1
Лука 8:15
ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр
НэгъуэщӀ цӀыху гупыр щӀыгулъ фӀыцӀэм хэлъэлъа жылэм хуэдэщ. Ахэрщ фӀыгъуэрэ щыпкъагъэрэ зи гум илъу, Тхьэм и псалъэхэр зэхэзыхыу зыубыдыр. Теубыдэныгъэ яӀэщ икӀи фӀыгъуэ къапокӀ абыхэм. Ар жиӀа нэужь, макъышхуэкӀэ щӀигъужащ Хьисэ: – ИридэӀуэну тхьэкӀумэ зиӀэр иредаӀуэ.
Compare
Explore Лука 8:15
2
Лука 8:14
НэгъуэщӀ цӀыху гупыр банэхэм яхэлъэлъа жылэм хуэдэщ. Ахэрщ Тхьэм и псалъэхэр зэхэзыххэр, ауэ мы дунейм щызекӀуэ гугъуехьхэмкӀи, беягъэмкӀи, гъащӀэм и тхъэгъуэхэмкӀи хуэм-хуэмурэ зрагъэтхьэлэ. Абыхэми фӀыгъуэ къапыкӀыркъым.
Explore Лука 8:14
3
Лука 8:13
Адрей цӀыху гупыр мывалъэм хэлъэлъа жылэм хуэдэщ. Ахэрщ Тхьэм и псалъэхэр зэрызэхахыу а псалъэхэр щыгуфӀыкӀыурэ зыщтэр, ауэ абыхэм лъабжьэ яӀэкъым. ФӀэщхъуныгъэм и гъуэгу куэдрэ теткъым. Я фӀэщхъуныгъэм и щыпкъагъэр гъэунэхуа щыхъукӀэ, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгу токӀыж.
Explore Лука 8:13
4
Лука 8:25
Абыхэм яжриӀащ итӀанэ: – Фи фӀэщхъуныгъэр дэнэ щыӀэ? – Хэт мыр? Жьыми псыми унафэ яхуещӀри, егъэдаӀуэ, – шынэрэ ягъэщӀагъуэу зэупщӀэжащ ахэр.
Explore Лука 8:25
5
Лука 8:12
ЦӀыхухэм ящыщ зы гупыр гъуэгум телъэлъа жылэм хуэдэщ. Ахэрщ Тхьэм и псалъэхэр зэхэзыххэр, ауэ шейтӀаныр къакӀуэм, абыхэм фӀэщхъуныгъэ яримыгъэгъуэтурэ, а псалъэхэр я гум ирехыж, Тхьэм ахэр къримыгъэлын щхьэкӀэ.
Explore Лука 8:12
6
Лука 8:17
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ къыщӀэмыщыну гъэпщкӀуауэ зыри щыӀэкъым, цӀыхухэм къамыщӀэну икӀи нахуэ мыхъужыну щӀэхъумауэ зыри щыӀэкъым.
Explore Лука 8:17
7
Лука 8:47-48
ЦӀыхубзыр зибзыщӀыну Ӏэмал зэримыӀэжыр къыщыгурыӀуэм, кӀэзызу къыӀухьэщ, Хьисэ и лъабжьэм зыщӀидзэри, къыщӀеӀусари асыхьэтым зэрыхъужари цӀыху псоми я пащхьэм щыжиӀащ. – Сипхъу, уэ уи фӀэщхъуныгъэм уигъэхъужащ. Гъуэгу махуэ. Уигу ирезагъэ.
Explore Лука 8:47-48
8
Лука 8:24
Апхуэдэу щыхъум, ахэр Хьисэ къыбгъэдыхьэщ, къагъэушри, жаӀащ: – Гъуазэ, гъуазэ, докӀуэд. Хьисэ къызэфӀэувэщ, борэнышхуэми толъкъунхэми егийри, зэтригъэувыӀащ, щыми хъужащ.
Explore Лука 8:24
Home
Bible
Plans
Videos