Лука 7
7
7-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Дзэ пашэм и унэӀутыр Хьисэ зэригъэхъужар
(Маттэ 8:5-13; Иуан 4:43-54)
1А псалъэ псоми цӀыхухэр иригъэдэӀуа нэужь, Хьисэ Капернаум къалэм дыхьащ. 2Дзэ пашэ гуэрым фӀыуэ илъагъу унэӀут иӀэт. А унэӀутыр лӀэн гъунэгъу хъуауэ сымаджэт. 3Дзэ пашэм, Хьисэ и хъыбарыр щызэхихым, ар къакӀуэу и унэӀутыр игъэхъужыну журтхэм я нэхъыжьхэм#7:3 нэхъыжьхэр – еплъ Маттэ 16:21. ящыщ гуэрхэр лъэӀуакӀуэ игъэкӀуащ. 4Хьисэ деж къакӀуэри, хуабжьу къелъэӀуащ ахэр:
– Уэ ар абы хуэпщӀэну хуэфащэщ, 5абы ди лъэпкъыр фӀыуэ елъагъу, ди синэгуэгури тхуиухуащи.
6Абыхэм я гъусэу кӀуащ Хьисэ.
Дзэ пашэм и унэм пэгъунэгъу щыхъум, абы и ныбжьэгъухэр къыпригъажьэри, Хьисэ къажрыригъэӀащ:
– Зи щӀыхь ин, гугъу зумыгъэхь, си унэм уэ уныщӀыхьэну сэ схуэфащэкъым. 7Ар зэрысхуэмыфащэм щхьэкӀэ, уи деж си щхьэкӀэ сынэкӀуэнуи сытегушхуакъым. Ауэ зы псалъэ закъуэ жыӀэ, унафэ щӀыи, си унэӀутыр хъужынщ. 8Сэри цӀыху гуэрым и унафэм сыщӀэтщ, си унафэми зауэлӀхэр щӀэтщ. Зыгуэрым «КӀуэ» жесӀэмэ, кӀуэнущ. Адрейм «КъакӀуэ» жесӀэмэ, къэкӀуэнущ. «Мыр щӀэ» жесӀэмэ, си унэӀутми ищӀэнущ.
9Ар щызэхихым, а лӀыр игъэщӀэгъуащ Хьисэ икӀи и ужь ит цӀыху гупышхуэм захуригъэзэкӀри яжриӀащ:
– Сэ нывжызоӀэ, мыпхуэдэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ цӀыху гуэри Израил къэралым изгъуэтакъым.
10Унэм ягъэзэжри, унэӀутыр хъужауэ ирихьэлӀэжащ лӀыкӀуэхэр.
Наин къалэм щыщ фызабэм и щӀалэ лӀар Хьисэ къызэригъэтэджыжар
11Хьисэ Наин къалэм кӀуэну ежьащ абы и ужькӀэ. И гъуэгу ирикӀуэхэри цӀыху гупышхуи и гъусэт абы. 12Куэбжэм щынэсым, хьэдэ къыдахыу ӀущӀащ. Ар фызабэ гуэрым и къуэ закъуэрт. А къалэм щыщ цӀыху куэд и гъусэт фызабэм. 13Зиусхьэным фызабэр щилъагъум, игу щӀэгъури жриӀащ:
– Умыгъ, ди анэ!
14Пхъэмбейм бгъэдыхьэри, абы теӀэбащ итӀанэ. Хьэдэр зыхьхэр къэувыӀащ. Хьисэ жиӀащ:
– Си щӀалэ, уэ бжызоӀэ, къызэфӀэувэ.
15ЩӀалэ лӀар къэтэджыжри, псалъэу щӀидзащ, Хьисэи ар и анэм иритыжащ.
16ЦӀыхухэр зэрыгъэщтэжащ абдежым икӀи Тхьэм щӀыхь хуащӀу жаӀащ:
– Бегъымбарышхуэ къытхэкӀащ. Тхьэр и лъэпкъым нэфӀкӀэ къеплъащ.
17Аращи, Хьисэ ищӀам и хъыбарыр Иудей хэку псоми абы и Ӏэхэлъахэ псоми щызэлъащӀысащ.
УмэхъакӀуэ Иуан лӀыкӀуэхэр Хьисэ деж зэригъэкӀуар
(Маттэ 11:2-19)
18Иуан и гъуэгу ирикӀуэхэм а псори хуаӀуэтэжащ абы. 19Иуан абыхэм ящыщ цӀыхуитӀ къриджэри, Хьисэ деж игъэкӀуащ:
– Уэра къэкӀуэн хуейр, хьэмэрэ нэгъуэщӀ гуэрым дыпэплъэн хуей? – жаӀэу еупщӀын щхьэкӀэ.
20Хьисэ деж щынэсым, а тӀум жаӀащ:
– ДыноупщӀыну умэхъакӀуэ Иуан уи деж дыкъигъэкӀуащ: «Уэра къэкӀуэн хуейр, хьэмэрэ нэгъуэщӀ гуэрым дыпэплъэн хуей?» жиӀэри.
21А зэманым сымаджэ куэди, узыфэ Ӏей зэфыкӀ куэди, жин бзаджэм иӀыгъ цӀыху куэди Хьисэ игъэхъужырт. ЦӀыху нэф куэди къигъэплъэжырт.
22– Вгъэзэжи, – яжриӀащ Хьисэ лӀыкӀуэхэм, – флъэгъуамрэ зэхэфхамрэ Иуан хуэфӀуэтэж: Нэфхэр къоплъэж, лъашэхэр тэрэзу зекӀуэ, уэшын уз зыпкърытхэр узыншэ, дэгухэм зэхах мэхъуж, лӀахэр къотэджыж, тхьэмыщкӀэхэм хъыбарыфӀыр къалъоӀэс. 23Гъуэгу махуэ теуващ зи гум мыхъун сэр щхьэкӀэ къэзымыгъэкӀыр.
24Иуан и лӀыкӀуэхэр ежьэжа нэужь, Хьисэ цӀыху гупышхуэхэм Иуан теухуауэ яжриӀэу щӀидзащ:
– Губгъуэ нэщӀым фыщихьам, сыт флъагъуну фи гугъар? Жьым игъэщэнауэ къамыл флъагъун фи гугъа? 25Армырамэ, сыт флъагъун фи гугъар, абы фыщихьам? Дахэу хуэпа цӀыху гуэрт? Дахэ дыдэу хуэпауэ, къулейуэ псэухэр зыщӀэсыр пащтыхьхэм я унэшхуэхэрщ. 26АтӀэ, сыт флъагъун фи гугъар, абы фыщихьам? Бегъымбарырат? Сэ нывжызоӀэ, ар бегъымбар къудейкъым, ар бегъымбарым нэхърэ нэхъ лъапӀэщ. 27Ар Тхьэм и псалъэу тхахэм зи хъыбар#7:27 Тхьэм и псалъэу тхахэм зи хъыбар – еплъ Малахие бегъымбарым и тхылъым 3:1. мыпхуэдэу яхэт лӀыкӀуэрщ:
«Мис, сэ си лӀыкӀуэр уяпэ къихуэу нэзгъэкӀуэнурэ,
абы уи гъуэгур пхуигъэпсынущ».
28– Сэ нывжызоӀэ, цӀыхубзхэм къалъхуахэм щыщу умэхъакӀуэ Иуан нэхърэ нэхъ лъапӀэ щыӀэкъым. Апхуэдэу щыт пэтми, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀэт цӀыхухэм я нэхъ цӀыкӀури Иуан нэхърэ нэхъ лъапӀэщ.
29Хьисэ и псалъэм къедаӀуэу щыт цӀыху псоми, хьэкътын ахъшэр#7:29 хьэкътын ахъшэр – еплъ Маттэ 5:46. хэзыххэри абыхэм яхэту, Тхьэм и псалъэхэр захуэу ялъытащ. Ахэращ Иуан зезыгъэумэхъар. 30Ауэ фарисейхэмрэ торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ ящӀэн хуейуэ Тхьэм фӀэзахуэр ялэжын ядакъым. Иуан зезыгъэумэхъын зымыдар ахэращ.
31– Иджырей цӀыхухэр сытым езгъэщхьын? – жиӀащ Хьисэ. – Сыт ахэр зыхуэдэр? 32Уэрамым тесу, зыр адрейм еджэурэ, мыпхуэдэу жызыӀэ щӀалэхэм ещхьщ:
«Бжьамийхэм дыфхуепща пэтми,
фэ фыкъэфакъым;
дэ гъыбзэ уэрэд фхужытӀа пэтми,
фэ фыгъакъым».
33– Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ умэхъакӀуэ Иуан къэкӀуащ. Абы щӀакхъуэ ишхыркъым, фади ефэркъым. «Ар жин бзаджэм иӀыгъщ», жывоӀэ. 34ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр къэкӀуащ. Ар машхэ икӀи йофэ. «Ешхэн-ефэныр зи щӀасэу, хьэкътын ахъшэр хэзыххэмрэ гуэныхь зыщӀэхэмрэ я ныбжьэгъущ», жывоӀэ. 35Тхьэм и акъылыфӀагъэр зыщта цӀыху псоми а акъылыфӀагъэр ягъэщыпкъэ.
Гуэныхь зыщӀэ цӀыхубз псэжь гуэрым и гуэныхьхэр Хьисэ зэрыхуигъэгъуар
36Фарисейхэм ящыщ гуэрым Хьисэ игъэшхэну иригъэблэгъащ. Фарисейм и унэм щӀыхьэри, Хьисэ Ӏэнэм пэрытӀысхьащ. 37Къалэм щыщ гуэныхьыщӀэ цӀыхубз псэжь гуэрым Хьисэ фарисейм и унэм щышхэну зэреблэгъар къищӀащ. Алавастрэ зи цӀэ мывэм къыхэщӀыкӀауэ, зы барщыбэ, дагъэ лъапӀэ иту, къыздихьри къэкӀуащ ар. 38Хьисэ и щӀыбагъкӀэ къыщыбгъэдыхьэри, апхуэдизкӀэ хуабжьу гъати, и нэпсхэмкӀэ Хьисэ и лъакъуэхэр псыф ищӀащ. Абы и щхьэцымкӀэ Хьисэ и лъакъуэхэр илъэщӀыжащ, и лъакъуэхэм ба яхуищӀащ, дагъэ лъапӀэм щыщи щихуащ.
39Хьисэ къезыгъэблэгъа фарисейм ар щилъагъум, игукӀэ жиӀащ:
– Мыр бегъымбару щытатэмэ, мы къеӀуса цӀыхубзыр зыхуэдэр, ар гуэныхьыщӀэ цӀыхубз псэжьу зэрыщытыр къищӀэнт.
40– Симон, зыгуэр ныбжесӀэнщ, – жриӀащ Хьисэ а лӀым.
– КъызжеӀэ, дин егъэджакӀуэ, – жэуап иритыжащ Симон.
41– ЩӀыхуэ зыт лӀы гуэрым и щӀыхуэ цӀыхуитӀым ятелът, зым динар#7:41 динар – а зэманым ар лэжьакӀуэм и махуэ лэжьапщӀэу щытащ. щитху, адрейм тхущӀ, – жиӀащ Хьисэ. 42– Ауэ щӀыхуэр япшыныжын щалъэмыкӀым, тӀуми яхуигъэгъуащ. АтӀэ къызжеӀэ, а тӀум ящыщу дэтхэнэра щӀыхуэ зыт лӀыр нэхъыфӀу зылъагъунур?
43– СызэригугъэмкӀэ, нэхъыбэ зыхуигъэгъуаращ, – жиӀащ Симон.
– КъэпщӀащ, – жиӀащ Хьисэ.
44ЦӀыхубзым дежкӀэ зигъазэри, Хьисэ Симон жриӀащ итӀанэ:
– Мы цӀыхубзыр плъагъурэ? Уи унэм сыкъыщыщӀыхьэм, си лъакъуэхэр иристхьэщӀыну уэ псы къызэптакъым, ауэ мы цӀыхубзым и нэпсхэмкӀэ си лъакъуэхэр псыф ищӀри, и щхьэцымкӀэ илъэщӀыжащ. 45Уэ ба къысхуэпщӀакъым, сэ унэм сыкъызэрыщӀыхьэрэ мы цӀыхубзым си лъакъуэхэм зэпымыууэ ба къыхуещӀ. 46Си щхьэм дагъэ къыщыпхуакъым, мыбы си лъакъуэхэм дагъэ лъапӀэр къащихуащ. 47Абы къыхэкӀкӀэ уэ ныбжызоӀэ, фӀылъагъуныгъэшхуэ игу илъщи, абы и гуэныхь куэдыр къыхуэгъуащ. Ауэ мащӀэу зыхуэгъуам игу фӀылъагъуныгъэ мащӀэщ илъыр.
48Хьисэ цӀыхубзым жриӀащ итӀанэ:
– Уи гуэныхьхэр къыпхуэгъуащ.
49Адрей хьэщӀэхэм ягукӀэ жаӀащ итӀанэ:
– Хэт гуэныхьхэр зыгъэгъу мы лӀыр?
50Хьисэ цӀыхубзым жриӀащ:
– Уи фӀэщхъуныгъэм умыкӀуэду укъригъэлащ. Гъуэгу махуэ. Уигу ирезагъэ.
Currently Selected:
Лука 7: KbdNTGP2017
Highlight
Share
Copy
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017