YouVersion Logo
Search Icon

Гъэсэпэтхыдэхэр 7

7
ЕБЛАНЭ ӀЫХЬЭ
Нэчыхь хьэкъым епцӀыжыным теухуауэ иджыри зэ
1Си щӀалэ, си псалъэм зэикӀ утемыкӀ,
иубыдэ уигу унафэу пхуэсщӀри.
2УзыщӀэзгъэдэӀухэр уэ гъэзащӀи, упсэунщ,
пхузощӀ узыхуэзущийхэр анэмэт.
3Ирехъу а псори уэркӀэ гурыгъуазэ,
гущӀагъщӀэлъыбзэуи къехьэкӀ#7:3 Журт. «КъешэкӀ ахэр уи Ӏэпэхэми, уи гущхьэми тетхэ». КъикӀым теухуауэ зэддзэкӀауэ аращ..
4ЖепӀэркъэ Ӏущыгъэм: «Узишыпхъущ», –
Ӏыхьлы гъунэгъу пэлъыт акъылыр.
5Ущахъумэнщ абыхэм хамэ цӀыхубзым,
нэгъуэщӀым и щхьэгъусэ и псалъэпцӀ къумалэм.
6СыкъыӀуст зэгуэрым си унэ щхьэгъубжэ,
абы и хъарым сыкъыдэплъу,
7щӀалэ зэрызехьэу си нэр зытехуахэм
къахокӀ зы щӀалэ акъылыншэ.
8Зы цӀыхубз гуэр и унэ къуапэ блэкӀыу ирикӀуэрт
ар уэрамым,
и гъуэгупэ зыхуэунэтӀари арт,
9пшапэ зэхэуэгъуэт, хэкӀуэтат,
жэщыпцӀэ кӀыфӀми и зэщӀэщтэгъуэт.
10Арыххэу, къыпежьащ абы цӀыхубз,
емыкӀу щӀэращӀэу зэщыхуэпыкӀауэ,
бзаджагъэ щэхукӀэ и гур щӀэгъэнауэ.
11(Бзылъхугъэ бырсырщ ар, ерыщ бзаджэщ,
и унэ и лъэ щигъэувкъым –
12зэм – уэрамыщхьэтетщ ар, зэми – утыкуакӀуэщ,
плӀанэпэ къэси къыщыппотӀыс).
13Зридзащ абы щӀалэщӀэм, ба хуищӀащ,
и нэгу мыджылуи жриӀащ:
14«ТхьэщӀауэ сиӀэр нобэ згъэзэщӀакӀэщ,
къурмэн тыхь лъапӀэр ефэ-ешхэм хуэхьэзырщ.
15Сыкъежьат сэ уи лъыхъуакӀуэ;
сыныплъыхъури – укъэзгъуэтащ!
16Си гъуэлъыпӀэм мысыр алътес къуэлэныр и
пӀэтепхъуэщ,
17мэ гуакӀуэ къызыпих мир Ӏугъуэр,
удзӀэфӀ-удздыхухэр щӀэгъэуащ.
18НакӀуэ, пщэдджыжь пшэкӀэплъыр
къищӀыхункӀэ
си бгъафэ щабэм ущӀэлъынщ.
19Искъым унэм си щхьэгъусэр –
теувауэ тетщ гъуэгуанэ жыжьэ.
20Чысэ из дыжьын здищтащ абы,
мазэр из хъухункӀи къэсыжынкъым».
21ФӀэщтеубыдэ псалъэкӀэ дихьэхри,
псалъэ гупсэ куэдкӀэ дишэхащ.
22-23Иуващ иужь цӀыхубзым асыхьэту щӀалэр,
фӀэбзыпӀэ кӀуэ выгъашхэм ещхьу,
щакӀуэшэр зэгъэпща къапхъэным ис щыхь
бланэм ещхьу#7:22-23 Пасэрей журтыбзэкӀэ тха Ӏэрытхым къыщыкӀуэ псалъэхэм къарыкӀыр гурыӀуэгъуэ дыдэкъым, зэрызэдзэкӀами къигъэлъагъуэр иӀэнкӀэ хъуну мыхьэнэхэм языхэзырщ..
Бзуущэм хуепӀэщӀэкӀ бзу цӀыкӀум хуэдэщ ар,
имыщӀэу абдеж абы ажалыр къызэрыпэплъэр.
24Аращи, щӀалэхэ, фыкъызэдаӀуэ,
сыт нывжезмыӀэми, зэхэфх.
25Апхуэдэ цӀыхубз и кӀуапӀэхэм девмыгъэшэх
фэ фигу,
и лъагъуэ нэпцӀхэм зыщывдзей.
26КъызэрымыкӀуэу куэд ӀэщӀэкӀуэдащ абы,
ӀэщӀэунэхъуари нэхъыбэжщ.
27Абы и унэр хьэдрыхэ гъуэгум тетщ,
ажалщ абдеж фэ къыщыфпэплъэр.

Highlight

Share

Copy

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in

Videos for Гъэсэпэтхыдэхэр 7