Марк 9
9
9-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
1– Пэжыр нывжызоӀэ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм, – Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр#9:1 Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр – еплъ 1:15. лъэкӀыныгъэшхуэкӀэ къэкӀуауэ ялъагъуху, лӀэныгъэр зылъэмыӀэсын яхэтщ мыбдежым щыт цӀыхухэм.
Хьисэ и теплъэм зэрызихъуэжар
(Маттэ 17:1-13; Лука 9:28-36)
2Махуих дэкӀа нэужь, Хьисэ Петр, Екъуб, Иуан сымэ зыщӀигъури, бгы лъагэм щхьэхуэу дишащ. Абыхэм я пащхьэм Хьисэ и теплъэм зыщихъуэжащ абдежым. 3Дунейм тет жьыщӀакӀуэм щыгъынхэр ижьыщӀурэ хужь зэрыхъум нэхърэ нэхъ хужь хъуащ Хьисэ и щыгъынхэр. 4Бегъымбархэу Илясрэ Мусэрэ абыхэм къахуэлъэгъуэри, Хьисэ къепсэлъащ.
5Равви, мыбдежым дызэрыщыӀэр фӀыщ, – къыжриӀащ Петр Хьисэ. – Шэтырищ дгъэувынщ, зыр уэр щхьэкӀэ, зыр Мусэ щхьэкӀэ, ещанэр Иляс щхьэкӀэ.
6Петр жиӀэнур ищӀэртэкъым, ахэр шынагъуэм зэщӀиубыдати.
7Зы пшэ Ӏэрамэ къакӀуэри, абыхэм къащхьэщыхьащ абы и ужькӀэ. А пшэм зы макъ къыхэӀукӀащ:
– Мыращ сэ фӀыуэ слъагъу си Къуэ щӀасэр. Абы жиӀэм федаӀуэ.#9:7 Мыращ сэ фӀыуэ слъагъу си Къуэ щӀасэр. Абы жиӀэм федаӀуэ – еплъ Уэрэд ЛъапӀэхэм (Сабур) 2:7; 1 Мусэ 22:2 икӀи 5 Мусэ 18:15.
8Щыщаплъыхьым, напӀэзыпӀэм Хьисэ фӀэкӀ, нэгъуэщӀ зыри ялъагъуакъым абыхэм.
9Бгым къыщехыжым, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр лӀахэм къахэтэджыкӀыжыху, ялъэгъуар зыми хуамыӀуэтэжыну Хьисэ абыхэм унафэ яхуищӀащ. 10А псалъэхэр я гум къинащ икӀи «ЛӀахэм къахэтэджыкӀыжыху жыхуиӀам къригъэкӀар сыту пӀэрэ Хьисэ?» жаӀэурэ зэупщӀыжащ ахэр.
11– Торэт егъэджакӀуэ пашэхэм «Иляс бегъымбарыр япэщӀыкӀэ къэкӀуэн хуейщ», щӀыжаӀэр сыт? – къеупщӀащ ахэр Хьисэ.
12– Пэжщ, Иляс бегъымбарыр япэщӀыкӀэ къэкӀуэнурэ, Ӏуэху псори захуагъам тету зэтригъэувэжын хуейщ, – яжриӀащ Хьисэ, – ауэ Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм гугъуехь куэд ишэчын икӀи ар цӀыхухэм зыхахун хуейщ. 13Сэ нывжызоӀэ, Иляс къэкӀуакӀэщ,#9:13 Иляс къэкӀуакӀэщ – Хьисэ жыхуиӀар умэхъакӀуэ Иуаныр (Яхьяр) арщ. Иуаныр Мэссихь и гъуэгур хуигъэпсыну Тхьэм къызэригъэгугъа Иляс бегъымбарыр арщ. Еплъ Маттэ 16:14. Ӏейуэ иращӀэну зыхуеяр иращӀащ, Тхьэм и псалъэ тхахэм абы теухуауэ зэрыхэтым хуэдэу.
Жин бзаджэм иӀыгъ щӀалэ гуэр Хьисэ зэригъэхъужар
(Маттэ 17:14-20; Лука 9:37-43а)
14Хьисэрэ абы и гъусищымрэ и гъуэгу ирикӀуэ адрейхэм я деж къыщагъэзэжым, цӀыху гупышхуэм къаувыхьауэ, торэт егъэджакӀуэ пашэ гуэрхэр абыхэм къедауэу ялъэгъуащ. 15Хьисэ къызэралъагъуу, цӀыху псоми ягъэщӀэгъуащ икӀи къыбгъэдэлъадэри, фӀэхъус кърахащ.
16– Абыхэм фащӀедауэр сыт? – еупщӀащ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм.
17ЦӀыху гупышхуэм хэт гуэр къахэпсэлъыкӀри, къыжриӀащ:
– Дин егъэджакӀуэ, сэ си щӀалэр бзагуэ зыщӀа жин бзаджэм иӀыгъти, къыпхуэсшащ. 18Жин бзаджэр щӀалэм къыхыхьэху, абы щӀым зыхрегъадзэ. Тхъурымбэ къыжьэдэхуу, и дзэхэри зэригъэшхыу зэщӀокӀэзызэ. Уи гъуэгу ирикӀуэхэм селъэӀуащ жин бзаджэр щӀалэм къыхахуну, ауэ яхузэфӀэкӀакъым.
19– Еууей, фӀэщхъуныгъэ зимыӀэ иджырей цӀыхухэ! – яжриӀащ Хьисэ. – Сыт хуэдизрэ сыфхэтын хуей? Сыт хуэдизрэ фысшэчын хуей? Къысхуэфшэ а щӀалэр.
20ЩӀалэр Хьисэ къыхуашащ. Жин бзаджэм, Хьисэ зэрилъагъуу, щӀалэр къигъэкӀэзызащ. Тхъурымбэр къыжьэдэхуу щӀым къытеджалэри, укӀуриящ щӀалэр.
21– Сыт лъандэрэ щыт мыр мыпхуэдэу? – еупщӀащ Хьисэ щӀалэм и адэм.
– ЗэрыцӀыкӀу лъандэрэ, – жиӀащ щӀалэм и адэм. 22– Жин бзаджэм ар игъэкӀуэдын щхьэкӀэ, мафӀэми псыми куэдрэ хедзэ. Зыгуэр пхузэфӀэкӀынумэ, гущӀэгъу къытхуэщӀи, къыддэӀэпыкъу.
23– «Зыгуэр пхузэфӀэкӀынумэ», жыбоӀэ-тӀэ, – жриӀащ Хьисэ а лӀым. – ФӀэщхъуныгъэ зиӀэм хузэфӀэмыкӀын Ӏуэху зыри щыӀэкъым.
24ЩӀалэм и адэм макъышхуэкӀэ жиӀащ асыхьэтым:
– Си фӀэщ мэхъу. Си фӀэщмыхъуныгъэм сытекӀуэну къыздэӀэпыкъу.
25ЦӀыху гупышхуэ къызэхуэсу щилъагъум, Хьисэ жин бзаджэм егийри, жриӀащ:
– Уэ, цӀыхухэр бзагуэ икӀи дэгу зыщӀ жин бзаджэ, унафэ ныпхузощӀ, мы щӀалэм хэкӀыжи, зэи ухэмыхьэж.
26Жин бзаджэр ину къэкӀийщ, щӀалэр хуабжьу игъэкӀэзызри, абы хэкӀыжащ. ЩӀалэр хьэдэм хуэдэ хъуати, цӀыхухэм ящыщ куэдым «Ар лӀащ», жаӀэрт. 27Ауэ Хьисэ щӀалэм и Ӏэр иубыдащ, и лъэр къыщӀэувэжри, щӀалэр къэтэджыжащ.
28Хьисэ унэ гуэрым щыщӀыхьэм, и гъуэгу ирикӀуэхэр я закъуэу къэнати, къеущӀащ абы и ужькӀэ:
– Жин бзаджэр хэтхун дэ щхьэ тхузэфӀэмыкӀарэ?
29– Мыпхуэдэ лӀэужьыгъуэр Тхьэм узэрелъэӀумрэ узэрынэщӀымрэкӀэ фӀэкӀ, нэгъуэщӀкӀэ цӀыхум хэпхуфынукъым.
ЗэраукӀынури лӀахэм къазэрыхэтэджыкӀыжынури Хьисэ етӀуанэу къызэрыжиӀар
(Маттэ 17:22-23; Лука 9:43-45)
30Хьисэрэ абы и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ а щӀыпӀэм икӀыжри, Галилей хэкум кӀуэцӀрыкӀащ. Ахэр здэщыӀэр зыми къищӀэну Хьисэ хуейтэкъым, 31и гъуэгу ирикӀуэхэм Ӏуэхугъуэхэр яригъащӀэрти. Мыпхуэдэу яжриӀащ абыхэм:
– ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр цӀыхухэм яӀэщӀыхьэнурэ, абыхэм ар яукӀынущ, ауэ яукӀа нэужь, махуищ дэкӀауэ, ар лӀахэм къахэтэджыкӀыжынущ.
32Абы и гъуэгу ирикӀуэхэм а псалъэхэр къагурыӀуакъым, аргуэру къеупщӀыжынуи шынащ.
Нэхъ ин дыдэр хэт?
(Маттэ 18:1-5; Лука 9:46-48)
33Хьисэ Капернаум къалэм къэкӀуэжащ. Унэм щӀыхьэжа нэужь, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм еупщӀащ:
– Гъуэгум фыщытетым, сыт фэ фызытепсэлъыхьар?
34Абыхэм зыри жаӀакъым, гъуэгу щытетым, «Дэ тщыщу хэт нэхъ ин дыдэр?» жаӀэурэ ахэр зэдэуати. 35Хьисэ тӀысщ, и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀыр къриджэри, яжриӀащ:
– Зыгуэр я пэ итыну хуеймэ, ар я ужь дыдэ итын икӀи псоми ӀуэхутхьэбзащӀэ яхуэхъун хуейщ.
36ЩӀалэ цӀыкӀу гуэрым и Ӏэр иубыдщ, яку дигъэувэри, ӀэплӀэ иришэкӀыурэ яжриӀащ итӀанэ:
37– Мыпхуэдэ сабийр си цӀэкӀэ езыгъэблагъэ дэтхэнэми сэ сригъэблэгъауэ мэхъу; сэ сезыгъэблагъэ дэтхэнэми иригъэблагъэр си закъуэкъым, сыкъэзыгъэкӀуари иригъэблэгъауэ мэхъу.
Къыфпэмыувыр фи гъусэщ
(Лука 9:49-50)
38– Дин егъэджакӀуэ, лӀы гуэрым уэ уи цӀэкӀэ жин бзаджэхэр цӀыхухэм яхихуу тлъэгъуащ, – къыжриӀащ Иуан Хьисэ. – Ар дэ зэрытщымыщым щхьэкӀэ дгъэувыӀэну дыхэтащ.
39– ФымыгъэувыӀэ ар, – жиӀащ Хьисэ, – сэ си цӀэкӀэ Ӏуэху телъыджэ зыщӀэр и ужькӀэ ӀейкӀэ къысхуэпсэлъэн лъэкӀынукъыми. 40Фэ къыфпэмыувыр фи гъусэщ. 41Пэжыр нывжызоӀэ, Мэссихь и гъуэгу фызэрырикӀуэм щхьэкӀэ, хэту щытми, псы фалъэ фезыгъафэм и ӀыхьэфӀ фӀэкӀуэдынукъым.
Гуэныхь ящӀэну цӀыхухэр дезыгъэхьэх Ӏуэхухэр
(Маттэ 18:6-9; Лука 17:1-2)
42– Мы цӀыкӀухэм ящыщу сэркӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэм гуэныхь ищӀэну дезыгъэхьэх дэтхэнэми и пщэм щхьэл мывэ кӀэращӀэу, хым хадзатэмэ, абы дежкӀэ нэхъыфӀт. 43-44Уи Ӏэм гуэныхь пщӀэну удригъэхьэхмэ, пыупщӀыж. Уи ӀитӀыр уиӀэу, цӀыхул зышх хьэпщхупщ ажалыншэхэмрэ мафӀэ мыункӀыфӀыжымрэ#9:43-44 хьэпщхупщ ажалыншэхэмрэ мафӀэ мыункӀыфӀыжымрэ – еплъ Ешайа бегъымбарым и тхылъым 66:24. здэщыӀэ жыхьэнмэм укӀуэ нэхърэ, уӀэшэу мыкӀуэдыжын гъащӀэ бгъуэтыныр уэркӀэ нэхъыфӀщ. 45-46Апхуэдэ дыдэу, уи лъакъуэм гуэныхь пщӀэну удригъэхьэхмэ, пыупщӀыж. Уи лъакъуитӀыр уиӀэу, цӀыхул зышх хьэпщхупщ ажалыншэхэмрэ мафӀэ мыӀункӀыфӀыжымрэ здэщыӀэ жыхьэнмэм ухадзэ нэхърэ, улъашэу мыкӀуэдыжын гъащӀэ бгъуэтыныр уэркӀэ нэхъыфӀщ. 47-48Апхуэдэ дыдэу, уи нэми гуэныхь пщӀэну удригъэхьэхмэ, къитхъыж. Уи нитӀыр уиӀэу, цӀыхул зышх хьэпщхупщ ажалыншэхэмрэ мафӀэ мыункӀыфӀыжымрэ здэщыӀэ жыхьэнмэм ухадзэ нэхърэ, зы нэ лъэныкъуэм фӀэкӀа уимыӀэми, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм ущӀыхьэныр уэркӀэ нэхъыфӀщ. 49Дэтхэнэ цӀыхури мафӀэкӀэ шыуа хъунущ, икӀи дэтхэнэ къурмэныпхъэри шыгъукӀэ яшыунущ.
50– Шыгъур фӀыщ, атӀэ шыгъум и гуащӀэр хэкӀмэ, абы ар дауэ зэрыхэфлъхьэжынур? Шыгъум и гуащӀэр зивгъыӀэ, фызэгурыӀуэу фызэдэпсэу.
Currently Selected:
Марк 9: KbdNTGP2017
Highlight
Share
Copy
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017