Гъэсэпэтхыдэхэр 10
10
ЕПЩӀАНЭ ӀЫХЬЭ
Тхылъ зэхуэмыдэхэм щызэхуэхьэсыжа псалъэ Ӏущхэр
Сэлмэн и псалъэ Ӏущхэр
1Сэлмэн и гъэсэпэтхыдэхэр:
Къуэ Ӏущыр – адэм и гухэхъуэщ,
къуэ акъылыншэр – анэм и гухэщӀщ.
2Мылъку хьэрэмым и фӀагъ къокӀынукъым,
захуагъэрщ укъыӀэщӀэзыхыр ажалым.
3ИщӀынкъым Тхьэуэ Зиусхьэным захуащӀэр
мэжэщӀалӀэ,
бзаджащӀэми къыдигъэхъункъым и гухэлъ Ӏейр.
4Щхьэхынэр зэӀусам къишэнур тхьэмыщкӀагъэщ,
елӀалӀэм ищӀэм фӀыгъуэщ къыпэкӀуэнур.
5Къуэ Ӏущщ гъэмахуэм зи лэжьыгъэр
къезыхьэлӀэр,
гъавэ хыжыгъуэр жейпырхъым хэту
блэзыгъэкӀыр къуэ мыхъумыщӀэщ.
6ЦӀыху захуащӀэхэм ирагъэлъагъур я щхьэ лъагэу,
гущӀэгъуншагъэкӀэ псыхьащ бзаджащӀэм и
дэтхэнэ псалъи.
7ЗахуащӀэм и цӀэр игъащӀэм ялъытэнущ,
кӀуэдыжыкӀейуэ хэкӀуэдыжынущ
бзаджащӀэм и лъэужьыр.
8ЦӀыху Ӏущым и гур хузэӀуех ущием,
цӀыху Ӏуэрбжэр акъылыншэм зегъэунэхъуж.
9Шынагъуэ яӀэкъым гъуэгу пхэнж пэӀэщӀэ
зыхуэзыщӀхэм,
гъуэгу захуэм дэзыдзыххэр къыщӀэхуэнущ.
10Бэлыхьым ухидзэнщ бзаджащӀэу зи нэхэр
зыгъэупӀэрапӀэм,
цӀыху Ӏуэрбжэр акъылыншэм зегъэунэхъуж.
11ЗахуащӀэхэм я псалъэр псэхэлъхьэж псынэм хуэдэщ,
гущӀэгъуншагъэкӀэ псыхьащ бзаджащӀэм и
дэтхэнэ псалъи.
12Лъагъумыхъуныгъэрщ зэныкъуэкъу псори
къызэщӀэзыгъэстыр,
сыт хуэдэ щхьэкӀуэри зыгъэгъур
лъагъуныгъэрщ.
13Губзыгъэм и бзэгупэ пылъыр псалъэ Ӏущщ,
акъылыншэм и фэ дахыжынщ фэлъырыр.
14ЦӀыху Ӏущщ щӀэныгъэр зыгъэтӀыгъуэр,
акъылыншэм и псалъэмакъщ щыхупӀэм
ущхьэщызышэр.
15ХуэщӀауэ псэум и мылъкур – быдапӀэ хуэдэщ,
тхьэмыщкӀэр зэкӀуэдылӀэр факъырагъэщ.
16ЗахуащӀэм и фӀыщӀапщӀэр – гъащӀэщ,
гуэныхьу къихьырщ бзаджащӀэм хэхъуэу иӀэр.
17Ущием щӀэдэӀур – гъащӀэ гъуэгум тетщ,
къегием емыдаӀуэр щхьэрыуащ.
18Лъагъумыхъуныгъэр щӀэзыуфэр цӀыху
пцӀыӀуэпцӀышэщ,
убэныр зи щэн цӀыхури акъылыншэщ.
19Псэлъалэр сытым щыгъуи гуэныхькъэхьщ,
зи бзэ хуитыр – цӀыху акъылыфӀэщ.
20ЗахуащӀэм и дэтхэнэ псалъи – дыжьыныжь
хэплъыхьам хуэдэщ,
бзаджащӀэм и зы гупсыси и уасэкъым щай
фӀыцӀи.
21ЗахуащӀэм и псалъэр бэм я гъуазэщ,
акъылыншэр зытекӀуадэр и акъылыншагъэщ.
22Тхьэуэ Зиусхьэным и нэфӀырщ хэхъуэ
къыуэзытыр –
Ӏуэху гугъусыгъу ухэткӀэ нэхъ лейуэ
зыуигъэузэщӀкъым#10:22 Е «абы хэлъкъым нэщхъеягъуэ зи цӀэ»..
23Акъылыншэр зыгъэгуфӀэр мыхъумыщӀэу
зэхищӀыхьырщ,
акъылыр зи Ӏэпэгъум гухэхъуэу иӀэр
Ӏущыгъэщ.
24БзаджащӀэр зыщыщтэрщ зыӀууэнур,
захуащӀэхэм хъуэпсапӀэу яӀэр
къайхъулӀэнущ.
25 Уэкъуор къызэрыкъуэхмэ, ихьыжынущ цӀыху
бзаджащӀэр,
лъэ быдэкӀэ игъащӀэми щытынущ цӀыху
захуащӀэр.
26 Псыхуэшым зэригъэшым хуэдэу дзэр,
нэм Ӏугъуэр зэрыщӀэуэм ещхьу, –
апхуэдэщ лӀыщӀэ щхьэхынэр зыгъэлӀыщӀэм
дежкӀэ.
27Тхьэуэ Зиусхьэным фӀэлӀыкӀым къыпищэнщ и
гъащӀэм,
бзаджащӀэм ейр хъунщ нэхъ кӀэщӀ.
28Гугъэурэ игъафӀэм захуащӀэр хуишэнщ
тхъэжыгъуэм,
бзаджащӀэм къехъулӀэнкъым зыщыгугъыр.
29Тхьэуэ Зиусхьэныр зигу къабзэхэм яхуохъу
щхьэегъэзыпӀэ,
ер зылэжьми уэхбзэхыр къахуегъакӀуэ.
30ЗахуащӀэхэр игъащӀэми кӀуэдынкъым,
къытенэнукъым мы щӀыгум зы бзаджащӀи.
31Псалъэ Ӏущщ къыпыкӀ зэпытыр цӀыху
захуащӀэм и бзэгупэ,
бзаджэрыӀуэм и бзэгу дакъэм Тхьэм и гыбзэ
телъщ.
32ЗахуащӀэм и дэтхэнэ псалъи щхьэпэщ,
бзаджащӀэхэм я псалъэ мыхъумыщӀэкӀэ
гъэнщӀащ.
Currently Selected:
Гъэсэпэтхыдэхэр 10: АдгФЛ
Highlight
Share
Copy
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Институт перевода Библии, 2009, 2018, 2021