэм зыщыхуагъэхьэзыр махуэт, а кхъэлэгъунэри гъунэгъути, Хьисэ и хьэдэр абы щӀалъхьащ.

હાલમાં પસંદ કરેલ:

Иуан 19: KbdNTGP2017

Highlight

શેર કરો

નકલ કરો

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in