Марк 1
1
1-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
УмэхъакӀуэ Иуан и уазыр
(Маттэ 3:1-12; Лука 3:1-9, 15-17; Иуан 1:19-28)
1Тхьэм и Къуэ Хьисэ Мэссихь теухуа хъыбарыфӀым мыпхуэдэу къыщӀедзэ.
2Тхьэм мыпхуэдэу къызэрыжиӀэр бегъымбархэм я тхылъхэм итщ:
«Мис, сэ си мелыӀыч уяпэ къихуэу нызогъакӀуэ;
абы уи гъуэгур пхуигъэпсынущ.
3Абы и джэ макъыращ#1:3 Абы и джэ макъыр аращ – еплъ Ешайа бегъымбарым и тхылъым 40:3.
мыпхуэдэу жиӀэурэ губгъуэ нэщӀым къыщыӀур:
Зиусхьэным гъуэгур хуэвгъэпси,
лъагъуэхэр захуэ хуэфщӀ».
4Тхьэм зэрыжиӀам тету, умэхъакӀуэ#1:4 умэхъыныр – еплъ Маттэ 3:1. Иуан, губгъуэ нэщӀым къыщыхутауэ, цӀыхухэр Тхьэм и псалъэхэм иригъэдаӀуэурэ, мыпхуэдэу жиӀэрт:
– Фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэжи, зызвгъэумэхъ, Тхьэм ахэр къыфхуигъэгъун щхьэкӀэ.
5Иудей хэку псом ис цӀыхухэри Ерусалим дэс цӀыху псори Иуан деж кӀуащ. Гуэныхьу ящӀамкӀэ заумысыжурэ, Иордан псым Иуан зыщрагъэумэхъащ абыхэм. 6Иуан махъшэцым къыхэщӀыкӀа щыгъын щыгът, и бгым фэ бгырыпхи щӀэлът, мацӀэрэ губгъуэ форэ ишхырт. 7Тхьэм и псалъэхэм цӀыхухэр иригъэдаӀуэурэ, мыпхуэдэу жиӀэрт:
– Сэр нэхърэ нэхъ лъэкӀыныгъэшхуэ зиӀэ гуэр си ужькӀэ къэкӀуэнущ. Зезгъэзыхыу, абы и вакъэ лъэпсхэр хуэстӀэтэнуи схуэфащэкъым сэ. 8Сэ псымкӀэ фызумэхъащ, ауэ абы Тхьэм и Псэ ЛъапӀэмкӀэ фиумэхъынущ.
Иуан Хьисэ зэриумэхъар
(Маттэ 3:13-17; Лука 3:21-22)
9Галилей хэкум щыщ Назарет къалэм а махуэхэм къыдэкӀри, Хьисэ Иордан псым деж Иуан зыщригъэумэхъащ. 10Псым къыщыхэкӀыжым, уафэр зэгуэкӀри, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр, тхьэрыкъуэ теплъэ иӀэу, къызэрыхуехар илъэгъуащ Хьисэ. 11Уафэм зы макъ къиӀукӀащ:
– ФӀыуэ слъагъу си Къуэ щӀасэу си гум ирихьыр уэращ.#1:11 ФӀыуэ слъагъу … си гум ирихьыр уэращ – еплъ Маттэ 3:17.
Гуэныхь иригъэлэжьын щхьэкӀэ, шейтӀаныр Хьисэ и ужь зэритар
(Маттэ 4:1-11; Лука 4:1-13)
12Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм Хьисэ губгъуэ нэщӀым ишащ абы и ужькӀэ. 13Хьисэ гуэныхь иригъэлэжьыну шейтаныр и ужь къитурэ, Хьисэ махуэ плӀыщӀкӀэ губгъуэ нэщӀым къыщикъухьащ. ХьэкӀэкхъуэкӀэхэм яхэтт, мелыӀычхэми Ӏуэхутхьэбзэ къыхуащӀэ хъуащ Хьисэ.
Хьисэ и лэжьыгъэр Галилей хэкум зэрыщиублар
(Маттэ 4:12-17; Лука 4:14-15)
14ЦӀыхухэр зыумэхъ Иуан лъэхъуэщым щӀадза нэужь,#1:14 Иуан лъэхъуэщым щӀадза нэужь – еплъ Маттэ 4:12. Галилей хэкум кӀуэри, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм теухуа хъыбарыфӀыр цӀыхухэм яхуиӀуатэу щӀидзащ Хьисэ:
15– Махуэр къэсащ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр#1:15 Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр – еплъ Маттэ 3:2. къэблэгъащ; фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэжи, хъыбарыфӀыр фи фӀэщ фщӀы, – жиӀэрт абы.
И гъуэгу ирикӀуэн щхьэкӀэ Хьисэ бдзэжьеящиплӀыр къызэрыхуриджар
(Маттэ 4:18-22; Лука 5:1-11)
16Галилей гуэлым и Ӏуфэм Ӏуту кӀуэурэ, Хьисэ Симонрэ абы и къуэш Индрисрэ хъыр псым хадзэу илъэгъуащ, ахэр бдзэжьеящэти. 17Хьисэ абыхэм яжриӀащ:
– Си ужь фыкъиувэ. Бдзэжьей къэвубыдын папщӀэ, я ужь фызэритам ещхьу, си гъуэгу къытевгъэхьэн щхьэкӀэ, цӀыхухэм я ужь фызэрихьэнур фэзгъэщӀэнущ.
18Яхъхэр асыхьэтым къагъанэри, Хьисэ и ужь иуващ ахэр.
19Хьисэ адэкӀэ кӀуэурэ, Зеведей и къуэхэу Екъубрэ Иуанрэ, кхъуафэжьейм ису, яхъхэр ягъэхьэзыру ирихьэлӀащ. 20Хьисэ ахэри къриджащ асыхьэтым. Я адэ Зеведеймрэ абы и лэжьакӀуэхэмрэ кхъуафэжьейм къранэри, Хьисэ и ужь иуващ ахэр.
Хьисэ лӀы гуэрым жин бзаджэр зэрыхихуар
(Лука 4:31-37)
21Хьисэ Капернаум къалэм дыхьащ итӀанэ. Щэбэт махуэр къыщысым, синэгуэгум щӀыхьэри, цӀыхухэм Тхьэм и псалъэхэр яригъащӀэу щӀидзащ Хьисэ. 22Хьисэ Ӏуэхугъуэхэр зэраригъащӀэу щыта щӀыкӀэр ягъэщӀэгъуащ цӀыхухэм, торэт егъэджакӀуэ пашэхэм яхуэмыдэу, тепщэныгъэшхуэ иӀэу, цӀыхухэм Тхьэм и гъуэгур яригъащӀэрти. 23Жин бзаджэм иӀыгъ лӀы гуэр синэгуэгум напӀэзыпӀэм къыщыхутэри къэкӀиящ:
24– Сыт уи Ӏуэхуу дэ къытхэлъыр, Назарет щыщ Хьисэ? Дыбгъэунэхун щхьэкӀэ укъэкӀуа уэ? Уэ хэт ущыщми, сощӀэ. Тхьэм къыбгъэдэкӀа ЛъапӀэр уэращ.
25– Щыгъэт, мы лӀым къыхэкӀыж, – жиӀащ Хьисэ, жин бзаджэм егийри. 26Жин бзаджэм лӀыр игъэкӀэзызщ, макъышхуэкӀэ къыхэкӀийри, лӀым хэкӀыжащ.
27ЦӀыхухэм ар щалъагъум, псоми икъукӀэ ягъэщӀагъуэри, зэжраӀэжащ:
– Мыр сыт? ЦӀыхухэм ӀуэхущӀэхэр ярегъащӀэ. Тепщэныгъэшхуэ иӀэу, жин бзаджэхэми унафэ яхуещӀри, зрегъэдаӀуэ.
28Арати, Хьисэ теухуа хъыбарыр Галилей хэку псом дэнэкӀи псынщӀэу щызэлъащӀысащ.
Хьисэ цӀыху куэд зэригъэхъужар
(Маттэ 8:14-17; Лука 4:38-41)
29Синэгуэгум къызэрыщӀэкӀыжу, Екъубрэ Иуанрэ я гъусэу, ахэр Симонрэ Индрисрэ я унэм кӀуащ. 30Симон и щыкъу анэр плъыржьэру пӀэм хэлът. Ар зэрысымаджэр Хьисэ асыхьэтым къыжраӀащ. 31Хьисэ абы деж кӀуэщ, и Ӏэр иубыдри къигъэтӀысащ. Плъыржьэрыр щхьэщыкӀщ, къызэфӀэувэжри, абы хьэщӀагъэ къарихащ.
32Пщыхьэщхьэм дыгъэр къухьа нэужь, сымаджэхэмрэ жин бзаджэм иӀыгъ цӀыху псомрэ Хьисэ къыхуашащ. 33Къалэм дэс псори бжэӀупэм къыщызэхуэсащ. 34Хьисэ узыфэ зэмылӀэужьыгъуэ куэд зэфыкӀ сымаджэ Ӏэджи игъэхъужащ абы щыгъуэ, жин бзаджэ куэди цӀыхухэм яхихуащ, ауэ жин бзаджэхэр къэпсэлъэну хуит ищӀакъым, ар зэры-Мэссихьыр ящӀэрти.
Галилей хэкур къызэхикӀухьурэ, Хьисэ Тхьэм и псалъэхэм цӀыхухэр иригъэдаӀуэу зэрыщытар
(Лука 4:42-44)
35Пщэдджыжьым жьыуэ къэтэджщ, къалэм дэкӀщ, щӀыпӀэ пхыдза гуэрым кӀуэри, Хьисэ Тхьэм елъэӀуащ. 36Симонрэ абы и гъусэхэмрэ Хьисэ лъыхъуэну дэкӀащ. 37Къыщагъуэтыжым, жраӀащ:
– Уэ цӀыху псоми укъалъыхъуэ.
38– Гъунэгъу жылэхэми къалэхэми дывгъакӀуэ, абыхэми цӀыхухэр Тхьэм и псалъэхэм щезгъэдэӀуэн щхьэкӀэ, – яжриӀащ Хьисэ, – аращ сэ сыкъыщӀэкӀуар.
39Галилей хэку псори къызэхикӀухьурэ, я синэгуэгухэм цӀыхухэр Тхьэм и псалъэхэм щригъэдаӀуэрт Хьисэ, жин бзаджэхэри цӀыхухэм яхихурт.
Уэшын уз зыпкърыт лӀы гуэр Хьисэ зэригъэхъужар
(Маттэ 8:1-14; Лука 5:12-16)
40Уэшын уз зыпкърыт лӀы гуэр Хьисэ къыбгъэдыхьэщ, лъэгуажьэмыщхьэу къэтӀысри къелъэӀуащ:
– Ухуеймэ, сыбгъэхъужыфынущ.
41Абы гущӀэгъу хуищӀу и Ӏэр ишийщ, теӀэбэри, Хьисэ жиӀащ:
– Сыхуейщ, узыншэ хъуж!
42Уэшын узыр асыхьэтым щхьэщыкӀри, лӀыр узыншэ хъужащ.
43Хьисэ ар щиутӀыпщыжым быдэу жриӀащ:
44– Сакъ, мыр зыми хуумыӀуэтэж, ауэ дин пашэм деж кӀуэи, зыкъегъэлъагъу. Мусэ бегъымбарым и унафэм тету къурмэн щӀы узэрыхъужам щхьэкӀэ. Ар узэрыхъужамкӀэ цӀыхухэм я пащхьэм щыхьэт щыхъунущ.
45Ауэ а лӀыр ежьэри, къэхъуа псори жиӀэжурэ, зэрыхъужа щӀыкӀэм и хъыбарыр цӀыхухэм яхуиӀуэтэжащ. Абы къыхэкӀкӀэ, цӀыхухэм къалъагъуу Хьисэ къалэ гуэри дыхьэ хъунутэкъым, щӀыпӀэ пхыдзахэм щыӀэт. Ауэ дэни къикӀыурэ, цӀыхухэр абы деж къакӀуэрт.
Currently Selected:
Марк 1: KbdNTGP2017
Highlight
Share
Copy
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017