YouVersion Logo
Search Icon

Гъэсэпэтхыдэхэр 6

6
ЕХАНЭ ӀЫХЬЭ
Щэнгъасэ псалъэ зэмылӀэужьыгъуэхэр
1Зыгуэрым и цӀэкӀэ шэсыпӀэ уиувамэ,
нэгъуэщӀым и щӀыхуэ птыжыну хьэкъ
зыщыпщӀыжамэ,
2псалъэр пӀэщӀэкӀагъэххэщи,
уи жыӀи теубыда ухъуащи,
3зи ӀэмыщӀэ уихуам, си щӀалэ,
зыкъыӀэщӀэпхын щхьэкӀэ пщӀэн хуейр мыращ:
еужьэрэкӀ, уи щхьэр хуэгъэтӀылъ,
елъэӀу, лъэгуажьэмыщхьэ зыхуигъауи,
4зумыгъыӀэ гупсэхугъуэ зи цӀэ,
уи напӀи зэтумылъхьэ!
5ЗыкъыӀэщӀэх а Ӏуэхум щакӀуэм ӀэщӀэкӀыжа
бланэм ещхьу,
бзуущэм и бзулъахъэ илъэтыкӀыжа бзум
хуэдэу.
6Еплъыт хъумпӀэцӀэджым, хуэмыху;
кӀэлъыплъыт абы игъэхъей лэжьыгъэм,
и Ӏущыгъэм щыщи къызыхэгъахуэт!
7ИӀэкъым абы унафэщӀи,
кӀэлъыплъакӀуи, Ӏэщхьэтети,
8ауэ гъэмахуэ псом зэрегъэпэщ гъуэмылэр,
и шхыни кърехьэлӀэ гъавэ хыжыгъуэр
икӀыхункӀэ.
9Куэдрэ ухэлъыну, хуэмыху?
Уи жей Ӏувыр сыт щыгъуэ щыптеунур?
10МащӀэу укъыпыжеикӀынщ, мащӀэу ущхьэукъуэнщ,
уи Ӏэр уи щхьэ щӀэдзауэ тӀэкӀу ущылъынщи,
11къыптеуэнщ итӀанэ къулейсызыгъэр
хъунщӀакӀуэм#6:11 Е «хьэулейм». ещхьу,
къыплъэщӀыхьэнщ тхьэмыщкӀагъэри
хъырцыжьым хуэдэу.
12МыхъумыщӀэ-бзаджащӀэр
псалъэпцӀыр кърихьэкӀыурэ мэзекӀуэ,
13ӀупщӀэнапщӀэ ищӀ хуэдэурэ,
и Ӏэ и лъэхэр игъэджэгу хуэдэурэ,
14игу илъ зэпытыр пцӀыщ,
гухэлъу ищӀыр бзаджэщ,
сыт щыгъуи зэныкъуэкъур къыхэзылъхьэр арщ.
15Зэгуэр апхуэдэм бэлыхьлажьаер тепсыхэнущ,
зы напӀэзыпӀэми и лъабжьэр ирихынущ –
къелыпӀи иӀэкъым абы.
16Ӏуэхугъуих и жагъуэщ Тхьэуэ Зиусхьэным,
хэбгъэзыхьмэ, блы ирокъу гущыкӀ зыхуищӀыр:
17пагагъэ зыхэлъ плъэкӀэр,
бзэгу пцӀыӀуэпцӀышэр,
хейм илъ зыгъажэ Ӏэр,
18зи гущӀэ лъапсэм мурад мыгъуэр щызыхъумэр,
бзаджагъэ щӀэным хуэлъэр,
19пцӀы зэфэзэщу зэӀылъ щыхьэт нэпцӀыр,
зэш быным я зэхуаку ныкъуакъуэ
къыдэзылъхьэр.
Нэчыхь хьэкъым епцӀыжыным ущызыгъащтэ нэгъуэщӀ псалъэхэр
20Щыхъумэ уигу, си щӀалэ, уи адэ и унафэхэр,
уи анэ и псалъи иумыгъэгъазэ.
21ГущӀагъщӀэлъыбзэу сыт щыгъуи ахэр зехьэ,
гъащӀэ гъуэмылэуи къехьэкӀ#6:21 Журт. «ИгъащӀэкӀэ ахэр къэмытӀэтэжыну уи гум къепхэкӀи, ахэр уи пщэми къешэкӀ». КъикӀым теухуауэ зэддзэкӀауэ аращ..
22УщежьэкӀэ – ахэрщ уезышажьэр,
жейм ущыхилъафэкӀэ, хъумакӀуэ пхуэхъури,
укъыщыхишыжкӀи, чэнджэщ къозытри
ахэрщ.
23А унафэхэр нэхунэ блэрщ, ущиер – нурщ,
узыгъэӀущ гиер – гъащӀэм ухуэзышэ
гъуэгущ,
24цӀыхубз емыкӀущӀэм,
нэгъуэщӀым и щхьэгъусэм и бзэ ӀэфӀ
гъэпцӀакӀуэм уащихъумэу.
25Думыгъэшэх абы дахагъэу къуэлъым уи гур,
нэзкӀапэр игъэджэгуу ар къыщоплъкӀэ
зумыгъащтэ.
26ЦӀыхубз дэхуэхам и уасэр щӀакхъуэ Ӏыхьэщ#6:26 Е «ЦӀыхубз дэхуэхам и ягъэкӀэ щӀакхъуэ тыкъыр щхьэкӀэ лъаӀуэу хыхьэжаи щыӀэщ»., –
нэчыхь зиӀэ бзылъхугъэ зыпыпшакъэ –
щӀэптынур уи псэращ.
27Уи щыгъыныр пхимысыкӀыу уи гуфӀакӀэ мафӀэ
пхудэлъхьэн?
28ЛыцӀынэӀэнэуи уимысу дэп жьэражьэм
утеувэфын?
29Апхуэдэщ хамэм и щуӀэгъэ дэгъуэлъым и
Ӏуэхури –
абы еӀуса дэтхэнэ зыми хуэфащэ хьэкъ
игъуэтыжынщ.
30Нэмыплъ ираткъым дыгъум#6:30 Е «Нэмыплъ ираткъэ дыгъум»., мэжэщӀэлӀагъэм
ирихулӀэу Ӏэбэм,
и ныбэ лажьэм кърихуэкӀырт ар.
31Яубыду щытми, пшынэнущ ар хуэдиблкӀэ,
и унэ фӀыгъуэу илъыр ита папщӀэ.
32Нэчыхь зиӀэ цӀыхубзыр гупэхэлъ къэзыщӀыр
акъылыншэщ,
апхуэдэу зекӀуэм и ӀэкӀэ зеукӀыж.
33Удынрэ хъуэну абы хуэфащэр игъуэтынщ,
укӀытэгъуэу зэрыхуами къикӀ иӀэнкъым;
34зи фызыр хамэм езыфыгъулӀэ лӀыр мэгубжь,
гущӀэгъу жыхуаӀэри ищӀэнкъым илъ
щищӀэжкӀэ.
35Лъы уасэ зи цӀи къыӀихынкъым,
сыт хуэдэ тыгъэ хуумыщӀами,
къэувыӀэнкъым.

Highlight

Share

Copy

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in

Videos for Гъэсэпэтхыдэхэр 6