Маттэ 27
27
27-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Пилат Ӏэтащхьэм и пащхьэ Хьисэ зэрырашар
(Марк 15:1-5; Лука 23:1-5; Иуан 18:28-38)
1Нэху зэрыщу дин пашэшхуэ псори цӀыхухэм я нэхъыжьхэри зэчэнджэщыжри, Хьисэ укӀ тралъхьэну мурад ящӀащ. 2Хьисэ япхри, Понтий Пилат Ӏэтащхьэм#27:2 Пилат Ӏэтащхьэр – рим цӀыхухэм ящыщу, Понтий Пилат, Хьисэ къэхъуа нэужь 26-36 гъэхэм, Иудей, Самарие, Идумей хэкухэм я Ӏэтащхьэу щытащ. ӀэщӀалъхьащ.
Иудэ зэрылӀар
(Апостол. 1:18-19)
3Хьисэ абыхэм езыгъэубыда Иудэ, Хьисэ укӀ тралъхьэу щилъагъум, щӀегъуэжщ, ирата дыжьын ахъшэ щэщӀыр дин пашэшхуэхэмрэ нэхъыжьхэмрэ яхуихьыжри, 4яжриӀащ:
– Лъы хейр зэрыфэзгъэубыдамкӀэ гуэныхь сщӀащ.
– Абы дэ ди Ӏуэху хэлъкъым, уэращ зи Ӏуэху хэлъыр, – къыжраӀащ абыхэм.
5Ар щызэхихым, Иудэ, дыжьын ахъшэхэр Тхьэм и унэшхуэм щыхыфӀипхъэри, къыщӀэкӀыжащ. ИтӀанэ кӀуэри зитхьэлэжащ. 6Дыжьын ахъшэхэр къащыпыжри, дин пашэшхуэхэм жаӀащ:
– Мыхэр Тхьэм щхьэкӀэ ахъшэр зыдэлъ пхъуантэм дэплъхьэ хъунукъым, мыхэр лъы уасэщи.
7Зэчэнджэщыжа нэужь, хамэхэр щыщӀалъхьэжын папщӀэ, кхъуэщыныщӀэм и хьэсэр а ахъшэмкӀэ къащэхуну зэгурыӀуащ. 8Абы къыхэкӀкӀэ а хьэсэм «Лъы уасэ ХьэсэкӀэ» йоджэ нобэр къыздэсым. 9Иеремие бегъымбарым жиӀа мы псалъэхэр#27:9-10 Иеремие бегъымбарым жиӀа мы псалъэхэр – еплъ Зэчрей бегъымбарым и тхылъым 11:12-13; Иеремие бегъымбарым и тхылъым 32:6-10. пэж хъуащ: «Щхьэ уасэу Израил цӀыхухэм абы щхьэкӀэ ягъэува дыжьын ахъшэ щэщӀыр къащтэри, 10абыхэмкӀэ кхъуэщыныщӀэм и хьэсэр къащэхуащ, Зиусхьэным унафэ къызэрысхуищӀам тету».
Пилат Ӏэтащхьэр Хьисэ зэреупщӀар
(Марк 15:2-5; Лука 23:3-5; Иуан 18:33-38)
11Пилат Ӏэтащхьэм и пащхьэм иуващ Хьисэ.
– Уэ журтхэм урапащтыхь? – еупщӀащ Ӏэтащхьэр Хьисэ.
– Аращ, зэрыжыпӀэм хуэдэщ,#27:11 «Аращ, зэрыжыпӀэм хуэдэщ» – е «Уэ уи щхьэкӀэ жыбоӀэ». – жиӀащ Хьисэ.
12Ауэ дин пашэшхуэхэмрэ нэхъыжьхэмрэ Хьисэ щагъэкъуаншэм, абы зыри жиӀакъым. 13Пилат Хьисэ къеупщӀащ:
– Къыптралъхьэр зыхуэдизыр зэхэпхыркъэ?
14Хьисэ зы псалъи жиӀакъым. Зыри зэрыжимыӀар Пилат Ӏэтащхьэм хуабжьу игъэщӀэгъуащ.
Хьисэ укӀ зэрытралъхьар
(Марк 15:6-15; Лука 23:13-25; Иуан 18:39–19:16)
15Лъэхъущым щӀэс гуэр утӀыж махуэшхуэ#27:15 ӀутӀыж махуэшхуэр – еплъ 26:2. къэс цӀыхухэм я лъэӀукӀэ щхьэхуиту яхуиутӀыпщыжыныр Пилат Ӏэтащхьэм и хабзэт. 16Вараввэ и цӀэу зы цӀэрыӀуэ гуэр лъэхъуэщым щӀэст а махуэхэм. 17Арати, цӀыхухэр къыщызэхуэсым, Пилат абыхэм еупщӀащ:
– Хэт къыфхуэзутӀыпщыжыну фызыхуейр? Вараввэ, хьэмэрэ МэссихькӀэ зэджэ Хьисэ?
18Пилат апхуэдэу щӀеупщӀар Хьисэ ефыгъуэу абы къызэрыӀэщӀалъхьар ищӀэрти, аращ.
19Тахътэм здисым, Пилат и фызым лӀыкӀуэ къыхуищӀри къыжрыригъэӀащ:
– Щыпкъагъэ зигу илъ а цӀыхум мыхъун гуэр иумыщӀэ. Ныжэбэ пщӀыхьэпӀэ Ӏей слъагъури, а лӀым щхьэкӀэ гугъу сехьащ.
20Пилат Вараввэ кърагъэутӀыпщыжыну икӀи Хьисэ ирагъэгъэкӀуэдыну дин пашэшхуэхэмрэ нэхъыжьхэмрэ цӀыху гупышхуэм жраӀащ.
21– Мы тӀум хэт къыфхуэзутӀыпщыжыну фызыхуейр? – Пилат Ӏэтащхьэр аргуэру цӀыхухэм еупщӀащ.
– Вараввэщ, – жаӀащ абыхэм.
22– МэссихькӀэ зэджэ Хьисэ сыт есщӀэнур? – щӀэупщӀащ Пилат.
– Жорым еӀулӀ, – жаӀащ псоми.
23– Абы сыт щӀэпхъаджагъэу ищӀар? – щӀэупщӀащ Пилат.
Ауэ ахэр нэхъ ину къызэрыгъэкӀиящ:
– Жорым еӀулӀ!
24Пилат, зыри хищӀыхьыжын хузэфӀэмыкӀэу, цӀыхухэм нэхъ зэрызехьэ зэрыхъуар щилъагъум, псы къищтэщ, и Ӏэхэр цӀыхухэм я пащхьэм щитхьэщӀри жиӀащ:
– Мы лӀыуэ щыпкъагъэ зигу илъым и лъыр сэ къыстехуэркъым. Абы и лъыр фэращ зытехуэр.
25– Абы и лъыр дэри ди бынхэми къыттрырехуэ! – жаӀащ цӀыху псоми.
26Пилат Вараввэ къахуиутӀыпщыжащ, зауэлӀхэр щӀопщкӀэ иригъауэри, Хьисэ жорым ираӀулӀыну яӀэщӀилъхьащ.
ЗауэлӀхэр Хьисэ зэрыщыдыхьэшхар
(Марк 15:16-20; Иуан 19:2-3)
27Арати, Пилат Ӏэтащхьэм и зауэлӀхэм Хьисэ преторие#27:27 преторие – Пилат Ӏэтащхьэм и унэшхуэращ. зи цӀэ унэшхуэм щӀашащ, адрей къэна зауэлӀ гупышхуэри Хьисэ ихъуреягъкӀэ щызэхуашэсащ. 28ЗауэлӀхэм Хьисэ и щыгъынхэр къыщахри, плъыжь-фӀыцӀафэу абэ кӀыхь щатӀэгъащ итӀанэ. 29Пыжь банэм къыхэщӀыкӀауэ пащтыхь таж хуащӀщ, абы щхьэратӀагъэри, и Ӏэ ижьми баш цӀыкӀу ӀэщӀалъхьащ. Абы и ужькӀэ, Хьисэ и пащхьэм лъэгуажьэмыщхьэу щетӀысэхри, щыдыхьэшхыурэ, «Упсэу, журтхэм я пащтыхь!» жаӀэурэ щӀэнэкӀащ. 30Еубжьытххэрт, баш къащтэурэ и щхьэм еуэрт. 31Ахэр Хьисэ щыдыхьэшха нэужь, абэ кӀыхьыр къыщахыжри, езым и щыгъынхэр щатӀэгъэжащ. Жорым ираӀулӀыну преторием къыщӀашыжащ итӀанэ.
Хьисэ жорым зэрыраӀулӀар
(Марк 15:21-32; Лука 23:26-43; Иуан 19:17-27)
32Къалэм къыщыдэкӀым, Симон и цӀэу Кириние къалэм#27:32 Кириние къалэр – Африкэм и ищхъэрэ лъэныкъуэм ит Ливие къэралым и къалэшхуэу щытащ. щыщ лӀы гуэрым хуэзащ. Щыхуэзэм, Хьисэ и жорыр ихьыну Симон хагъэзыхьащ. 33Голгофэ жыхуаӀэ щӀыпӀэм нэсащ (Голгофэм къикӀыр «Щхьэ къупщхьэ щӀыпӀэ» жиӀэу аращ). 34Абы щынэсым, серчэрэ зэзыпс дыджрэ зэхэщӀауэ къратащ ирагъэфэну. Хьисэ хэӀуба фӀэкӀ, ар ирифын идакъым. 35Хьисэ жорым ираӀулӀащ итӀанэ. Пхъэидзэ ящӀурэ, и щыгъынхэр зэхуагуэшыжащ заулӀхэм. 36ИкӀи къетӀысэкӀащ, Хьисэ яхъумэн щхьэкӀэ.
37Жорым щӀраӀулӀар Хьисэ и щхьэкӀэ жорым пхъэбгъу кӀапэ гуэрым тетхауэ траӀулӀащ: «Мыр журтхэм я пащтыхь Хьисэ арщ». 38ХъунщӀакӀуитӀ, зыр и ижьырабгъумкӀэ, адрейр и сэмэгурабгъумкӀэ, Хьисэ щӀыгъуу жорхэм щраӀулӀащ абдеж. 39ЦӀыху блэкӀхэр Хьисэ хуэшхыдэрт, я щхьэхэр ягъэсысурэ, 40мыпхуэдэу жаӀэрт:
– Уэ, Тхьэм и унэшхуэр зэхэзыкъутэу, махуищкӀэ зэтезыгъэувэжынум, умыкӀуэду зыкъегъэлыж! Уэ Тхьэм ури-Къуэу щытмэ, жорым къыфӀэкӀыж.
41Дин пашэшхуэхэми, торэт егъэджакӀуэ пашэхэми, нэхъыжьхэми Хьисэ щыдыхьэшхыурэ, жаӀащ:
42– НэгъуэщӀ цӀыхухэр мыкӀуэду къригъэлащ, ауэ езым зыкъригъэлыфыркъым. Ар Израил и пащтыхьыр, пэжмэ, жорым къыфӀрекӀыжи, езымкӀэ фӀэщхъуныгъэ диӀэ хъунущ. 43Езыр Тхьэм щогугъ, Тхьэр абы къыхуейуэ щытмэ, мыкӀуэду кърырегъэл, «Сэ Тхьэм сри-Къуэщ» жиӀэгъащи.
44Хьисэ и гъусэу жорхэм ираӀулӀа хъунщӀакӀуэхэри къебгырт абы.
Хьисэ зэрылӀар
(Марк 15:33-41; Лука 23:44-49; Иуан 19:28-30)
45Шэджагъуэм#27:45 шэджагъуэ – зэрытха дыдэм хуэдэу зэбдзэкӀмэ, «еханэ сыхьэтыр» арщ. Абы къикӀыр шэджагъуэрщ. къыщыщӀэдзауэ сыхьэтыр щым#27:45 сыхьэтыр щым – зэрытха дыдэм хуэдэу зэбдзэкӀмэ, «ебгъуанэ сыхьэтыр» арщ. Абы къикӀыр шэджагъуэ нэужьым сыхьэтыр щырщ. нэсыху а къэралыр зэрыщыту кӀыфӀыгъэм щӀиуфащ. 46Сыхьэтыр щым Хьисэ макъ хэӀэтыкӀакӀэ джащ:
– Или, или, ламэ савахфани?#27:46 Или, или, ламэ савахфани – еплъ Уэрэд ЛъапӀэхэм (Сабур) 21:1. (Абы къикӀыр «Уэ си Тхьэ, уэ си Тхьэ, утыкум си закъуэу щхьэ сыкъибна?»)
47Ар щызэхахым абдеж щытхэм, жаӀащ:
– Иляс бегъымбарым йоджэ ар.
48Абыхэм ящыщ гуэр бгъэдэлъадэри, щӀыфэр зэраӀуэт хъыданыр къищтащ асыхьэтым. Хъыданым серчэр фӀыуэ зыщӀригъэфри, башым фӀэлъу Хьисэ хуишиящ щӀигъэфыну.
49– Зэ, Иляс бегъымбарыр къакӀуэу, мыкӀуэду къригъэлынумэ, девгъэплъ, – жаӀащ адрейхэм.
50Макъ хэӀэтыкӀакӀэ аргуэру джэри, Хьисэ и псэр итащ.
51Тхьэм и унэшхуэ кӀуэцӀым фӀэлъ Ӏупхъуэр и щхьэм къы-щыщӀэдзауэ и лъабжьэм нэс тӀууэ къызэгуэтхъащ абы ирихьэлӀэу. ЩӀыри къэхъеящ. Мывэхэри зэгуэудащ. 52Кхъэлэгъунэхэр къызэӀуха хъури, Тхьэм и цӀыху лъапӀэу лӀауэ щытахэм ящыщ куэд къэтэджыжащ. 53Ахэр кхъэлэгъунэхэм къыщӀэкӀыжащ икӀи Хьисэ лӀахэм къахэтэджыкӀыжа нэужь, къалэ лъапӀэу Ерусалим дыхьэри, цӀыху куэдым зыкърагъэлъэгъуащ.
54Дзэ пашэмрэ абы и гъусэу Хьисэ зыхъумэу щытахэмрэ щӀыр зэрыхъейри, мо къэхъу псори щалъагъум, хуабжьу къэшынауэ жаӀащ:
– ИпэжыпӀэкӀэ мыр Тхьэм и Къуэу щытащ.
55Абдеж, жыжьэу къаплъэу, цӀыхубз куэд щытт. Ахэр Хьисэ дэӀэпыкъуэгъу хуэхъуурэ, и гъусэу Галилейм къикӀыгъащ. 56Абыхэм яхэтт: Магдалэ жылэм#27:56 Магдалэ жылэр – Галилей гуэлым и дыгъэ къухьэпӀэ лъэныкъуэм итщ. щыщ Мэрием, Зеведей и къуэхэм я анэ, нэгъуэщӀ Мэрием. Ар Екъубрэ Иосийрэ я анэт.
Хьисэ и хьэдэр кхъэлэгъунэм зэрыщӀалъхьар
(Марк 15:42-47; Лука 23:50-56; Иуан 19:38-42)
57Пщыхьэщхьэр къыщысым, Исуф и цӀэу Аримафей жылэм щыщ зы лӀы бей къэкӀуащ. Ари Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщу щытащ. 58Ар Пилат деж кӀуэри, Хьисэ и хьэдэр къритыжыну елъэӀуащ. Хьэдэр Исуф иратыжыну Пилат унафэ ищӀащ. 59Исуф хьэдэр къищтэщ, чэсей хужь джэбын къабзэ иришэкӀри, 60къыр мывэм езым щхьэкӀэ къыхригъэщӀыкӀа кхъэлэгъунэм щӀилъхьэжащ. Исуф кхъэлэгъунэ щӀыхьэпӀэм мывэшхуэ ӀуигъэкӀуриери ӀукӀыжащ. 61Магдалэ жылэм щыщ Мэриемрэ адрей Мэриемрэ кхъэлэгъунэм хуэзанщӀэу щыст.
Кхъэлэгъунэм и хъумакӀуэр
62Дин пашэшхуэхэмрэ фарисейхэмрэ Пилат Ӏэтащхьэм деж щызэхуэсащ етӀуанэ махуэу мэрем махуэм къыкӀэлъыкӀуэм.
63– Зиусхьэн, а пцӀыупсыр щыпсэум щыгъуэ, «Махуищ нэужьым лӀахэм сакъыхэтэджыкӀыжынущ» зэрыжиӀэгъар дигу къэкӀыжащ, – жаӀащ абыхэм. 64– Аращи, ещанэ махуэм нэсыху кхъэлэгъунэр хуэсакъыурэ яхъумэну унафэ щӀы. Армыхъумэ, и гъуэгу ирикӀуэхэр къэкӀуэнурэ, и хьэдэр ядыгъужынущ икӀи цӀыхухэм жраӀэнущ: «Ар лӀахэм къахэтэджыкӀыжащ». А иужьрей пцӀыр япэрей пцӀыхэм нэхърэ нэхъ Ӏей хъунущ.
65– ХъумакӀуэхэр фызот. ФыкӀуи, кхъэлэгъунэр зэрыфлъэкӀым хуэдэу фхъумэ, – яжриӀащ Пилат.
66Ахэр кӀуэри, кхъэлэгъунэм хъумакӀуэхэр бгъэдагъэуващ, мывэми мыхъур традзащ.
Currently Selected:
Маттэ 27: KbdNTGP2017
Highlight
Share
Copy
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017