1
Маттэ 21:22
ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр
ФӀэщхъуныгъэ фиӀэмэ, сыткӀэ фелъэӀуми, Тхьэм ар къыфхуищӀэнущ.
Compare
Explore Маттэ 21:22
2
Маттэ 21:21
– Пэжыр нывжызоӀэ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм, – фи гум шэч къивмыгъэхьэу фӀэщхъуныгъэ фиӀэмэ, ахъуо жыгым есщӀам хуэдэ къудейкъым фщӀэн флъэкӀынур, мы Ӏуащхьэми «ЗыкъэӀэти, хым зыхэдзэ!» жефӀэмэ, зыхидзынущ.
Explore Маттэ 21:21
3
Маттэ 21:9
ЦӀыху гупышхуэу Хьисэ и пэ иту кӀуэхэми и ужь иту кӀуэхэми макъышхуэкӀэ жаӀащ: – Хьусаннэ Даут и Къуэм деж! Зиусхьэным и цӀэкӀэ къакӀуэм щӀыхьышхуэр ейщ! Хьусаннэ! Тхьэуэ Лъагэм щӀыхьышхуэр ейщ!
Explore Маттэ 21:9
4
Маттэ 21:13
Хьисэ абыхэм яжриӀащ: – Тхьэм къызэрыжиӀэр и псалъэу тхахэм хэтщ: «Сэ си унэр тхьэлъэӀупӀэу щытынущ», ауэ фэ ар «хъунщӀакӀуэ тӀысыпӀэм» ещхь фощӀ.
Explore Маттэ 21:13
5
Маттэ 21:5
«Сион къалэу пхъум хуэдэм жефӀэ: Мис, гущабагъэ иӀэу, шыдым тесу уи пащтыхьыр къыпхуокӀуэ; ар зытесыр шыдыбзым и шыд шыщӀэрщ».
Explore Маттэ 21:5
6
Маттэ 21:42
Хьисэ яжриӀащ итӀанэ: – Тхьэм и псалъэу тхахэм мыпхуэдэу зэрыхэтым феджакъэ? «УхуакӀуэхэм зрамыпэсу хыфӀадзэжа мывэр унэр зытезыӀыгъ мывэ лъабжьэ хъуащ. Мыр Зиусхьэным къыбгъэдэкӀ Ӏуэхущ, икӀи ар дэ тфӀэтелъыджэщ».
Explore Маттэ 21:42
7
Маттэ 21:43
– Аращи, нывжызоӀэ, – къыпищащ Хьисэ, – Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм фыщӀыхьэнымкӀэ хуитыныгъэр фэ къыфтрихынурэ, и Тепщэныгъэшхуэм хуэфащэу фӀыгъуэр зыгъэзащӀэ нэгъуэщӀ лъэпкъ гуэрым иритынущ.
Explore Маттэ 21:43
Home
Bible
Plans
Videos