1
Марк 4:39-40
ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр
Хьисэ къэтэджщ, борэнышхуэм егийри, псыми жриӀащ: – Сабырыж, увыӀэ! Жьыр увыӀэжри, дунейр щым дыдэ хъужащ. Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм яжриӀащ итӀанэ: – Щхьэ фышынэрэ апхуэдизу? ФӀэщхъуныгъэ фимыӀэу ара иджыри?
Compare
Explore Марк 4:39-40
2
Марк 4:41
– Хэт мы жьыри псыри зыгъэдаӀуэр? – шынэурэ жаӀащ абыхэм.
Explore Марк 4:41
3
Марк 4:38
Ауэ Хьисэ, щхьэнтэ зыщӀидзауэ, къуафэжьейм и гупкӀэм щыжейрт. Ар къагъэушри, жраӀащ: – Дин егъэджакӀуэ, дызэрыкӀуэдыр къыпфӀэӀуэхуркъэ?
Explore Марк 4:38
4
Марк 4:24
Хьисэ абыхэм яжриӀащ итӀанэ: – Зэхэфхыр фи гум ивубыдэ. Фэ зэрыфпщ пщалъэм хуэдэ дыдэкӀэ Тхьэм къыфхуипщыжынущ, нэхъыби къыфхухигъэхъуэнущ.
Explore Марк 4:24
5
Марк 4:26-27
– Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр зыхуэдэр мыращ, – къыщӀигъужащ Хьисэ. – ЛӀы гуэрым жылэ есэ. Жэщым мэжей, махуэм къоуш, жылэр къокӀ, хохъуэ, ауэ ар зэрыхъур а лӀым ищӀэркъым.
Explore Марк 4:26-27
6
Марк 4:23
ИридэӀуэну тхьэкӀумэ зиӀэр иредаӀуэ.
Explore Марк 4:23
Home
Bible
Plans
Videos