Маттэ 21
21
21-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
ЩӀыхьышхуэ иӀэу, Хьисэ Ерусалим зэрыдыхьар
(Марк 11:1-11; Лука 19:28-38; Иуан 12:12-19)
1Хьисэрэ и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ Ерусалим пэгъунэгъу хъуащ. Елеон Ӏуащхьэм#21:1 Елеон Ӏуащхьэр – Зейтун Ӏуащхьэр аращ. Ерусалим и гъунэгъуу, дыгъэ къуэкӀыпӀэмкӀэ, Кедрон аузым и адрыщӀым итщ. и лъапэм тес Виффагие жылэм щынэсым, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщ цӀыхуитӀ япэ иригъэщаш, 2мыпхуэдэу яжриӀэри:
– Фяпэ ит жылэм фыдыхьэ. Фызэрыдыхьэу зы шыдыбз, и шыд шыщӀэр щӀыгъуу, епхауэ фрихьэлӀэнущ. Ар къыкӀэрыфтӀэтыкӀи, си деж къафшэ. 3Зыгуэрым зыгуэр къывжиӀэмэ, «Зиусхьэныр мыбыхэм хуейщ» жефӀи, шыдхэр къэфшэну хуит фищӀынущ асыхьэтым.
4Апхуэдэу щӀэхъуар бегъымбарым жиӀа мы псалъэхэр#21:4-5 бегъымбарым жиӀа мы псалъэхэр – еплъ Ешайа бегъымбарым и тхылъым 62:11; Зэчрей бегъымбарым и тхылъым 9:9. пэж хъун щхьэкӀэщ:
5«Сион къалэу#21:5 Сион къалэр – Ерусалим къалэр арщ. пхъум хуэдэм жефӀэ:
Мис, гущабагъэ иӀэу, шыдым тесу
уи пащтыхьыр къыпхуокӀуэ;
ар зытесыр шыдыбзым и шыд шыщӀэрщ».
6И гъуэгу ирикӀуэхэр кӀуэри, Хьисэ зэражриӀам тету ящӀащ. 7Шыдыбзымрэ шыд шыщӀэмрэ къашэри, я щыгъынхэр абыхэм тралъхьащ, щыгъынхэм я щӀыӀум Хьисэ тетӀысхьащ. 8ЦӀыху гупышхуэм я щыгъынхэр гъуэгум хутраубгъуэрт абы, нэгъуэщӀхэми жыгхэм къудамэ къыпаупщӀурэ гъуэгум хутралъхьэрт. 9ЦӀыху гупышхуэу Хьисэ и пэ иту кӀуэхэми и ужь иту кӀуэхэми макъышхуэкӀэ жаӀащ:#21:9 макъышхуэкӀэ жаӀащ – еплъ Уэрэд ЛъапӀэхэм (Сабур) 117:25-26.
– Хьусаннэ#21:9 Хьусаннэ – щӀыхь псалъэщ. Даут и Къуэм деж!
Зиусхьэным и цӀэкӀэ къакӀуэм
щӀыхьышхуэр ейщ!
Хьусаннэ! Тхьэуэ Лъагэм
щӀыхьышхуэр ейщ!
10Хьисэ Ерусалим щыдыхьэм, къалэ псор къызэщӀэхъеяуэ, цӀыхухэм жаӀэрт:
– Хэт мыр?
11– Ар Хьисэщ, Галилей хэкум щыщ Назарет къикӀа бегъымбарырщ, – жаӀэрт цӀыхубэм.
Хьисэ сатуущӀэхэр Тхьэм и унэшхуэм къызэрыщӀихуар
(Марк 11:15-19; Лука 19:45-48; Иуан 2:13-22)
12Хьисэ Тхьэм и унэшхуэм щӀыхьэри, абы щӀэт сатуущӀэхэри#21:12 сатуущӀэхэр – абыхэм къурмэныпхъэ былымхэр Тхьэм и унэшхуэм и пщӀантӀэм щащэрт. щэхуакӀуэхэри псори къыщӀихуу щӀидзащ абы и ужькӀэ; ахъшэ зыхъуэжхэм#21:12 ахъшэ зыхъуэжхэр – Тхьэм и унэшхуэм щхьэкӀэ хьэкътын ахъшэр зытхэми къурмэныпхъэ былымхэр къэзыщэхухэми щхьэкӀэ абыхэм хамэ ахъшэхэр яхъуэжырт. я Ӏэнэхэмрэ тхьэрыкъуэ зыщэхэм я шэнтхэмрэ щхьэпридзащ. 13Хьисэ абыхэм яжриӀащ:
– Тхьэм къызэрыжиӀэр и псалъэу тхахэм хэтщ:#21:13 Тхьэм и псалъэу тхахэм хэтщ – еплъ Ешайа бегъымбарым и тхылъым 56:7. «Сэ си унэр тхьэлъэӀупӀэу щытынущ», ауэ фэ ар «хъунщӀакӀуэ тӀысыпӀэм»#21:13 хъунщӀакӀуэ тӀысыпӀэ – еплъ Иеремие бегъымбарым и тхылъым 7:11. ещхь фощӀ.
14Хьисэ Тхьэм и унэшхуэм щӀэту, нэфхэмрэ лъашэхэмрэ къакӀуэри, абдежым щигъэхъужащ. 15Дин пашэшхуэхэмрэ торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ* Хьисэ илэжьа Ӏуэху телъыджэхэр щалъагъум, сабийхэр Тхьэм и унэшхуэм щӀэту, «Хьусаннэ Даут и Къуэм#21:15 Даут и Къуэр – еплъ 9:27. деж!» жаӀэу къызэрыджар щызэхахым, ямыдэу 16Хьисэ къыжраӀащ:
– Абыхэм жаӀэр зэхэпхрэ?
– Зэхызох, – яжриӀащ Хьисэ, – ауэ феджакъэ Даут Тхьэм мыпхуэдэу зэрыжриӀам:#21:16 Тхьэм зэрыжриӀар – еплъ Уэрэд ЛъапӀэхэм (Сабур) 8:3.
«Сабийхэмрэ сабий быдзафэхэмрэ
я жьэкӀэ щӀыхь зыхуебгъэщӀащ»?
17Хьисэ абыхэм яхэкӀщ, къалэм дэкӀщ, Вифание жылэм#21:17 Вифание жылэр – Ерусалим километрищкӀэ пэжыжьэу, и къуэкӀыпӀэмкӀэ щыӀэщ. кӀуэри, жэщыр абы щрихащ.
Хьисэ ахъуо жыгым зэребгар
(Марк 11:12-14, 20-24)
18Нэху щауэ, Ерусалим къыздэкӀуэжым, Хьисэ къэмэжэлӀащ. 19Гъуэгубгъум зы ахъуо жыг щилъагъури, абы бгъэдыхьащ, ауэ тхьэмпэ фӀэкӀ зыри пигъуэтакъым; жыгым мыпхуэдэу жриӀащ:
– ИгъащӀэкӀэ зыри уэ къыппымыкӀэжын ирехъу!
Ар зэрыжиӀэу, ахъуо жыгыр гъуащ. 20Ар щалъагъум, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ягъэщӀагъуэу жаӀащ:
– Ахъуо жыгыр дауэ апхуэдэу псынщӀэу гъужынкӀэ хъуа?
21– Пэжыр нывжызоӀэ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм, – фи гум шэч къивмыгъэхьэу фӀэщхъуныгъэ фиӀэмэ, ахъуо жыгым есщӀам хуэдэ къудейкъым фщӀэн флъэкӀынур, мы Ӏуащхьэми «ЗыкъэӀэти, хым зыхэдзэ!» жефӀэмэ, зыхидзынущ. 22ФӀэщхъуныгъэ фиӀэмэ, сыткӀэ фелъэӀуми, Тхьэм ар къыфхуищӀэнущ.
Хьисэ и тепщэныгъэр журт пашэхэр къезытамкӀэ къызэреупщӀар
(Марк 11:27-33; Лука 20:1-8)
23Хьисэ Тхьэм и унэшхуэм щӀыхьэри, Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм яригъащӀэу щӀидзащ. ЯригъащӀэ щыхъум, дин пашэшхуэхэмрэ цӀыхухэм я нэхъыжьхэмрэ къыбгъэдыхьэри къыжраӀащ:
– Мы Ӏуэхухэр блэжьыну хуитыныгъэ дэнэ къыздипхар? Ахэр блэжьыну тепщэныгъэ хэт уэ къозытар?
24– Сэри фэ зы Ӏуэхугъуэ гуэркӀэ сынывэупщӀынущ, – яжриӀащ Хьисэ. – Жэуап къызэфтыжмэ, сэри нывжесӀэнщ мы Ӏуэхухэр злэжьыну хуитыныгъэ къыздисхар. 25ЦӀыхухэр иумэхъын#21:25 умэхъыныр – еплъ 3:1. щхьэкӀэ, Иуан хэт къэзыгъэкӀуар? ЦӀыхухэра, хьэмэрэ Тхьэра?
– «Тхьэращ Иуан къэзыгъэкӀуар» жытӀэмэ, езым къыджиӀэнщ: «НтӀэ, Иуан жиӀар сыт фи фӀэщ щӀэмыхъуар?» – зэчэнджэщыжурэ жаӀэрт абыхэм. 26– «ЦӀыхухэращ Иуан къэзыгъэкӀуар», жытӀэмэ, цӀыхухэм дащышынэн хуейщ, цӀыху псоми Иуан бегъымбару ялъытэри. 27Арати:
– ТщӀэркъым, – къыжраӀащ Хьисэ.
– Апхуэдэу щыщыткӀэ, сэри нывжесӀэнукъым мы Ӏуэхухэр злэжьыну хуитыныгъэ къыздисхар, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.
КъуитӀым ятеухуа ущие хъыбарыр
Хьисэ жиӀащ итӀанэ:
28– Фэ дауэ феплърэ? ЛӀы гуэрым къуитӀ иӀэт. А лӀыр и зы къуэм бгъэдыхьэри, жриӀащ: «Си щӀалэ, кӀуэи, нобэ си жызум хадэм щылажьэ».
29– Абы жэуап къритащ: «СыкӀуэнукъым», арщхьэкӀэ иужьым щӀегъуэжри, кӀуащ.
30– Адэр адрей и къуэми бгъэдыхьэри, ар дыдэр жриӀащ. ЩӀалэм жиӀащ: «СыкӀуэнщ, ди адэ», ауэ кӀуакъым.
31– Хэт а тӀум щыщу адэр зыхуейр зыгъэзэщӀар?
– Япэр арщ, – къыжраӀащ абыхэм.
– Пэжыр нывжызоӀэ, – яжриӀащ Хьисэ, – хьэкътын ахъшэр хэзыххэмрэ псэжьхэмрэ фэ фяпэ щӀыхьэнущ Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм. 32Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ щыпкъагъэм и гъуэгу фытригъэхьэн щхьэкӀэщ Иуан къыщӀэкӀуар, ауэ фэ абы дзыхь хуэфщӀакъым, хьэкътын ахъшэр хэзыххэмрэ псэжьхэмрэ Иуан жиӀар я фӀэщ хъуащ. Ар я фӀэщ зэрыхъуар флъэгъуа пэтми, фэ фыщӀегъуэжакъым икӀи Иуан дзыхь хуэфщӀакъым.
ЖызумгъэкӀ бзаджэхэм ятеухуа ущие хъыбарыр
(Марк 12:1-12; Лука 20:9-19)
33– НэгъуэщӀ ущие хъыбари фыкъедаӀуэ. Унэр зей гуэрым жызум хадэ игъэтӀысащ. Хадэр мывэ сэрейкӀэ къищӀыхьщ, жызум пӀытӀалъэри ищӀри, бэтэгъей игъэуващ. ЖызумгъэкӀ гуэрхэм хадэр яӀэщӀилъхьэри, хамэ къэрал гуэрым кӀуащ езыр. 34Жызум пычыжыгъуэр къыщысым, и жызум Ӏыхьэр къыӀахыну жызумгъэкӀхэм я деж унэӀутхэр игъэкӀуащ абы.
35– ЖызумгъэкӀхэм унэӀутхэр яубыдри, зыр яубэрэжьащ, адрейр яукӀащ, ещанэри яукӀащ, мывэкӀэ еуэурэ. 36Хадэр зейм унэӀутхэр игъэкӀуащ аргуэру, япэу игъэкӀуахэм нэхърэ нэхъыбэжу, ауэ абыхэми ар дыдэр къращӀащ. 37ИкӀэм-икӀэжым «Си къуэм пщӀэ къыхуащӀынщ», жиӀэри, и къуэр абыхэм я деж игъэкӀуащ хадэр зейм.
38– ЖызумгъэкӀхэм хадэр зейм и къуэр щалъагъум, зым адрейм жриӀащ: «Жызум хадэр къызыхуэнэжынур мыращ. Ар дывгъэукӀи, хадэр дэ къытхуэнэнщ». 39Арати, ар яубыдщ, жызум хадэм ирашыжри яукӀащ.
40– АтӀэ, жызум хадэр зейр къакӀуэмэ, а жызумгъэкӀхэм сыт ярищӀэнур? – щӀэупщӀащ Хьисэ.
41– Абы а бзаджащӀэхэр кӀуэдыкӀейуэ игъэкӀуэдынурэ, жызум пычыжыгъуэр къыщыскӀэ, и жызум Ӏыхьэр къезытыжыну нэгъуэщӀ жызумгъэкӀхэм хадэр яӀэщӀилъхьэнущ, – къыжраӀащ абыхэм Хьисэ.
УхуакӀуэхэм зрамыпэсу хыфӀадзэжа мывэр
42Хьисэ яжриӀащ итӀанэ:
– Тхьэм и псалъэу тхахэм#21:42 Тхьэм и псалъэ тхахэр – еплъ Уэрэд ЛъапӀэхэм (Сабур) 117:22-23. мыпхуэдэу зэрыхэтым феджакъэ?
«УхуакӀуэхэм зрамыпэсу хыфӀадзэжа мывэр
унэр зытезыӀыгъ мывэ лъабжьэ хъуащ.
Мыр Зиусхьэным къыбгъэдэкӀ Ӏуэхущ,
икӀи ар дэ тфӀэтелъыджэщ».
43– Аращи, нывжызоӀэ, – къыпищащ Хьисэ, – Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм#21:43 Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр – еплъ 3:2. фыщӀыхьэнымкӀэ хуитыныгъэр фэ къыфтрихынурэ, и Тепщэныгъэшхуэм хуэфащэу фӀыгъуэр зыгъэзащӀэ нэгъуэщӀ лъэпкъ гуэрым иритынущ. 44Мы мывэм къытехуэр зэпкъриудынущ, езыр зытехуэр ипӀытӀынущ.
45Мы ущие хъыбархэр дин пашэшхуэхэмрэ фарисейхэмрэ щызэхахым, а хъыбархэр езыхэм зэратеухуар къагурыӀуати, 46Хьисэ яубыдыну хэтащ, ауэ цӀыхубэм ящышынащ, абыхэм ар бегъымбару ялъытэрти.
Currently Selected:
Маттэ 21: KbdNTGP2017
Highlight
Share
Copy
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017