Сэфирэт и тхылъ 8

8
ЕЯНЭ ӀЫХЬЭ
Журтхэм захъумэжыну зэрыхуитымкӀэ пащтыхьым унафэ къызэрыдигъэкӀар
1А махуэ дыдэми пащтыхь Ахъийшурэщ журтхэм я бий фӀыцӀэ Аман и унэ-лъапсэр Сэфирэт-гуащэм иритащ#8:1 ЕпцӀыжакӀуэхэмрэ щӀэпхъаджащӀэхэмрэ я мылъкур хэгъэгу хъарзынэщым щыщ хъуныр Бабылей пащтыхьыгъуэм илъа хабзэхэм ящыщ зыт.. Мардэхей къызэрыгухьэ щӀыкӀэр Сэфирэт пащтыхьым щыжриӀэм, ар къриджащ. 2Аман къыӀрихыжа и мыхъур Ӏэлъыныр пащтыхьым зыӀэрихри Мардэхей иритащ. Сэфирэтми Аман къыщӀэныжа унэ-лъапсэм и тету Мардэхей игъэуващ.
3Зыхуигъэзащ аргуэру Сэфирэт пащтыхьым, и пащхьэ зыщридзыхри гъуэгыу елъэӀуащ. Аджадж лъэпкъым щыщ Аман журтхэм яхуищӀа мурад фӀыцӀэр къызэпиудыну елъэӀут ар абы. 4Пащтыхьми и дыщэ башыр Сэфирэт къыхуишийри, ар абы и пащхьэ къыщызэфӀэуващ.
5«Игъуэу къэплъытэрэ, – жиӀащ абы, – арэзы укъыстехъуэмэ, мы Ӏуэхури пфӀэзахуэрэ сэри суримыжагъуэмэ, пащтыхьыгъуэм и дэнэ щӀыналъи журту щыпсэум я лъапсэр ягъэгъущын хуейуэ иту аджадж лъэпкъым щыщ Хьэмэдэт и къуэ Аман яригъэтхыгъа тхылъхэм кърагъэгъэзэну унафэ щӀы. 6Армырмэ, сызыщыщ лъэпкъым и щхьэ кърикӀуэну тхьэмыщкӀагъэр сигу дауэ техуэн? Сеплъурэ си лъэпкъэгъухэр дауэрэ езгъэгъэкӀуэдын?»
7ЯжриӀащ итӀанэ пащтыхь Ахъийшурэщ Сэфирэт-гуащэмрэ журт Мардэхейрэ: «Журтхэм я ужьыр Аман екӀэ зэрызэрихуам пэзгъакӀуэу и уни, и лъапси Сэфирэт естащ, езыри щхьэпылъэ сщӀащ. 8Мыхъур Ӏэлъыныр тегъэуэжауэ пащтыхьым и цӀэкӀэ къыдэкӀа унафэр пкъутэж хъуркъым. Абы къыхэкӀыу, журтхэм теухуауэ фызыхуей унафэм хуэдэр вгъэхьэзыри, мыхъур Ӏэлъыныр тевгъэувэж».
9Ещанэ мазэм, Сиуан мазэм, и тӀощӀрэ ещанэ махуэм#8:9 Ди лъэхъэнэр къихьэным ипэ 474 гъ. и гъэмахуэпэ мазэм и 25-нэ махуэм., пащтыхь тхакӀуэхэр къызэхуашэсащ. Хьинд хэгъэгум щегъэжьауэ Куш нэсыхукӀэ дэлъ хэгъэгуищэрэ тӀощӀрэ блым журту, пщыуэ, хэгъэгу пашэу, лӀакъуэлӀэшу исым яхуэгъэзауэ Мардэхей унафэ къыдигъэкӀащ. А унафэри щӀыналъэ къэс тхыбзэу илъымрэ лъэпкъыу исым я бзэкӀэ, абы журтхэм я тхыбзэри бзэри хэтыжу, ятхащ. 10Пащтыхь Ахъийшурэщ и цӀэкӀэ Мардэхей ар яригъэтхщ, тхыгъэм мыхъур Ӏэлъыныр тригъэуэжри, пащтыхьым къыхуагъэхъуа шы лъэпкъыгъуэхэм къыхашу шы жэр нэхъыфӀ дыдэхэм ягъэшэса шу лӀыкӀуэхэм ӀэщӀалъхьэри, зэбгрырагъэхащ.
11Пащтыхь унафэм дэнэ къали щыпсэу журтхэр зэхуэсу захъумэжыну хуит ищӀащ. Къатеуэр сыт хуэдэ лъэпкъ щымыщми, дэнэ щӀыпӀэ къимыкӀами, абы я цӀыхубзхэмрэ сабийхэмрэ зэрахэту, япэщӀэувэжу яукӀыну, ягъэкӀуэдыну, я лъапсэр ягъэгъущу мылъкуу яӀэр зэрапхъуэну журтхэр хуит ящӀат. 12Абы щхьэкӀэ пащтыхь Ахъийшурэщ и пащтыхьыгъуэм журту исым пӀалъэу хухахар епщыкӀутӀанэ мазэм, Адар мазэм, и епщыкӀущанэ махуэрт#8:12 Ди лъэхъэнэр къихьэным ипэ 473 гъ. и гъатхэпэ мазэм и 7-нэ махуэм.. 13А махуэм ялъ зэращӀэжынум журтхэри хуэхьэзыру ирихьэлӀэн щхьэкӀэ, пащтыхь унафэм хабзэ къару зэриӀэр щӀыналъэхэм щыгъэӀун икӀи ар лъэпкъыу хъуам ялъэгъэӀэсын хуейт.
14Пащтыхьым иш жэрхэм ягъэшэса шу лӀыкӀуэхэр, унафэм хуэжыӀэщӀэу, епӀэщӀэкӀыу гъуэгу техьащ. Унафэр Шушан быдапӀэм дэсхэми зэлъащӀысащ.
15Пащтыхь щыгъын хужь-плъыжьыфэкӀэ зэщыхуэпыкӀауэ, дыщэ пыӀэр щхьэрыгъыу, чэтэн плъыжь-фӀыцӀафэ пӀащӀэм къыхэщӀыкӀа абэр тепхъуауэ Мардэхей Ахъийшурэщ и деж къыщӀэкӀыжащ. Шушан къалэри нэщхъыфӀэ къэхъужри гуфӀэгъуэшхуэм зэщӀищтащ. 16А зэманым дунейр нэхугъэрэ гуфӀэгъуэкӀэ журтхэм къахуэупсам хуэдэт, лъытэныгъэшхуи цӀыхум къыхуащӀат. 17Журтхэр щыпсэууэ пащтыхь унафэр зылъэӀэса дэнэ щӀыналъи, дэнэ къали гуфӀэгъуэмрэ нэщхъыфӀагъэмрэ зыщиӀэтащ, дэни щыплъагъур ефэ-ешхэрэ джэгурэт. Абы щыгъуэщ журтхэм я шынагъэ зыхэзыщӀа куэдым журт диныр къыщащтари.

Поточний вибір:

Сэфирэт и тхылъ 8: АдгФЛ

Позначайте

Поділитись

Копіювати

None

Хочете, щоб ваші позначення зберігалися на всіх ваших пристроях? Зареєструйтеся або увійдіть