Гъэсэпэтхыдэхэр 12
12
ЕПЩЫКӀУТӀАНЭ ӀЫХЬЭ
1Ущиер зи гуапэм – щӀэныгъэри и жагъуэкъым,
гиер зи жагъуэр – хуэхейщ щӀэныгъэр
зи цӀэм.
2ФӀыр зылэжьым Тхьэуэ Зиусхьэным и нэфӀ
щыхуащ,
гухэлъ бзаджэр къезыхьэкӀым и хьэкумыр
Абы ищӀэнщ.
3Лъэ быдэкӀэ увынкъым ер зи Ӏэпэгъур,
гъуэгу захуэм тетри зэикӀ пхуиудынкъым.
4ЩхьэгъусэфӀыр – лӀым и пыӀэ махуэщ,
фыз напэтехыр – къупщхьэ узым хуэдэщ.
5Пэж зыхэлъщ захуащӀэхэм гухэлъу ящӀыр,
бзаджащӀэхэм чэнджэщу ятыр – хьилагъэ
зэфэзэщщ.
6Бзаджэм и псалъэр – щыхупӀэ нэфщ,
захуащӀэм и жыӀэрщ абы укъыщхьэщызышыр.
7ЦӀыху бзаджащӀэхэр кӀуэдынущ лъэужьыншэу,
захуащӀэ унэр игъащӀэкӀэ щытынущ.
8Щытхъу-щӀыхьыр цӀыхум къызэрихьыр и
Ӏущыгъэщ,
нэмыплъ иратыр зи гупсысэр пхэнжым.
9ЩӀакхъуэ тыкъыр уи Ӏэгу имылъу цӀыхухэм
убейуэ закъыфӀэбгъэщӀ нэхърэ
лӀыщӀэ къыпхуэщтэу#12:9 Е «ущхьэхуэлажьэу». цӀыху къызэрыгуэкӀыу
ущытмэ нэхъыфӀщ.
10ЦӀыху захуащӀэм зи бзэ мыпсалъэ Ӏэщми
гущӀэгъу хуещӀ,
бзаджащӀэм и гущӀэгъум хэлъкъым щабагъэ
зи цӀэ.
11Къыхуихуэнкъым мэжэщӀалӀагъэр зи щӀы Ӏыхьэ
зылэжьыжым,
гугъэ нэпцӀхэм кӀэлъыпхъэрхэр
акъылыншэщ.
12БзаджащӀэр езым хуэдэхэм ящогугъ,
захуащӀэм Ӏуэхуфэу ищӀэхэр къохъулӀэ#12:12 Пасэрей журтыбзэкӀэ тха Ӏэрытхым къыщыкӀуэ псалъэхэм къарыкӀыр гурыӀуэгъуэ дыдэкъым, зэрызэдзэкӀами къигъэлъагъуэр иӀэнкӀэ хъуну мыхьэнэхэм языхэзырщ..
13БзаджащӀэр псалъэпцӀу ӀэщӀэкӀам траубыдэж,
а тхьэмыщкӀагъэм цӀыху захуащӀэм
зыхуищӀынщ пэӀэщӀэ.
14Хъер зыпылъ псалъэу цӀыхум жиӀами
ӀущӀэжынщ,
и ӀэдакъэщӀэкӀ и шхыгъуи ихуэжынщ.
15Акъыл зимыӀэм, сыт имыщӀами, гъуэгу захуэ
тет къыфӀощӀ,
цӀыху Ӏущыр сыт щыгъуи чэнджэщ щӀэдэӀу
зэпытщ.
16Акъылыншэр губжьым псынщӀэу къызэщӀеӀэтэ,
губзыгъэр щхьэкӀуэу кърапэсым блокӀ.
17Щыхьэт захуэм пэжыр щӀимыуфэу иӀуэтэжынщ,
хэбгъуэтэнкъым зы пэжыгъи щыхьэт нэпцӀ и
псалъэ.
18Зи бзэ хуэмысакъым и псалъэ жыӀэпхъаджэщ –
укъеуӀэ,
цӀыху Ӏущ и псалъэр Ӏэзэгъуэ зыхэлъ
хущхъуэм хуэдэщ.
19Псалъэ пэжым кӀуэд иӀэнукъым игъащӀэм,
псалъэпцӀым напӀэзыпӀэщ и уахътыр.
20БзаджэщӀэплъхэм пцӀыщ щагъафӀэр гущӀэм,
гуфӀэгъуэщ мамырщӀэкъухэм къапэщылъыр.
21ЗахуащӀэм кърикӀуэнкъым и щхьэ
тхьэмыщкӀагъэ,
гугъуехьхэмыкӀщ бзаджащӀэм къигъэщӀ
гъащӀэр.
22ХуищӀащ гущыкӀ псалъэпцӀым Тхьэуэ
Зиусхьэным,
зи псалъэ темыкӀыу тетхэм щыхуащ Абы
и нэфӀ.
23ЕпӀэщӀэкӀкъым цӀыху губзыгъэр и щӀэныгъэр
игъэӀуну,
акъылыншэр и делагъэм кърехьэкӀ.
24Гумызагъэм игъуэтынщ тетыгъуэ,
хуэмыхур иувэнщ пщылӀыпӀэ.
25Зыкъузыр цӀыхум и гур гузэвэгъуэрщ,
гунэдж къезытыр псалъэ гуапэрщ.
26ЗахуащӀэхэр цӀыхум яхуохъу гъуэгугъуазэ#12:26 Пасэрей журтыбзэкӀэ тха Ӏэрытхым къыщыкӀуэ псалъэхэм къарыкӀыр гурыӀуэгъуэ дыдэкъым, зэрызэдзэкӀами къигъэлъагъуэр иӀэнкӀэ хъуну мыхьэнэхэм языхэзырщ.,
бзаджащӀэхэр гъуэгугъэщхьэрыуэщ.
27Щхьэхынагъым зэщӀиӀулӀам къиущэкӀуари
ипшэрыхьынкъым # 12:27 Е «зыри къыхуэущэкӀункъым».,
ӀуэхукӀэ гумызагъэм игъуэтынщ тыгъэфӀ#12:27 Е «гумызагъэм и мылъкум хуещӀыр пщӀэ», е «цӀыху гумызагъэр фӀыгъуэ лъапӀэщ»..
28Захуагъэм и гъуэгу ирикӀуэхэм къапэплъэр
гъащӀэщ,
ар гъуэгупэфӀщ, абдеж щызэхэзекӀуэм ажал
жыхуаӀэр ицӀыхункъым#12:28 Е «нэгъуэщӀ гъуэгум ажалщ узыхуишэнур». Пасэрей журтыбзэкӀэ тха Ӏэрытхым къыщыкӀуэ псалъэхэм къарыкӀыр гурыӀуэгъуэ дыдэкъым, зэрызэдзэкӀами къигъэлъагъуэр иӀэнкӀэ хъуну мыхьэнэхэм языхэзырщ..
Currently Selected:
Гъэсэпэтхыдэхэр 12: АдгФЛ
Highlight
Share
Copy
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Институт перевода Библии, 2009, 2018, 2021