Ар зэрысхуэмыфащэм щхьэкӀэ, уи деж си щхьэкӀэ сынэкӀуэнуи сытегушхуакъым. Ауэ зы псалъэ закъуэ жыӀэ, унафэ щӀыи, си унэӀутыр хъужынщ. Сэри цӀыху гуэрым и унафэм сыщӀэтщ, си унафэми зауэлӀхэр щӀэтщ. Зыгуэрым «КӀуэ» жесӀэмэ, кӀуэнущ. Адрейм «КъакӀуэ» жесӀэмэ, къэкӀуэнущ. «Мыр щӀэ» жесӀэмэ, си унэӀутми ищӀэнущ.
Ар щызэхихым, а лӀыр игъэщӀэгъуащ Хьисэ икӀи и ужь ит цӀыху гупышхуэм захуригъэзэкӀри яжриӀащ:
– Сэ нывжызоӀэ, мыпхуэдэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ цӀыху гуэри Израил къэралым изгъуэтакъым.