Иуан 21

21
21-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщ цӀыхуиблым закъызэрыригъэлъэгъуар
1Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм Тивериадэ гуэлым#21:1 Тивериадэ гуэлыр – Галилей гуэлыр аращ. деж аргуэру закъыщригъэлъэгъуащ абы и ужькӀэ. Ар зэрыхъуар мыпхуэдэущ: 2Симон Петр, ТӀолъхуэныкъуэкӀэ зэджэ Фомэ, Галилей хэкум ит Канэ жылэм щыщ Нафанаил, Зеведей и къуитӀыр, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ нэгъуэщӀ лӀитӀ зэгъусэт.
3– Бдзэжьеящэ сыкӀуэнущ, – яжриӀащ Симон Петр адрейхэм.
– Дэри уи гъусэу дынэкӀуэнущ, – къыжраӀащ адрейхэм. ИтӀанэ ежьэщ, кхъуафэжьейм итӀысхьэри кӀуащ, ауэ а жэщым зыри къаубыдакъым.
4Нэху щыщам, Хьисэ псы Ӏуфэм Ӏуутт, ауэ ар зэры-Хьисэр и гъуэгу ирикӀуэхэм къацӀыхужакъым.
5– Ныбжьэгъухэ, бдзэжьей къэвубыда? – къеупщӀащ Хьисэ.
– Хьэуэ, зыри къэдубыдакъым, – къыжраӀащ абыхэм.
6– Кхъуафэжьейм и ижьырабгъу лъэныкъуэмкӀэ хъыр хэвдзи, къэвубыдынущ, – яжриӀащ Хьисэ. Ар щажриӀэм, хъыр хадзэри, хъым апхуэдизкӀэ бдзэжьей куэд къихьати, къыхахыжын яхузэфӀэкӀакъым.
7И гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщу Хьисэ нэхъ и щӀасэм Петр жриӀащ:
– Мыр Зиусхьэныращ.
Ар зэры-Зиусхьэныр щызэхихым, Симон Петр и щыгъын щӀыӀутелъыр зыщихати, ар зришэкӀыжри, псым зыхидзащ. 8Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ адрей лӀыхэм бдзэжьей зэрылъ хъыр къыздалъэфурэ, кхъуэфэжьейкӀэ къэсащ. Ахэр псы Ӏуфэм пэжыжьэтэкъым, ӀэфракӀэ щитӀым хуэдиз къудейт зэрыӀукӀар. 9Псы Ӏуфэм къыщысым, фӀамыщӀ мафӀэр зэщӀэгъэнауэ, абы бдзэжьей пэрылъу, щӀакхъуи бгъэдэлъу ялъэгъуащ.
10– Къэвубыда бдзэжьейхэм ящыщ къэфхь иджы! – яжриӀащ Хьисэ. 11Симон Петр кхъуафэжьеймкӀэ кӀуэри, бдзэжьей инхэр зэрыз хъыр псы Ӏуфэм кърилъэфэлӀащ. Хъым илъа бдзэжьейхэр щэрэ тхущӀрэ щырэ хъурт. Апхуэдиз илъа пэтми, хъыр итӀани зэфӀэтхъакъым.
12– ФыкъакӀуи, пщэдджыжьышхэр фышхэ, – яжриӀащ Хьисэ.
«Уэ хэт ущыщ?» жиӀэу, и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщ зыри абы еупщӀыну тегушхуакъым. Ар зэры-Зиусхьэныр къащӀат. 13Хьисэ къакӀуэщ, щӀакхъуэр къищтэри, яритащ. Бдзэжьейри яритащ. 14Хьисэ лӀахэм къахэтэджыкӀыжа нэужь, и гъуэгу ирикӀуэхэм абдеж ещанэрейуэ закъригъэлъэгъуауэ арат.
Хьисэ Петр зэрепсэлъар
15Шха нэужь, Хьисэ Симон Петр еупщӀащ:
– Уэ, Симон, Иуан и къуэ, мыбыхэм фӀыуэ сызэралъагъум нэхърэ нэхъыфӀыжу сыплъагъурэ?
– АтӀэ, Зиусхьэн, – къыжриӀащ Петр. – Сэ уэ фӀыуэ узэрыслъагъур уощӀэ.
– Си щынэхэр гъэхъу! – жиӀащ Хьисэ.
16– Симон, Иуан и къуэ, фӀыуэ сыплъагъурэ? – етӀуанэу еупщӀащ Хьисэ абы.
– АтӀэ, Зиусхьэн, – къыжриӀащ Петр. – ФӀыуэ узэрыслъагъур уощӀэ.
– Си мэлхэм мэлыхъуэ яхуэхъу, – жиӀащ Хьисэ.
17– Симон, Иуан и къуэ, фӀыуэ сыплъагъурэ? – ещанэу еупщӀащ Хьисэ Петр.
«ФӀыуэ сыплъагъурэ?» жиӀэу, Хьисэ ещанэу къызэреупщӀар Петр и жагъуэ хъуауэ, къыжриӀащ:
– Зиусхьэн, уэ псори уощӀэ. ФӀыуэ узэрыслъагъури уощӀэ.
– Си мэлхэр гъэхъу, – жиӀащ Хьисэ. 18– Пэж дыдэр бжызоӀэ, уэ уи щӀалэгъуэм щыгъуэ уи бгым бгырыпх уэр-уэру щӀэпкъузэрти, уздыхуейм укӀуэрт. Ауэ жьы ухъумэ, уи Ӏэхэр пшиинурэ, нэгъуэщӀ гуэрым бгырыпхыр уи бгым къыпхущӀикъузэнурэ, уздэкӀуэну узыхуэмейм уишэнущ.
19Хьисэ апхуэдэу щӀыжриӀар Петр и лӀэкӀэ хъунур#21:19 Петр и лӀэкӀэ хъунур – Петр жорым ираӀулӀыну аращ къикӀыр; зыгуэр жорым щраӀулӀкӀэ, и Ӏэхэр жорым кӀапсэкӀэ е бгырыпхкӀэ трапхэрт., Тхьэм и щӀыхьыр зэриӀэтыну щӀыкӀэр гуригъэӀуэн щхьэкӀэщ. Ар ириӀуэкӀа нэужь:
– Сэ си ужь къиувэ, – жриӀащ абы Хьисэ.
Хьисэрэ езым и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщу нэхъыфӀу илъэгъуамрэ
20Петр къыщызэплъэкӀым, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщу Хьисэ нэхъ и щӀасэр я ужь зэритым гу лъитащ. А лӀыращ пщыхьэщхьэшхэм щыгъуэ Хьисэ бгъэдэсу Ӏэнэм здыпэрысыр къеупщӀыгъар: «Зиусхьэн, тепщэныгъэ зиӀэхэм хэт уезыгъэубыдынур?» – жиӀэу.
21Петр а лӀыр щилъагъум, Хьисэ еупщӀащ:
– Зиусхьэн, мы лӀыр дауэ хъуну?
22– Сэ дунейм сыкъэкӀуэжыхукӀэ, ар псэуну сыхуеймэ, сыт уи Ӏуэхуу абы хэлъыр? – жиӀащ Хьисэ. – Уэ си ужь къиувэ!
23Арати, «Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ а лӀыр лӀэнукъым», жаӀэри фӀэщхъуныгъэ зиӀэ къуэшхэм хъыбар ирахьэжьащ. Ауэ «Ар лӀэнукъым», жиӀэу Хьисэ Петр жриӀатэкъым. Хьисэ къыжриӀар мыращ: «Сэ сыкъэкӀуэжыхукӀэ, ар псэуну сыхуеймэ, сыт уи Ӏуэхуу абы хэлъыр?»
24Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ а лӀыращ мы Ӏуэхухэм щыхьэт ятехъуэри ахэр зытхари. Абы и щыхьэтыгъэр зэрыпэжыр дэ дощӀэ.
25Хьисэ нэгъуэщӀ Ӏуэху куэди ищӀащ. Сэ зэрыслъытэмкӀэ, а Ӏуэху псори зырызурэ тхылъ пщӀатэмэ, а тхылъхэр мы дунейм техуэжынтэкъым. Ӏэмин.

હાલમાં પસંદ કરેલ:

Иуан 21: KbdNTGP2017

Highlight

શેર કરો

નકલ કરો

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in