1
Гъэсэпэтхыдэхэр 13:20
ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ
Хъунщ Ӏущ – Ӏущхэр зи пэшэгъур, бэлыхь хэхуэнщ акъылыншэм гъуэгуэгъу хуэхъур.
Compare
Explore Гъэсэпэтхыдэхэр 13:20
2
Гъэсэпэтхыдэхэр 13:3
Зи бзэ быдэр и псэм и къэрэгъул бжыхьщ, зи бзэр тӀасхъэм – зегъэунэхъуж.
Explore Гъэсэпэтхыдэхэр 13:3
3
Гъэсэпэтхыдэхэр 13:24
Зи къуэ ткӀийуэ зыӀыгъ адэм иӀэщ лъагъуныгъэ, тезыр телъхьэнкӀэ зиӀэм щысхь лъагъумыхъуныгъэщ хуиӀэр быным.
Explore Гъэсэпэтхыдэхэр 13:24
4
Гъэсэпэтхыдэхэр 13:12
ГугъапӀэ жыжьэм гур ехуз, гухэлъ зэщӀахэр гъащӀэ жыгыу зэщӀогъагъэ.
Explore Гъэсэпэтхыдэхэр 13:12
5
Гъэсэпэтхыдэхэр 13:6
Зигу къабзэ цӀыхур захуагъэщ къэзыхъумэр, гуэныхьыщӀэр зытекӀуадэр и бзаджэщӀагъэщ.
Explore Гъэсэпэтхыдэхэр 13:6
6
Гъэсэпэтхыдэхэр 13:11
Мылъку къуейщӀейр уэсэпсу мэкӀуэдыж, мащӀэ-мащӀэурэ зэхуэзыхьэсым хуэбэгъуэнщ.
Explore Гъэсэпэтхыдэхэр 13:11
7
Гъэсэпэтхыдэхэр 13:10
Пагагъэм къишэр зэныкъуэкъущ, чэнджэщ щӀэдэӀур Ӏущщ.
Explore Гъэсэпэтхыдэхэр 13:10
8
Гъэсэпэтхыдэхэр 13:22
ЦӀыхуфӀыр и бын я быныжхэм яхуогъэтӀылъэ, захуащӀэхэрщ зыхузэтрахьэр гуэныхьыщӀэхэм я мылъкур.
Explore Гъэсэпэтхыдэхэр 13:22
9
Гъэсэпэтхыдэхэр 13:1
ЩӀодэӀу къуэ Ӏущыр адэм и ущие, зэхихкъым щӀэнэкӀалэм гиер.
Explore Гъэсэпэтхыдэхэр 13:1
10
Гъэсэпэтхыдэхэр 13:18
Зи щӀыб ущием хуэзыгъазэм къыпэплъэр тхьэмыщкӀагъэщ, напэтехщ, гие псалъэм щӀэдэӀум игъуэтынущ пщӀэ.
Explore Гъэсэпэтхыдэхэр 13:18
Home
Bible
Plans
Videos