1
Марк 10:45
ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр къыщӀэкӀуар цӀыхухэм я сэбэп зригъэкӀын щхьэкӀэкъым, атӀэ езым и сэбэп цӀыхухэм яригъэкӀын икӀи цӀыху куэдым щхьэкӀэ и псэр щхьэщэхужу итын папщӀэщ.
Compare
Explore Марк 10:45
2
Марк 10:27
Абыхэм еплъри, Хьисэ жиӀащ: – ЦӀыхухэм езыхэм мыкӀуэду зыкърагъэлын яхузэфӀэкӀыркъым, ар зыхузэфӀэкӀыр Тхьэращ; Тхьэм хузэфӀэмыкӀын Ӏуэху зыри щыӀэкъыми.
Explore Марк 10:27
3
Марк 10:52
– КӀуэж, – жриӀащ Хьисэ. – Уи фӀэщхъуныгъэм уигъэхъужащ. Нэфым и нэхэр асыхьэтым къэплъэжри, Хьисэ и ужь иту гъуэгум техьащ.
Explore Марк 10:52
4
Марк 10:9
Апхуэдэу щыщыткӀэ, Тхьэм гъусэ зэхуищӀа цӀыхуитӀыр цӀыхум зэбгъэдигъэкӀыж хъунукъым.
Explore Марк 10:9
5
Марк 10:21
Ар щыжиӀэм, Хьисэ а лӀым еплъщ, игу ирихьри, жриӀащ: – Зыщ уи щыщӀагъэр. КӀуэ, уиӀэ псори щэжи, ахъшэр тхьэмыщкӀэхэм яхуэгуэш. Уафэм мылъкушхуэ ущиӀэ хъунущ абы щыгъуэ. Жорыр къащтэ, къакӀуи, си ужь къиувэ итӀанэ.
Explore Марк 10:21
6
Марк 10:51
– Сыт пхуэсщӀэну узыхуейр? – еупщӀащ Хьисэ а лӀым. – Равви, си нитӀыр къысхуэгъэплъэж, – къыжриӀащ нэфым.
Explore Марк 10:51
7
Марк 10:43
Ауэ апхуэдэ зэхущытыкӀэкъым фэ фяку дэлъын хуейр. Фэ фщыщ ин хъуну хуеймэ, ар ӀуэхутхьэбзащӀэ къыфхурехъу.
Explore Марк 10:43
8
Марк 10:15
Пэжыр нывжызоӀэ, сабийм Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр къызэрищтэм хуэдэу къэзымыщтэ дэтхэнэри а тепщэныгъэшхуэм щӀыхьэнукъым.
Explore Марк 10:15
9
Марк 10:31
Ауэ япэ итхэм ящыщ куэд я ужь къинэнущ, я ужь итхэри япэ ищынущ.
Explore Марк 10:31
10
Марк 10:6-8
– ЩӀэдзапӀэм деж Тхьэм дунейр щиухуэм, цӀыхухэр «цӀыхухъурэ цӀыхубзу къигъэщӀащ». «Абы къыхэкӀкӀэ, лӀыр и адэ-анэм яхэкӀынурэ, и фызым щӀыгъуу тӀури зыпкъ хъунущ». Аращи, ахэр зыпкъщ, пкъитӀ хъужыркъым.
Explore Марк 10:6-8
Home
Bible
Plans
Videos