Хьисэ и анэмрэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщу нэхъыфӀу илъагъумрэ абдежым щыту къыщилъагъум, и анэм жриӀащ:
– Уэ, цӀыхубз, мыращ иджы уи къуэр!
Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэм жриӀащ итӀанэ:
– Мыращ иджы уи анэр!
Асыхьэтым къыщыщӀэдзауэ, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщу зым езым и унэм Хьисэ и анэр ишащ, ар псэупӀэ хуэхъун щхьэкӀэ.