Дин пашэшхуэхэр, нэхъыжьхэр я гъусэу, зэхуэсри зэчэнджэщыжащ. ХъумакӀуэхэм ахъшэ куэд иратри, абыхэм жраӀащ:
– «Жэщым дэ дыщыжейм, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр къакӀуэри, и хьэдэр ядыгъужащ», жыфӀэн хуейщ. А хъыбарыр Ӏэтащхьэм щызэхихкӀэ, дэ дгъэсабырынщ, фэри зыри къывжи-мыӀэну тщӀынщ.
ХъумакӀуэхэм ахъшэр ящтэри, къызэрыжраӀам хуэдэу ящӀащ. А хъыбарыр журтхэм иджыри къэс яхэлъщ.