– Абыхэм ящыщу нэхъ ин дыдэр мыращ: «ФыкъэдаӀуэ, израил цӀыхухэр, Зиусхьэну ди Тхьэращ зи закъуэу Зиусхьэныр; уэ уигу псомкӀи, уи псэ псомкӀи, уи зэхэщӀыкӀ псомкӀи, уи къару псомкӀи Зиусхьэну уи Тхьэр фӀыуэ лъагъу». ЕтӀуанэ унафэр мыращ: «Уи щхьэр фӀыуэ зэрыплъагъум хуэдэу, уи гъунэгъури фӀыуэ лъагъу». Мы унафитӀым нэхърэ нэхъ унафэ ин щыӀэкъым.