Маттэ 17

17
17-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Хьисэ и теплъэм зэрызихъуэжар
(Марк 9:2-13; Лука 9:28-36)
1Махуих дэкӀа нэужь, Хьисэ Петри, Екъуби, абы и къуэш Иуани зыщӀигъури, абыхэм я закъуэ бгы лъагэ дишащ. 2Абдежым Хьисэ и теплъэм зыщихъуэжащ абыхэм я пащхьэм. И напэр дыгъэм хуэдэу зэщӀэлыдащ, и щыгъынхэри уэсым хуэдэу хужьыбзэ хъуащ. 3Плъэмэ, бегъымбархэу Мусэрэ Илясрэ Хьисэ къепсалъэу къахуэлъэгъуащ абы и гъуэгу ирикӀуэ цӀыхуищым.
4– Зиусхьэн, мыбдежым дызэрыщыӀэр фӀыщ, – къыжриӀащ Петр Хьисэ. – Уэ ухуеймэ, мыбдежым шэтырищ щызгъэувынщ, зыр уэр щхьэкӀэ, зыр Мусэ щхьэкӀэ, ещанэр Иляс щхьэкӀэ.
5Петр здэпсалъэм, пшэ Ӏэрамэ нэху напӀэзыпӀэм абыхэм къащхьэщыхьащ. А пшэм макъ къыхэӀукӀащ:
– Мыращ сэ фӀыуэ слъагъу си Къуэ щӀасэу си гум ирихьыр.#17:5 Мыращ сэ фӀыуэ слъагъу си Къуэ щӀасэу си гум ирихьыр – еплъ 3:17. Абы жиӀэм федаӀуэ.
6Ар щызэхахым, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр хуабжьу къэшынэри, щӀым бгъэгукӀэ зытрадзащ. 7Хьисэ абыхэм къабгъэдыхьэри, ӀэпэкӀэ еӀусэурэ жиӀащ:
– Фыкъэтэдж, фымышынэ.
8Къыщыдэплъейм, Хьисэ фӀэкӀа зыри ялъагъужакъым.
9Бгым къыщехыжым, абыхэм унафэ яхуищӀащ Хьисэ:
– ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр#17:9 ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр – еплъ 8:20. лӀахэм къахэтэджыкӀыжыху, флъэгъуар зыми хуэвмыӀуэтэж.
10И гъуэгу ирикӀуэ цӀыхуищыр Хьисэ къеупщӀащ:
– НтӀэ, торэт егъэджакӀуэ пашэхэм «Иляс бегъымбарыр къэкӀуэн хуейщ япэщӀыкӀэ»#17:10 Иляс бегъымбарыр къэкӀуэн хуейщ япэщӀыкӀэ – еплъ 16:14. щӀыжаӀэр сыт?
11– Пэжщ, Иляс къакӀуэу Ӏуэху псори захуагъэм тету зэтригъэувэжын хуейщ, – яжриӀащ Хьисэ. 12– Ауэ сэ нывжызоӀэ, Иляс къэкӀуакӀэщ, ауэ ар къацӀыхужакъым, Ӏейуэ иращӀэну зыхуеяри иращӀащ. ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэми гугъуехь ирагъэшэчынущ абыхэм.
13Хьисэ жыхуиӀар умэхъакӀуэ Иуаныр зэрыарар Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм къагурыӀуащ абдежым.
Жин бзаджэм иӀыгъ щӀалэ гуэр Хьисэ зэригъэхъужар
(Марк 9:14-29; Лука 9:37-43а)
14Абы и ужькӀэ, Хьисэрэ и гъусищымрэ цӀыху гупышхуэм я деж къыщагъэзэжым, лӀы гуэр Хьисэ къыбгъэдыхьэщ, и пащхьэм лъэгуажьэмыщхьэу къитӀысхьэри, 15жиӀащ:
– Зи щӀыхь ин, си къуэм гущӀэгъу къыхуэщӀ. МазэщӀэр къыщыунэхукӀэ, хьэзабышхуэ телъщ абы. МафӀэми псыми куэд дыдэри хохуэ. 16Уэ уи гъуэгу ирикӀуэхэм къахуэсшат ар, арщхьэкӀэ ягъэхъужын яхузэфӀэкӀакъым.
17– Е-ей, фӀэщхъуныгъэ зимыӀэу къуаншагъэ зылэжь иджырей цӀыхухэ, – жиӀащ Хьисэ. – Сыт хуэдизрэ сыфхэтын хуей? Сыт хуэдизрэ фысшэчын хуей? Къысхуэфшэ а щӀалэр.
18Къыщыхуашэм, Хьисэ жин бзаджэм егийри, жиныр щӀалэм хэкӀыжащ. ЩӀалэри асыхьэтым хъужащ.
19Хьисэрэ и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ я закъуэу къыщынэм, ахэр Хьисэ къыбгъэдыхьэри къеупщӀащ итӀанэ:
– Жин бзаджэр хэтхун дэ щхьэ тхузэфӀэмыкӀарэ?
20– Фэ фи фӀэщхъуныгъэр мащӀэти, аращ, – яжриӀащ Хьисэ. – Пэжыр нывжызоӀэ, хъардэл#17:20 хъардэл – тарчица; андэгурэдэгу лӀэужыгъуэ. хьэдзэм хуэдиз фӀэкӀ мыхъу фӀэщхъуныгъэ фиӀэмэ, мы Ӏуащхьэм «ӀукӀи, модэ кӀуэ!» жефӀэмэ, ӀукӀынурэ кӀуэнущ. ФхузэфӀэмыкӀыну зы Ӏуэхуи щыӀэнукъым итӀанэ.
21– Апхуэдэ жин лӀэужьыгъуэр Тхьэм узэрелъэӀумрэ узэрынэщӀымрэ фӀэкӀа, нэгъуэщӀкӀэ цӀыхум хэпхуфынукъым, – щӀигъужащ Хьисэ.
ЗэраукӀынури лӀахэм къазэрыхэтэджыкӀыжынури Хьисэ етӀуанэу къызэрыжиӀар
(Марк 9:30-32; Лука 9:43-45)
22Хьисэрэ и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ Галилей хэкум щыщызэхуэ-сыжам щыгъуэ, Хьисэ абыхэм яжриӀащ:
– ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр цӀыхухэм яӀэщӀыхьэнурэ, 23абыхэм ар яукӀынущ, ауэ ар лӀахэм къахэтэджыкӀыжынущ ещанэ махуэм.
Хьисэ ар щажриӀэм, абыхэм зэхахар хуабжьу гущӀыхьэ ящыхъуащ.
Хьисэрэ Петррэ Тхьэм и унэшхуэм щхьэкӀэ хьэкътын ахъшэр зэратар
24Капернаум къалэм къыщыкӀуам щыгъуэ, Тхьэм и унэшхуэм щхьэкӀэ хьэкътын ахъшэу дидрахм зи цӀэр#17:24 ахъшэу дидрахм зи цӀэр – балигъ хъуа дэтхэнэ журтми илъэс къэс Тхьэм и унэшхуэм сэджыту иритын хуейт махуитӀым къриубыдэу къилэжьым хуэдиз ахъшэ. хэзыххэр Петр деж къакӀуэри, жаӀащ:
– Хьэкътын ахъшэу дидрахмыр фи дин егъэджакӀуэм Тхьэм и унэшхуэм щхьэкӀэ итрэ?
25– Ет, – жиӀащ Петр.
Петр унэм щыщӀыхьэм, езым жимыӀэӀа щӀыкӀэ, Хьисэ абы къеупщӀащ итӀанэ:
– Уэ дауэ уеплърэ, Симон? Дунейм тет пащтыхьхэм хьэпшыпхэм тралъхьэ хьэкъымрэ цӀыхухэм тралъхьэ хьэкъымрэ хэт къызыӀахыр? Езыхэм я къуэхэра, е нэгъуэщӀ цӀыхухэра?
26– НэгъуэщӀ цӀыхухэращ, – къритыжащ жэуап Петр.
– Аращи, я къуэхэм хьэкъ тралъхьэркъым, пэжкъэ? – жриӀащ Хьисэ абы. 27– Ауэ мы цӀыхухэм гукъанэ къытхуамыщӀын щхьэкӀэ, гуэлым кӀуэ, бдзэжьей къунтх хэдзи, япэ къэбубыд бдзэжьейр къапщтэрэ и жьэр зэтепхмэ, дыжьын ахъшэ къыжьэдэпхынущ. Ар къащти, хьэкътыну уэрэ сэрэ щхьэкӀэ абыхэм ет.

Поточний вибір:

Маттэ 17: KbdNTGP2017

Позначайте

Поділитись

Копіювати

None

Хочете, щоб ваші позначення зберігалися на всіх ваших пристроях? Зареєструйтеся або увійдіть