YouVersion Logo
Search Icon

Марк 11

11
11-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
ЩӀыхьышхуэ иӀэу, Хьисэ Ерусалим зэрыдыхьар
(Маттэ 21:1-11; Лука 19:28-40; Иуан 12:12-19)
1Хьисэрэ и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ Ерусалим пэгъунэгъу хъуащ. Елеон Ӏуащхьэм и лъапэм тес жылэхэу Виффагиерэ Вифаниерэ щынэсым, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщу цӀыхуитӀ япэ иригъэщащ, 2мыпхуэдэу яжриӀэри:
– Фяпэ ит жылэм фыдыхьэ. Фызэрыдыхьэу, цӀыху зэи зытемытӀысхьа шыд шыщӀэ епхауэ фрихьэлӀэнущ. Ар къыкӀэрыфтӀэтыкӀи, къафшэ. 3«Сыт фщӀэр?» жиӀэу зыгуэрым къывжиӀэмэ, «Зиусхьэныр абы хуейщ», жефӀи, ар къэфшэну хуит фищӀынущ асыхьэту.
4Ахэр кӀуэри, куэбжэм епхауэ, шыд шыщӀэ уэрамым щрихьэлӀэри, къыкӀэратӀэтыкӀащ. 5Абдежым щытхэм ящыщ гуэрхэм жаӀащ:
– Сыт шыд шыщӀэр къыщӀыкӀэрыфтӀэтыкӀыр?
6Хьисэ зэрыжиӀам тету жэуап щратыжым, шыд шыщӀэр къашэну хуит ящӀащ. 7Шыд шыщӀэр Хьисэ деж къашэри, я щыгъынхэр тралъхьащ. Хьисэ шыд шыщӀэм шэсащ. 8ЦӀыху куэдым я щыгъынхэр Хьисэ гъуэгум хутраубгъуэрт, хадэхэм ит жыгхэм къудамэхэр къыпаупщӀурэ гъуэгум хутралъхьэрт нэгъуэщӀхэми. 9Хьисэ и пэ иту кӀуэхэми, и ужь иту кӀуэхэми макъышхуэкӀэ жаӀащ:
Хьусаннэ!#11:9 Хьусаннэ – щӀыхь псалъэщ. Зиусхьэным и цӀэкӀэ къакӀуэм
щӀыхьышхуэр ейщ!
10Ди адэшхуэу Даут и тепщэныгъэу къакӀуэм
щӀыхьышхуэр ейщ!
Хьусаннэ! Тхьэу Лъагэм щӀыхьышхуэр ейщ!#11:9-10 Еплъ Уэрэд ЛъапӀэхэм (Сабур) 117:25-26.
11Хьисэ Ерусалим дыхьэри, Тхьэм и унэшхуэм щӀыхьащ итӀанэ. Псори къызэпиплъыхьа нэужь, махуэр хэкӀуэтати, къалэм дэкӀри, и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀыр и гъусэу, Вифание жылэм кӀуащ.
Хьисэ ахъуо жыгым зэребгар
(Маттэ 21:18-19)
12ЕтӀуанэ махуэм ахэр Вифанием щыдэкӀыжым, Хьисэ къэмэжэлӀащ. 13ПщӀащэ зыпыт зы ахъуо жыг жыжьэу щилъагъум, пшхы хъун къыпыкӀамэ еплъыну кӀуащ. Жыгым щынэсым, тхьэмпэ фӀэкӀ зыри пигъуэтакъым, ахъуом и хъугъуэтэкъыми. 14Апхуэдэу щыхъум, Хьисэ жыгым жриӀащ:
– Нобэ щыщӀэдзауэ уэ къыппыкӀауэ зыри зыми игъащӀэкӀэ иремышх.
И гъуэгу ирикӀуэхэм ар зэхахащ.
Хьисэ сатуущӀэхэр Тхьэм и унэшхуэм къызэрыщӀихуар
(Маттэ 21:12-17; Лука 19:45-48; Иуан 2:13-22)
15Ерусалим нэсащ. Хьисэ Тхьэм и унэшхуэм щӀыхьэри, сатуущӀэхэри щэхуакӀуэхэри къыщӀихуу щӀидзащ. Ахъшэ зыхъуэжхэм я Ӏэнэхэмрэ тхьэрыкъуэ зыщэхэм я шэнтхэмрэ щхьэпридзащ. 16Тхьэм и унэшхуэм хьэпшып гуэри зыми щызэрихьэну идакъым Хьисэ. 17ЦӀыхухэм Ӏуэхугъуэхэр яригъащӀэурэ, мыпхуэдэу яжриӀащ:
– Тхьэм къызэрыжиӀэр и псалъэ тхахэм хэткъэ:#11:17 Тхьэм и псалъэхэм яхэткъэ? – еплъ Ешайа бегъымбарым и тхылъым 56:7. «Сэ си унэр лъэпкъ псоми тхьэлъэӀупӀэ яхуэхъунущ»? Ауэ фэ ар «хъунщӀакӀуэ тӀысыпӀэм»#11:17 хъунщӀакӀуэ тӀысыпӀэ – еплъ Иеремие бегъымбарым и тхылъым 7:11. ещхь фщӀащ.
18Дин пашэшхуэхэмрэ торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ Хьисэ жиӀар щызэхахым, ар зэрагъэкӀуэдыну щӀыкӀэм егупсысу щӀадзащ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Хьисэ яригъащӀэу щыта Ӏуэхухэр цӀыху куэдым яфӀэтелъыджэти, дин пашэшхуэхэмрэ торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ Хьисэ щышынэрт.
19Пщыхьэщхьэр щыхъум, Хьисэрэ абы и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ къалэм дэкӀыжащ.
Ахъуо жыг гъуар
(Маттэ 21:20-22)
20Пщэдджыжьым ахъуо жыгым къыщыблэкӀыжым, и лъабжьэм нэсу ар зэрыгъуар ялъэгъуащ. 21Хьисэ и псалъэр игу къэкӀыжри, Петр абы къыжриӀащ:
– Равви,#11:21 равви – «дин егъэджакӀуэр» арщ. еплъ, узэбга ахъуо жыгыр гъуащ.
22– ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ фи гум ивгъэлъ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм. 23Пэжыр нывжызоӀэ, зыгуэрым и гум шэч къримыгъыхьэу, жиӀэр къэхъункӀэ фӀэщхъуныгъэ иӀэу, мы Ӏуащхьэм «ЗыкъэӀэти, хым зыхэдзэ!» жриӀэмэ, ар къехъулӀэнущ. 24Абы къыхэкӀкӀэ вжызоӀэ, Тхьэм сыт ищӀыскӀи фыщелъэӀукӀэ, Тхьэм ар къызэрыфхуищӀэнумкӀэ фи гум фӀэщхъуныгъэ ивгъэлъи, къыфхуищӀэнущ. 25Тхьэм фыщелъэӀукӀэ, фигу зыгуэрым ебгъамэ, хуэвгъэгъу, фи Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэм фэ мыхъумыщӀагъэу фщӀар къыфхуигъэгъун щхьэкӀэ. 26Ауэ фэ абы хуэвмыгъэгъумэ, фи Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэм фэри мыхъумыщӀагъэу фщӀар къыфхуигъэгъунукъым.
Хьисэ и тепщэныгъэр къезытамкӀэ журт пашэхэр къызэреупщӀар
(Маттэ 21:23-27; Лука 20:1-8)
27Хьисэрэ абы и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ Ерусалим къэкӀуэжащ. Хьисэ Тхьэм и унэшхуэм здыщӀэтым, дин пашэшхуэхэр, торэт егъэджакӀуэ пашэхэр, нэхъыжьхэр абы къыбгъэдыхьэри, 28къеупщӀащ:
– Мы Ӏуэхухэр блэжьыну хуитыныгъэ дэнэ къыздипхар, хьэмэрэ ахэр блэжьыну тепщэныгъэ хэт уэ къозытар?
29– Сэри фэ Ӏуэхугъуэ гуэркӀэ сынывэупщӀынущ, – яжриӀащ Хьисэ. – Жэуап къызэфтыжмэ, сэри нывжесӀэнщ мы Ӏуэхухэр злэжьыну хуитыныгъэ къыздисхар. 30Иуан цӀыхухэр иумэхъын щхьэкӀэ хэт къэзыгъэкӀуар? ЦӀыхухэра, хьэмэрэ Тхьэра? КъызжефӀэт.
31– «Тхьэращ Иуан къэзыгъэкӀуар», жытӀэмэ, «НтӀэ, Иуан жиӀахэр сыт фи фӀэщ щӀэмыхъуар?» жиӀэнущ, – зэчэнджэщыжурэ, жаӀэрт абыхэм. 32– Хьэмэ «ЦӀыхухэращ Иуан къэзыгъэкӀуар», жетӀэн? – Ахэр цӀыхухэм ящышынэрт; цӀыху псоми Иуан пэжу бегъымбару ялъытэрти. 33Арати:
– ТщӀэркъым, – къыжраӀащ Хьисэ.
– Апхуэдэу щыщыткӀэ, сэри нывжесӀэнукъым мы Ӏуэхухэр злэжьыну хуитыныгъэ къыздисхар, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.

Currently Selected:

Марк 11: KbdNTGP2017

Highlight

Share

Copy

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in