Иуан 20
20
20-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Хьисэ лӀахэм къазэрыхэтэджыкӀыжар
(Маттэ 28:1-10; Марк 16:1-8; Лука 24:1-12)
1Тхьэмахуэ зэхуакум и япэ махуэм#20:1 тхьэмахуэ зэхуакум и япэ махуэр – тхьэмахуэ махуэр аращ. пщэдджыжьым жьыуэ, кӀыфӀ зэхэту, Магдалэ жылэм щыщ Мэрием кхъэлэгъунэм кӀуащ. ЩыкӀуэм, кхъэлэгъунэм мывэшхуэр ӀугъэукӀуриикӀауэ илъэгъуащ. 2Мэрием, ар щилъагъум, Симон Петррэ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщу нэхъ и щӀасэмрэ я деж жэри, яжриӀащ:
– Зиусхьэныр кхъэлэгъунэм къыщӀахащ, здахьари тщӀэркъым.
3Петррэ Хьисэ и гъуэгум ирикӀуэ адрей лӀымрэ унэм щӀэкӀри, кхъэлэгъунэмкӀэ яунэтӀащ. 4А тӀур зэгъусэу щӀэпхъуат, ауэ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ адрей лӀыр Петр нэхърэ нэхъ псынщӀэу жэрти, ар кхъэлэгъунэм япэ нэсащ. 5Зригъэзыхщ, щӀэплъэри, джэбынхэр щылъу илъэгъуащ, ауэ кхъэлэгъунэм щӀыхьакъым. 6Абы и ужь иту, Симон Петр нэсри, кхъэлэгъунэм щӀыхьащ. ЩыщӀыхьэм, джэбынхэр абдежым щылъу илъэгъуащ. 7Хьисэ и щхьэм ешэкӀауэ щыта джэбыныр адрей джэбынхэм ябгъэдэмылъу, щхьэхуэу, зэкӀуэцӀышыхьауэ нэгъуэщӀ щӀыпӀэ деж щылът. 8Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ адрей лӀыр, япэ нэсар, кхъэлэгъунэм щӀыхьащ. Абыи псори илъагъури, и фӀэщ хъуащ; 9сыту жыпӀэмэ Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу, Хьисэ лӀахэм къахэтыджыкӀыжын хуейуэ зэрыщытыр абыхэм иджыри къагурыӀуатэкъым. 10Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм я деж ягъэзэжащ итӀанэ.
Хьисэ Магдалэ жылэм щыщ Мэрием зыкъызэрыригъэлъэгъуар
(Марк 16:9-11)
11Мэрием кхъэлэгъунэм деж щыту гъырт. Гъыурэ, кхъэлэгъунэм щӀэплъэну зыщригъэзыхым, 12мелыӀычитӀ, хужькӀэ хуэпауэ, Хьисэ и хьэдэр здэщылъам деж, зыр и щхьэмкӀэ, адрейри и лъапэмкӀэ, щысу илъэгъуащ. 13Щилъагъум, абыхэм Мэрием къыжраӀащ:
– ЦӀыхубз, сыт уэ ущӀэгъыр?
– Си Зиусхьэным и хьэдэр щӀахащ, здахьари сщӀэркъым, – жиӀащ Мэрием.
14Ар зэрыжиӀэу къызэплъэкӀри, Хьисэ абдежым щыту илъэгъуащ, ауэ ар зэры-Хьисэр къицӀыхужакъым.
15– ЦӀыхубз, сыт уэ ущӀэгъыр? – къыжриӀащ Хьисэ. – Хэт узылъыхъуэр?
Мэрием, ар жыг хадэр зыгъэкӀ лӀырауэ къыфӀэщӀри, абы жриӀащ:
– Зи щӀыхь ин, ар щӀэзыхар уэрамэ, здэпхьар къызжеӀи, сэ ар къэсхьыжынущ.
16– Мэрием, – жиӀащ Хьисэ.
Ар щызэхихым, Мэрием зэплъэкӀри, журтыбзэкӀэ жиӀащ:
– Раввуни! (Раввуним къикӀыр «Дин ЕгъэджакӀуэ» жиӀэу аращ.)
17– УкъызэмыӀусэ, – жиӀащ Хьисэ, – сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Адэ лъапӀэм деж иджыри сыдэкӀуеижакъым, си къуэшхэм#20:17 къуэшхэр – зы диным итхэр зэкъуэш мэхъу. я деж кӀуэи, яжеӀэ: «Сэ си Адэу, фэри фи Адэу, сэ си Тхьэу, фэри фи Тхьэм деж сыдэкӀуеижынущ».
18Ар къыщыжриӀэм, Магдалэ жылэм щыщ Мэрием Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм я деж кӀуэри, Зиусхьэныр зэрилъэгъуари а псалъэхэр къызэрыжриӀари яхуиӀуэтэжащ.
Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм закъызэрыригъэлъэгъуар
(Маттэ 28:16-20; Марк 16:14-18; Лука 24:36-49)
19А махуэ дыдэм, тхьэмахуэ зэхуакум и япэ махуэм и пщыхьэщхьэм, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр унэ гуэрым щызэӀущӀащ. Журтхэм ящышынэрти, ахэр щызэӀущӀа унэм и бжэхэр къагъэбыдэжащ. Хьисэ абыхэм я деж къакӀуэщ, жыхафэгум къытеувэри, къажриӀащ:
– Фигу ирезагъэ!
20Ар жиӀэри, и Ӏэхэри и джабэри къаригъэлъэгъуащ. Зиусхьэныр щалъагъум, абы и гъуэгу ирикӀуэхэр гуфӀащ.
21– Фигу ирезагъэ! – къажриӀащ Хьисэ аргуэру. – Адэ лъапӀэм сэ сыкъызэригъэкӀуам хуэдэу, сэри фэ фызогъакӀуэ.
22Ар жиӀа нэужь, и гъуэгу ирикӀуэхэм епщэри яжриӀащ:
– Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр фигу илъ ирехъу. 23Гуэныхьхэр зыхуэвгъэгъум хуэгъунущ, зыхуэвмыгъэгъум хуэгъунукъым.
«Уэ узи-Зиусхьэнщ икӀи узи-Тхьэщ» жиӀэу Фомэ Хьисэ зэрыжриӀар
24Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀым языр, Фомэ, ТӀолъхуэныкъуэкӀэ зэджэр, Хьисэ къыщыкӀуам, адрейхэм я гъусатэкъым. 25Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ адрей лӀыхэм абы къыжраӀащ:
– Зиусхьэныр тлъэгъуащ.
– ГъущӀ ӀунапӀэхэр Хьисэ и Ӏэхэм ятезмылъэгъуауэ, си Ӏэпхъуамбэри а гъущӀ ӀунапӀэхэм тезмылъхьауэ, си Ӏэри Хьисэ и джабэм тезмылъхьауэ, си фӀэщ хъунукъым, – яжриӀащ Фомэ абыхэм.
26Махуий дэкӀа нэужь, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр аргуэру унэм щызэрихьэлӀащ, Фоми я гъусэу. Бжэхэр къагъэбыдэжа пэтми, Хьисэ къакӀуэщ, я пащхьэ къиувэри, къажриӀащ:
– Фигу ирезагъэ!
27Хьисэ Фомэ къыжриӀащ:
– Уи Ӏэпхъуамбэр мэуэ къытелъхьэ, си Ӏэхэми къеплъ. Уи Ӏэри къэший, си джабэм къытелъхьэ. Шэч къытомыхьэ, фӀэщхъуныгъэ зигъэӀэ.
28– Уэ узи-Зиусхьэнщ икӀи узи-Тхьэщ, – жриӀащ Фомэ Хьисэ.
29– Сэ сыплъэгъуати, уи фӀэщ хъуащ, – къыжриӀащ Хьисэ. – Мы Ӏуэхухэр ямылъэгъуауэ щыт пэтми, фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуахэр гъуэгу махуэ теуващ итӀани.
Мы тхылъыр щӀэттхар
30Мы нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэм нэмыщӀ, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм я пащхьэм мы тхылъым имыт нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэ куэди къыщигъэлъэгъуащ. 31Мы Ӏуэхухэр щӀэттхар Хьисэ Мэссихь Тхьэм и Къуэу зэрыщытымкӀэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэ хъун папщӀэщ, Хьисэ и цӀэкӀэ мыкӀуэдыжын гъащӀэ фиӀэ хъун щхьэкӀэщ а фӀэщхъуныгъэмкӀэ.
હાલમાં પસંદ કરેલ:
Иуан 20: KbdNTGP2017
Highlight
શેર કરો
નકલ કરો
![None](/_next/image?url=https%3A%2F%2Fimageproxy.youversionapi.com%2F58%2Fhttps%3A%2F%2Fweb-assets.youversion.com%2Fapp-icons%2Fgu.png&w=128&q=75)
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017