Марк 12
12
12-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
ЖызумгъэкӀ бзаджэхэм ятеухуа ущие хъыбарыр
(Маттэ 21:33-46; Лука 20:9-19)
1Хьисэ ущие хъыбархэмкӀэ цӀыхухэм епсалъэу щӀидзащ:
– ЛӀы гуэрым жызум хадэ игъэтӀысащ. Мывэ сэрейкӀэ къищӀыхьщ, жызум пӀытӀалъэри ищӀри, бэтэгъей игъэуващ. ЖызумгъэкӀ гуэрхэм хадэр яӀэщӀилъхьэри, хамэ къэрал гуэрым кӀуащ езыр. 2Жызум пычыжыгъуэр къыщысым, и жызум Ӏыхьэр къаӀихыну жызумгъэкӀхэм я деж унэӀут гуэр игъэкӀуащ абы. 3Ауэ абыхэм унэӀутыр яубыдщ, яубэрэжьри, ӀэнэщӀу къаутӀыпщыжащ. 4Апхуэдэу щыхъум, хадэр зейм нэгъуэщӀ унэӀут гуэр абыхэм я деж игъэкӀуащ. Абы и щхьэр мывэкӀэ къызэгуаудщ, лей кърахри кърахужьэжащ. 5НэгъуэщӀ унэӀут гуэр игъэкӀуащ аргуэру; ар къаукӀащ; нэгъуэщӀ унэӀут куэди игъэкӀуащ; языныыкъуэхэр яубэрэжьащ, языныкъуэхэр яукӀыпащ.
6ФӀыуэ илъагъу и къуэ закъуэрт къэнэжар. «Си къуэм пщӀэ къыхуащӀынщ», жиӀэри, ари абыхэм я деж игъэкӀуащ иужь дыдэу.
7Ауэ жызумгъэкӀхэм жаӀащ: «Жызум хадэр къызыхуэнэжынур мыращ. Ар дывгъэукӀи, хадэр дэ къытхуэнэнщ». 8Арати, ар къаубыдщ, яукӀри, жызум хадэм кърадзыжащ.
9Жызум хадэр зейм сыт ищӀэнур? – къыщӀигъужащ Хьисэ. – Ар кӀуэнурэ, жызумгъэкӀхэр игъэкӀуэдынущ, хадэри нэгъуэщӀхэм яӀэщӀилъхьэнущ. 10Тхьэм и псалъэ тхахэм хэт мы псалъэхэм#12:10-11 Тхьэм и псалъэ тхахэм хэт мы псалъэхэр – еплъ Уэрэд ЛъапӀэхэм (Сабур) 117:22-23. феджакъэ:
«УхуакӀуэхэм зрамыпэсу хыфӀадзэжа мывэр
унэр зэтезыӀыгъ мывэ лъабжьэ хъуащ.
11Мыр Зиусхьэным къыбгъэдэкӀ Ӏуэхущ,
икӀи ар дэ тфӀэтелъыджэщ»?
12Мы ущие хъыбарыр Торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ дин пашэшхуэхэмрэ езыхэм ятеухуауэ Хьисэ къызэрыжиӀар къагурыӀуати, Хьисэ яубыдыну хэтащ ахэр, ауэ цӀыхубэм ящышынэрти, абы и ужь икӀри ежьэжащ.
Хьэкътын ахъшэм теухуауэ
(Маттэ 22:15-22; Лука 20:20-26)
13Торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ дин пашэхэмрэ Хьисэ псалъэ гуэрым траубыдэн щхьэкӀэ, фарисейхэм ящыщи Ирод пащтыхьым и лъэужь ирикӀуэхэм ящыщи Хьисэ деж ягъэкӀуащ абы и ужькӀэ. 14Ахэр Хьисэ деж нэсри, жраӀащ:
– Дин егъэджакӀуэ, щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхуу узэрыщытми, цӀыхухэм жаӀэм зыкӀи узэримыгъэгузавэми дыщыгъуазэщ, цӀыхухэм я фэм уемыплъу, цӀыху псори уи зэхуэдэщи, икӀи щыпкъагъэм тету, Тхьэм и гъуэгур цӀыхухэм ябогъащӀэ. Кесарым#12:14 Кесар – еплъ Маттэ 22:17. хьэкътын ахъшэ#12:14 хьэкътын ахъшэр – еплъ Маттэ 5:46. етт хъуну, хьэмэ мыхъуну? Еттыну хьэмэрэ едмытыну?
15Ауэ Хьисэ ахэр зэрыфитӀнэр ищӀэрти, яжриӀащ:
– Сыт сыщывгъэуэну фыщӀыхэтыр? Зы динар#12:15 динар – еплъ Маттэ 18:24. къысхуэфхьи, сывгъэлъагъу!
16Динар къыхуахьащ абыхэм.
– Хэт и сурэт мыбы тетыр, хэт и цӀэ мыбы тетхари? – щӀэупщӀащ Хьисэ.
– Кесарырщ, – жаӀащ абыхэм.
17– Апхуэдэу щыщыткӀэ, кесарым ейр кесарым ефтыж, Тхьэм ейри Тхьэм ефтыж, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.
Хьисэ хуабжьу ягъэщӀэгъуащ абыхэм.
ЛӀахэм я къэтэджыжыкӀэ хъунумкӀэ саддукейхэр Хьисэ къызэреупщӀар
(Маттэ 22:23-33; Лука 20:27-40)
18ЛӀахэр къызэрытэджыжынур зи фӀэщ мыхъу саддукейхэм#12:18 саддукейхэр – еплъ Маттэ 3:7. ящыщ гуп Хьисэ деж къакӀуэри, къеупщӀащ:
19– Дин егъэджакӀуэ, Мусэ бегъымбарым мыпхуэдэу къытхуитхащ:#12:19 Мусэ бегъымбарым мыпхуэдэу къытхуитхащ – еплъ 5 Мусэ 25:5-6. «ЛӀы гуэрым и къуэш лӀэрэ, бын имыӀэу фыз къыщӀэнмэ, и къуэшым унагъуэ хуищӀын щхьэкӀэ, а лӀым фызабэр къишэжын хуейщ». 20Зэшибл псэуащ. Абыхэм янэхъыжьым фыз къишащ, ауэ бын къыщӀэмыну дунейм ехыжащ. 21Абы къыкӀэлъыкӀуэм а фызыр къишэжащ. Бын къыщӀэмыну, ари дунейм ехыжащ, ещанэри апхуэдэщ. 22Блыми а фызыр я щхьэгъусащ, ауэ бын къащӀэнакъым. Псом я ужькӀэ фызри дунейм ехыжащ. 23ЛӀахэр къыщытэджыжкӀэ, хэт ар иджы зи фызынур? Блыми я щхьэгъусакъэ ар?
24– Тхьэм и псалъэ тхахэмрэ Тхьэм и лъэкӀыныгъэшхуэмрэ зэрывмыщӀэракъэ фыщӀыщыуэр? – яжриӀащ Хьисэ абыхэм. 25– ЛӀахэр къыщытэджыжкӀэ, фыз къашэжынукъым, лӀыи дэкӀуэжынукъым, атӀэ уафэм щыӀэ мелыӀычхэм ещхьу щытынущ. 26ЛӀахэм я къэтэджыжыкӀэ хъунур Мусэ бегъымбарым и тхылъым иту феджакъэ? Пыжь банэм и хъыбарыр здитым деж итщ Тхьэр Мусэ бегъымбарым къепсалъэу мыпхуэдэу къызэрыжриӀар:#12:26 Тхьэм Мусэ епсалъэу … къызэрыжриӀар – еплъ 2 Мусэ 3:2-6. «Сэращ Ибрэхьими, Исхьэкъи, Екъуби я Тхьэр». 27Абы къикӀыр Тхьэр псэухэмрэ лӀауэ жыхуаӀэхэмрэ я Тхьэуэ зэрыщытырщ. Аращи, фэ икъукӀэ фыщоуэ.
Тхьэм и унафэхэм ящыщу нэхъ ин дыдэр
(Маттэ 22:34-40; Лука 10:25-28)
28Торэт егъэджакӀуэ пашэхэм ящыщ гуэрым Хьисэрэ саддукейхэмрэ зэрызэдауэр зэхихащ икӀи Хьисэ жэуап тэмэм къазэрыритар илъэгъуати, къыбгъэдыхьэри, къеупщӀащ:
– Тхьэм и унафэ псоми ящыщу дэтхэнэра нэхъ ин дыдэр?
29– Абыхэм ящыщу нэхъ ин дыдэр#12:29-30 нэхъ ин дыдэр – еплъ 5 Мусэ 6:4-5. мыращ: «ФыкъэдаӀуэ, израил цӀыхухэр, Зиусхьэну ди Тхьэращ зи закъуэу Зиусхьэныр; 30уэ уигу псомкӀи, уи псэ псомкӀи, уи зэхэщӀыкӀ псомкӀи, уи къару псомкӀи Зиусхьэну уи Тхьэр фӀыуэ лъагъу». 31ЕтӀуанэ унафэр#12:31 етӀуанэ унафэр – еплъ 3 Мусэ 19:18. мыращ: «Уи щхьэр фӀыуэ зэрыплъагъум хуэдэу, уи гъунэгъури фӀыуэ лъагъу». Мы унафитӀым нэхърэ нэхъ унафэ ин щыӀэкъым.
32– Дэгъуэщ, дин егъэджакӀуэ, – къыжриӀащ торэт егъэджакӀуэ пашэм Хьисэ, – Тхьэр зэрызакъуэр, абы фӀэкӀа Тхьэ зэрыщымыӀэр пэжу жыпӀащ. 33Ар уигу псомкӀи, уи псэ псомкӀи, уи зэхэщӀыкӀ псомкӀи, уи къару псомкӀи фӀыуэ плъагъуныр, икӀи уи щхьэр фӀыуэ зэрыплъагъум хуэдэу, уи гъунэгъури фӀыуэ плъагъуныр Тхьэм папщӀэ ягъэс къурмэныпхъэ псомри тыгъэ псомри нэхърэ куэдкӀэ нэхъ лъапӀэщ.
34Торэт егъэджакӀуэ пашэм губзыгъэу жэуап къызэритар щилъагъум, Хьисэ абы жриӀащ:
– Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм ущӀыхьэным упэжыжьэкъым уэ.
Абы щыщӀэдзауэ, Хьисэ нэгъуэщӀкӀэ еупщӀыжыну зыри тегушхуакъым.
Даут хэт зи къуэр?
(Маттэ 22:41-46; Лука 20:41-44)
35Тхьэм и унэшхуэм здыщӀэтым, цӀыхухэм Тхьэм и псалъэхэр яригъащӀэурэ, Хьисэ жиӀащ:
– Торэт егъэджакӀуэ пашэхэм Мэссихь Даут и къуэу дауэ жаӀэнкӀэ хъуа? 36Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм езы Даут и гум кърилъхьэри, мыпхуэдэу къыжригъэӀакъэ:#12:36 Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм Даут … къыжригъэӀакъэ? – еплъ Уэрэд ЛъапӀэхэм (Сабур) 109:1.
«Тхьэуэ Зиусхьэным
сэ си Зиусхьэным къыжриӀащ:
Уи бийхэр уи лъэгу къыщӀэзгъэувэху,
си ижьырабгъумкӀэ къызбгъэдэтӀысхьэ»?
37– Езы Даут Мэссихьым «Си ЗиусхьэнкӀэ» йоджэ, – къыщӀигъужащ Хьисэ. – Апхуэдэу щыщыткӀэ, Мэссихьыр Даут и Къуэу дауэ зэрубжынур?
ЦӀыху куэд я гуапэу едаӀуэрт Хьисэ.
Торэт егъэджакӀуэ пашэхэм я къуаншагъэр Хьисэ къызэрыщӀигъэщар
(Маттэ 23:1-36; Лука 20:45-47)
38ЦӀыхухэм Ӏуэхухэр яригъащӀэурэ, Хьисэ жиӀащ:
– Торэт егъэджакӀуэ пашэхэм фахуэсакъ! Абыхэм фащэ кӀыхьхэр ящыгъыу къакӀухьын я щӀасэщ. ЦӀыху зэхыхьэпӀэхэм езыхэм цӀыхухэм пщӀэ лей защыхурагъэщӀынри, 39синэгуэгухэм цӀыхухэр щыщызэхуэскӀи, гухэхъуэ Ӏэнэ щытрагъэувэн щыгъуи тхьэмадэ тӀысыпӀэхэр яубыдынри яфӀэфӀщ. 40Фызабэхэм я унэхэр къытрах. ЦӀыхухэр зыщагъэтхъун щхьэкӀэ, я тхьэлъэӀухэр кӀыхь ящӀ. Ахэр хуабжьу игъэпшынэнущ Тхьэм.
Фызабэм Тхьэм щхьэкӀэ ита ахъшэр
(Лука 21:1-4)
41ЦӀыхухэм Тхьэм тыгъэ хуащӀ ахъшэхэр зыдалъхьэ пхъуантэхэм хуэзанщӀэу тӀысауэ, цӀыхухэм ахъшэхэр пхъуантэхэм зэрыдалъхьэм еплъырт Хьисэ. ЦӀыху къулейхэм ахъшэ куэд далъхьэрт пхъуантэм. 42Фызабэ тхьэмыщкӀэ гуэр къакӀуэри, гъуаплъэ ахъшэ жьгъеитӀ дилъхьащ пхъуантэм. Ар зы хъурыщэ хуэдизт зэрыхъур.
43И гъуэгу ирикӀуэхэр къриджэри, яжриӀащ Хьисэ:
– Пэжыр нывжызоӀэ, мы фызабэ тхьэмыщкӀэм и закъуэ адрей цӀыху псоми нэхърэ нэхъыбэ дилъхьащ пхъуантэм; 44сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ а цӀыху псоми къелыжа ахъшэм щыщщ пхъуантэм далъхьар, фызабэм иӀэ псори дилъхьащ пхъуантэм – зэрыпсэуну иӀэ мащӀэ тӀэкӀур зэрыщыту.
Currently Selected:
Марк 12: KbdNTGP2017
Highlight
Share
Copy
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017