Сэфирэт и тхылъ 7

7
ЕБЛАНЭ ӀЫХЬЭ
Аман и щхьэ кърикӀуар
1Пащтыхьыр, Аман и гъусэу, Сэфирэт-гуащэ деж ефэ-ешхэм кӀуащ. 2Япэ махуэми хуэдэу, санэ ефэу здэщысым, пащтыхьыр аргуэру щӀэупщӀащ: «Сытыт узыхуейр, Сэфирэт-гуащэ? ЖыпӀэркъэ, къохъулӀэнущ ар уэ! Сыт хуэдэ лъэӀу къысхуиӀэр? ЖыпӀауэ пхуэзмыщӀэн мы дунейм теткъым».
3«Суримыжагъуэмэ, – жиӀащ Сэфирэт-гуащэр къэпсалъэри, – игъуэу къэплъытэмэ, сызыхуейр зыщ – си гъащӀэр сӀыумых. СыкъызыхэкӀа лъэпкъми гущӀэгъу къыхуэщӀ – аращ сызыщӀэлъэӀур. 4Дащащ дэ – сэри, си лъэпкъри. ДаукӀыу, дагъэкӀуэду, ди лъапсэр ягъэгъущыну аращ. ПщылӀыпӀэ драшэну дащауэ щытатэмэ, зыри жысӀэнтэкъым, узгъэгумэщӀынтэкъым абы щхьэкӀэ#7:4 узгъэгумэщӀынтэкъым абы щхьэкӀэ – Пасэрей журтыбзэкӀэ тха Ӏэрытхым къыщыкӀуэ псалъэхэм къарыкӀыр гурыӀуэгъуэ дыдэкъым, зэрызэдзэкӀами къигъэлъагъуэр иӀэнкӀэ хъуну мыхьэнэхэм языхэзырщ.».
5«Хэт ар? Мышынэу ар зигу къэкӀар дэнэ щыӀэ?» – еупщӀащ къызэщӀэнауэ Ахъийшурэщ Сэфирэт-гуащэм.
6«Жагъуэгъури бийри мис мы бзаджащӀэ Аманщ», – жиӀащ Сэфирэт. Абдежщ пащтыхьымрэ гуащэмрэ я шынагъэр Аман щызыхищӀар.
7Пащтыхьыр губжьауэ къыщылъэтщ, фадэ Ӏэнэр къигъанэщ аби, сэрейм дэт жыг хадэм хыхьащ. И псэм тегужьеикӀа Аман, пащтыхьым мураду къыхуищӀар зыхуэдэр къыщыгурыӀуэм, ажалым къыӀэщӀихынкӀэ Сэфирэт елъэӀуу зыкъринащ.
8Сэрейм дэт жыг хадэм къикӀыжу ефэ-ешхэу зыщӀэса унэм къыщигъэзэжым, Сэфирэт-гуащэр зытелъ тахътэбаным Аман зызэрытридзар пащтыхьым къилъэгъуащ. «Мыр дауэ? Сэр щхьэкӀи къимыгъанэу си пащхьэ гуащэр щыхигъэзыхьыну ара?» – жиӀэри Ахъийшурэщ къыхэгуоукӀащ.
Ар жиӀэн иухатэкъым Аман щапхъуэтам#7:8 Журт. «Аман и нэгур [тепхъуэкӀэ] щӀауфащ». Пасэрей журтыбзэкӀэ тха Ӏэрытхым къыщыкӀуэ псалъэхэм къарыкӀыр гурыӀуэгъуэ дыдэу щыткъым, ауэ, зэрыхуэбгъэфэщэнкӀэ, Аман кӀэ зэрыратар къигъэлъагъуэу аращ.. 9Абдежщ Хъэрбон, пащтыхьым и ӀуэхутхьэбзащӀэхэм ящыщ зым, щыжиӀар: «Ажалым укъезыгъэлыгъауэ щыта Мардэхей щыфӀилъэну ӀэфракӀэ щэныкъуэ зи лъагагъ щхьэпылъапӀэр Аман и унэ гупэм щыгъэувагъэххи...».
«Мис абдеж щыпыфлъэж-тӀэ!» – ищӀащ унафэ пащтыхьым. 10Арати, Мардэхей хуигъэхьэзыра щхьэпылъапӀэм езы Аман щыфӀалъэжащ. Абы иужь пащтыхьым и губжьри ужьыхыжащ.

Поточний вибір:

Сэфирэт и тхылъ 7: АдгФЛ

Позначайте

Поділитись

Копіювати

None

Хочете, щоб ваші позначення зберігалися на всіх ваших пристроях? Зареєструйтеся або увійдіть