Маттэ 15

15
15-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Адэжьхэм къащӀэна хабзэхэр
(Марк 7:1-23)
1Ерусалим къикӀа фарисейхэмрэ торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ Хьисэ деж къакӀуэри, къеупщӀащ:
2– Уи гъуэгу ирикӀуэхэр ди адэжьхэм къытхуагъэна хабзэхэм сыт щӀытекӀыр? Я Ӏэхэр ямытхьэщӀэу машхэ ахэр.
3– Фэри фи адэжьхэм я хабзэм фытетын щхьэкӀэ, Тхьэм и унафэм сыт фыщӀытекӀыр? – яжриӀащ Хьисэ. 4– Тхьэм жиӀащ:#15:4 Тхьэм жиӀащ – еплъ 2 Мусэ 20:12; 21:17. «Уи адэмрэ уи анэмрэ пщӀэ яхуэщӀ!» икӀи «Зи адэ е зи анэ ӀейкӀэ тепсэлъыхьыр ирелӀэ». 5-6Ауэ фэ жывоӀэ: «Зыгуэрым и адэм е и анэм: Сэ тыгъэу фэстын слъэкӀыну щытар иджы Тхьэм тыгъэ хуэсщӀынущ, жриӀэмэ, абы щыгъуэ абыхэм пщӀэ яхуимыщӀми хъунущ». Апхуэдэу фщӀыурэ, фи адэжьхэм къыфхуагъэна хабзэхэмкӀэ Тхьэм и псалъэхэр лъэныкъуэ ивогъэз. 7БзитӀщхьитӀхэ! Ешайа бегъымбарым фэ къыфтеухуауэ пэжыр жиӀащ мыпхуэдэу:#15:7-9 Ешайа бегъымбарым жиӀащ мыпхуэдэу – еплъ Ешайа бегъымбарым и тхылъым 29:13.
8«Я жьэкӀэ сагъэлъапӀэ щхьэкӀэ,
мы цӀыхухэр ягукӀэ спэжыжьэщ.
9Абыхэм цӀыхухэм Ӏуэхугъуэхэр ирагъащӀэурэ,
цӀыху хабзэр Тхьэм и унафэм
зэрыхуагъадэм щхьэкӀэ,
сэ сызэрагъэлъапӀэр пщӀэншэщ».
10Хьисэ цӀыху гупышхуэр къриджэри яжриӀащ абы и ужькӀэ:
– ФыкъэдаӀуэ икӀи жысӀэр зыгурывгъаӀуэ. 11ЦӀыхур мыкъабзэ зыщӀыр и жьэм къыжьэдыхьэр аракъым, атӀэ жьэм къыжьэдэкӀырщ.
12И гъуэгу ирикӀуэхэр къыбгъэдыхьэри, Хьисэ еупщӀащ:
– Фарисейхэм#15:12 фарисейхэр – еплъ 3:7. а жыпӀахэр зэхаха нэужь, я гум мыхъун къызэрырагъэхьар пщӀэрэ?
13– Си Адэу уафэм щыӀэм химыса дэтхэнэ къэкӀыгъэри лъабжьэкӀэ къыхатхъыжынущ, – яжриӀащ Хьисэ. 14– Абыхэм я ужь фикӀ. Мы фарисейхэр цӀыху нэфхэм я нэф пашэхэщ. Зы нэфыр адрей нэфым гъуазэ хуэхъумэ, тӀури мащэм ихуэнущ.
15Ар щызэхихым, Петр Хьисэ къыжриӀащ:
– А ущие хъыбару къыджыпӀам къикӀыр къыдгурыгъаӀуэт.
16– Зыри къывгурымыӀауэ ара иджыри? – жиӀащ Хьисэ.
17– Жьэм жьэдыхьэ псори ныбэм нэсмэ, пкъым къызэрыхэкӀыжыр къывгурыӀуэркъэ? 18Ауэ жьэм къипсэлъыр гум къокӀ. Аращ цӀыхур мыкъабзэ зыщӀыр; 19сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ гум къикӀыр мыращ: Гупсысэ бзаджэхэр, цӀыху укӀыныр, зинэ щӀэныр, дыгъуэныр, цӀыхухэм пцӀы ятелъхьэныр, яхуэпсэлъэныр. 20Аращ цӀыхур мыкъабзэ зыщӀыр. Ахъумэ Ӏэ мытхьэщӀкӀэ шхэным цӀыхур мыкъабзэ ищӀыркъым.
Ханаан хэкум щыщ цӀыхубзым иӀа фӀэщхъуныгъэр
(Марк 7:24-30)
21А щӀыпӀэм икӀри, Хьисэ къалэхэу Тиррэ Сидонрэ#15:21 къалэхэу Тиррэ Сидонрэ – еплъ 11:21. я Ӏэхэлъахэм кӀуащ итӀанэ. 22А лъэныкъуэм къикӀа, Ханаан хэкум щыщ цӀыхубз гуэр#15:22 Ханаан хэкум щыщ цӀыхубз гуэр – а цӀыхубзыр журткъым, Рим къэралыгъуэшхуэм хыхьэ Сирие хэкум къыщыхъуащ. Еплъ Марк 7:26. Хьисэ деж къакӀуэри, кӀий-гуоуэ жиӀащ абы щыгъуэ:
– Зиусхьэну Даут и Къуэ,#15:22 Даут и Къуэр – еплъ 9:27. гущӀэгъу къысхуэщӀ. Жин бзаджэ гуэрым си пхъур хуабжьу гугъу ирегъэхь.
23АрщхьэкӀэ Хьисэ а цӀыхубзым зы псалъи жриӀакъым, зы жэуапи иритыжакъым. И гъуэгу ирикӀуэхэр къыбгъэдыхьэри, Хьисэ къыжраӀащ:
– Мыр кӀийуэ ди ужь йомыгъэту, утӀыпщ.
24– Израил цӀыхуу мэл щхьэрыуахэм я закъуэщ сэ Тхьэм сыкъызыхуигъэкӀуар, – жиӀащ Хьисэ.
25Ауэ цӀыхубзыр Хьисэ къыбгъэдыхьэщ, и пащхьэм лъэгуажьэмыщхьэу къитӀысхьэри, жиӀащ:
– Уэ, Зиусхьэн, къыздэӀэпыкъу!
26– ЩӀакхъуэр сабийхэм къаӀэщӀэпхыу хьэхэм яхуэбдзыныр къезэгъыркъым.
27– Пэжщ, Зиусхьэн, – жиӀащ цӀыхубзым, – ауэ хьэхэм яшх ахэр зейхэм я Ӏэнэм къехуэха щӀакхъуэ щыкъуейхэр.
28– Уэ фӀэщхъуныгъэу уиӀэр инщ, цӀыхубз – жриӀащ Хьисэ абы. – Ауэ щыхъукӀэ, уэ узэрыхуейм хуэдэу къыбдрехъу.
ЦӀыхубзым и пхъур а зы напӀэзыпӀэм хъужащ.
Хьисэ цӀыху куэд зэригъэхъужар
29Абы и ужкӀэ, а щӀыпӀэм икӀыжщ, Галилей гуэлым Ӏухьэщ, Ӏуащхьэм дэкӀуейри, Хьисэ абдежым щытӀысащ. 30Ӏэшэ, лъашэ, нэф, дэгу, нэгъуэщӀ узыфэ зиӀэхэр къыздашэурэ, цӀыху гупышхуэ Хьисэ деж къакӀуэри, сымаджэхэр абы и пащхьэм къралъхьащ. И пащхьэм къыщралъхьэм, Хьисэ ахэр игъэхъужащ. 31Бзагуэхэр псалъэу, Ӏэшэхэр Ӏэбэфу, лъашэхэр тэмэму зекӀуэу, нэфхэр къэплъэжу щалъагъум, цӀыху гупышхуэм ягъэщӀэгъуащ икӀи Израил и Тхьэм щӀыхь хуащӀащ.
Хьисэ цӀыху миниплӀ зэригъэшхар
(Марк 8:1-10)
32Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр къриджэри яжриӀащ:
– Мы цӀыхубэм сигу ящӀогъу; махуищ мэхъу зэрызигъусэри, шхын яӀухуакъым. МэжалӀэу сутӀыпщыжыну сыхуейкъым. Къарууншэ хъунурэ, гъуэгум текӀуэдэнущ ахэр.
33– Мыпхуэдиз цӀыхум яхурикъун щӀакхъуэ мы губгъуэ нэщӀым дэнэ щыбгъуэтын? – къыжраӀащ и гъуэгу ирикӀуэхэм Хьисэ.
34– ЩӀакхъуэ дапщэ фиӀэр? – еупщӀащ Хьисэ абыхэм.
– ЩӀакхъуиблрэ бдзэжьей тӀэкӀурэ диӀэщ, – жаӀащ абыхэм.
35Ар щыжаӀэм, Хьисэ цӀыху гупышхуэм унафэ яхуищӀащ етӀысэхыну. 36ШӀакхъуиблымрэ бдзэжьейхэмрэ къищтэри, Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀащ. ЩӀакхъуэхэр зэгуищӀыкӀри, и гъуэгу ирикӀуэхэм яритащ итӀанэ. Абыхэми цӀыхухэм хуагуэшащ. 37ЦӀыху псори шхащ икӀи загъэнщӀащ. Къадэхуа щӀакхъуэ бзыгъэхэр матиблым ярызу зэхуахьэсыжащ. 38ЦӀыхубзхэмрэ сабийхэмрэ нэмыщӀ, шхахэр цӀыху миниплӀ хуэдиз хъурт. 39Хьисэ цӀыху гупышхуэр иутӀыпщыжа нэужь, кхъуафэжьейм итӀысхьэри, Магадан хэкум кӀуащ итӀанэ.

Поточний вибір:

Маттэ 15: KbdNTGP2017

Позначайте

Поділитись

Копіювати

None

Хочете, щоб ваші позначення зберігалися на всіх ваших пристроях? Зареєструйтеся або увійдіть