YouVersion Logo
Search Icon

Марк 10

10
10-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Фыз игъэкӀыжыным теухуауэ
(Маттэ 19:1-12)
1А лъэныкъуэм икӀыжри, Иордан псым и адрыщӀым щыӀэ Иудей хэкум кӀуащ Хьисэ. ЦӀыху гупышхуэхэр абы и деж къыщызэхуэсащ аргуэру икӀи, зэрихабзэу, Хьисэ абыхэм Тхьэм и псалъэхэр яригъащӀэу щӀидзащ.
2Фарисей гуэрхэр къыбгъэдыхьэри, щагъэуэн мурадкӀэ Хьисэ къеупщӀащ:
– ЛӀым и фызыр хабзэкӀэ иригъэкӀыж хъуну?
3Мусэ бегъымбарым сыт унафэу къыфхуищӀар? – еупщӀащ Хьисэ абыхэм.
4ЛӀы гуэрым и фызыр зэрыригъэкӀыж тхылъ итхмэ, фызыр иригъэкӀыжыну Мусэ бегъымбарым хуит ищӀащ,#10:4 Мусэ бегъымбарым хуит ищӀащ – еплъ 5 Мусэ 24:1. – жаӀащ абыхэм.
5Мусэ бегъымбарым а унафэр къыфхуитхащ фызэрыерыщым щхьэкӀэ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм. 6– ЩӀэдзапӀэм деж Тхьэм дунейр щиухуэм, цӀыхухэр «цӀыхухъурэ цӀыхубзу къигъэщӀащ».#10:6 цӀыхухъурэ цӀыхубзу къигъэщӀащ – еплъ 1 Мусэ 1:27. 7«Абы къыхэкӀкӀэ,#10:7-8 Абы къыхэкӀкӀэ – еплъ 1 Мусэ 2:24. лӀыр и адэ-анэм яхэкӀынурэ, и фызым щӀыгъуу 8тӀури зыпкъ хъунущ». Аращи, ахэр зыпкъщ, пкъитӀ хъужыркъым. 9Апхуэдэу щыщыткӀэ, Тхьэм гъусэ зэхуищӀа цӀыхуитӀыр цӀыхум зэбгъэдигъэкӀыж хъунукъым.
10Унэм здыщӀэсым, и гъуэгу ирикӀуэхэр а ӀуэхумкӀэ аргуэру къеупщӀащ Хьисэ. 11Хьисэ яжриӀащ:
– Зи фыз изыгъэкӀыжу нэгъуэщӀ фыз къэзышэж дэтхэнэми япэрей фызымкӀэ зинэ ищӀауэ мэхъу. 12Фызри и лӀым бгъэдэкӀыжу нэгъуэщӀ лӀым дэкӀуэжмэ, абыи зинэ ищӀауэ мэхъу.
Хьисэрэ сабийхэмрэ
(Маттэ 19:13-15; Лука 18:15-17)
13ЦӀыхухэм я сабийхэр Хьисэ къыхуашэрт трагъэӀэбэну, Тхьэм и нэфӀ къащыхуэн щхьэкӀэ. Ауэ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ар цӀыхухэм хуадакъым. 14Ар щилъагъум, губгъэн хэлъу, Хьисэ абыхэм яжриӀащ:
– Сабийхэр си деж кърекӀуэ, фапэрымыуэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ахэр Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀэтщи. 15Пэжыр нывжызоӀэ, сабийм Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр къызэрищтэм хуэдэу къэзымыщтэ дэтхэнэри а тепщэныгъэшхуэм щӀыхьэнукъым.
16Сабийхэм ӀэплӀэ ярищэкӀым, и Ӏэхэр ятрилъхьэурэ, Тхьэм и нэфӀ къащыхуэну елъэӀурт Хьисэ.
ЛӀы бейр
(Маттэ 19:16-30; Лука 18:18-30)
17Хьисэ гъуэгум щытехьэжым, лӀы гуэр къыбгъэдэлъадэщ, абы и пащхьэм лъэгуажьэмыщхьэу къитӀысхьэри, къеупщӀащ:
– Дин егъэджакӀуэфӀ, мыкӀуэдыжын гъащӀэ ӀыхьэфӀ къыслъысын щхьэкӀэ, сыт сщӀэн хуейр?
18– ФӀыкӀэ сыт укъыщӀызэджэр? – жриӀащ Хьисэ а лӀым. – Тхьэм фӀэкӀа, зыри фӀы щыӀэкъым. 19Тхьэм и унафэхэр#10:19 Тхьэм и унафэхэр – еплъ 2 Мусэ 20:12-16 икӀи 3 Мусэ 19:18. уощӀэ: «ЦӀыху умыукӀ, зинэ умыщӀэ, умыдыгъуэ, нэгъуэщӀ цӀыхухэм пцӀы ятумылъхьэ, цӀыхухэм яӀэр гъэпцӀагъэкӀэ къатумых, уи адэмрэ уи анэмрэ пщӀэ яхуэщӀ».
20– Дин егъэджакӀуэ, – къыжриӀащ а лӀым Хьисэ, – а псори си щӀалэгъуэм къыщыщӀэдзауэ согъэзащӀэ.
21Ар щыжиӀэм, Хьисэ а лӀым еплъщ, игу ирихьри, жриӀащ:
– Зыщ уи щыщӀагъэр. КӀуэ, уиӀэ псори щэжи, ахъшэр тхьэмыщкӀэхэм яхуэгуэш. Уафэм мылъкушхуэ ущиӀэ хъунущ абы щыгъуэ. Жорыр къащтэ, къакӀуи, си ужь къиувэ итӀанэ.
22Хьисэ ар щыжиӀэм, лӀым и нэгур къызэхэуэри, игу хэщӀауэ ӀукӀыжащ, мылъкушхуэ иӀэти.
23Хьисэ зиплъыхьри, и гъуэгу ирикӀуэхэм яжриӀащ:
– Мылъкушхуэ зиӀэхэм я дежкӀэ Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀыхьэныр икъукӀэ гугъущ!
24Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм а псалъэхэр щызэхахым, хуабжьу ягъэщӀэгъуащ. Ауэ Хьисэ аргуэру яжриӀащ:
– Си ныбжьэгъухэ, мылъкум щыгугъхэм я дежкӀэ Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀыхьэныр куэду гугъущ! 25Бейр Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀыхьэн нэхърэ мастэнэм махъшэкӀэ икӀыныр нэхъ тыншщ.
26Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ари икъукӀэ ягъэщӀагъуэри, зэупщӀыжащ:
– Апхуэдэу щыщыткӀэ, мыкӀуэду зыкъригъэлын зыхузэфӀэкӀынур хэт?
27Абыхэм еплъри, Хьисэ жиӀащ:
– ЦӀыхухэм езыхэм мыкӀуэду зыкърагъэлын яхузэфӀэкӀыркъым, ар зыхузэфӀэкӀыр Тхьэращ; Тхьэм хузэфӀэмыкӀын Ӏуэху зыри щыӀэкъыми.
28– Мис, дэ диӀа псори къэдгъанэри, уэ уи ужь дыкъиуващ, – жриӀащ Петр Хьисэ.
29-30– Пэжыр нывжызоӀэ, – жиӀащ Хьисэ, – сэр щхьэкӀи хъыбырыфӀым#10:29-30 хъыбарыфӀыр – еплъ Маттэ 1:1. щхьэкӀи е и унэр, е и къуэшхэр, е и шыпхъухэр, е и адэр, е и анэр, е и фызыр, е и бынхэр, е и щӀапӀэри къэзыбгына дэтхэнэми иджы мы дунейм унэхэри, къуэшхэри, шыпхъухэри, анэхэри, бынхэри, щӀыгухэри хуэдищэу щигъуэтыжынущ икӀи а цӀыхум гугъуехь куэд ирагъэшэчынущ. Ахърэтми мыкӀуэдыжын гъащӀэ щиӀэ хъунущ. 31Ауэ япэ итхэм ящыщ куэд я ужь къинэнущ, я ужь итхэри япэ ищынущ.
ЗэраукӀынури лӀахэм къазэрыхэтэджыкӀыжынури Хьисэ ещанэу къызэрыжиӀар
(Маттэ 20:17-19; Лука 18:31-34)
32ЕрусалимкӀэ дэкӀуейуэ, гъуэгу щытетым, и гъуэгу ирикӀуэхэм я пэ иту кӀуэрт Хьисэ. ЯгъэщӀагъуэу, ягури къигузэвэкӀыу ахэр абы и ужь итт. Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀыр лъэныкъуэкӀэ аргуэру Ӏуишри, езым къыщыщӀынур яжриӀэу щӀидзащ.
33– Мис, дэ ЕрусалимкӀэ дыдокӀуей иджы, – жиӀащ абы. – ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр#10:33 ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр – еплъ Маттэ 8:20. дин пашэшхуэхэмрэ торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ щаӀэщӀыхьэнущ абы. Абыхэм укӀ къытралъхьэнущ икӀи хамэ лъэпкъхэм#10:33 хамэ лъэпкъхэр – мыбдежым абы къикӀыр рим тепщэныгъэ зиӀэхэр арщ. ӀэщӀалъхьэнущ ар. 34Ахэр абы къыщыдыхьэшхынущ, къеубжьытхынущ, щӀопщкӀэ къеуэнущ икӀи яукӀынущ. ЯукӀа нэужь, махуищ дэкӀауэ, ар лӀахэм къахэтэджыкӀыжынущ.
Екъубрэ Иуанрэ Хьисэ зэрелъэӀуа Ӏуэхугъуэр
(Маттэ 20:20-28)
35Зеведей и къуэхэу Екъубрэ Иуанрэ къыбгъэдыхьэри, Хьисэ къыжраӀащ:
– Дин егъэджакӀуэ, дэ дызэрынолъэӀунур къытхуэпщӀэну дыхуейщ.
36– Сыт фхуэсщӀэну фызыхуейр? – щӀэупщӀащ Хьисэ.
37– Уи щӀыхьышхуэр къыщыскӀэ, зыр уи ижьырабгъумкӀэ, адрейр уи сэмэгурабгъумкӀэ дытӀысыну хуит дыщӀ, – къыжраӀащ абыхэм.
38– Фэ фызыщӀэлъэӀур фщӀэркъым, – яжриӀащ Хьисэ. – Сэ сызэфэну гугъуехь фалъэм итым фэ фефэн флъэкӀыну, хьэмэ цӀыхухэм гугъуехькӀэ сызэраумэхъынум хуэдэу, фэ абыхэм зевгъэумэхъын флъэкӀыну?
39– ТлъэкӀынщ, – къыжраӀащ абыхэм.
– Сэ сызэфэну гугъуехь фалъэм итым фэри фефэнущ, – яжриӀащ Хьисэ. – ЦӀыхухэм сэ гугъуехькӀэ сызэраумэхъынум хуэдэу, фэри фаумэхъынущ. 40Ауэ си ижьырабгъумкӀэ е си сэмэгурабгъумкӀэ фытӀысыну хуит фысщӀын слъэкӀынукъым. А тӀысыпӀэхэр Тхьэм зыхуигъэхьэзыра цӀыхухэм яйщ.
41Адрей цӀыхуипщӀу Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ар щызэхахым, Екъубрэ Иуанрэ хуэгубжьащ. 42Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр къриджащ итӀанэ.
– Фэ фощӀэ, – яжриӀащ Хьисэ, – мы дунейм тепщэкӀэ щызэджэжхэр цӀыхухэм я пщэм зэрыдэсыр, пашэхэми цӀыхухэм тепщэныгъэ зэрыхуаӀэри фощӀэ. 43Ауэ апхуэдэ зэхущытыкӀэкъым фэ фяку дэлъын хуейр. Фэ фщыщ ин хъуну хуеймэ, ар ӀуэхутхьэбзащӀэ къыфхурехъу. 44Фэ фщыщ япэ итыну хуеймэ, ар псоми пщылӀ яхурехъу. 45Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр#10:45 ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр – еплъ Маттэ 8:20. къыщӀэкӀуар цӀыхухэм я сэбэп зригъэкӀын щхьэкӀэкъым, атӀэ езым и сэбэп цӀыхухэм яригъэкӀын икӀи цӀыху куэдым щхьэкӀэ и псэр щхьэщэхужу итын папщӀэщ.
Вартимей зи цӀэ нэфыр Хьисэ зэригъэхъужар
(Маттэ 20:29-34; Лука 18:35-43)
46Хьисэрэ и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ Ерихон къалэм кӀуащ. ЦӀыху гупышхуэ абыхэм я гъусэу къалэм щыдэкӀыжым Тимей и къуэ Вартимей зи цӀэ нэф гуэр факъырэӀус щӀэлъэӀуу гъуэгу напцӀэм тест. 47Назарет щыщ Хьисэ зэрыблэкӀыр щызэхихым, ар макъышхуэкӀэ къэджащ:
– Даут и Къуэ#10:47 Даут и Къуэр – еплъ Маттэ 9:27. Хьисэ, гущӀэгъу къысхуэщӀ!
48ЦӀыху куэдым ямыдэу, «Щыгъэт!» жраӀащ, арщхьэкӀэ ар нэхъ макъышхуэкӀэ къэджащ аргуэру:
– Даут и Къуэ, гущӀэгъу къысхуэщӀ!
49Хьисэ къэувыӀэри, жиӀащ:
– Моуэ къысхуевджэт ар.
– Умыдзыхэ, къэтэдж, езыр къоджэ, – жаӀэри нэфыр къраджащ. 50Нэфым и щыгъын щӀыӀутелъыр зыщидзщ, къыщылъэтри, Хьисэ къыбгъэдыхьащ.
51– Сыт пхуэсщӀэну узыхуейр? – еупщӀащ Хьисэ а лӀым.
– Равви, си нитӀыр къысхуэгъэплъэж, – къыжриӀащ нэфым.
52– КӀуэж, – жриӀащ Хьисэ. – Уи фӀэщхъуныгъэм уигъэхъужащ.
Нэфым и нэхэр асыхьэтым къэплъэжри, Хьисэ и ужь иту гъуэгум техьащ.

Currently Selected:

Марк 10: KbdNTGP2017

Highlight

Share

Copy

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in