YouVersion Logo
Search Icon

Марк 7

7
7-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Адэжьхэм къащӀэна хабзэхэр
(Маттэ 15:1-20)
1Фарисейхэри Ерусалим къикӀа торэт егъэджакӀуэ пашэхэм ящыщхэри Хьисэ деж къыщызэхуэсащ.
2Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщ гуэрхэр Ӏэ фӀейкӀэ, нэгъуэщӀу жыпӀэмэ я Ӏэхэр ямытхьэщӀэу, шхэуэ ялъэгъуащ абыхэм. 3Ар ягъэщӀэгъуащ, фарисейхэри адрей журт псори, я адэжьхэм къащӀэна хабзэмкӀэ, я Ӏэхэр ямытхьэщӀауэ шхэркъыми. 4Бэзэрым къикӀыжмэ, замыгъэкъэбзауэ шхэркъым. А хабзэм нэмыщӀ, я адэжьхэм къащӀэна хабзэ куэд зэрахьэ абыхэм, псалъэм папщӀэ, фалъэхэр, къубгъанхэр, лэгъупхэр ятхьэщӀыныр.
5Арати, фарисейхэмрэ торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ Хьисэ къеупщӀащ:
– Уэ уи гъуэгу ирикӀуэхэр, адэжьхэм къытхуагъэна хабзэхэм темыту, Ӏэ фӀейкӀэ сыт щӀэшхэр?
6Ешайа бегъымбарым фэ бзитӀщхьитӀхэм къыфтеухуауэ пэжыр жиӀэгъащ, – къаритащ жэуап Хьисэ. – Мыпхуэдэу итщ абы и тхылъым:#7:6-7 Ешайа бегъымбарым … и тхылъым – еплъ Ешайа бегъымбарым и тхылъым 29:13.
«Я жьэкӀэ сагъэлъапӀэ пэтми,
мы цӀыхухэр ягукӀэ спэжыжьэщ.
7Абыхэм цӀыхухэм Ӏуэхугъуэхэр ирагъащӀэурэ,
цӀыху хабзэр Тхьэм и унафэм
зэрыхуагъадэм щхьэкӀэ,
сэ сызэрагъэлъапӀэр пщӀэншэщ».
8Тхьэм и унафэр къэвгъэнауэ, цӀыхухэм къащӀэна хабзэхэм фытетщ.
9Фи адэжьхэм къащӀэна хабзэхэр вгъэзэщӀэн щхьэкӀэ, Тхьэм и унафэр лъэныкъуэ ивогъэз, – къыпищащ Хьисэ. 10– Мусэ бегъымбарым жиӀащ:#7:10 Мусэ бегъымбарым жиӀащ – еплъ 2 Мусэ 20:12; 21:17. «Уи адэмрэ уи анэмрэ пщӀэ яхуэщӀ», икӀи «Зи адэ е зи анэ ӀейкӀэ тепсэлъыхьыр ирелӀэ». 11Ауэ фэ жывоӀэ: «Зыгуэрым и адэм е и анэм: Сэ тыгъэу фэ фэстын слъэкӀыну щытар иджы къурмэн сщӀынущ, жиӀэмэ, (абы къикӀыр: Тхьэм щхьэкӀэ тыгъэ сщӀынущ), 12абы щыгъуэ а цӀыхум и адэм е и анэм зыри хуимыщӀэну хуитщ». 13Абы фытетурэ, фи адэжьхэм я хабзэу фи къуэхэм къахуэвгъанэхэмкӀэ Тхьэм и псалъэхэр лъэныкъуэ ивогъэз. Апхуэдэ Ӏэджи фощӀэ фэ.
14ЦӀыху гупышхуэр аргуэру къриджэри, Хьисэ яжриӀащ:
– Фэ псори фыкъызэдаӀуэ икӀи мы жысӀэр зыгурывгъаӀуэ. 15ЦӀыхур мыкъабзэ ищӀын зылъэкӀыр абы ишх ерыскъыракъым, атӀэ цӀыхум и гум къикӀырщ. 16ИридэӀуэну тхьэкӀумэ зиӀэр иредаӀуэ.
17Хьисэ цӀыхубэм хэкӀыжу, унэм щыщӀыхьэм, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр а ущие хъыбарым теухуауэ къеупщӀащ.
18– Фэри зыри къывгурымыӀуэу ара? – яжриӀащ Хьисэ. – ЦӀыхум ишх ерыскъым ар мыкъабзэ ищӀын зэрылъэмыкӀынур къывгурыӀуэркъэ? 19ЦӀыхум ишх ерыскъыр и гум ихьэркъым, и ныбэрщ зэрыхьэр, ар пкъым къыхокӀыж итӀанэ. (А псалъэхэмкӀэ Хьисэ дэтхэнэ ерыскъыри хьэлэлу къилъытащ.)
20– ЦӀыхур мыкъабзэ зыщӀыр и гум къикӀыращ, – къыпищащ Хьисэ. 21– Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыхум и кӀуэцӀымрэ и гумрэщ мыхэр къызэрыкӀыр: гупсысэ бзаджэхэр, зинэ щӀэныр, дыгъуэныр, цӀыху укӀыныр, 22нэпсеягъэр, бзаджагъэр, гъэпцӀагъэр, мыхъумыщӀэ псэукӀэр, фыгъуэныр, цӀыхухэм яхуэпсэлъэныр, пагагъэр, делагъэр. 23Мы бзаджагъэ псори гум и кӀуэцӀым къокӀри, цӀыхур мыкъабзэ ящӀ.
Сирофиникие хэкум щыщ цӀыхубзым иӀа фӀэщхъуныгъэр
(Маттэ 15:21-28)
24А щӀыпӀэм икӀри, Хьисэ къалэхэу Тиррэ Сидонрэ я Ӏэхэлъахэм кӀуащ итӀанэ. Унэ гуэрым щыщӀыхьэм, абдежым езыр зэрыщыӀэр зыми ищӀэну хуеятэкъым, арщхьэкӀэ ар бзыщӀа хъуакъым. 25Жин бзаджэм иӀыгъ пхъу зиӀэ цӀыхубз гуэрым Хьисэ абы зэрыщыӀэр зэрызэхихыу къакӀуэри, абы и лъабжьэм зыщӀидзащ. 26А цӀыхубзыр Сирофиникие хэкум щыщт, и бзэри алыджыбзэт.#7:26 алыджыбзэ – грекыбзэ. Ар Хьисэ къелъэӀуащ жин бзаджэр и пхъум хихужыну.
27– Сабийхэм зегъэгъэнщӀ япэщӀыкӀэ, – жриӀащ Хьисэ а цӀыхубзым. – Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сабийхэм щӀакхъуэр къаӀэщӀэпхыу, хьэхэм яхуэбдзыныр къезэгъыркъым.
28– Пэжщ, Зиусхьэн, – къыжриӀащ цӀыхубзым, – ауэ Ӏэнэ щӀагъым щӀэс хьэхэми яшх сабийхэм къаӀэщӀэхуа щӀакхъуэ щыкъуейхэр.
29– А псалъэр зэрыжыпӀам щхьэкӀэ жин бзаджэр уи пхъум хэкӀыжащ, – жиӀащ Хьисэ. – Уи унэ кӀуэж!
30ЦӀыхубзыр унэм кӀуэжри, жин бзаджэр хэкӀыжауэ, и пхъур пӀэм хэлъу ирихьэлӀэжащ.
ЛӀы дэгу, бзагуэ гуэр Хьисэ зэригъэхъужар
31Хьисэ къалэхэу Тиррэ Сидонрэ я Ӏэхэлъахэм къикӀщ, КъалипщӀ#7:31 КъалипщӀ – еплъ Маттэ 4:25. зи цӀэ хэкум къыкӀуэцӀрыкӀри, Галилей гуэлым къекӀуэлӀэжащ абы и ужькӀэ. 32ЛӀы дэгу, бзагуэ гуэр цӀыхухэм къыхуашэри, и Ӏэр абы трилъхьэну, Хьисэ къелъэӀуащ.
33Хьисэ а лӀыр цӀыхухэм яхишри, я закъуэ щыхъум, и Ӏэпхъуамбэхэр лӀым и тхьэкӀумэхэм ириӀущ, убжьытхэри, лӀым и бзэгум теӀэбащ. 34Уафэм дэплъейщ, куууэ хэщэтыкӀри, лӀым жриӀащ итӀанэ: «Еффатэ». (Еффатэм къикӀыр: «Уи тхьэкӀумэхэм зызэӀуахыжынущ».) 35ЛӀым и тхьэкӀумэхэм зэхах хъужащ а дакъикъэ дыдэм, и бзэри къиутӀыпщыжри, къабзэу псалъэу щӀидзэжащ.
36Хьисэ цӀыхухэм унафэ яхуищӀащ ар зыми хуамыӀуэтэжыну. Унафэ яхуищӀа пэтми, нэхъри нэхъыбэжу а хъыбарыр цӀыхухэм яхэз хъуащ. 37Къэхъуар хуабжьу ягъэщӀэгъуауэ, цӀыхухэм жаӀэрт:
– Псори къохъулӀэ. Дэгухэм зэхахыу егъэхъуж, бзагуэхэри къегъэпсэлъэж.

Currently Selected:

Марк 7: KbdNTGP2017

Highlight

Share

Copy

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in