Лука 8
8
8-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Хьисэ и гъуса цӀыхубзхэр
1Абы и ужькӀэ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм#8:1 Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр – еплъ Маттэ 3:2. теухуа хъыбарыфӀыр цӀыхухэм яхуиӀуатэурэ, Хьисэ къалэхэри жылэхэри къызэхикӀухьащ, и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀыр и гъусэу. 2Жин бзаджэхэр яхихужауэ икӀи я узыр ящхьэщихауэ цӀыхубз гуэрхэри и гъусэт: Магдалэ жылэм щыщ Мэриему Хьисэ жин бзаджибл зыхихужыгъар, 3пщы Ирод#8:3 пщы Ирод – еплъ 3:1. и унэзехьэу Хузэ зи цӀэм и фыз Иуаннэ, Сусаннэ, нэгъуэщӀ куэди. А цӀыхубзхэр я мылъкумкӀэ Хьисэрэ абы и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ дэӀэпыкъуэгъу яхуэхъурт.
Жылэ зысэм теухуа ущие хъыбарыр
(Маттэ 13:1-9; Марк 4:1-9)
4Дэтхэнэ жылэми къикӀыурэ цӀыху гупышхуэ къызэхуэсауэ, цӀыхухэр Хьисэ деж къыщекӀуалӀэм, мы ущие хъыбарыр абыхэм яхуиӀуэтащ:
5– Жылэ исэну лӀы гуэр дэкӀащ. Здисэм, жылэм щыщ гъуэгум телъэлъащ. ЦӀыхухэм ар лъэгукӀэ хаутэри, къуалэбзухэм ящыпащ. 6ЩӀы мывалъэми хэлъэлъащ жылэм щыщ. Ахэр къыщыхэкӀри, псы зэрамыгъуэтым щхьэкӀэ, гъужащ. 7А жылэ дыдэм щыщ банэхэм хэлъэлъащ. Банэхэм абыхэм щӀыгъуу зыкъаужьри, жылэм къикӀыкӀар банэхэм ятхьэлащ. 8А жылэм щыщ щӀыгулъ фӀыцӀэми хэлъэлъащ. Ахэр къэкӀри, щхьэмыжхэр къапыкӀащ, зы гуэдз хьэдзэр гуэдз хьэдзищэ хъуащ.
Ар жиӀа нэужь, макъышхуэкӀэ щӀигъужащ Хьисэ:
– ИридэӀуэну тхьэкӀумэ зиӀэр иредаӀуэ.
Ущие хъыбархэр Хьисэ цӀыхухэм щӀахуиӀуэтар
(Маттэ 13:10-17; Марк 4:10-12)
9И гъуэгу ирикӀуэхэр къеупщӀащ Хьисэ:
– Мы ущие хъыбарым сыт къикӀыр?
10– Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм и щэхухэр фщӀэну абы хуитыныгъэ къывитащ фэ, – жиӀащ Хьисэ, – ауэ нэгъуэщӀ цӀыхухэм ущие хъыбархэмкӀэ сопсалъэ. Аращи,#8:10 Аращи – еплъ Ешайа бегъымбарым и тхылъым 6:9-10.
«еплъ пэтми, абыхэм ялъагъунукъым,
даӀуэ пэтми, къагурыӀуэнукъым».
Жылэр зысэм теухуа ущие хъыбарым къикӀыр
(Маттэ 13:18-23; Марк 4:13-20)
11– Ущие хъыбарым къикӀыр мыращ: Жылэр Тхьэм и псалъэрщ. 12ЦӀыхухэм ящыщ зы гупыр гъуэгум телъэлъа жылэм хуэдэщ. Ахэрщ Тхьэм и псалъэхэр зэхэзыххэр, ауэ шейтӀаныр къакӀуэм, абыхэм фӀэщхъуныгъэ яримыгъэгъуэтурэ, а псалъэхэр я гум ирехыж, Тхьэм ахэр къримыгъэлын щхьэкӀэ. 13Адрей цӀыху гупыр мывалъэм хэлъэлъа жылэм хуэдэщ. Ахэрщ Тхьэм и псалъэхэр зэрызэхахыу а псалъэхэр щыгуфӀыкӀыурэ зыщтэр, ауэ абыхэм лъабжьэ яӀэкъым. ФӀэщхъуныгъэм и гъуэгу куэдрэ теткъым. Я фӀэщхъуныгъэм и щыпкъагъэр гъэунэхуа щыхъукӀэ, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгу токӀыж. 14НэгъуэщӀ цӀыху гупыр банэхэм яхэлъэлъа жылэм хуэдэщ. Ахэрщ Тхьэм и псалъэхэр зэхэзыххэр, ауэ мы дунейм щызекӀуэ гугъуехьхэмкӀи, беягъэмкӀи, гъащӀэм и тхъэгъуэхэмкӀи хуэм-хуэмурэ зрагъэтхьэлэ. Абыхэми фӀыгъуэ къапыкӀыркъым. 15НэгъуэщӀ цӀыху гупыр щӀыгулъ фӀыцӀэм хэлъэлъа жылэм хуэдэщ. Ахэрщ фӀыгъуэрэ щыпкъагъэрэ зи гум илъу, Тхьэм и псалъэхэр зэхэзыхыу зыубыдыр. Теубыдэныгъэ яӀэщ икӀи фӀыгъуэ къапокӀ абыхэм.
Ар жиӀа нэужь, макъышхуэкӀэ щӀигъужащ Хьисэ:
– ИридэӀуэну тхьэкӀумэ зиӀэр иредаӀуэ.
Пэгун щӀагъым щӀэт уэздыгъэр
(Марк 4:21-25)
16– Уэздыгъэ пигъанэу, пэгун щӀагъым е гъуэлъыпӀэ щӀагъым щӀигъэувэркъым зыми, атӀэ унэм къыщӀыхьэхэм уэздыгъэ нэхур ялъагъун щхьэкӀэ, ар тегъэувапӀэ лъагэм трегъэувэ. 17Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ къыщӀэмыщыну гъэпщкӀуауэ зыри щыӀэкъым, цӀыхухэм къамыщӀэну икӀи нахуэ мыхъужыну щӀэхъумауэ зыри щыӀэкъым. 18Аращи, фызэрыдаӀуэ щӀыкӀэм фыкӀэлъыплъыж. Ар хэти ирехъу, зиӀэм нэхъыбэ къритынущ Тхьэм, ауэ зыри зимыӀэм иӀэу и гугъэри Ӏихыжынущ абы.
Хьисэ и анэмрэ и къуэшхэмрэ
(Маттэ 12:46-50; Марк 3:31-35)
19Хьисэ и анэмрэ и къуэшхэмрэ езым деж къэкӀуащ, ауэ цӀыхур Ӏувти, къыбгъэдыхьэфакъым. 20Апхуэдэу щыхъум, Хьисэ хъыбар кърагъэщӀащ:
– Уи анэмрэ уи къуэшхэмрэ укъалъагъуну хуейуэ пщӀантӀэм дэтщ, – жаӀэри.
21– Тхьэм и псалъэхэр зэхэзыхыу зыгъэзащӀэхэращ сэ си анэри си къуэшхэри, – яжриӀащ Хьисэ.
Хьисэ борэнышхуэр зэригъэувыӀар
(Маттэ 8:23-27; Марк 4:35-41)
22Махуэ гуэрым, и гъуэгу ирикӀуэхэр и гъусэу, Хьисэ кхъуафэжьейм итӀысхьэри, яжриӀащ:
– ФынакӀуэ, гуэлым дызэпрывгъэкӀ.
Арати, ежьащ. 23Кхъуафэжьейм ису здэкӀуэм, Хьисэ Ӏурихащ. Гуэлым борэнышхуэ къыщыхъейщ, кхъуафэжьейм псы из хъууэ хуежьэри, шынагъуэшхуэм хэхуащ.
24Апхуэдэу щыхъум, ахэр Хьисэ къыбгъэдыхьэщ, къагъэушри, жаӀащ:
– Гъуазэ, гъуазэ, докӀуэд.
Хьисэ къызэфӀэувэщ, борэнышхуэми толъкъунхэми егийри, зэтригъэувыӀащ, щыми хъужащ. 25Абыхэм яжриӀащ итӀанэ:
– Фи фӀэщхъуныгъэр дэнэ щыӀэ?
– Хэт мыр? Жьыми псыми унафэ яхуещӀри, егъэдаӀуэ, – шынэрэ ягъэщӀагъуэу зэупщӀэжащ ахэр.
Жин бзаджэ куэдым яӀыгъ лӀы гуэр Хьисэ зэригъэхъужар
(Маттэ 8:28-34; Марк 5:1-20)
26Галилей хэкум къыпэщылъ хэкуу Гадарэ зи цӀэ къалэр зэрытым кхъуафэжьеймкӀэ нэсащ ахэр. 27Кхъуафэжьейм къикӀыу, Хьисэ псы Ӏуфэм щытехьэм, къалэм щыщу, жин бзаджэхэм яӀыгъ лӀы гуэр къыпежьащ. А лӀым куэд щӀауэ щыгъын щыгъыжтэкъым, унэм щыпсэужтэкъым, атӀэ кхъэлэгъунэхэм хэст. 28Хьисэ щилъагъум, и лъабжьэм зыщӀидзэри, макъышхуэкӀэ къэгуоурэ жиӀащ абы:
– Хьисэ, Тхьэуэ Лъагэм и Къуэ, уи Ӏуэхуу сыт къысхэлъыр? СынолъэӀу, гугъу сумыгъэхь!
29Ар щӀыжиӀар а лӀыр зыӀыгъ жин бзаджэр хэкӀыжыну Хьисэ унафэ хуищӀати, аращ. Жин бзаджэхэм куэдрэ гугъу ирагъэхьат ар. ЦӀыхухэм а лӀым гъущӀ Ӏэхъулъэхъу иралъхьэри, яхъумэу яӀыгъат. АрщхьэкӀэ абы Ӏэхъулъэхъур зэпиудри, а лӀыр губгъуэ нэщӀым ирихуат жин бзаджэм.
30– Уи цӀэр сыт? – еупщӀащ а лӀым Хьисэ.
– Си цӀэр дзэщ, – жиӀащ абы. Ар щӀыжиӀар жин бзаджэ куэд хыхьауэ хэсти, аращ. 31Жин бзаджэхэр Хьисэ къелъэӀуащ щӀым и кууупӀэу щӀэ зимыӀэм кӀуэну унафэ яхуимыщӀыну.
32А щӀыпӀэ дыдэм кхъуэ хъушэшхуэ Ӏуащхьэ джабэм щыхъуакӀуэрт. Жин бзаджэхэр Хьисэ къелъэӀуащ а кхъуэхэм я пкъхэм хыхьэну хуит ищӀыну. Хьисэ ахэр хуит ищӀащ. 33Асыхьэтым жин бзаджэхэр лӀым хэкӀыжри, кхъуэхэм я пкъхэм хыхьащ. Кхъуэ хъушэшхуэр Ӏуащхьэ джабэм къежэхщ, гуэлым хэлъадэри, псым псори итхьэлащ.
34Кхъуахъуэхэр щӀэпхъуэжри, къэхъуар къалэми жылэхэми щаӀуэтэжащ. 35Къэхъуар зрагъэлъагъуну, цӀыхухэр дэкӀащ. Ахэр Хьисэ деж къыщыкӀуэм, жин бзаджэхэр зыхэкӀыжа лӀыр хуэпауэ, и акъыл къихьэжауэ, Хьисэ и лъапэм деж щысу ирихьэлӀащ. Ар щалъагъум, хуабжьу къэшынащ. 36Къэхъуар зылъэгъуа цӀыхухэм жин бзаджэхэр зыхэса лӀыр Хьисэ зэригъэхъужар яӀуэтэжащ. 37Абдеж Гадарэ щыщ цӀыху псори Хьисэ къелъэӀуащ я хэкур ибгынэну, шынагъуэшхуэм зэщӀищтати. Арати, Хьисэ кхъуафэжьейм итӀысхьэжащ ежьэжыну.
38Хьисэ кхъуафэжьейм итӀысхьэжрэ пэт, жин бзаджэхэр къызыхэкӀыжа лӀыр къелъэӀуащ:
– Уи гъусэу сыздэшэ, – жиӀэри.
39– Уи унэм кӀуэжи, Тхьэм къыпхуищӀа фӀыгъуэшхуэр уи цӀыхухэм яжеӀэ, – жриӀащ Хьисэ а лӀым. ИтӀанэ иутӀыпщыжащ. ЛӀыр кӀуэжри, Хьисэ къыхуищӀа фӀыгъуэшхуэр къалэм щиӀуэтэжащ.
Иаир зи цӀэм ипхъу лӀар Хьисэ къызэригъэтэджыжар; и щыгъын кӀапэм къеӀуса цӀыхубзыр Хьисэ зэригъэхъужар
(Маттэ 9:18-26; Марк 5:21-43)
40Хьисэ къыщигъэзэжым, цӀыху гупышхуэ къыпежьащ, цӀыху псори абы пэплъэрти. 41Иаир зи цӀэ синэгуэгу пашэ гуэр къакӀуэщ, Хьисэ и лъабжьэм зыщӀидзэри къелъэӀуащ: «Си унэм накӀуэ», жиӀэри. 42Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ илъэс пщыкӀутӀ хуэдиз зи ныбжь ипхъу закъуэр, и псэ пыт къудейуэ, сымаджэу хэлът.
Арати, Хьисэ Иаир и унэм щыкӀуэм, цӀыху гупышхуэр къытезэрыгуащ. 43А цӀыхухэм цӀыхубз гуэр яхэтт. Илъэс пщыкӀутӀ хъуауэ, абы лъы щӀэкӀыурэ куэдрэ игъэгуӀэрт. Мылъкуу иӀа псори дохутырхэм ятригъэкӀуэдат, ауэ зыми игъэхъужын хузэфӀэкӀатэкъым. 44А цӀыхубзыр, Хьисэ и щӀыбагъымкӀэ къыщыбгъэдыхьэри, и щыгъын кӀапэм къеӀусащ. Абы зэреӀусэу, лъы щӀэкӀыныр увыӀащ.
45– Хэт къызэӀусар? – жиӀащ Хьисэ.
Зыми зыщамыумысым, Петр жиӀащ:
– Гъуазэ, цӀыхухэм укъаувыхьауэ къызэрыптезэрыгуэр плъагъуркъэ?
46– Сэ зыгуэр къызэӀусащ, – жиӀащ Хьисэ. – Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ къару зэрысхэкӀар зыхэсщӀащи.
47ЦӀыхубзыр зибзыщӀыну Ӏэмал зэримыӀэжыр къыщыгурыӀуэм, кӀэзызу къыӀухьэщ, Хьисэ и лъабжьэм зыщӀидзэри, къыщӀеӀусари асыхьэтым зэрыхъужари цӀыху псоми я пащхьэм щыжиӀащ.
48– Сипхъу, уэ уи фӀэщхъуныгъэм уигъэхъужащ. Гъуэгу махуэ. Уигу ирезагъэ.
49Хьисэ здэпсалъэм, синэгуэгу пашэм и унэм къыщӀэкӀа гуэр къыбгъэдыхьэри къыжриӀащ абы:
– Уи пхъур дунейм ехыжащ. Дин егъэджакӀуэр гугъу йомыгъэхь.
50Ар щызэхихым, Хьисэ Иаир жриӀащ:
– Умышынэ уэ. ФӀэщхъуныгъэ зигъыӀэ къудей. Уи пхъур къэхъужынущ.
51Иаир и унэм щынэсым, Петр, Иуан, Екъуб сымэрэ хъыджэбзым и адэ-анэмрэ фӀэкӀа Хьисэ унэм здыщӀишакъым. 52ЦӀыху псоми хьэдагъэ ящӀурэ, я бгъэгухэм еуэжырт. Хьисэ жиӀащ:
– Хьэдагъэ фымыщӀ. Ар лӀакъым, мэжей.
53Ауэ абыхэм ар зэрылӀар ящӀэрти, Хьисэ къыщыдыхьэшхащ. 54Хьисэ хъыджэбз цӀыкӀум и Ӏэр иубыдри, жиӀащ:
– КъызэфӀэувэ, си хъыджэбз.
55И псэр къыхыхьэжри, хъыджэбз цӀыкӀур асыхьэтым къызэфӀэуващ. Ар ягъэшхэну яжриӀащ Хьисэ. 56Хъыджэбзым и адэ-анэм хуабжьу ягъэщӀэгъуащ, ауэ Хьисэ унафэ яхуищӀащ къэхъуар зыми хуамыӀуэтэжыну.
Currently Selected:
Лука 8: KbdNTGP2017
Highlight
Share
Copy
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017