YouVersion Logo
Search Icon

Марк 4

4
4-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Жылэ зысэм теухуа ущие хъыбарыр
(Маттэ 13:1-9; Лука 8:4-8)
1Хьисэ Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм псы Ӏуфэм щаригъащӀэу щӀидзащ аргуэру. Абы деж къыщызэхуэса цӀыхухэр апхуэдизкӀэ куэд хъурти, псым тет кхъуафэжьейм итӀысхьащ. ЦӀыхухэр, гупышхуэ зэрыгъэхъуауэ, псы Ӏуфэм Ӏутт. 2ЦӀыхухэм Ӏуэхугъуэ куэд ущие хъыбырхэмкӀэ яригъащӀэрт Хьисэ. Ахэр яригъащӀэурэ, мыпхуэдэу яжриӀащ цӀыхухэм:
3ФыкъэдаӀуэ. Жылэ исэну лӀы гуэр дэкӀащ. 4Здисэм, жылэм щыщ гъуэгум телъэлъащ. Къуалэбзухэр къэлъатэри, ар ящыпащ. 5ЩӀыр къызэмэщӀэкӀ мывалъэм хэлъэлъащ жылэм щыщ. ЩӀыр куутэкъыми, щӀэх дыдэу къыхэжащ жылэр, 6ауэ дыгъэр къыщыдэкӀуейм, къыхэпсар исыжащ икӀи лъабжьэ куу зэримыӀам щхьэкӀэ гъужащ. 7А жылэ дыдэм щыщ банэхэм хэлъэлъащ. Банэхэм зыкъаужьщ, жылэм къикӀыкӀар ятхьэлэри, зыри къыпагъэкӀакъым. 8А жылэм щыщ щӀыгулъ фӀыцӀэми хэлъэлъащ. Ахэр къэкӀым, хэхъуэурэ, щхьэмыжхэр къапыкӀащ. Зы гуэдз хьэдзэр хьэдзэ щэщӀ хъуащ, адрей гуэдз хьэдзэр хьэдзэ хыщӀ, адрейри хьэдзищэ хъуащ.
9Хьисэ жиӀам мыри щӀигъужащ:
– ИридэӀуэну тхьэкӀумэ зиӀэр иредаӀуэ.
Ущие хъыбархэр Хьисэ цӀыхухэм щӀахуиӀуэтар
(Маттэ 13:10-17; Лука 8:9-10)
10ЦӀыхухэр зэбгрыкӀыжу, Хьисэ и закъуэу къыщынэм, и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀымрэ и гъусэхэмрэ ущие хъыбархэм я мыхьэнэм теухуауэ къеупщӀащ.
11– Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм и щэхухэр фщӀэну абы хуитыныгъэ къывитащ, – яжриӀащ Хьисэ, – ауэ адрей цӀыхухэм ущие хъыбархэмкӀэ Ӏуэхугъуэ псори ялъоӀэс. 12Аращи,#4:12 Аращи – еплъ Ешайа бегъымбарым и тхылъым 6:9-10.
«абыхэм я нэхэмкӀэ еплъ пэтми,
зыри ялъагъунукъым,
я тхьэкӀумэхэмкӀэ даӀуэ пэтми,
зыри къагурыӀуэнукъым.
Апхуэдэу щымытамэ,
Тхьэм деж къагъэзэжынт,
Тхьэм абыхэм я гуэныхьхэр яхуигъэгъунт».
Жылэ зысэм теухуа ущие хъыбарым къикӀыр
(Маттэ 13:18-23; Лука 8:11-15)
13Хьисэ абыхэм яжриӀащ и ужькӀэ:
– Мы ущие хъыбарыр къывгурымыӀуэу, адрей ущие хъыбар псори дауэ къызэрывгурыӀуэнур? 14Жылэ зысэм Тхьэм и псалъэхэр есэ. 15ЦӀыхухэм ящыщу зы гупыр гъуэгум телъэлъа жылэм хуэдэщ. Абыхэм Тхьэм и псалъэхэр зэрызэхахыу, шейтӀаныр къокӀуэри, я гум илъ хъуа псалъэр ирехыж.
16– Адрей цӀыху гупыр щӀы мывалъэм хэлъэлъа жылэм хуэдэщ. Тхьэм и псалъэхэр зэрызэхахыу, щыгуфӀыкӀыурэ ящтэ абыхэм. 17Ауэ абыхэм ягукӀэ лъабжьэ зэрамыӀэм щхьэкӀэ, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгу куэдрэ теткъым. Тхьэм и псалъэхэм щхьэкӀэ е гузэвэгъуэ зэрыхэхуэу, е цӀыхухэм абыхэм гугъуехь ирагъэшэчу зэрыщӀадзэу, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгум токӀыж ахэр. 18НэгъуэщӀ цӀыху гупыр банэхэм хэлъэлъа жылэм хуэдэщ. Абыхэм Тхьэм и псалъэхэр зэхах, 19ауэ мы дунейм щызекӀуэ гугъуехьхэри, беягъэм и пцӀымрэ, нэгъуэщӀ Ӏуэху мыхъумыщӀэхэм щӀэхъуэпсынри я гум хыхьэурэ, Тхьэм и псалъэу я гум илъхэр ятхьэлэурэ, а цӀыхухэми фӀыгъуэ къапыкӀыркъым. 20НэгъуэщӀ цӀыху гупыр щӀыгулъ фӀыцӀэм хэлъэлъа жылэм хуэдэщ. Абыхэм Тхьэм и псалъэхэр зэхах, ящтэ икӀи фӀыгъуэ къадокӀуэ, – е хуэдэ щэщӀ, е хуэдэ хыщӀ, е хуэдищэ.
Пэгун щӀагъым щӀэт уэздыгъэр
(Лука 8:16-18)
21Хьисэ абыхэм яжриӀащ и ужькӀэ:
– Уэздыгъэр къыщӀахьыр пэгун щӀагъым е гъуэлъыпӀэ щӀагъым щӀагъэувэн щхьэкӀэкъым, атӀэ уэздыгъэ тегъэувапӀэ лъагэм трагъэувэн щхьэкӀэкъэ? 22Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сыт бгъэпщкӀуми къыщӀэщыжынущ, сыт щӀэпхъумэми, нахуэ хъужынущ. 23ИридэӀуэну тхьэкӀумэ зиӀэр иредаӀуэ.
24Хьисэ абыхэм яжриӀащ итӀанэ:
– Зэхэфхыр фи гум ивубыдэ. Фэ зэрыфпщ пщалъэм хуэдэ дыдэкӀэ Тхьэм къыфхуипщыжынущ, нэхъыби къыфхухигъэхъуэнущ. 25Ар хэти ирехъу, зиӀэм нэхъыбэ къритынущ Тхьэм, ауэ зимыӀэм иӀэ тӀэкӀури Ӏихыжынущ абы.
Жылэ къэкӀым теухуа ущие хъыбарыр
26– Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр зыхуэдэр мыращ, – къыщӀигъужащ Хьисэ. – ЛӀы гуэрым жылэ есэ. 27Жэщым мэжей, махуэм къоуш, жылэр къокӀ, хохъуэ, ауэ ар зэрыхъур а лӀым ищӀэркъым. 28ЩӀым япэщӀыкӀэ пкъыр езыр-езыру къыхокӀ, итӀанэ щхьэмыж къещӀ, абы и ужькӀэ щхьэмыжым хьэдзэ ирещӀэ. 29Щхьэмыжхэр зэрыхъун хъуа нэужь, хьэцэпэцэр къахыж.
Хъардэл хьэдзэм теухуа ущие хъыбарыр
(Маттэ 13:31-32; Лука 13:18-19)
30– Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр сытым едгъэщхьын? – жиӀащ Хьисэ. – Хьэмэрэ сыт хуэдэ ущие хъыбаркӀэ къэдгъэнэхуэн ар зыхуэдэр? 31Ар зыхуэдэр хъардэл#4:31 хъардэл – тарчицэ; андэгурэдэгу лӀэужыгъуэ. хьэдзэрщ. Хаса нэуж, ар хьэдзэ псоми я нэхъ цӀыкӀу дыдэщ. 32Ауэ щӀым хаса нэужь, къокӀри, зы илъэс зи ныбжь къэкӀыгъэ псоми нэхърэ нэхъ ин мэхъу. И жьауэм къуалэбзухэм зыщахъумэн ялъэкӀыну, къудамэ инхэри къыпокӀэ абы.
33Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм яжриӀащ Хьисэ апхуэдэ ущие хъыбар куэдкӀэ, зэхащӀыкӀын зэралъэкӀынум хуэдэу. 34Ущие хъыбар хэмыту, абыхэм епсалъэртэкъым Хьисэ. Ауэ и гъуэгу ирикӀуэхэр я закъуэу къыщынэкӀэ, псори къагуригъаӀуэрт.
Хьисэ борэнышхуэр зэригъэувыӀар
(Маттэ 8:23-27; Лука 8:22-25)
35А махуэ дыдэм и пщыхьэщхьэр къыщысым, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм яжриӀащ:
– ФынакӀуэ, гуэлым дызэпрывгъэкӀ.
36Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр цӀыхухэм къахэкӀщ, ар зэрыс кхъуафэжьейм итӀысхьэри дежьащ. НэгъуэщӀ кхъуафэжьейхэри ящӀыгъут. 37Борэнышхуэ къэхъури, толъкъунхэр къеуэурэ, кхъуафэжьейм псыр из хъууэ щӀидзащ. 38Ауэ Хьисэ, щхьэнтэ зыщӀидзауэ, къуафэжьейм и гупкӀэм щыжейрт. Ар къагъэушри, жраӀащ:
– Дин егъэджакӀуэ, дызэрыкӀуэдыр къыпфӀэӀуэхуркъэ?
39Хьисэ къэтэджщ, борэнышхуэм егийри, псыми жриӀащ:
– Сабырыж, увыӀэ!
Жьыр увыӀэжри, дунейр щым дыдэ хъужащ. 40Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм яжриӀащ итӀанэ:
– Щхьэ фышынэрэ апхуэдизу? ФӀэщхъуныгъэ фимыӀэу ара иджыри?
41– Хэт мы жьыри псыри зыгъэдаӀуэр? – шынэурэ жаӀащ абыхэм.

Currently Selected:

Марк 4: KbdNTGP2017

Highlight

Share

Copy

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in