YouVersion Logo
Search Icon

Гъэсэпэтхыдэхэр 13

13
ЕПЩЫКӀУЩАНЭ ӀЫХЬЭ
1ЩӀодэӀу къуэ Ӏущыр адэм и ущие,
зэхихкъым щӀэнэкӀалэм гиер.
2Псалъэ купщӀафӀэу жиӀам и хъер цӀыхур
ӀуощӀэжыр,
гъэпцӀакӀуэхэм хъуэпсапӀэу яӀэр
залымыгъэщ.
3Зи бзэ быдэр и псэм и къэрэгъул бжыхьщ,
зи бзэр тӀасхъэм – зегъэунэхъуж.
4Хуэмыху мэпабгъэри, хокӀыж,
къыдохъу цӀыху гумызагъэм и гухэлъхэр
псори.
5И жагъуэщ псалъэ пцӀыӀуэпцӀышэр цӀыху
захуащӀэм,
бзаджащӀэхэм я щэн-зекӀуэкӀэр укӀытэгъуэщ,
напэтехщ.
6Зигу къабзэ цӀыхур захуагъэщ къэзыхъумэр,
гуэныхьыщӀэр зытекӀуадэр и бзаджэщӀагъэщ.
7Зым бейуэ зегъэлъагъуэ, ӀэнэщӀ ӀэщӀ джафэ
пэтми,
зым тхьэмыщкӀафэ зытрегъауэ, къелыжу
мылъкум хэсрэ пэт.
8Хуэхъунщ щхьэщэхужыпщӀэ бейм и мылъкур,
тхьэмыщкӀэм къуэлъкъым щӀэшынэн гуэри#13:8 Журт. «къызэрегиер зэхихкъым». Пасэрей журтыбзэкӀэ тха Ӏэрытхым къыщыкӀуэ псалъэхэм къарыкӀыр гурыӀуэгъуэ дыдэкъым, зэрызэдзэкӀами къигъэлъагъуэр иӀэнкӀэ хъуну мыхьэнэхэм языхэзырщ..
9ЗахуащӀэм и дунейр нурышхуэу къаблэм хуэдэщ,
бзаджащӀэм и гъащӀэр уэздыгъэпс нэхунэу
зэуэ ункӀыфӀынущ.
10Пагагъэм къишэр зэныкъуэкъущ,
чэнджэщ щӀэдэӀур Ӏущщ.
11Мылъку къуейщӀейр уэсэпсу мэкӀуэдыж,
мащӀэ-мащӀэурэ зэхуэзыхьэсым хуэбэгъуэнщ.
12ГугъапӀэ жыжьэм гур ехуз,
гухэлъ зэщӀахэр гъащӀэ жыгыу зэщӀогъагъэ.
13Ущием епэгэкӀыр зыхуохъуж зэран,
унафэм пщӀэ хуэзыщӀыр ехъулӀащ.
14ЦӀыху Ӏущым и ущие псэхэлъхьэж псынэм
хуэдэщ,
ажалым и хъым ухуещӀ пэӀэщӀэ.
15Зи акъылыр тӀыса цӀыхум узыӀэпешэ,
гъуэгуейщ зытетыр цӀыху гъэпцӀакӀуэр#13:15 Пасэрей журтыбзэкӀэ тха Ӏэрытхым къыщыкӀуэ псалъэхэм къарыкӀыр гурыӀуэгъуэ дыдэкъым, зэрызэдзэкӀами къигъэлъагъуэр иӀэнкӀэ хъуну мыхьэнэхэм языхэзырщ..
16Губзыгъэр щӀэныгъэм тетурэ мэзекӀуэ,
акъыл зимыӀэм игъэлъагъуэр и делагъэщ.
17ЛӀыкӀуэ бзаджэм бэлыхьлажьаем зыхедзэж,
лӀыкӀуэ пэжым хъыбару къихьым хэлъщ
Ӏэзэгъуэ.
18Зи щӀыб ущием хуэзыгъазэм къыпэплъэр
тхьэмыщкӀагъэщ, напэтехщ,
гие псалъэм щӀэдэӀум игъуэтынущ пщӀэ.
19Гухэлъ зэщӀам гур егъэушэ,
акъылыншэм ем и щӀыб хуигъэзэныр и
жагъуэщ.
20Хъунщ Ӏущ – Ӏущхэр зи пэшэгъур,
бэлыхь хэхуэнщ акъылыншэм гъуэгуэгъу
хуэхъур.
21ГуэныхьыщӀэм насыпыншагъэр итщ и ужь
имыкӀыу,
захуащӀэм ехъулӀэныгъэр и хъуэхъупэ тынщ.
22ЦӀыхуфӀыр и бын я быныжхэм яхуогъэтӀылъэ,
захуащӀэхэрщ зыхузэтрахьэр гуэныхьыщӀэхэм
я мылъкур.
23КъытекӀынт тхьэмыщкӀэм и хьэсэ гъавэ бэвыр,
фӀамыгъэкӀуэдтэмэ ар абы захуагъэ
зыхэмылъ цӀыхухэм.
24Зи къуэ ткӀийуэ зыӀыгъ адэм иӀэщ лъагъуныгъэ,
тезыр телъхьэнкӀэ зиӀэм щысхь
лъагъумыхъуныгъэщ хуиӀэр быным.
25ЗахуащӀэр игъащӀэкӀэ шхынщӀэлӀэ хъункъым,
мыгъуэ-мылӀэу ихьынщ бзаджащӀэм гъащӀэр.

Highlight

Share

Copy

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in

Videos for Гъэсэпэтхыдэхэр 13