Марк 5
5
5-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Жин бзаджэм иӀыгъ лӀы гуэр Хьисэ зэригъэхъужар
(Маттэ 8:28-34; Лука 8:26-39)
1Галилей гуэлым и адрыщӀым щыӀэ хэкуу Гадарэ къалэм зэрытым нэсащ итӀанэ. 2Хьисэ кхъуафэжьейм къызэрикӀыу, жин бзаджэм иӀыгъ лӀы гуэр кхъэлэгъунэхэм я лъэныкъуэкӀэ къикӀри, къыпежьащ. 3А лӀыр кхъэлэгъунэхэм хэст. Ар гъущӀ ӀэхъулъэхъукӀэ зыми ипхын лъэкӀыртэкъым. 4Абы Ӏэхъурэ лъэхъурэ куэдрэ иралъхьат, ауэ Ӏэхъур зэпичырт, лъэхъури зэпиудырт. Арати, а лӀыр игъэувыӀэн зыми хузэфӀэкӀыртэкъым. 5Жэщми махуэми кхъэлэгъунэхэмрэ Ӏуащхьэхэмрэ зэпымыууэ къызэхикӀухь зэпытт абы, мывэкӀэ зэуэжырт кӀийурэ.
6Хьисэ жыжьэу щилъагъум, жэри абы и пащхьэм лъэгуажьэмыщхьэу итӀысхьащ а лӀыр. 7МакъышхуэкӀэ джэри, жиӀащ:
– Тхьэ нэхъ Лъагэм и Къуэ Хьисэ сыт уи Ӏуэхуу къысхэлъыр? Тхьэм и цӀэкӀэ сынолъэӀу, гугъу сумыгъэхь!
8А лӀым апхуэдэу щӀыжиӀар Хьисэ ар зыӀыгъ жин бзаджэм «Уэ, жин бзаджэ, мы лӀым хэкӀыж!» жриӀати, аращ.
9Уи цӀэр сыт? – еупщӀащ Хьисэ а лӀым.
– Си цӀэр дзэщ, – жэуап итыжащ абы, – сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ дэ куэд дохъу.
10А хэкум иримыхуну, жин бзаджэхэр хуабжьу къелъэӀуащ Хьисэ.
11А щӀыпӀэ дыдэм кхъуэ хъушэшхуэ Ӏуащхьэ джабэм щыхъуакӀуэрт. 12Арати, жин бзаджэхэр Хьисэ къелъэӀуащ:
– Кхъуэхэм я деж дыгъакӀуи, абыхэм я пкъыхэм дахыгъыхьэ.
13Хьисэ ахэр хуит ищӀащ. Жин бзаджэхэр лӀым хэкӀыжри, кхъуэхэм я пкъыхэм хыхьащ. Кхъуэ хъушэшхуэр Ӏуащхьэ джабэм къежэхщ, гуэлым хэлъадэри, псым итхьэлащ. Хъушэр кхъуэ минитӀ хуэдиз хъурт.
14Кхъуахъуэхэр щӀэпхъуэжри, къэхъуар къалэми жылэми щаӀуэтэжащ, къэхъуар зрагъэлъагъуну цӀыхухэр къэкӀуащ. 15Ахэр Хьисэ деж къыщыкӀуэм, жин бзаджэхэр зыхэкӀыжа лӀыр хуэпауэ, и акъыл къихьэжауэ абдежым щысу ялъэгъуащ. Ар щалъагъум, къэшынащ. 16Арати, къэхъуар зылъэгъуа цӀыхухэм жин бзаджэхэм яӀыгъа лӀымрэ кхъуэхэмрэ къехъулӀар адрей цӀыхухэм хуаӀуэтэжащ. 17ЦӀыхухэм ар щызэхахым, я хэкур ибгынэну Хьисэ къелъэӀуащ.
18Хьисэ кхъуафэжьейм щитӀысхьэжым, жин бзаджэхэр къызыхэкӀыжа лӀыр абы къелъэӀуащ:
– Уи гъусэу сыздэшэ.
19– Уэ уи бынхэм я деж уи унэ кӀуэжи, Зиусхьэным фӀыгъуэшхуэ къызэрыуигъэуэлӀамрэ гущӀэгъу къызэрыпхуищӀамрэ яжеӀэ, – жиӀащ Хьисэ, ар хуимыдэу. 20Арати, лӀыр ежьэри, Хьисэ къыхуищӀа фӀыгъуэр КъалипщӀ#5:20 КъалипщӀ – еплъ Маттэ 4:25. хэкум щиӀуэтэжу щӀидзащ икӀи зэхахар псоми ягъэщӀэгъуащ.
Иаир ипхъу лӀар къызэригъэтэджыжар; И щыгъыным къеӀуса цӀыхубзыр Хьисэ зэригъэхъужар
(Маттэ 9:18-26; Лука 8:40-56)
21Хьисэ Галилей гуэлым кхъуафэжьеймкӀэ зэпрыкӀыжа нэужь, цӀыху гупышхуэ абы деж къыщызэхуэсащ. Хьисэ псы Ӏуфэм здыӀутым, 22Иаир зи цӀэ синэгуэгу пашэ гуэр къэкӀуащ. Хьисэ щилъагъум, и лъабжьэм зыщӀидзэри, 23быдэу къелъэӀуащ ар:
– Сипхъу цӀыкӀур малӀэри телъщ. Къэхъужын икӀи псэууэ къелын щхьэкӀэ, накӀуи, уи Ӏэхэр телъхьэ!
24Арати, Хьисэ абы и гъусэу кӀуащ. ЦӀыху гупышхуэ Хьисэ къыеувэкӀыурэ, Хьисэ щӀыгъуу кӀуэрт. 25Абыхэм цӀыхубз гуэр яхэтт. Илъэс пщыкӀутӀ хъуауэ, абы лъы куэдрэ щӀэкӀыурэ игъэгуӀэрт. 26Ӏэзэ куэди еплъащ, гугъуи куэдрэ ирагъэхьащ. ЦӀыхубзым иӀэ псори Ӏэзэхэм ятригъэкӀуэдащ, ауэ нэхъыкӀэ хъуа мыхъумэ, нэхъыфӀ хъуакъым. 27Абы Хьисэ и хъыбар зэхихати, цӀыхухэм яхэту, Хьисэ и щӀыбагъымкӀэ къыбгъэдыхьэри, и щыгъыным къеӀусащ; 28игукӀэ мыпхуэдэу жиӀэри: «НэгъуэщӀ мыхъуми, Хьисэ и щыгъыным сеӀусэмэ, сыхъужынущ!» 29Хьисэ зэреӀусэу, цӀыхубзым лъы щӀэкӀыныр увыӀащ икӀи зэрыхъужар езым и ӀэпкълъэпкъымкӀэ зыхищӀащ.
30Къару зэрыхэкӀар Хьисэ игукӀэ занщӀэу зыхищӀащ. ЦӀыху гупышхуэм здахэтым, зыкъригъэзэкӀри яжриӀащ:
– Хэт си щыгъыным къеӀусар?
31– ЦӀыхухэр къызэрыптезэрыгуар плъагъу пэтрэ, «Хэт къызэӀусар?» жыпӀэу сыт ущӀыщӀэупщӀэр? – къыжраӀащ и гъуэгу ирикӀуэхэм.
32Хьисэ къеусар зрилъагъун щхьэкӀэ, зиплъыхьырт.
33ЦӀыхубзым къыщыщӀар ищӀэжырти, къэщтарэ кӀэзызу къыбгъэдыхьэщ, Хьисэ и лъабжьэм зыщӀидзэри, пэжыгъэ псори хуиӀуэтэжащ.
34– Си хъыджэбз! – жриӀащ абы Хьисэ. – Уи фӀэщхъуныгъэм уигъэхъужащ. Гъуэгу махуэ, уигу ирезагъэ, уи узыфэр Тхьэм пщхьэщихауэ узыншэу упсэу!
35Хьисэ здэпсалъэм, лӀы гуп синэгуэгу пашэм и унэм къыщӀэкӀауэ къакӀуэрти, Иаир къыжраӀащ:
– Уи пхъур дунейм ехыжащ. Дин егъэджакӀуэр сыт щхьэкӀэ гугъу ебгъэхьыжрэ?
36Абыхэм жаӀар зэрызэхихыу, Хьисэ синэгуэгу пашэм жриӀащ:
– Умышынэ, фӀэщхъуныгъэ зигъыӀэ къудей.
37Петр, Екъуб, абы и къуэш Иуан сымэ фӀэкӀа зыри зыщӀимыгъуу, Хьисэ гъуэгу техьащ. 38Синэгуэгу пашэм и унэм щынэсым, цӀыхухэр зэрызехьэу, хьэдагъэ ящӀу, пыхьэу илъэгъуащ Хьисэ. 39Унэм щыщӀыхьэм, яжриӀащ:
– ФыщӀызэрызехьэр, хьэдагъэ щӀэфщӀыр сыт? Хъыджэбз цӀыкӀур лӀакъым, ар мэжей.
40Ар щыжиӀэм, Хьисэ къыщыдыхьэшхащ. Ауэ унэм псори къыщӀигъэкӀщ, хъыджэбз цӀыкӀум и адэ-анэри езым и гъусищри зыщӀигъури, хъыджэбзыр зыщӀэлъ пэшым щӀыхьащ Хьисэ. 41Хъыджэбз цӀыкӀум и Ӏэр иубыдри, жриӀащ:
– Талифэ кум! (Абы къикӀыр: «Си хъыджэбз, сэ ныбжызоӀэ, къызэфӀэувэ!»)
42Ар зэрыжиӀэу, хъыджэбз цӀыкӀур къызэфӀэувэри, къикӀухьу щӀидзащ. Хъыджэбз цӀыкӀур илъэс пщыкӀутӀым итт. Ар щалъагъум, хуабжьу ягъэщӀэгъуащ. 43Ялъэгъуар зыми хуамыӀуэтэжыну, Хьисэ унафэ быдэ яхуищӀащ абыхэм. ИтӀанэ яжриӀащ хъыджэбз цӀыкӀур ягъэшхэну.
Currently Selected:
Марк 5: KbdNTGP2017
Highlight
Share
Copy
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017