1
Марк 11:24
ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр
Абы къыхэкӀкӀэ вжызоӀэ, Тхьэм сыт ищӀыскӀи фыщелъэӀукӀэ, Тхьэм ар къызэрыфхуищӀэнумкӀэ фи гум фӀэщхъуныгъэ ивгъэлъи, къыфхуищӀэнущ.
Compare
Explore Марк 11:24
2
Марк 11:23
Пэжыр нывжызоӀэ, зыгуэрым и гум шэч къримыгъыхьэу, жиӀэр къэхъункӀэ фӀэщхъуныгъэ иӀэу, мы Ӏуащхьэм «ЗыкъэӀэти, хым зыхэдзэ!» жриӀэмэ, ар къехъулӀэнущ.
Explore Марк 11:23
3
Марк 11:25
Тхьэм фыщелъэӀукӀэ, фигу зыгуэрым ебгъамэ, хуэвгъэгъу, фи Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэм фэ мыхъумыщӀагъэу фщӀар къыфхуигъэгъун щхьэкӀэ.
Explore Марк 11:25
4
Марк 11:22
– ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ фи гум ивгъэлъ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.
Explore Марк 11:22
5
Марк 11:17
ЦӀыхухэм Ӏуэхугъуэхэр яригъащӀэурэ, мыпхуэдэу яжриӀащ: – Тхьэм къызэрыжиӀэр и псалъэ тхахэм хэткъэ: «Сэ си унэр лъэпкъ псоми тхьэлъэӀупӀэ яхуэхъунущ»? Ауэ фэ ар «хъунщӀакӀуэ тӀысыпӀэм» ещхь фщӀащ.
Explore Марк 11:17
6
Марк 11:9
Хьисэ и пэ иту кӀуэхэми, и ужь иту кӀуэхэми макъышхуэкӀэ жаӀащ: Хьусаннэ! Зиусхьэным и цӀэкӀэ къакӀуэм щӀыхьышхуэр ейщ!
Explore Марк 11:9
7
Марк 11:10
Ди адэшхуэу Даут и тепщэныгъэу къакӀуэм щӀыхьышхуэр ейщ! Хьусаннэ! Тхьэу Лъагэм щӀыхьышхуэр ейщ!
Explore Марк 11:10
Home
Bible
Plans
Videos