Маттэ 28
28
28-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Хьисэ лӀахэм къазэрыхэтэджыкӀыжар
(Марк 16:1-8; Лука 24:1-12; Иуан 20:1-10)
1Щэбэтыр блэкӀауэ, тхьэмахуэ зэхуакум и япэ махуэм, нэху щыщым, Магдалэ щыщ Мэриемрэ адрей Мэриемрэ кхъэлэгъунэм еплъыну кӀуащ.
2НапӀэзыпӀэм щӀыр ин дыдэу хъеящ, Зиусхьэным и мелыӀыч уафэм къехри, кхъэлэгъунэм бгъэдыхьэщ, мывэшхуэр Ӏуигъэ-кӀуриикӀри, абы тетӀысхьати. 3Абы и теплъэр уафэхъуэпскӀым хуэдэт, и щыгъынхэри уэсым хуэдэу хужьыбзэт. 4ХъумакӀуэхэр апхуэдизкӀэ абы щышынати, кӀэзызу щытащ, я фэр шэхум хуэдэу пыкӀауэ.
5– Фымышынэ! – яжриӀащ мелыӀычым цӀыхубзхэм. – Жорым ираӀулӀа Хьисэ фызэрылъыхъуэр сощӀэ. 6Ар мыбдежым щыӀэжкъым. ЗэрыжиӀам хуэдэу, ар лӀахэм къахэтэджыкӀыжащ. Фыбгъэдыхьи, Зиусхьэныр здэщылъа щӀыпӀэм феплъ. 7ИтӀанэ псынщӀэу фыкӀуи, абы и гъуэгу ирикӀуэхэм яжефӀэ: «Хьисэ лӀахэм къахэтэджыкӀыжащ. Фэ фяпэ ар Галилейм кӀуэнущ. Абдеж ар щыфлъагъунущ». Аращ, хъыбарыр сэ вжесӀащ.
8Арати, цӀыхубзхэр кхъэлэгъунэм бгъэдэкӀыжри, шына-гъуэмрэ гуфӀэгъуэшхуэмрэ зэщӀащтауэ, хъыбарыр хуаӀуэтэжыну, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм я деж щӀэпхъуащ. 9И гъуэгу ирикӀуэхэм хъыбарыр хуаӀуэтэжыну а цӀыхубзхэр здэкӀуэм, Хьисэ абыхэм напӀэзыпӀэкӀэ къахуэзэри, къажриӀащ:
– Фыпсэу!
Ахэр Хьисэ бгъэдэлъадэщ, и пащхьэм лъэгуажьэмыщхьэу итӀысхьэри, и лъакъуэхэр яубыдащ. Хьисэ къажриӀащ:
10– Фымышынэ. ФыкӀуи, си къуэшхэм#28:10 къуэшхэр – еплъ 5:22. Галилейм кӀуэну яжефӀэ. Абдеж сыщалъагъунущ.
Дин пашэшхуэхэм хъумакӀуэхэр ӀулъхьэкӀэ къызэращэхуар
11ЦӀыхубзхэр щыкӀуэм, хъумакӀуэхэм ящыщ гуэрхэр Ерусалим къалэм дыхьэщ, дин пашэшхуэхэм я деж кӀуэри, къэхъуа псори хуаӀуэтэжащ. 12Дин пашэшхуэхэр, нэхъыжьхэр я гъусэу, зэхуэсри зэчэнджэщыжащ. ХъумакӀуэхэм ахъшэ куэд иратри, 13абыхэм жраӀащ:
– «Жэщым дэ дыщыжейм, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр къакӀуэри, и хьэдэр ядыгъужащ», жыфӀэн хуейщ. 14А хъыбарыр Ӏэтащхьэм щызэхихкӀэ, дэ дгъэсабырынщ, фэри зыри къывжи-мыӀэну тщӀынщ.
15ХъумакӀуэхэм ахъшэр ящтэри, къызэрыжраӀам хуэдэу ящӀащ. А хъыбарыр журтхэм иджыри къэс яхэлъщ.
Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ялэжьын хуей Ӏуэхуу я пщэ дилъхьар
(Марк 16:14-18; Лука 24:36-49; Иуан 20:19-23; Апостол. 1:6-8)
16Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀузыр абы и ужькӀэ Галилейм кӀуэри, езым жыхуиӀэгъа Ӏуащхьэм дэкӀащ. 17Хьисэ щалъагъум, и пащхьэм лъэгуажьэмыщхьэу итӀысхьащ; ауэ ар зи фӀэщ мыхъу гуэрхэр абыхэм яхэтт. 18Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ябгъэдыхьэри яжриӀащ:
– Уафэми щӀылъэми тепщэныгъэ псори щызиӀэу си ӀэмыщӀэ илъщ. 19Аращи, фыкӀуи, лъэпкъ псори си гъуэгу къытевгъыхьэ. Адэ лъапӀэми, и Къуэми, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэми я цӀэкӀэ фыумэхъи,#28:19 умэхъыныр – еплъ 3:1. 20унафэу нывжесӀа псори ягъэзэщӀэну яхуэвгъэув. Пэж дыдэщ ар, дунейм и кӀэухым нэсыху сыт щыгъуи сывигъусэнущ сэ. Ӏэмин.
Currently Selected:
Маттэ 28: KbdNTGP2017
Highlight
Share
Copy
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017