Маттэ 16
16
16-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэ гуэр уафэм къахуригъэхыну фарисейхэр Хьисэ зэрелъэӀуар
(Марк 8:11-13; Лука 11:29-32)
1Фарисейхэмрэ саддукейхэмрэ#16:1 Фарисейхэмрэ саддукейхэмрэ – еплъ 3:7. Хьисэ деж къакӀуэри, ягъэунэхун мурадкӀэ, нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэ гуэр уафэм къахуригъэхыну елъэӀуащ. 2Хьисэ абыхэм яжриӀащ:
– Пщыхьэщхьэм мыпхуэдэу жывоӀэ: «Уафэ нэзыр пшэплъщи, пщэдей уэфӀ хъунущ». 3Пщэдджыжьым мыпхуэдэу жывоӀэ: «Уафэм пшэр тезщ икӀи пшэплъщ. Нобэ уэлбанэ хъунущ». Уафэм и теплъэм къикӀыр къывгуроӀэ, ауэ мы зэманым и нэщэнэхэм къарыкӀыр къывгурыӀуэн флъэкӀыркъым. 4Иджырей цӀыху бзаджэу Тхьэр зымыщӀэхэр нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэ хуейщ, ауэ Инус бегъымбарым и нэщэнэм#16:4 Инус бегъымбарым и нэщэнэ – еплъ 12:39-40. фӀэкӀа Тхьэм абыхэм къаритынукъым.
Ар жиӀэщ, абыхэм яхэкӀри, Хьисэ ежьэжащ.
Фарисейхэмрэ саддукейхэмрэ я пщагъэр
(Марк 8:14-21)
5Гуэлым щызэпрыкӀыжым, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм щӀа-кхъуэ къыздащтэну ящыгъупщат. 6Хьисэ абыхэм яжриӀащ:
– Фысакъ! Фарисейхэмрэ саддукейхэмрэ я пщагъэм зыщыфхъумэ.
7– ЩӀакхъуэ диӀэкъыми, аращ абы апхуэдэу щӀыжиӀэр, – тепсэлъыхьырт и гъуэгу ирикӀуэхэр а Ӏуэхум.
8Абыхэм жаӀэм гу лъитати, Хьисэ жиӀащ:
– ФӀэщхъуныгъэ зи мащӀэхэ, щӀакхъуэ зэрывимыӀэм фыщӀытепсэлъыхьыр сыт? 9КъывгурымыӀуэу ара иджыри? ФщӀэжыркъэ, щӀакхъуитхур цӀыху минитхум щахузэгуэсщӀыкӀам, щӀакхъуэ бзыгъэхэр ярызу матэ дапщэ зэхуэфхьэсыжар? 10Хьэмэрэ щӀакхъуиблыр цӀыху миниплӀым щахузэгуэсщӀыкӀам, щӀакхъуэ бзыгъэхэр ярызу матэ дапщэ зэхуэфхьэсыжар? 11«Фарисейхэмрэ саддукейхэмрэ я пщагъэм зыщыфхъумэ», щыжысӀэм, щӀакхъуэракъым сэ жыхуэсӀар, ар щхьэ къывгурымыӀуэрэ?
12Хьисэ жыхуиӀар щӀакхъуэ пщагъэр артэкъым, атӀэ фарисейхэмрэ саддукейхэмрэ цӀыхухэм ирагъащӀэу щыта Ӏуэхурт. Абы зыщахъумэн зэрыхуейр Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм къагурыӀуащ абы щыгъуэ.
«Уэращ Мэссихьу Тхьэм и Къуэр», жиӀэу Петр Хьисэ зэрыжриӀар
(Марк 8:27-30; Лука 9:18-21)
13Кесарфилиппие къалэм#16:13 Кесарфилиппие къалэр – Галилей гуэлым километр 40-кӀэ пэжыжьэу ищхъэрэ лъэныкъуэмкӀэ щыӀащ. и Ӏэхэлъахэм щынэсым, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм еупщӀащ:
– Сэ, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр, цӀыхухэм сыхэту жаӀэрэ?
14– ЦӀыхухэр зыумэхъ у-Иуану жаӀэ языныкъуэхэм, – жаӀащ абыхэм. – У-Иляс бегъымбару#16:14 Иляс бегъымбарыр – абы щӀылъэм къигъэзэжыну, Мэссихь и гъуэгур хуигъэпсыну журтхэр пэплъэу щытт. Еплъ Малахие бегъымбарым и тхылъым 4:5-6. жаӀэ нэгъуэщӀхэми. У-Иеремие бегъымбару е бегъымбархэм уащыщ гуэру жызыӀи щыӀэщ.
15– АтӀэ фэ сэ сыхэту жыфӀэрэ? – еупщӀащ Хьисэ абыхэм.
16– Уэращ Мэссихьу#16:16 Мэссихь – еплъ 1:17. гъащӀэр къызыбгъэдэкӀ Тхьэм и Къуэр, – жиӀащ Симон Петр.
17– Гъуэгу махуэ утеуващ, уэ Инус и къуэ Симон, – жриӀащ Хьисэ абы. – Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ мыр зэхозыгъэщӀыкӀар цӀыхуракъым, атӀэ си Адэу уафэм щыӀэр арщ. 18Сэ ныбжызоӀэ, уэ у-Петрщ, уэ мывэм ухуэдэщ, сэ си члисэр уэ птесщӀыхьынущ икӀи лӀэныгъэм и къарухэр а члисэм пэлъэщынукъым. 19Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм#16:19 Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр – еплъ 3:2. и ӀункӀыбзэхэр уэстынущ; щӀылъэм сыт уэ хуит щумыщӀыр уафэми хуит щыхъунукъым; щӀылъэм сыт уэ хуит щыпщӀыр уафэми хуит щыхъунущ.
20Ар зэры-Мэссихьыр зыми жрамыӀэну Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм унафэ быдэ яхуищӀащ абы щыгъуэ.
Езыр зэраукӀынури лӀахэм къазэрыхэтэджыкӀыжынури Хьисэ къызэрыжиӀар
(Марк 8:31–9:1; Лука 9:22-27)
21Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ягуригъаӀуэу хуежьащ а зэманым къыщыщӀэдзауэ:
– Сэ Ерусалим сыкӀуэн хуейщ. Нэхъыжьхэми,#16:21 нэхъыжьхэр – журтхэм пщӀэшхуэ зыхуащӀу щыта динырылажьэ тхьэмадэ гупщ. Абыхэм ящыщ гуп Тхьэмадэ Хасэшхуэм хэту щытащ. дин пашэшхуэхэми, торэт егъэджакӀуэ пашэхэми#16:21 дин пашэшхуэхэми торэт егъэджакӀуэ пашэхэми – еплъ 2:4. гугъуехь куэд сагъэшэчын икӀи саукӀын хуейщ, ауэ лӀахэм сакъыхэтэджыкӀыжын хуейщ ещанэ махуэм.
22Апхуэдэу щыжиӀэм, Петр Хьисэ лъэныкъуэкӀэ Ӏуишри, жиӀар хуимыдэу щӀидзащ:
– Зиусхьэн, Тхьэм ар иремыдэ. Ар къыпщыщӀ хъунукъым.
23Хьисэ Петр зыкъыхуигъазэри жриӀащ:
– ЗбгъэдэкӀ, шейтӀан. Уэ пэрыуэгъу укъысхуохъу, уэ уи гупсысэкӀэр Тхьэм и гупсысэкӀэу щыткъым, атӀэ цӀыхум и гупсысэкӀэщи.
24Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм яжриӀащ итӀанэ:
– Си ужь зыгуэр къиувэну хуеймэ, езыр зыхуей Ӏуэхугъуэхэр кърегъанэ, лӀэныгъэм и жорыр кърещти, си ужь къреувэ. 25Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зи псэр мыкӀуэду къезыгъэлыну хуей дэтхэнэми и псэр фӀэкӀуэдынущ, ауэ сэр щхьэкӀэ зи псэр зыфӀэкӀуэд дэтхэнэми и псэр мыкӀуэду къелынущ. 26Дуней псор зы цӀыхум ей хъууэ, езыр кӀуэдмэ, а цӀыхум фӀыуэ къыхухэкӀынур сыт? Хьэмэрэ зы цӀыхум и псэм щхьэкӀэ уасэу итыфынур сыт? 27ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр, и мелыӀычхэр щӀыгъуу, и Адэм и щӀыхьышхуэм хуэдэ щӀыхьышхуэ иӀэу къэкӀуэжынущ. Хэти ищӀам хуэфащэ иригъэгъуэтыжынущ абы щыгъуэ. 28Пэжыр нывжызоӀэ, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм и Тепщэныгъэшхуэр иӀэу къакӀуэу ялъагъуху, лӀэныгъэр зылъэмыӀэсын яхэтщ мыбдежым щыт цӀыхухэм.
Поточний вибір:
Маттэ 16: KbdNTGP2017
Позначайте
Поділитись
Копіювати
Хочете, щоб ваші позначення зберігалися на всіх ваших пристроях? Зареєструйтеся або увійдіть
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017