Сэфирэт и тхылъ 6
6
ЕХАНЭ ӀЫХЬЭ
Пащтыхьым Мардэхей зэригъэлъэпӀар
1А жэщым пащтыхьым и нэбдзыпэ зи хузэтелъхьэртэкъым. Арати унафэ ищӀащ пащтыхьыгъуэм щыхъуа къэхъукъащӀэхэр зратхэ тхылъыр къыхуахьу къыхуеджэну. 2Абы къраджыкӀащ сэрейм и бжэӀупэхъумэхэу Беджытэнрэ Тэрэшрэ пащтыхь Ахъийшурэщ яукӀыну мурад ящӀауэ зэрыщытар Мардэхей къызэрыщӀигъэщыгъар.
3«Сыт хуэдэ пщӀэрэ щхьэлъапӀэныгъэрэ игъуэтыжа абы щхьэкӀэ Мардэхей?» – щӀэупщӀащ пащтыхьыр.
«ХуащӀа щыӀэкъым», – къратыжащ абы жэуап и ӀуэхутхьэбзащӀэхэм.
4«Хэт Ӏуэхузехьэхэм ящыщу пщӀантӀэм дэтыр?» – щӀэупщӀащ пащтыхьыр.
Аман сэрей щӀыб пщӀантӀэм дэтт. ЩхьэпылъапӀэ игъэувам Мардэхей зэрыщыпилъэнум и ӀуэхукӀэ пащтыхьым епсэлъэну къэкӀуауэ арат ар.
5«Аманщ иджыпсту пщӀантӀэм дэтыр», – жаӀащ ӀуэхутхьэбзащӀэхэм.
«КъыщӀрехьэт си деж», – ищӀащ пащтыхьым унафэ.
6Аман къыщыщӀыхьэм, пащтыхьыр абы еупщӀащ: «ЗгъэлъэпӀэну сызыхуей цӀыхум сыт хуэсщӀэмэ нэхъыфӀ?»
«Сэр нэмыщӀ пащтыхьым игъэлъэпӀэнур хэт?» – жиӀэри егупсысащ ар игукӀэ. 7«БгъэлъэпӀэну цӀыхум, – иритащ абы жэуап Ахъийшурэщ, – 8пщыгъа фащэр къыхуегъэхь, узытеса шыми уи дамыгъэхэр зытет бэракъыр теубгъуауэ#6:8 Пасэрей журтыбзэкӀэ тха текстым къызэрыхэщымкӀэ, пащтыхь дамыгъэхэмкӀэ гъэщӀэрэщӀар шыщхьэрат. къыхуегъашэ. 9ИтӀанэ фащэмрэ шымрэ уи зы лӀакъуэлӀэш пажэм ет. Ирехуапэ абы а щыгъынхэмкӀэ згъэлъэпӀарэт жыхуэпӀэ цӀыхури, ирегъэшэс шым, „Мыращ пащтыхьым игъэлъэпӀа цӀыхум хуащӀэр!“ жиӀэурэ цӀыхуцӀэ зиӀэм зэхахыуи шы ӀумпӀэр иӀыгъыу къалэ утми къыщрырешэкӀ».
10«ЗанщӀэу кӀуэи, – жиӀащ пащтыхьым Аман унафэ хуищӀурэ, – фащэри къащтэ, шыри Ӏэдэж щӀыи, сэрей куэбжэпэм деж зи Ӏуэху Ӏыхьэр щезыхьэкӀ журт Мардэхей къызэрызжепӀам хуэдэ дыдэу дызекӀуэ. ЖыпӀам щыщуи бгъэзэщӀэну зыри зыщумыгъэгъупщэ».
11Аман щыгъынхэри ищтэщ, шыр Ӏэдэжу иришажьэри, Мардэхей ихуапэщ, игъэшэсщ, шы ӀумпӀэр иубыдыжри, цӀыхуцӀэ зиӀэм зэхахыу «Мыращ пащтыхьым игъэлъэпӀа цӀыхум хуащӀэр» жиӀэурэ къалэ утым къыщришэкӀащ.
12Абы иужь Мардэхей сэрей куэбжэпэм деж къигъэзэжащ. Аман укӀытарэ и щхьэр здихьынур имыщӀэу жэрыгъэкӀэ унэм къэкӀуэжри, 13къыщыщӀа щӀэщхъур и щхьэгъусэ Зэрэшрэ и ныбжьэгъухэмрэ яхуиӀуэтэжащ.
КъыжраӀащ абыхэм#6:13 Журт. «и упщӀэжакӀуэхэмрэ и щхьэгъусэ Зэрэшрэ». Пасэрей журтыбзэкӀэ тха Ӏэрытххэр мыбдеж зэтемыхуэу къыщыхэкӀ щыӀэщ. Языныкъуэ тхыгъэжьхэм «упщӀэжакӀуэу» ущрохьэлӀэ, нэгъуэщӀ Ӏэрытххэми «ныбжьэгъуу» къыщыгъэлъэгъуащ. итӀанэ Аман: «Мардэхей и лъэпкъкӀэ журтщ, апхуэдэу узыгъэикӀам упэлъэщынукъым, шэч хэлъкъым узэрыӀэщӀэкӀуэдэнуми».
14Ар жраӀэн яухатэкъым пащтыхь ӀуэхутхьэбзащӀэхэр къэсу Сэфирэт игъэхьэзыра ефэ-ешхэм епӀэщӀэкӀыу Аман щашам.
Поточний вибір:
Сэфирэт и тхылъ 6: АдгФЛ
Позначайте
Поділитись
Копіювати
Хочете, щоб ваші позначення зберігалися на всіх ваших пристроях? Зареєструйтеся або увійдіть
© Институт перевода Библии, 2009, 2018, 2021