Марк 8
8
8-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Хьисэ цӀыху миниплӀ зэригъэшхар
(Маттэ 15:32-39)
1ЦӀыху куэд аргуэру къызэхуэсащ а махуэхэм. Абыхэм яшхын яӀэтэкъыми, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр къриджэри, яжриӀащ:
2Мы цӀыхубэм сигу ящӀогъу; махуищ мэхъу зэрызигъусэри, дзэкъэгъуэ яӀухуакъым. 3МэжалӀэу сутӀыпщыжмэ, гъуэгум текӀуэдэнущ, жыжьэ къикӀахэри яхэтщи.
4Абыхэм яхурикъун щӀакхъуэ мы губгъуэ нэщӀым дэнэ щыбгъуэтын? – къыжраӀащ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм.
5ЩӀакхъуэ дапщэ фиӀэр? – еупщӀащ Хьисэ абыхэм.
– ЩӀакхъуибл диӀэщ, – къыжраӀащ абыхэм.
6Ар щыжаӀэм, Хьисэ цӀыху гупышхуэм унафэ яхуищӀащ етӀысэхыну. ЩӀакхъуиблыр къищтэри, Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀащ. ЩӀакхъуэхэр зэгуищӀыкӀри, цӀыхухэм хуагуэшыну и гъуэгу ирикӀуэхэм яритащ итӀанэ. Апхуэдэуи ящӀащ. 7Бдзэжьей тӀэкӀуи яӀэт. Абыхэм щхьэкӀи Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀри, цӀыхухэм хуагуэшыну и гъуэгу ирикӀуэхэм яжриӀащ. 8ЦӀыхухэр шхащ икӀи загъэнщӀащ. Къадэхуа щӀакхъуэ бзыгъэхэр зэхуахьэсыжри, матиблым ярызу хъуащ. 9Шхахэр цӀыху миниплӀ хуэдиз хъурт. Хьисэ цӀыхухэр иутӀыпщыжащ итӀанэ. 10ЦӀыхухэр иутӀыпщыжа нэужь, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр и гъусэу кхъуафэжьейм итӀысхьэри, Далмануфэ жылэм и Ӏэхэлъахэм кӀуащ.
Уафэм нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэ гуэр къахуригъэхыну фарисейхэр Хьисэ къызэрелъэӀуар
(Маттэ 16:1-4; Лука 11:29-32)
11Хьисэ деж къакӀуэри, къедауэу щӀадзащ фарисейхэм. Ягъэунэхун мурадкӀэ нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэ гуэр уафэм къахуригъэхыну щӀэлъэӀуащ ахэр. 12Хьисэ хьэлъэу хэщэтыкӀри, жиӀащ:
– Иджырей цӀыхухэр нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэ хуей щӀэхъуар сыт? Пэжыр нывжызоӀэ, Тхьэм иджырей цӀыхухэм нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэ къаритынукъым.
13Ахэр къигъанэщ, кхъуафэжьейм итӀысхьэжри, Хьисэ гуэлым зэпрыкӀыжащ абы и ужькӀэ.
Фарисейхэмрэ Ирод пащтыхьымрэ я пщагъэр
(Маттэ 16:5-12)
14Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм яхурикъун щӀакхъуэ къыздащтатэкъым, ящыгъупщэри. Кхъуафэжьейм илъыр зы щӀакхъуэт, афӀэкӀа къыздащтатэкъым. 15Хьисэ абыхэм быдэу яжриӀащ:
– Фысакъ! Фарисейхэм я пщагъэмрэ Ирод пащтыхьым и пщагъэмрэ защыфхъумэ.
16– ЩӀакхъуэ диӀэкъыми, аращ абы апхуэдэу щӀыжиӀэр, – жаӀэурэ, тепсэлъыхьырт Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр а Ӏуэхум.
17Абыхэм жаӀэм гу лъитати, Хьисэ яжриӀащ:
– ЩӀакхъуэ зэрывимыӀэм фыщӀытепсэлъыхьыр сыт? Зыри зэхэвмыщӀыкӀыу икӀи къывгурымыӀуэу ара иджыри? Апхуэдизу щхьэ фыерыщ? 18Нэ фиӀэрэ пэт, фымылъагъуу ара? ТхьэкӀумэ фиӀэрэ пэт, зэхэвмыхыу ара? 19ФщӀэжыркъэ, щӀакхъуитхур цӀыху минитхум щахузэгуэсщӀыкӀам, щӀакхъуэ бзыгъэхэр ярызу матэ дапщэ зэхуэфхьэсыжари?
– Матэ пщыкӀутӀ, – къыжраӀащ абыхэм.
20– ЩӀакхъуиблри цӀыху миниплӀым щахузэгуэсщӀыкӀам, щӀакхъуэ бзыгъэхэр ярызу матэ дапщэ зэхуэфхьэсыжар?
– Матибл, – къыжраӀащ абыхэм.
21– Зыри къывгурымыӀуэу ара иджыри? – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.
Вифсайдэ жылэм щыщ лӀы нэф гуэр Хьисэ зэригъэхъужар
22Хьисэрэ абы и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ Вифсайдэ жылэм кӀуащ абы и ужкӀэ. ЦӀыхухэм лӀы нэф гуэр къыхуашэри, абы теӀэбэну Хьисэ елъэӀуащ. 23Хьисэ нэфым и Ӏэр иубыдри, жылэм дишащ. Нэфым и нэхэм щӀэубжьытхэщ, и Ӏэхэр трилъхьэри, абы еупщӀащ Хьисэ:
– Зыгуэр плъагъурэ?
24Нэфым и щхьэр къиӀэтри, жиӀащ:
– ЦӀыхухэр зекӀуэу солъагъу. Ахэр жыгхэм ещхьщ.
25Хьисэ и Ӏэхэр нэфым и нэхэм трилъхьащ аргуэру. Арати, лӀым и нэр къэплъэжащ, Ар хъужри, псори ӀупщӀу илъагъу хъужащ. 26Хьисэ а лӀым жриӀащ итӀанэ:
– Жылэм удэмыхьэж икӀи зыми зыри хуумыӀуэтэж.
ИтӀанэ и унэм кӀуэжыну иутӀыпщыжащ ар Хьисэ.
«Уэращ Мэссихьыр», жиӀэу Петр Хьисэ зэрыжриӀар
(Маттэ 16:13-20; Лука 9:18-21)
27Хьисэрэ и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ Кесарфилиппие къалэм#8:27 Кесарфилиппие къалэр – Галилей гуэлым километр 40-кӀэ пэжыжьэу ищхъэрэ лъэныкъуэмкӀэ итащ. и Ӏэхэлъахэм щыӀэ жылэхэмкӀэ яунэтӀащ. ЗдэкӀуэм, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм еупщӀащ:
– ЦӀыхухэм сэ сыхэту жаӀэрэ?
28– ЦӀыхухэр зыумэхъ у-Иуану жаӀэ языныкъуэхэм, – къыжраӀащ абыхэм. – У-Иляс бегъымбару#8:28 Иляс бегъымбарыр – еплъ Маттэ 16:14. жаӀэ нэгъуэщӀхэми. Бегъымбархэм уащыщ гуэру жызыӀи щыӀэщ.
29– АтӀэ фэ сэ сыхэту жыфӀэрэ? – еупщӀащ Хьисэ абыхэм.
– Уэращ Мэссихьыр,#8:29 Мэссихь – еплъ Маттэ 1:17. – къыжриӀащ Петр Хьисэ.
30Ар зыми хуамыӀуэтэжыну Хьисэ абыхэм быдэу яжриӀащ.
ЗэраукӀынури лӀахэм къазэрыхэтэджыкӀыжынури Хьисэ къызэрыжиӀар
(Маттэ 16:21-28; Лука 9:22-27)
31Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм мыпхуэдэу яригъащӀэу щӀидзащ:
– ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм#8:31 ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр – еплъ Маттэ 8:20. гугъуехь куэд ишэчын хуейщ. Нэхъыжьхэми, дин пашэшхуэхэми, торэт егъэджакӀуэ пашэхэми ар зыхахун икӀи яукӀын хуейщ, ауэ яукӀа нэужь, махуищ дэкӀмэ, ар лӀахэм къахэтэджыкӀыжын хуейщ.
32ЩӀэхъумэ лъэпкъ хэмылъу ар яхуиӀуэтащ Хьисэ. Хьисэ лъэныкъуэкӀэ Ӏуишри, абы жиӀар хуимыдэу щӀидзащ Петр. 33Хьисэ зыкъригъэзэкӀри, и гъуэгу ирикӀуэхэм яхэплъэурэ, Петр егиящ:
– ЗбгъэдэкӀ, шейтӀан. Уэ уи гупсысэкӀэр Тхьэм и гупсысэкӀэу щыткъым, атӀэ цӀыхум и гупсысэкӀэщ.
34Хьисэ цӀыху гупышхуэмрэ и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ къриджэри, яжриӀащ итӀанэ:
– Си ужь зыгуэр къиувэну хуеймэ, езыр зыхуей Ӏуэхугъуэхэр кърегъанэ, лӀэныгъэм и жор кърещти, си ужь къреувэ; 35сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зи псэр къезыгъэлыну хуей дэтхэнэми и псэр фӀэкӀуэдынущ, ауэ сэр щхьэкӀи хъыбарыфӀым#8:35 хъыбарыфӀыр – еплъ Маттэ 1:1. щхьэкӀи зи псэр зыфӀэкӀуэд дэтхэнэми и псэр къригъэлынущ. 36Дуней псор зы цӀыхум ей хъууэ, езыр кӀуэдмэ, а цӀыхум фӀыуэ къыхуэхэкӀынур сыт? 37ЦӀыхум и псэм щхьэкӀэ уасэу итыфынур сыт? 38Иджырей цӀыхуу Тхьэр зымыщӀэу гуэныхь зыщӀэхэм ящыщу сэрэ си псалъэхэмрэ къыттеукӀытыхь дэтхэнэми сэ, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр, абы сытеукӀытыхьыжынущ. МелыӀыч лъапӀэхэр си гъусэу, си Адэм и щӀыхьышхуэм хуэдэ щӀыхьышхуэ сиӀэу сыкъыщыкӀуэжкӀэ, сытеукӀытыхьыжынущ абы.
Currently Selected:
Марк 8: KbdNTGP2017
Highlight
Share
Copy
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017