YouVersion Logo
Search Icon

Маттэ 26

26
26-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Тхьэмадэ Хасэшхуэм щыщ тхьэмадэхэм Хьисэ гъэпцӀагъэкӀэ яукӀыну мурад зэращӀар
(Марк 14:1-2; Лука 22:1-2; Иуан 11:45-53)
1А псалъэ псори къиӀуэта нэужь, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм яжриӀащ:
2– ӀутӀыж махуэшхуэр#26:2 ӀутӀыж махуэшхуэр – ӀутӀыж махуэшхуэмрэ ЩӀакхъуэ Мыгъэтэдж щашх махуэшхуэхэмрэ зэдагъэлъапӀэурэ, Тхьэм Мысырым къызэрыригъэкӀыжыгъар журтхэм ягъэлъапӀэ. ӀутӀыж махуэшхуэр Нисан зи цӀэ мазэм и 14-нэ махуэм тохуэ (еплӀанэрей мазэм и япэрей махуэм пэгъунэгъущ). ЩӀакхъуэ Мыгъэтэдж щашх махуэшхуэхэр Нисаным и 15-22 махуэхэм къриубыдэу ягъэлъапӀэ. А махуэхэм тхьэвым пщагъэ халъхьэркъым. къэсыным махуитӀ зэриӀэр фощӀэ. Жорым ираӀулӀын щхьэкӀэ, тепщэныгъэ зиӀэхэм яӀэщӀыхьэнущ ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр.
3Дин пашэшхуэхэр,* торэт егъэджакӀуэ пашэхэр, цӀыхухэм я нэхъыжьхэр#26:3 нэхъыжьхэр – еплъ 16:21. абы щыгъуэ къыщызэхуэсащ Кайафэ дин пашэшхуэм#26:3 дин пашэшхуэр – дин пашэхэм я тхьэмадэу икӀи Тхьэмадэ Хасэшхуэм и тхьэмадэу щытащ. и унэшхуэм. 4Хьисэ гъэпцӀагъэкӀэ яубыдыну икӀи яукӀыну мурад ящӀащ абыхэм.
5– Ауэ, цӀыхухэм зыкъамыӀэтын щхьэкӀэ, ар махуэшхуэм трыремыхуэ, – жаӀащ абыхэм.
ЦӀыхубз гуэрым дагъэ лъапӀэр Хьисэ Вифание жылэм къызэрыщыщихуар.
(Марк 14:3-9; Иуан 12:1-8)
6Хьисэ Вифание жылэм дыхьауэ, уэшын уз зэфыкӀ Симон и унэм щӀэст. 7Хьисэ абы здыщӀэсым, цӀыхубз гуэр унэм къыщӀыхьащ. Алавастэр зи цӀэ мывэм къыхэщӀыкӀауэ зы барщыбэ иӀыгът абы. А барщыбэм мэ ӀэфӀ къызыпих дагъэ лъапӀэ итт. Хьисэ, Ӏэнэм здыпэрысым, цӀыхубзыр къыбгъэдыхьэри, абы и щхьэм дагъэр трикӀащ.
8Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ар щалъагъум, ар ягу иримыхьу, жаӀащ:
– Мы дагъэ лъапӀэр пщӀэншэу щӀигъэкӀуэдар сыт? 9Ар лъапӀэу ящатэмэ, ахъшэр тхьэмыщкӀэхэм хуагуэш хъунут.
10Абы гу лъитэри, Хьисэ яжриӀащ:
– ЦӀыхубзыр сыт щӀэвгъэукӀытэр? Сэр щхьэкӀэ псапэ ищӀащ абы. 11ТхьэмыщкӀэхэр дапщэщи къыфхэтынущ, ауэ сэ игъащӀэкӀэ сыфхэтынукъым. 12А цӀыхубзым мы дагъэ лъапӀэр си пкъым къызэрытрикӀамкӀэ сызэрыщӀалъхьэжынум сыхуигъэхьэзырауэ арщ. 13Пэжыр нывжызоӀэ, дуней псом хъыбарыфӀыр#26:13 хъыбарыфӀыр – Хьисэ Мэссихь теухуа хъыбарыфӀыр арщ. Тхьэм бегъымбархэм я жьэкӀэ цӀыхухэр къызэригъэгугъа Ӏуэхухэр Хьисэ Мэссихь илэжьа ӀуэхумкӀэ игъэпэжащ икӀи апхуэдэу цӀыхухэр мыкӀуэду къызэрыригъэлын гъуэгу къахузэӀуихащ. дэнэ щыщызэлъагъэщӀыскӀи, мы цӀыхубзым ищӀар яӀуэтэнущ, а цӀыхубзыр цӀыхухэм ягу фӀыкӀэ къагъэкӀыжын щхьэкӀэ.
Иудэ зи цӀэм Хьисэ дин пашэшхуэхэм яригъэубыдыну зэрагурыӀуар
(Марк 14:10-11; Лука 22:3-6)
14Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀым ящыщу Иудэ ИскариоткӀэ зэджэр дин пашэшхуэхэм я деж кӀуэри, 15жиӀащ:
– Хьисэ фэзгъэубыдмэ, сыт къызэфтын?
Абыхэм дыжьын ахъшэ щэщӀ къратыну къагъэгугъащ. 16Абы щегъэжьауэ, Хьисэ яригъэубыдын щхьэкӀэ, игъуэ щыхъунум пэплъэу щӀидзащ Иудэ.
Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ӀутӀыж пщыхьэщхьэшхэ зэрадэшхар
(Марк 14:12-21; Лука 22:7-14, 21-23; Иуан 13:21-30)
17ЩӀакхъуэ Мыгъэтэдж щашх махуэшхуэхэм* я япэ махуэм Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр къыбгъэдыхьэри, абы къеупщӀащ:
– ӀутӀыж пщыхьэщхьэшхэ щыпшхын щхьэкӀэ, дэнэ щыдгъэхьэзырыну ухуей?
18– Къалэм фыдыхьэ, – жиӀащ Хьисэ. – Сэ хэсха лӀы гуэрым деж фыкӀуи, жефӀэ: «Дин егъэджакӀуэм жеӀэ: Сэ си уахътыр къэблэгъащ. Сэрэ си гъуэгу ирикӀуэхэмрэ ӀутӀыж пщыхьэщхьэшхэ уи унэм щытшхынущ».
19Хьисэ зэражриӀам хуэдэу, и гъуэгу ирикӀуэхэм ящӀри, ӀутӀыж пщыхьэщхьэшхэр ягъэхьэзыращ.
20Пщыхьэщхьэр къыщысым, и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀыр и гъусэу, Хьисэ Ӏэнэм пэрытӀысхьащ. 21Ахэр здэшхэм, Хьисэ жиӀащ:
– Пэжыр нывжызоӀэ, тепщэныгъэ зиӀэхэм саригъэубыдынущ фэ фщыщ гуэрым.
22Ахэр икъукӀэ къэнэщхъеящ икӀи Хьисэ гъуэрыгъуэурэ къеупщӀу щӀадзащ:
– Зиусхьэн, сэрмырауэ пӀэрэ а жыхуэпӀэр?
23– Си гъусэу мы лагъэм зи ӀэкӀэ щӀакхъуэр хэзыгъэпщӀарщ тепщэныгъэ зиӀэхэм сезыгъэубыдынур, – жэуап итыжащ Хьисэ. 24– Пэжщ, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр дунейм ехыжынущ, абы теухуауэ Тхьэм и псалъэу тхахэм зэрыхэтым хуэдэу. Ауэ ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр тепщэныгъэ зиӀэхэм езыгъэубыдыр гъуэгу мыгъуэ теуващ. А цӀыхур къамылъхуауэ щытамэ, езым дежкӀэ нэхъыфӀт.
25Хьисэ тепщэныгъэ зиӀэхэм езыгъэубыдыну хэт Иудэ жиӀащ:
– Равви,#26:25 Равви – «дин егъэджакӀуэр». сэрмырауэ пӀэрэ жыхуэпӀэр?
– Уэращ, зэрыжыпӀэм хуэдэщ,#26:25 «Уэращ, зэрыжыпӀэм хуэдэщ» е «Уэ уи жьэкӀэ жыбоӀэ». – жриӀащ абы Хьисэ.
Зиусхьэным и пщыхьэщхьэшхэр
(Марк 14:22-26; Лука 22:15-20; 1 Кор. 11:23-25)
26Ахэр здэшхэм, Хьисэ щӀакхъуэр къищтэщ, Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀащ, зэгуищӀыкӀщ, и гъуэгу ирикӀуэхэм яритри жиӀащ:
– Къафщти, фшхы. Мы щӀакхъуэр сэ си пкъыращ.
27Зы фалъэ къищтэщ, Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀри, щаритым, яжриӀащ итӀанэ:
– Фэ псори мыбы итым щыщ фефэ. 28Мы санэр – Тхьэм езымрэ и цӀыхухэмрэ яку дилъхьа зэгурыӀуэныгъэр зыгъэщыпкъэ си лъыращ#26:28 зэгурыӀуэныгъэр зыгъэщыпкъэ си лъыращ – пасэрей зэгурыӀуэныгъэу Тхьэм езымрэ и лъэпкъымрэ яку дилъхьар зыгъэщыпкъэ къурмэныпхъэм и лъыращ. А лъыр цӀыхухэм траутхэгъащ. Еплъ 2 Мусэ 24:7-8. Апхуэдэу зэгурыӀуэныгъэщӀэу Тхьэм езымрэ и цӀыхухэмрэ яку дилъхьар зыгъэщыпкъэр Хьисэ и лъыуэ жорым щыщӀэкӀар аращ. А зэгурыӀуэныгъэм зэритым тету, цӀыху гуэрым ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ иӀэ хъумэ, Тхьэм ар мыкӀуэду къригъэлынущ.. ЦӀыху куэдым фӀы къахудэкӀуэурэ, сэ къысщӀэкӀыну лъыращ, я гуэныхьхэр къахуэгъун щхьэкӀэ. 29Сэ нывжызоӀэ фэ, иджы къыщыщӀэдзауэ си Адэм и Тепщэныгъэшхуэр къыщыкӀуэнум нэсыху, санэ сефэжынукъым. А махуэм абы аргуэру сывдефэнущ.
30Хьисэрэ и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ тхьэщӀыхь уэрэд жаӀа нэужь, унэм щӀэкӀри, Елеон Ӏуащхьэм кӀуащ итӀанэ.
«Сэ сыкъыумыцӀыхуу жыпӀэнущ», жиӀэу Хьисэ Петр зэрыжриӀар
(Марк 14:27-31; Лука 22:31-34; Иуан 13:36-38)
31Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм яжриӀащ абы щыгъуэ:
– Фэ псоми си закъуэу утыкум сыкъивнэнущ ныжэбэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм абы теухуауэ жиӀар и псалъэу тхахэм хэтщ:#26:31 Тхьэм и псалъэу тхахэм хэтщ – еплъ Зэчрей бегъымбарым и тхылъым 13:7. «Сэ мэлыхъуэр сукӀынущ, мэл хъушэри зэбгрыкӀыжынущ». 32Ауэ лӀахэм сакъыхэтэджыкӀыжа нэужь, фэ фяпэ къихуэу Галилей хэкум сыкӀуэнущ.
33– Утыкум псоми укъранэми, сэ зэикӀ укъизнэнукъым, – къыжриӀащ Петр Хьисэ.
34– Пэжыр ныбжызоӀэ, – жриӀащ Хьисэ Петр, – ныжэбэ дыдэм адакъэ мыӀуэ щӀыкӀэ, сыкъыумыцӀыхуу щэнейрэ жыпӀэнущ.
35– Уэ сыуигъусэу сылӀэн хуей хъуми, узмыцӀыхуу жысӀэнукъым, – къыжриӀащ Петр Хьисэ. Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ адрей лӀы псоми жаӀащ ар дыдэр.
Хьисэ Гефсимание жыг хадэм Тхьэм зэрыщелъэӀуар
(Марк 14:32-42; Лука 22:39-46)
36Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр и гъусэу, Гефсимание#26:36 Гефсимание – Елеон (Зейтун) Ӏуащхьэм и къухьэпӀэ егъэзыхыгъуэм ит хадэщ. зи цӀэ жыг хадэм кӀуащ абы и ужькӀэ.
– Мыбдеж фыщыс, сэ модэ сыкӀуэу, Тхьэм селъэӀуху, – яжриӀащ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм. 37Хьисэ Петррэ Зеведей и къуитӀымрэ здишэу кӀуа нэужь, нэщхъейуэ, гузавэу щӀидзащ.
38Абыхэм яжриӀащ:
– СылӀэн хуэдэ, хуабжьу согузавэ. Фымыжейуэ, фысакъыу мыбы си гъусэу фыщыӀэ.
39Хьисэ тӀэкӀу ӀукӀуэтщ, щӀым бгъэгукӀэ зытридзэри, Тхьэм елъэӀуу жиӀащ:
– Си Адэ, хъуну щытмэ, мы гугъуехьым и фалъэр сӀых. АтӀэми сэ сызэрыхуейр мыхъуу, уэ узэрыхуейр ирехъу.
40Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ цӀыхуищым я деж къыщигъэзэжым, ахэр Ӏурихауэ ярихьэлӀэжащ.
– Зы сыхьэт закъуэкӀэ фызигъусэу, фымыжейуэ, фысакъын фхузэфӀэкӀакъым, аракъэ? – жриӀащ Хьисэ Петр. 41– Фымыжейуэ фысакъ, гуэныхь щӀэным фыдимыхьэхын щхьэкӀэ Тхьэм фелъэӀу. Гур мэхъуапсэ, ауэ пкъым хузэфӀэкӀыркъым.
42Хьисэ етӀуанэуи ӀукӀри, Тхьэм елъэӀуурэ жиӀащ:
– Си Адэ, мы гугъуехь шэчыным и фалъэр сӀыпх мыхъунумэ, уэ узэрыхуейуэ ирехъу.
43Хьисэ къыщигъэзэжым, а цӀыхуищыр Ӏурихауэ кърихьэлӀэжащ, я нэхэр щӀилъэфауэ. 44Ахэр аргуэру къигъанэри, ӀукӀыжащ, а псалъэ дыдэхэмкӀэ Тхьэм ещанэу елъэӀуащ.
45Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм я деж къигъэзэжри, яжриӀащ:
– Зывгъэпсэхуу фыжейрэ иджыри? Мис, пӀалъэр къэблэгъащ, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр гуэныхь зыщӀэхэм яӀэщӀыхьэнущ. 46Фытэдж! ФынакӀуэ, абыхэм сезыгъэубыдынур къэблэгъащ.
Хьисэ зэраубыдар
(Марк 14:43-50; Лука 22:47-53; Иуан 18:3-12)
47Хьисэ и псалъэр имыухауэ, и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀым ящыщу Иудэу Хьисэ тепщэныгъэ зиӀэхэм езыгъэубыдыну хэтыр къэкӀуащ. Джатэхэмрэ бжэгъухэмрэ яӀыгъыу, цӀыху гупышхуэ щӀыгъут абы. Дин пашэшхуэхэмрэ цӀыхухэм я нэхъыжьхэмрэщ ахэр къэзыгъэкӀуар.
48– Сэ ба зыхуэсщӀынуращ жыхуэсӀэр. Ар къэвубыд, – жиӀэри Хьисэ зэраригъэубыдыну щӀыкӀэр и гъусэхэм яжриӀат Иудэ.
49Иудэ зэрынэсу, бгъэдыхьэри:
– ФӀэхъус апщи, Равви,* – жиӀэри, Хьисэ ба хуищӀащ.
50– Ныбжьэгъу, укъыщӀэкӀуар сыт? – жриӀащ абы Хьисэ.
Адрейхэр къыбгъэдыхьэри, Хьисэ яубыдащ. 51Хьисэ и гъусэхэм ящыщ зым и джатэр кърихщ, дин пашэшхуэм и унэӀутым еуэри, и тхьэкӀумэ лъэныкъуэр къыпигъэхуащ.
52Хьисэ абы жриӀащ:
– Уэ уи джатэр дохъутэм илъхьэж, джатэ къэзыщтэ псори джатэм ихьыжынущ. 53Хьэмэрэ си Адэм семылъэӀуфын уи гугъэ? СелъэӀумэ, мелыӀыч дзэ пщыкӀутӀым нэхърэ нэхъыбэ къысхуигъэкӀуэнущ асыхьэту. 54Ауэ Тхьэм и псалъэу тхахэр дауэ пэж зэрыхъунур? Тхьэм и псалъэу тхахэм хэткъэ мыпхуэдэу зэрыхъун хуейр?
55Хьисэ а цӀыху гупышхуэм яжриӀащ асыхьэтым:
– ХъунщӀакӀуэ фубыд хуэдэу, джатэхэмрэ бжэгъухэмрэ фӀыгъыу фыкъыспежьаи? Тхьэм и унэшхуэм махуэ къэс сыщӀэту, цӀыхухэм Тхьэм и псалъэхэр езгъащӀэрт, арщхьэкӀэ сывубыдакъым. 56Ауэ мы псори къыщӀэхъуар бегъымбархэм ятхар пэж хъун щхьэкӀэщ.
Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху псори, езыр утыкум къранэри, щӀэпхъуэжащ абы щӀыгъуэ.
Тхьэмадэ Хасэшхуэм и пащхьэм Хьисэ зэрырашар
(Марк 14:53-65; Лука 22:54-55, 66-71; Иуан 18:13-14, 19-24)
57Яубыда нэужь, Кайафэ зи цӀэ дин пашэшхуэм деж яшащ Хьисэ. Торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ нэхъыжьхэмрэ щызэхуэсащ абы деж. 58Петр Хьисэ и ужь жыжьэу иту, дин пашэшхуэм и пщӀантӀэм нэс, кӀэлъыкӀуащ. ПщӀантӀэм дыхьэри, хъумакӀуэхэм яхэтӀысхьащ ар итӀанэ, Хьисэ и Ӏуэху зэрыхъунум еплъыну.
59Дин пашэшхуэми, нэхъыжьхэми, Тхьэмадэ Хасэшхуэм#26:59 Тхьэмадэ Хасэшхуэр – еплъ 5:22. щыщ адрей пашэ псоми Хьисэ укӀ тралъхьэн щхьэкӀэ, щыхьэт нэпцӀ ягъэувыну къалъыхъуэрт. 60Щыхьэт нэпцӀ куэд къэтэджри, Хьисэ Ӏэджэ тралъхьа пэтми, зыхуейр ягъуэтакъым.
ИкӀэм-икӀэжым щыхьэт нэпцӀитӀ къэтэджри, 61мыпхуэдэу жаӀащ:
– Мы лӀым жиӀэгъащ: «Тхьэм мы и унэшхуэр зэхэскъутэнурэ, махуищкӀэ ар зэтезгъэувэжын слъэкӀынущ».
62Дин пашэшхуэр къэтэджащ итӀанэ.
– Мы лӀыхэм уэ къыптралъхьэр сыт? Сыт зыри щӀыжумыӀэр? – къыжриӀащ абы Хьисэ. 63Ауэ Хьисэ зыри жиӀакъым.
– СынолъэӀу, гъащӀэр зи ӀэрыкӀ Тхьэм и цӀэкӀэ къыджеӀэ, уэра Мэссихьу Тхьэм и Къуэр? – къеупщӀащ дин пашэшхуэр Хьисэ.
64– Аращ, зэрыжыпӀэм хуэдэщ,#26:64 «Аращ, зэрыжыпӀэм хуэдэщ» – е «Уэ уи щхьэкӀэ жыбоӀэ». – жиӀащ Хьисэ. – Ауэ сэ нывжызоӀэ, иджы къыщыщӀэдзауэ, лъэкӀыныгъэшхуэ зиӀэ Тхьэм и ижьырабгъумкӀэ къыщысрэ, пшэхэм яхэту къакӀуэу, флъагъунущ ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр.
65Дин пашэшхуэм и щыгъынхэр зэфӀитхъащ#26:65 и щыгъынхэр къызэфӀитхъащ – гущыкӀыгъуэшхуэмрэ шынагъуэшхуэмрэ къыхэкӀкӀэ дин пашэшхуэм и щыгъынхэр зэфӀитхъащ. Хьисэ Тхьэр игъэпцӀауэ ялъытати. абдежым.
– Тхьэр игъэпцӀащ, – жиӀащ абы. – Сыт нэгъуэщӀ щыхьэт дыщӀыхуеижыр? Мис, Тхьэр зэригъэпцӀар зэхэфхащ. 66Дауэ феплърэ?
– УкӀ хуэфащэщ! – жэуап къатыжащ адрейхэм.
67Хьисэ и напэм щӀэубжьытхэри, ӀэштӀымкӀэ еуащ ахэр. НэгъуэщӀхэри енэпэфауэурэ, мыпхуэдэу жаӀащ:
68– Мэссихь, убегъымбармэ, уэ къоуар хэтми къыджеӀэт.
Петр Хьисэ имыцӀыхуу зэрыжиӀар
(Марк 14:66-72; Лука 22:54-62; Иуан 18:15-18, 25-27)
69Петр пщӀантӀэм дэст абы щыгъуэ. Зы унэӀут хъыджэбз, абы къыбгъэдыхьэри, къыжриӀащ:
– Галилей щыщ Хьисэ уригъусэу щытащ уэри.
70– Хьэуэ, уэ жыхуэпӀэр сщӀэркъым, – щыжиӀащ Петр псоми я пащхьэ.
71Петр куэбжэмкӀэ иунэтӀащ итӀанэ. НэгъуэщӀ унэӀут хъыджэбз гуэрми ар къилъагъури, абдеж щытхэм яжриӀащ:
– Мы лӀыри Назарет щыщ Хьисэм и гъусэу щытащ.
72Аргуэру, «Ар сцӀыхуркъым» жиӀэри, Петр тхьэ иӀуащ.
73ТӀэкӀу дэкӀа нэужь, абдежым щытхэр къыбгъэдыхьэри, Петр къыжраӀащ:
– Пэж дыдэу, уэри абыхэм уащыщщ, уи псэлъэкӀэм ар нахуэ къещӀри.
74– Тхьэр согъэпцӀ, жысӀэр мыпэжмэ, а лӀыр сцӀыхуркъым, – жиӀэри, тхьэ иӀуэу щӀидзащ Петр.
Абы ирихьэлӀэу адакъэ Ӏуащ. 75Хьисэ къыжриӀэгъауэ щыта псалъэхэр Петр игу къэкӀыжащ абдежым: «Адакъэ мыӀуэ щӀыкӀэ, сыкъыумыцӀыхуу щэнейрэ жыпӀэнущ».
Ар игу къыщыкӀыжым, пщӀантӀэм дэкӀри, игу хэщӀу гъащ Петр.

Currently Selected:

Маттэ 26: KbdNTGP2017

Highlight

Share

Copy

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in