YouVersion Logo
Search Icon

Гъэсэпэтхыдэхэр 11

11
ЕПЩЫКӀУЗАНЭ ӀЫХЬЭ
1ХуищӀакӀэщ гущыкӀ тэрэзэ нэпцӀхэм Тхьэуэ
Зиусхьэным,
еплъащ Ар нэфӀкӀэ шэчалъэ пэжым.
2Пагагъэм итщ иужь емыкӀур,
цӀыху Ӏэсэми Ӏущыгъэр и Ӏэпэгъущ.
3ЗахуащӀэхэр я гу къабзагъэм еузэщӀыр,
цӀыху гъэпцӀакӀуэхэр бзаджагъэу ящӀэм
токӀуэдэжыр.
4Мылъкум Тхьэм и губжьым ущихъумэнукъым,
захуагъэрщ ажалым укъыӀэщӀэзыхынур.
5Зигу къабзэхэм я гъуэгур захуагъэм еузэщӀыр,
бзаджащӀэхэр я мыхъумыщӀагъэщ
зытекӀуэдэжыр.
6ЦӀыху пэжыр и захуагъэм кърегъэлыр,
гъэпцӀакӀуэр зыӀэщӀэзылъхьэр гухэлъ
бзаджэу зэрихъэрщ.
7БзаджащӀэр щылӀэкӀэ, гугъэу ихъахэри
мэкӀуэдыж,
зыщыгугъахэм щыщу зыгуэри
къыдэхъункъым.
8Бэлыхьлажьаем къыӀэщӀокӀ захуащӀэр,
бзаджащӀэращ абы пэщӀэхуэр.
9Тхьэр зыщӀэну хуэмейхэм я псалъэщ цӀыхур
зытекӀуадэр,
хэкӀыпӀэу яӀэр цӀыху захуащӀэхэм – акъылщ.
10ЗахуащӀэм и кӀэн къыщикӀкӀэ, жылэр щогуфӀыкӀ;
бзаджащӀэр къыщыхэщӀэкӀи,
зеӀэтыр гуфӀэ макъым.
11ЦӀыху захуэм и нэфӀ зыщыхуа жылэм зеузэщӀ,
бзаджащӀэм и псалъэщ а псор зэтезыкъутэр.
12АкъылкӀэ хуэмыщӀарщ цӀыхум псалъэкӀэ егуауэр,
зэхэщӀыкӀ зиӀэр хуосакъыр и бзэ.
13Хуэущэхункъым бзэгузехьэм кърагъэза дзыхьыр,
цӀыху пэжым щэхур и хьэдрыхэ псалъэщ.
14Зыгъэгъуэзэн щимыӀэм деж мэкӀуэдыр лъэпкъыр,
упщӀэжакӀуэр и куэдмэ, ар мэунэ.
15Зыгуэрым и цӀэкӀэ шэсыпӀэ хэт иувэми,
зегъэунэхъуж,
шынагъэ иӀэкъым апхуэдэ пщэрылъ
зыщызыдзейм.
16ЦӀыхубз щӀыкӀафӀэр щытхъубэщ,
цӀыхухъу гущӀэгъуншэр мылъкум хуэлъэщ.
17ЦӀыху щабэр и щхьэщ зыхуэтэжыр,
гущӀэгъу зимыӀэрщ зи зэран зэкӀыжыр.
18БзаджащӀэр зытелажьэр нэкъыфӀэщӀу
кӀуэдыжынущ,
захуагъэм къыхуезыджэм и фӀыщӀэр
мыкӀуэдыжщ.
19Захуагъэм тетым гъащӀэ иӀэщ,
ажалщ къыпэплъэр ем иужь имыкӀыу итым.
20ХуищӀащ хьилэгум гущыкӀ жагъуэр Тхьэуэ
Зиусхьэным,
зи гъуэгупэ къабзэми и нэфӀ щыхуащ.
21ЗэгъащӀэ: бзаджащӀэм хуэфащэ хьэкъ
игъуэтыжынущ,
захуащӀэм и телъхьэхэр#11:21 Е «щӀэблэр», «къытехъукӀахэр». къелынущ.
22Сыт зэщхьыр цӀыхубз гуакӀуэу акъыл зимыӀэр? –
Дыщэ Ӏэлъыну кхъуэпэм фӀэлъырщ зыхуэдэр ар.
23ЦӀыху захуащӀэхэм гухэлъу ящӀым зыхуишэр
фӀыгъуэщ,
Тхьэм и губжьырщ къапэщылъыр цӀыху
бзаджащӀэм.
24Зыр – увыӀэ жыхуаӀэр имыщӀэу мэгуашэ,
щӀэчэ имыӀэуи къыхохъуэ;
зым – и нэпсеягъэм кӀэ имыӀэ,
итӀанэми тхьэмыщкӀэ мэхъур.
25Унэнущ цӀыху жумартыр,
псы хуэлӀэм и псыхуэлӀэр изыгъэкӀым
ищӀэнкъым зэикӀ ар зищӀысыр.
26Гъавэр зыубыдым телъщ цӀыхубэм и нэлат,
игъуэм сату абы хэзыщӀыкӀым цӀыхум и
нэфӀыр къилэжьащ.
27ФӀым щӀэкъуным фӀыщӀэ пылъщ,
ем хущӀэкъур ем ӀущӀэнщ.
28Мылъкум щыгугъыр дэхуэхынщ,
захуащӀэм и гъащӀэр гъатхэ пасэу
зэщӀэущкъулэнщ.
29Зи унагъуэр бэлыхь хэзыдзэр щӀы ӀэнэщӀ
къинэнщ,
акъыл зимыӀэр губзыгъэм и унэӀутынщ.
30ЗахуащӀэм и Ӏэужьыр гъащӀэ жыгым хуэдэщ,
цӀыху Ӏущым къыдехьэхыр жылэр.
31ЗахуащӀэм и пщӀэр дунеягъэкӀэ егъуэтыж, –
цӀыху гуэныхьыщӀэхэм, бзаджащӀэхэм сыт
яхужыпӀэн итӀанэ?!

Highlight

Share

Copy

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in

Videos for Гъэсэпэтхыдэхэр 11