YouVersion Logo
Search Icon

Марк 6

6
6-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Назарет дэс цӀыхухэм Хьисэ зэрамыщтар
(Маттэ 13:53-58; Лука 4:16-30)
1А щӀыпӀэм икӀыжри, и анэм и къалэм кӀуэжащ Хьисэ, и гъуэгу ирикӀуэхэр и гъусэу. 2Щэбэт махуэр къыщысым, синэгуэгум кӀуэри, Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм яригъащӀэу щӀидзащ. Абы едэӀуа цӀыху куэдым ягъэщӀагъуэу жаӀащ:
– Мы лӀым жиӀэхэр дэнэ къыздрихар? Сыту акъылыфӀагъэ кърита абы Тхьэм! Сыту Ӏуэху телъыджэ абы и Ӏэм илэжьрэ! 3Мэрием и къуэ пхъащӀэр аракъэ мыр – Екъуб, Иосий, Иудэ, Симон сымэ я къуэшыр? Абы и шыпхъухэри къытхэскъэ?
Ар жаӀэурэ, Хьисэ щхьэкӀэ мыхъун я гум кърагъэхьащ.
4– Бегъымбарым щӀыхь хуэзымыщӀыр езыр щапӀа къалэм дэсхэм, и благъэхэм, и унагъуэм щыщхэм язакъуэщ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.
5Хьисэ и Ӏэхэр сымаджэ гуэрхэм ятрилъхьэурэ зэригъэхъужам фӀэкӀа, а щӀыпӀэм Ӏуэху телъыджэ лъэпкъ щилэжьакъым. 6Абыхэм я фӀэщмыхъуныгъэр игъэщӀэгъуащ Хьисэ.
И гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀыр Тхьэм хуэлэжьэну Хьисэ зэрыригъэжьар
(Маттэ 10:1, 5-15; Лука 9:1-6)
Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм яригъащӀэурэ, Хьисэ жылэ гъунэгъухэр къызэхикӀухьырт. 7Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀыр къриджэри, тӀурытӀурэ иригъажьэу щӀидзащ. Жин бзаджэхэр цӀыхухэм хахуну тепщэныгъэ яритащ. 8Унафи яхуищӀащ:
– Гъуэгум фыщытехьэкӀэ, зы баш фӀэкӀ зыри здэвмыщтэ. ЩӀакхъуи, хъуржыни, фи бгырыпхым щӀэлъу ахъши здэвмыщтэ. 9Вакъэ къызэрыгуэкӀхэр зылъыфтӀагъэ, ауэ джанэ тӀурытӀ зыщывмытӀагъэ.
10– Унэ гуэрым хьащӀэу феблагъэмэ, а щӀыпӀэм фыкъикӀыжыху, а унэм фис, – къыщӀигъужащ Хьисэ. 11– ЩӀыпӀэ гуэрым фыщрамыгъэблагъэмэ е къыщывэмыдаӀуэмэ, а щӀыпӀэм фыкъыщикӀыжкӀэ, мыхъумыщӀагъэ зэращӀамкӀэ абыхэм я пащхьэм щыхьэт щыхъун папщӀэ, фи лъакъуэхэм къакӀэрыпщӀа сабэр кӀэрывгъэлъэщэщыж. Пэжыр нывжызоӀэ, къемэтмахуэм а къалэм гугъуехьу ишэчынум нэхърэ, къалэхэу Содомрэ Ӏаморэрэ яшэчыну гугъуехьыр нэхъ мащӀэу къыщӀэкӀынущ.
12Арати, а цӀыху пщыкӀутӀыр гъуэгу техьэри, «Фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэж», жраӀэурэ, цӀыхухэм яхэпсэлъыхьу щӀадзащ. 13Жин бзаджэ куэд цӀыхухэм хахурт икӀи сымаджэ куэд дагъэ щахуэурэ ягъэхъужырт абыхэм.
УмэхъакӀуэ Иуан и щхьэр зэрыпаупщӀар
(Маттэ 14:1-12; Лука 9:7-9)
14Хьисэ цӀэрыӀуэ хъуати, и хъыбар Ирод пащтыхьым#6:14 Ирод пащтыхьыр – еплъ Маттэ 14:1. зэхихащ. Щызэхихым, мыпхуэдэу жиӀащ:
– Ар умэхъакӀуэ Иуанырауэ къыщӀэкӀынщ. Ар лӀахэм къахэтэджыкӀыжащ, аращ апхуэдэ къару зыхэлъ Ӏуэху телъыджэхэр щӀилэжьыр.
15– Ар Иляс бегъымбарырщ,#6:15 Иляс бегъымбарыр – еплъ Маттэ 16:14. – жаӀэрт нэгъуэщӀ цӀыхухэми.
– Ар бегъымбар гуэрщ, пасэрей бегъымбархэм яхуэдэу, – жаӀэрт нэгъуэщӀхэми.
16Ар щызэхихым, Ирод жиӀащ:
– Зи щхьэр пезгъэупщӀа Иуаныр лӀахэм къахэтэджыкӀыжащ.
17Ирод ар щӀыжиӀар мыращ: ФилиппкӀэ зэджэ езым и къуэшыр псэу пэтми, Ирод а Филиппым и фыз Иродиадэ зи цӀэр къишэжат. 18Абы ар къызэришэжам щхьэкӀэ Иуан Ирод жриӀэрт: «Уи къуэшым и фыз къэпшэжыныр хабзэм къезэгъыркъым». 19Абы щхьэкӀэ Иродиадэ Иуан гужьгъэжь къыхуиӀэ хъуащ. Иродиадэ и лъэӀукӀэ Ирод и зауэлӀхэм Иуан яригъэубыдри, лъэхъуэщым щӀригъэдзащ. Иродиадэ Иуан иригъэукӀыну хуейт, ауэ хузэфӀэкӀыртэкъым. 20Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Иуан щыпкъагъэ зигу илъ цӀыху лъапӀэу зэрыщытыр Ирод ищӀэрти, абы щышынэрт икӀи хуэсакъырт. Иуан жиӀэхэм щедаӀуэкӀэ, хуабжьу гузавэрт, итӀани и гуапэу едаӀуэрт.
21Иродиадэ зыщӀэхъуэпсар махуэ гуэрым къехъулӀащ. Къыщалъхъуа махуэр игъэлъэпӀэну, Ирод и къулыкъущӀэхэр, и дзэпщхэр, Галилей хэкум и пашэхэр, ефэ-ешхэшхуэ яхуищӀри, къригъэблэгъащ. 22Иродиадэ и пхъур унэм къыщӀыхьэри, абыхэм я пащхьэ къыщыфащ. Иродрэ и хьэщӀэхэмрэ хъыджэбзыр ягу ирихьащ.
– УзыхуеймкӀэ къызэлъэӀуи, узыщӀэлъэӀур пхуэсщӀэнщ, – жриӀащ пащтыхьым хъыджэбзым. 23ИкӀи тхьэ хуиӀуащ:
– Сыт ухуейми уэстынщ, си къэралым и ныкъуэм нэсыху.
24Хъыджэбзыр унэм щӀэкӀри, и анэм еупщӀащ:
– СыткӀэ селъэӀун?
– УмэхъакӀуэ Иуан и щхьэр къыуитыну елъэӀу.
25Арати, хъыджэбзыр унэм къыщӀэлъэдэжри, пащтыхьым жриӀащ:
– УмэхъакӀуэ Иуан и щхьэр лагъэм илъу къызэт иджыпсту.
26Ар щызэхихым, пащтыхьыр хуабжьу къэнэщхъеящ, арщхьэкӀэ хьэщӀэхэм я пащхьэм тхьэ щиӀуати, и псалъэм текӀ хъужынутэкъым. 27Арати, Иуан и щхьэр къихьыну унафэ хуищӀри, зауэлӀ гуэр игъэкӀуащ асыхьэт дыдэм. 28Ар кӀуэщ, Иуан и щхьэр лъэхъуэщым щыпиупщӀщ, щхьэр лагъэм илъу къихьри, хъыджэбзым къритащ, хъыджэбзым ар и анэм хуихьащ. 29Иуан и гъуэгу ирикӀуэхэм къэхъуар щызэхахым, къакӀуэщ, Иуан и хьэдэр яхьыжри, кхъэлэгъунэм щӀалъхьэжащ.
Хьисэ цӀыху минитху зэригъэшхар
(Маттэ 14:13-21; Лука 9:10-17; Иуан 6:1-14)
30Апостолхэр#6:30 апостолхэр – еплъ Маттэ 10:2. Хьисэ деж къыщызэхуэсыжащ икӀи ялэжьа псори цӀыхухэм ирагъэщӀа псори хуаӀуэтэжащ. 31ЦӀыху къакӀуэ-накӀуэр апхуэдизкӀэ куэд хъуати, Хьисэрэ и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ шхэгъуи ихуэжыртэкъым. Арати, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм яжриӀащ:
– ЩӀыпӀэ пхыдза гуэрым ди закъуэу зыщывгъэпсэхужыну дывгъакӀуэ.
32Арати, кхъуафэжьейм итӀысхьэри, щӀыпӀэ пхыдза гуэрымкӀэ яунэтӀащ я закъуэу. 33Ахэр кхъуафэжьейм ису зэрыӀукӀыр ялъагъуащ цӀыхухэм, куэдми къацӀыхужащ. Къалэ псоми дэс цӀыхухэр лъэсу къыдэжщ, Хьисэрэ абы и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ кхъуафэжьейкӀэ здэкӀуэ щӀыпӀэм нэмыс щӀыкӀэ, езыхэр нэсри щызэхуэсащ. 34Хьисэ кхъуафэжьейм къикӀыу, цӀыху гупышхуэр щилъагъум, а цӀыхухэр мэлыхъуэ зыпэрымыт мэл хъушэм хуэдэти, игу ящӀэгъуащ икӀи Ӏуэхугъуэ куэд яригъащӀэу щӀидзащ.
35Махуэр щыхэкӀуатэм, и гъуэгу ирикӀуэхэр къыбгъэдыхьэри, Хьисэ къыжраӀащ:
– Мы щӀыпӀэр пхыдзащ, махуэри хэкӀуэтащ. 36Къуажэ-жылэ гъунэгъухэм кӀуэуэ, гъуэмылэ къыщащэхун щхьэкӀэ цӀыхухэр утӀыпщ, яшхын яӀэкъыми.
37– Фэ вгъашхэ ахэр, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.
– ДыкӀуэу, динар#6:37 динар – еплъ Маттэ 18:24. щитӀым и уасэ щӀакхъуэ къэтщэхун, мы цӀыхухэм едгъэшхын щхьэкӀэ? – къеупщӀащ адрейхэр.
38– ЩӀакхъуэ дапщэ фэ фиӀэр? ФыкӀуи, феплъыт, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.
ЯӀэм еплъри, жаӀащ:
– ЩӀакхъуитхурэ бдзэжьеитӀрэ диӀэщ.
39Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм унафэ яхуищӀащ цӀыху псори удзыпцӀэм хагъэтӀысхьэну. 40Арати, цӀыхухэр гуп-гупу тӀысащ, зы гупыр щэ, зы гупыр щэ ныкъуэ хъууэ. 41Хьисэ щӀакхъуитхумрэ бдзэжьеитӀымрэ къищтэщ, уафэм дэплъейри, Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀащ. ЩӀакхъуэхэр зэгуищӀыкӀыурэ, цӀыхухэм хуагуэшын щхьэкӀэ, и гъуэгу ирикӀуэхэм яритащ итӀанэ. БдзэжьеитӀри цӀыху псоми яхуигуэшащ. 42ЦӀыху псори шхащ, псоми загъэнщӀащ. 43Къадэхуа щӀакхъуэ бзыгъэхэри бдзэжьей ныкъуэшххэри зэхуахьэсыжри, матэ пщыкӀутӀым ярыз хъуащ. 44Шхахэр лӀы минитху хъурт.
Хьисэ псы гущӀыӀум тету зэрыкӀуар
(Маттэ 14:22-33; Иуан 6:16-21)
45Хьисэ цӀыху гупышхуэр иригъэжьэжыху зыпимыгъаплъэу, и гъуэгу ирикӀуэхэр кхъуафэжьейм иригъэтӀысхьащ, гуэл адрыщӀым щыӀэ Вифсайдэ къалэм кӀуэн щхьэкӀэ. 46Хьисэ цӀыхухэр иутӀыпщыжа нэужь, Ӏуащхьэм дэкӀуеящ, Тхьэм елъэӀуну.
47Пщыхьэщхьэ щыхъуам, кхъуафэжьейр гуэлым и кум нэсат, Хьисэ и закъуэу щӀым къытенат. 48Кхъуафэжьейм исхэм жьыр къажэхэуэрти, псыр хьэнцэхэмкӀэ гугъу ехьу зэрыщӀатхъур илъэгъуащ Хьисэ. Джэд Ӏуэгъуэм деж Хьисэ, псы гущӀыӀум тету, кхъуафэжьейм исхэм я лъэныкъуэкӀэ кӀуащ. Абыхэм яблэкӀ хэтащ. 49Псы гущӀыӀум тету Хьисэ къакӀуэу щалъагъум, хьэдэджадэу къафӀэщӀри, зэрыгъэкӀиящ, 50ар зылъэгъуа псори хуабжьу шынати.
Хьисэ къэпсалъэри, абыхэм къажриӀащ асыхьэтым:
– Фымыдзыхэ, сэращ ар, фымышынэ!
51Кхъуафэжьейм яхэтӀысхьэри, жьапщэшхуэри увыӀэжащ итӀанэ. Абыхэм ар нэхьри ягъэщӀэгъуащ, 52сыту жыпӀэмэ ерыщ екӀуати, Хьисэ Ӏуэху телъыджэу щӀакхъуэхэмкӀэ илэжьар къагурыӀуэн ялъэкӀатэкъыми.
Геннисарет хэкум Хьисэ сымаджэхэр зэрыщигъэхъужар
(Маттэ 14:34-36)
53Ахэр гуэлым зэпрыкӀа нэужь, Геннисарет хэкум нэсри, хъурзэр#6:53 хъурзэ – якорь. ирадзыхащ. 54Ахэр кхъуафэжьейм къызэрикӀыу, Хьисэ цӀыхухэм къацӀыхужащ. 55ЦӀыхухэм а Ӏэхэлъахэр къызэхакӀухьу, Хьисэ здэщыӀэу жыхуаӀа щӀыпӀэм сымаджэхэр алэрыбгъухэм телъу къахьу щӀадзащ. 56Къуажи, къали, жыли, зэрыжаӀэу, Хьисэ дэнэ кӀуэми, цӀыхухэм я сымаджэхэр зэхуэсыпӀэхэм щагъэгъуэлъырти, нэгъуэщӀ мыхъуми Хьисэ и щыгъын кӀапэм иригъэӀусэну лъаӀуэрт икӀи щыгъын кӀапэм еӀуса псори узыншэ хъужырт.

Currently Selected:

Марк 6: KbdNTGP2017

Highlight

Share

Copy

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in