Гъэсэпэтхыдэхэр 8
8
ЕЯНЭ ӀЫХЬЭ
Ӏущыгъэм и джэ макъ
1ФыдаӀуэт, Ӏущыгъэм и мымакъыу пӀэрэ къэӀур?
Акъылыр армырауэ пӀэрэ зи джэ макъ
зэхэтхыр? –
2Гъуэгубгъухэм узыщыхуэзэ бэтэгъэхэм,
гъуэгу зэхэкӀыпӀэхэм щызэхыбохыр ар;
3къалэ дыхьэпӀэхэм, жылэр
щызэхыхьэ-щызэхэкӀхэми
щегъэӀу и макъыр:
4«Уэ жылэ махуэ, фэращ сызэджэр,
си псалъэри цӀыхуцӀэ зиӀэм хуэгъэзащ.
5ЖыӀэзыфӀэщхэм фи зэхэщӀыкӀым
зевгъэӀэтыну,
акъыл хущыщӀэхэм гупсысэм
хэвгъэхъуэну игъуэ хъуакъэ?
6ФыкъэдаӀуэт, купщӀэ зиӀэщ жысӀэр,
си псалъэхэри зы къэмынэу пэжщ.
7ГущыкӀ хуэсщӀащи пцӀыӀуэпцӀышэ псалъэм,
си бзэгупэ щыпкъэщ къыпыкӀынур.
8Си жыӀэ псори пэжщ –
уагъэгъуэщэнукъым абыхэм,
фэрыщӀыгъи хэлъкъым.
9Си псалъэхэр цӀыху акъылыфӀэхэмкӀэ
ӀупщӀщ,
щӀэныгъэ зиӀэхэм я дежкӀи захуэщ.
10Си ущие певмыдзых дыжьыныжьым,
щӀэныгъэри – дыщэм я нэхъ лъапӀэм
евмылъыт:
11налкъутналмэсхэми йолъэпӀэкӀ Ӏущыгъэр,
уигу фӀэӀэфӀхэм щыщу абы пэхъуни зы
щымыӀэ.
12ӀущыгъэкӀэ зэджэр сэращ, акъылыфӀагъри
си псэгъущ,
акъыл тӀысар, щӀэныгъэр си Ӏэпэгъущ#8:12 Е «къызогъуэт», е «къызэрызгъуэтынур сощӀэ»..
13Тхьэуэ Зиусхьэным фӀэлӀыкӀыным къокӀ
бзаджагъэр плъагъу мыхъуныр.
Си жагъуэзэрабгщ пагагъэр, зызыхэзышыр,
мыхъумыщӀэ гъуэгур, пцӀы зэфэзэщыр.
14ЧэнджэщыфӀымрэ гъащӀэ Ӏущыгъэмрэ си дежщ
къыщежьэр,
акъылри сщӀыгъущ, скъуэлъщ къаруи.
15Пащтыхьхэм сэркӀэщ пащтыхьыгъуэр
зэраӀыгъыр,
унафэ захуэхэри тетхэм къызэращтэри
сэращ,
16пщыи пщы къуэдзи сэркӀэщ я Ӏуэху
зэрыдагъэкӀыр,
хеящӀэ захуэу щыӀэми#8:16 Е «мы дунейм хеящӀэу тетхэми». Пасэрей Ӏэрытххэр мы щӀыпӀэм деж щызэтемыхуэ къыхокӀ. я гъуазэри сэращ.
17ФӀыуэ сыкъэзылъагъу дэтхэнэри си щӀасэщ,
къыслъыхъу дэтхэнэми сыкъигъуэтынщ.
18Сэ сиӀэщ мылъкуи, щӀыхьи,
мыкӀуэдыжын хэхъуэри, ехъулӀэныгъэри#8:18 Е «захуагъэри». –
си тынщ.
19Дыщэм я нэхъ къабзэм йолъэпӀэкӀ си тыгъэр,
йофӀэкӀыр дыжьыныжьми си щхьэпэр,
20щыпкъэм и гъуэгущ сыщызэхэзекӀуэр,
сызытетыр захуагъэм и лъагъуэщ,
21фӀыуэ сыкъэзылъагъухэм сетэурэ,
я хъугъуэфӀыгъуэхэми хызогъахъуэ.
22И ӀуэхущӀафэ псоми ипэ Тхьэуэ Зиусхьэным
сыкъигъэщӀыгъащ,
и Ӏуэхуфэ псом сриублапӀэщ;
23пэублэу сыщыӀэну къысхуиухащ,
мы дунеижьым срищыпэкъэхъущ.
24СыкъигъэщӀыгъат сэ хышхуэр къыщымыхъум,
псынэгъуагъуэхэр щыщымыӀам;
25сыкъигъэщӀыгъат къуршыбгхэр
щызэфӀэмыувам,
Ӏуащхьэбэхэр иджыри къыщыхэмыщам,
26щӀыгуи, губгъуи,
зы сабэ налъи къыщимыгъэщӀам.
27СыщыӀащ уафэгухэр Тхьэм къыщигъэувым,
щӀэплъыпӀэр хы гущӀыӀухэм
щахущӀишым,
28пшэ зэфэзэщыр уэгум щригъэкӀум,
щӀы щӀагъ псынэпсхэр щиутӀыпщым,
29Абы и ухыгъэхэм псыр емыбэкъуэным папщӀэ
хыгу гъунапкъэр къыщищӀыхьым,
щӀыгу лъабжьэхэр къыщыхигъэкӀым –
30абы щыгъуэ сэркӀэщ КъэгъэщӀакӀуэм
дунеижьыр зэриухуэгъар#8:30 Е «сыщӀыгъуащ Абы сэ ӀэщӀагъэлӀ Ӏэзэу». КъикӀым теухуауэ зэддзэкӀауэ аращ.;
сыхэтащ гухэхъуэ зэпымычым,
си гурыфӀ сыт щыгъуи щыушащ и
пащхьэ, –
31сигу хигъахъуэрт Абы и дунейм,
сащыгуфӀыкӀ зэпытт цӀыху цӀыкӀум.
32Аращи, щӀалэхэ, фыкъызэдаӀуэ;
теуващ гъуэгу махуэ си гъуэгупэ
иригъуазэр.
33Си ущие фыкъедаӀуи – Ӏущ фрихъу;
фымыбгынэ ар.
34Теуващ гъуэгу махуэ къызэдаӀуэр, –
си куэбжэпэ и жэщ-махуэхэр щизыхыр,
си бжэщхьэӀу и деж сэ къыщыспэплъэр.
35Сыкъэзыгъуэтым гъащӀэ иӀэщ,
Тхьэуэ Зиусхьэным и нэфӀи къыщыхуащ.
36СызыӀэщӀэзыгъэкӀым зегъэунэхъуж;
сызылъагъу мыхъу псоми ажалыр
къыхахащ».
Currently Selected:
Гъэсэпэтхыдэхэр 8: АдгФЛ
Highlight
Share
Copy
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Институт перевода Библии, 2009, 2018, 2021