YouVersion Logo
Search Icon

Гъэсэпэтхыдэхэр 9

9
ЕБГЪУАНЭ ӀЫХЬЭ
Ӏущыгъэм урегъэблагъэ
1Игъэуващ Ӏущыгъэм унэ,
пкъощӀэсибли хуищӀыжащ.
2И Ӏэщым щыщу фӀибзщ нэхъыфӀри,
удзыфӀкӀэ санэри зэхищӀэри,
и Ӏэнэри къиузэдащ.
3ЗэбгригъэкӀащ абы и унэӀут цӀыхубзхэр
къалэ лъагапӀэхэм къыщигъэджэну:
4«ЖыӀэзыфӀэщ псори фыкъекӀуалӀэкъэ си деж! –
захуегъазэ абы акъылкӀэ хуэмыщӀахэм, –
5ФыкъакӀуи, зыӀувгъахуэ си шыгъу-пӀастэ,
удзыфӀкӀэ зэхэсщӀа си санэми фыкъефэ.
6Фи щӀыб хуэвгъазэмэ акъылыншагъэм –
фыпсэунщ;
акъыл и гъуэгукӀэ фызэхэзекӀуэ!»
7ЦӀыху щӀэнэкӀалэр зэ бгъэӀущмэ – лъэкъухь
къэпхьынщ,
бзаджащӀэр къыщӀэбгъэщмэ – уигъэикӀэнщ.
8ЩӀэнэкӀалэм уегиемэ, къыпхуэхъунщ жагъуэгъу;
уегиемэ цӀыху Ӏущым, щӀасэгъу уищӀынщ.
9Ӏущым еущии,
и зэхэщӀыкӀым нэхъри зиӀэтыну арщ;
захуащӀэми еущие –
и акъылым хигъэхъуэну арщ.
10Тхьэуэ Зиусхьэным уфӀэлӀыкӀыныр –
Ӏущыгъэм и пэублэщ,
Тхьэ ЛъапӀэр къэпцӀыхуныр –
акъылым ищхьэщ.
11Ӏущыгъэм гъащӀэ кӀыхь уищӀынщ,
иригъэкъунщ уи ныбжьри.
12УӀущыр пэжмэ, узыхуэӀущыр уи щхьэщ,
ущӀэнэкӀалэу щытмэ,
уэр-уэрурэ узэхуохъуж зэран.
Акъылыншагъэм урегъэблагъэ#9:13-18 Ӏущыгъэм хуэдэу акъылыншагъэри бзылъхугъэ сэфэтым итущ «Гъэсэпэтхыдэхэм» къызэрыщыгъэлъэгъуар.
13Акъылыншагъэр хуэдэщ цӀыхубз бырсырым#9:13 Е «Бырсырщ акъыл зыбгъэдэмылъ цӀыхубзыр».
зэхэщӀыкӀ жыхуаӀэр ищӀэркъым абы;
14и унэ бжэщхьэӀу гупэм дежи щысу,
къалэ лъагапӀэм къытет тӀысыпӀэм тесуи
плъэгъунущ ар,
15абдеж къыблэкӀхэм,
щызэхэзекӀуэхэм ар йоджэ:
16«ЖыӀэзыфӀэщ псори фыкъекӀуалӀэкъэ си деж! –
захуегъазэ абы акъылкӀэ хуэмыщӀахэм, –
17Узрамыгъафэ псыр аракъэ ӀэфӀыр,
гъэпщкӀуауэ пшхыр аракъэ
къыпӀурыӀэфӀэр?»
18Ар ажалым зэрилӀыкӀуэр къыхэхуэркъым абы
я пщӀыхь,
хьэщӀэу къыхуепсыхри зы къэмынэу зытетыр
хьэдрыхэ гъуэгущ.

Highlight

Share

Copy

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in

Videos for Гъэсэпэтхыдэхэр 9