YouVersion Logo
Search Icon

Лука 6

6
6-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм гуэдз щхьэмыжхэр щэбэт махуэм къызэрыпачар
(Маттэ 12:1-8; Марк 2:23-28)
1Хьисэ гуэдз хьэсэхэм хэтурэ кӀуэрт щэбэт махуэ гуэрым. И гъуэгу ирикӀуэхэм гуэдз щхьэмыжхэр къыпачым, я ӀэхэмкӀэ яӀуэтурэ яшхырт. 2Фарисейхэм ящыщ гуэрхэм жаӀащ:
– Щэбэт махуэм хабзэкӀэ пщӀэ мыхъунур#6:2 пщӀэ мыхъунур – Мусэ и Торэт хабзэм зэрыжиӀэм тету, щэбэт махуэм гъавэ къэпх мыхъуну щытащ. Еплъ 2 Мусэ 34:21. сыт щӀэфщӀэр?
3Даутрэ Даут и гъусэхэмрэ мэжалӀэ щыхъум, абы ищӀам феджакъэ? – яжриӀащ Хьисэ абыхэм. 4– Тхьэм и унэм щӀыхьэщ, Тхьэм и пащхьэм цӀыхухэм иралъхьа щӀакхъуэр#6:4 цӀыхухэм Тхьэм и пащхьэм иралъхьа щӀакхъуэр – еплъ 3 Мусэ 24:5-9. къищтэри ишхащ абы, и гъусэхэми яригъэшхащ. ХабзэмкӀэ дин пашэхэм фӀэкӀ нэгъуэщӀ гуэрым а щӀакхъуэр ишх мыхъуну щытащ.
5Хьисэ яжриӀащ итӀанэ:
– ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр щэбэт махуэми и зиусхьэнщ.
Зи Ӏэ лъэныкъуэр гъуа лӀы гуэр Хьисэ зэригъэхъужар
(Маттэ 12:9-14; Марк 3:1-6)
6НэгъуэщӀ щэбэт махуэ гуэрым Хьисэ, синэгуэгум щӀыхьауэ, цӀыхухэм Тхьэм и псалъэхэр яригъащӀэрт. Зи Ӏэ ижьыр гъуа лӀы гуэр абы щӀэтт. 7Щэбэт махуэм Хьисэ а лӀыр игъэхъужынрэ имыгъэхъужынрэ, торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ фарисейхэмрэ кӀэлъыплъырт, зэрагъэкъуэншэн щхьэусыгъуэ гуэр къагъуэтын щхьэкӀэ. 8Ауэ абыхэм я гум илъыр ищӀэрти, Хьисэ зи Ӏэр гъуа лӀым жриӀащ:
– Къэтэджи, мы утыкум къиувэ.
Къэтэджыри, лӀыр утыкум къиуващ. 9Хьисэ абыхэм яжриӀащ итӀанэ:
– Сэ сынывоупщӀ, щэбэт махуэм фӀы пщӀэныра хьэмэрэ Ӏей пщӀэныра хабзэм къезэгъыр, псэр мыкӀуэду къебгъэлыныра, хьэмэрэ бгъэкӀуэдыныра хабзэр?
10Псоми яхэплъэри, а лӀым жриӀащ итӀанэ:
– Уи Ӏэр къэший!
ЛӀым и Ӏэр къишийри, адрей Ӏэм хуэдэу хъужащ. 11Ауэ ахэр хуабжьу губжьауэ, Хьисэ мыхъумыщӀагъэу иращӀэнумкӀэ зэчэнджэщащ.
Хьисэ апостол пщыкӀутӀыр къызэрыхихар
(Маттэ 10:1-4; Марк 3:13-19)
12Тхьэм елъэӀун щхьэкӀэ, Хьисэ Ӏуащхьэм дэкӀуеящ а махуэхэм. Тхьэм елъэӀуурэ, жэщ псор абы щигъэкӀуащ. 13Нэху зэрыщу, и гъуэгу ирикӀуэхэр къриджэщ, абыхэм ящыщ цӀыху пщыкӀутӀ къыхихри, апостол#6:13 апостол – еплъ Маттэ 10:2. яфӀищащ. А апостолхэр мыхэращ: 14Симону Хьисэ етӀуанэ цӀэуэ Петр зыфӀищар; абы и къуэш Индрис; итӀанэ Екъуб, Иуан, Филипп, Варфоломей, 15Маттэ, Фомэ, Алфей и къуэ Екъуб, «зи къэралым гурэ псэкӀэ хуэлажьэкӀэ» зэджэ Симон,#6:15 зи къэралым гурэ псэкӀэ хуэлажьэкӀэ зэджэ Симон – еплъ Маттэ 10:4. 16Екъуб и къуэ Иудэ, Иудэ Искариот. А Иудэ Искариотырщ иужькӀэ Хьисэ къепцӀыжу тепщэныгъэ зиӀэхэм езыгъэубыдар.
Хьисэ цӀыхухэр Тхьэм и псалъэхэм иригъэдаӀуэу, ахэр игъэхъужу зэрыщытар
(Маттэ 4:23-25)
17Абыхэм я гъусэу Ӏуащхьэм къехыжри, Хьисэ сэтейм къыщыувыӀащ. И гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщу гупышхуэ абдежым щытт. Абыхэм нэмыщӀуи, цӀыху гупышхуэ Иудей хэку псоми, Ерусалими, къалэхэу Тиррэ Сидонрэ зыӀут хы Ӏуфэхэми къикӀыурэ абдежым къыщызэхуэсащ. 18Хьисэ жиӀэхэм едэӀуэну икӀи я узыфэхэр ирагъэгъэхъужыну къэкӀуат а псори. Жин бзаджэхэм гугъу ирагъэхьу щытахэри игъэхъужырт Хьисэ. 19Сымаджэ псори зыгъэхъужыф къару и пкъым къыхэкӀыу зэрыщытам щхьэкӀэ, цӀыху псори хущӀэкъурт Хьисэ зэреӀусэным.
Гъуэгу махуэ теувахэмрэ гъуэгу мыгъуэ теувахэмрэ
(Маттэ 5:1-12)
20И гъуэгу ирикӀуэхэм яхэплъэри, Хьисэ жиӀащ:
Фэ, тхьэмыщкӀэхэр,
гъуэгу махуэ фытеуващ,
Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм#6:20 Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр – еплъ Маттэ 3:2. фыщӀэтщи.
21Фэ, иджы мэжэщӀалахэр,
гъуэгу махуэ фытеуващ,
зывгъэнщӀыжынущи.
Фэ иджы пыхьэхэр,
гъуэгу махуэ фытеуващ,
фыгуфӀэжынущи.
22Гъуэгу махуэ фытеуващ,
ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм#6:22 ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр – еплъ Маттэ 8:20. и гъуэгу
фызэрырикӀуэм щхьэкӀэ
цӀыхухэр фэ жагъуэгъу къыфхуэхъумэ,
фызыхагъэкӀмэ, къыфхуэхъущӀэмэ,
икӀи фи цӀэр ягъэпудмэ.
23– А махуэм фыгуфӀэ, фыгуфӀэурэ фыдэпкӀей, Тхьэм уафэм къыщыфхуигъэфэщэну ӀыхьэфӀыр инщи. А цӀыхухэм я адэжьхэр бегъымбархэм апхуэдэу дызекӀуэу щытащ,
24– фэ, бейхэр,
гъуэгу мыгъуэ фытеуващ,
фигухэр зыгъэзагъэ Ӏуэхугъуэхэр вгъуэтакӀэщи,
25фэ иджы зызыгъэнщӀахэр,
гъуэгу мыгъуэ фытеуващ,
фымэжэлӀэжынущи.
Фэ, иджы гуфӀэхэр,
гъуэгу мыгъуэ теуващ,
фыгъыжынущ икӀи фыпыхьэжынущи.
26Гъуэгу мыгъуэ фытеуващ,
цӀыху псори къыфщытхъумэ,
а цӀыхухэм я адэжьхэм бегъымбар нэпцӀхэм
апхуэдэу иращӀауэ щытащи.
Фи бийхэр фӀыуэ флъагъу
(Маттэ 5:38-48; 7:12а)
27– Ауэ фэ, сэ къызэдэӀуэхэм, нывжызоӀэ: Фи бийхэр фӀыуэ флъагъу, фыкъэзылъагъу мыхъухэми фӀы яхуэфщӀэ. 28Къывэбгхэм Тхьэм и нэфӀ къащыхуэну фахуелъэӀу, лей къыфкӀэлъызезыхьэхэм Тхьэм фӀыкӀэ фахуелъэӀу. 29Уи зы нэкӀум къеуэм адрей уи нэкӀури хуэгъазэ. Уи щыгъын щӀыӀутелъыр птезыхым джанэри къыхуэгъанэ. 30Хэтми, зыгуэркӀэ къолъэӀум ет! Уи хьэпшыпхэр птезыхми «Къызэтыж» жумыӀэ. 31ЦӀыхухэр фэ къыфхущытыну фызэрыхуейм хуэдэу, фэри абыхэм фахущыт.
32– ФӀыуэ фыкъэзылъагъухэм фӀэкӀа зыри фӀыуэ фымылъагъужмэ, фэркӀэ сыт хуэдэ фӀыщӀэ абы хэлъыр? ГуэныхьщӀакӀуэхэми фӀыуэ къэзылъагъухэр ялъагъужыркъэ? 33ФӀы къыфхуэзыщӀэхэм фӀы яхуэфщӀэжкӀэ, фэркӀэ сыт хуэдэ фӀыщӀэ абы хэлъыр? ГуэныхьщӀакӀуэхэми аракъэ ящӀэр? 34КъыватыжынкӀэ фызыщыгугъхэм щӀыхуэ ефткӀэ, фэркӀэ сыт хуэдэ фӀыщӀэ абы хэлъыр? ГуэныхьщӀакӀуэхэми адрей гуэныхьщӀакӀуэхэм щӀыхуэ ират, езыхэм абыхэм иратам хуэдиз къыӀахыжынкӀэ щыгугъыу. 35Фи бийхэр фӀыуэ флъагъу, абыхэм фӀы яхуэфщӀэ, къыфхуащӀэжынкӀэ фащымыгугъыу щӀыхуэ ефт. Апхуэдэу фщӀымэ, Тхьэм къыфхуигъэфэщэну ӀыхьэфӀыр ин хъунущ, Тхьэуэ Лъагэм и бынуи фыщытынущ; фӀыр зыхуэдэр зыгурымыӀуэ цӀыхухэми, цӀыху бзаджэхэми Тхьэр фӀыуэ яхущытщи. 36Фи Адэ лъапӀэм гущӀэгъу зэриӀэм хуэдэу, фэри гущӀэгъу зивгъыӀэ.
Хьэкум зыми тевмыщӀыхь
(Маттэ 7:1-5)
37– Хьэкум#6:37 хьэкум – «суд». зыми тевмыщӀыхьи, Тхьэми хьэкум фэ къыфтрищӀыхьынукъым. Зыри фымыгъэкъуанши, Тхьэми фигъэкъуэншэнукъым. ЦӀыхухэм яхуэвгъэгъу, Тхьэм фэри къыфхуигъэгъунущ. 38ЦӀыхухэм фетэмэ, Тхьэри фэ къывэтэнущ. Фи пщалъэр зэщыхъу хъуауэ, иубауэ, изу, щхьэӀум къыщхьэпрылъэлъу, Тхьэм къыфхуищӀэжынщ; фэ зэрыфпщ пщалъэм хуэдэ дыдэкӀэ Тхьэм фэ къыфхуипщыжынущи.
39Хьисэ псалъэжь гуэр яжриӀащ итӀанэ:
– Зы нэфым адрей нэфыр ишэн лъэкӀыну? Мащэм ихуэнукъэ тӀури? 40ЕджакӀуэр езыгъаджэм нэхърэ нэхъ инкъым, ауэ псори зригъэщӀа нэужь, езыгъаджэм хуэдэ мэхъу хэти.
41– Уи нэм щӀэлъ бжэгъум гу лъумытэу, уи къуэшым#6:41 уи къуэш – зы дин итхэр зэкъуэш мэхъу. и нэм щӀэлъ пхъэласкӀэр щӀэплъагъур сыт? 42Уи нэм щӀэлъ бжэгъур умылъагъуу, уи къуэшым дауэ жепӀэфрэ, «Си къуэш, уи нэм щӀэлъ пхъэласкӀэр къыщӀэзгъэх?» жыпӀэу. Уэ, бзитӀщхьитӀ, уи нэм щӀэлъ бжэгъур къыщӀэхыж япэщӀыкӀэ, уи къуэшым и нэм щӀэлъ пхъэласкӀэр къызэрыщӀэпхынур ӀупщӀ хъунщ итӀанэ.
Жыгыр зыхуэдэр къыпыкӀэмкӀэ пщӀэнущ
(Маттэ 7:17-20; 12:34б-35)
43– ЖыгыфӀым Ӏей къыпыкӀэркъым, жыг Ӏейми фӀы къыпыкӀэркъым. 44Дэтхэнэ жыгри зыхуэдэр къыпыкӀэмкӀэ къэпщӀэнущ. Пыжьей жыгым ахъуо, кхъуэбанэми жызум къыпачыркъым. 45ЦӀыхуфӀым игу илъ фӀыгъуэм фӀыгъуэр къыдокӀуэ, цӀыху бзаджэми игу илъ бзаджагъэм бзаджагъэр къыдокӀуэ; жьэм къыжьэдэкӀыр гум илъырщи.
УхуакӀуэ губзыгъэмрэ ухуакӀуэ акъылыншэмрэ
(Маттэ 7:24-27)
46– «Зиусхьэн! Зиусхьэн!» жыфӀэурэ, сыт къыщӀызжефӀэр, сэ жысӀэр щывмыгъэзащӀэкӀэ? 47Си деж къакӀуэу, си псалъэхэр зэхихыу ахэр зыгъэзащӀэ дэтхэнэри зыхуэдэр нывжесӀэнщ. 48Ар зыхуэдэр щӀыр куууэ къэзытӀу, унэ лъабжьэр мывэ быдэм тезыщӀыхьа ухуакӀуэрщ. Псышхуэр къыщиум, толъкъунхэр а унэм жьэхэуащ, ауэ а унэр быдэу ящӀати, ягъэхъеин ялъэкӀакъым. 49Си псалъэхэр зэхихыу ахэр зымыгъэзащӀэр зыхуэдэр зи унэр, лъабжьэ быдэ имыӀэу, щӀы щхьэфэм тезыщӀыхьарщ. Толъкъунхэр къызэрыжьэхэуэу а унэр къызэтещэхащ. Къызэтещахэри, къиуэжащ а унэр.

Currently Selected:

Лука 6: KbdNTGP2017

Highlight

Share

Copy

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in