YouVersion Logo
Search Icon

Маттэ 22

22
22-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
ХьэгъуэлӀыгъуэм теухуа ущие хъыбарыр
(Лука 14:15-24)
1Хьисэ ущие хъыбархэмкӀэ цӀыхухэм аргуэру яжриӀащ:
2– Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр зыхуэдэр мыращ. Пащтыхь гуэрым и къуэм къригъашэри, хьэгъуэлӀыгъуэ хуищӀащ. 3Къеблэгъэнухэм я деж пащтыхьым и унэӀутхэр игъэкӀуащ, ауэ абыхэм къэкӀуэн ядакъым.
4– Пащтыхьым нэгъуэщӀ унэӀутхэр игъэкӀуащ, мыпхуэдэу яжриӀэри: «Фыкъеблагъэ зыжесӀахэм яжефӀэ: Ӏэнэр хьэзырщ, выхэри, хьэгъуэлӀыгъуэм хуэзгъэшха нышхэри фӀезгъэгъэжащ, псори хьэзырщ, хьэгъуэлӀыгъуэм фыкъеблагъэ».
5– Ауэ абыхэм унэӀутхэм нэмыплъ къратри, зыр и хьэсэм кӀуащ, адрейр и сату и ужь ихьэжащ. 6Адрейхэм пащтыхьым и унэӀутхэр яубыдщ, лей кърахри къаукӀащ. 7Пащтыхьым ар щызэхихым, къэгубжьщ, и дзэр игъакӀуэщ, а лӀыукӀхэр зэтрыригъэукӀэри, я къалэри мафӀэкӀэ иригъэгъэсащ.
8– Пащтыхьым и унэӀутхэм яжриӀащ итӀанэ: «ХьэгъуэлӀыгъуэр хьэзыр хъуакӀэщ, ауэ къезгъэблэгъахэм ар яхуэфащэтэкъым. 9Аращи, гъуэгу зэхэкӀыпӀэхэм фыкӀуи, хэт вгъуэтми, хьэгъуэлӀыгъуэм къевгъэблагъэ». 10УнэӀутхэр гъуэгухэм техьэри, ягъуэта псори, цӀыхуфӀхэри цӀыху бзаджэхэри, кърагъэблэгъащ; хьэгъуэлӀыгъуэм къекӀуэлӀар унэм щӀэз хъуащ.
11– ХьэщӀэхэр зригъэлъагъуну къыщыщӀыхьэм, хьэгъуэ-лӀыгъуэм хуэфащэ щыгъын щымыгъыу лӀы гуэр илъэгъуащ пащтыхьым. 12Щилъагъум, пащтыхьыр а лӀым еупщӀащ: «Си ныбжьэгъу, мыпхуэдэу фейцейуэ ухуэпауэ, дауэ укъеблэгъа?» Ауэ адрейм зыри жиӀакъым.
13– Пащтыхьым и унэӀутхэм яжриӀащ: «А лӀым и Ӏэхэри и лъакъуэхэри фыпхи, кӀыфӀыгъэм и кууупӀэм хэвдзэ. Абы гъы макърэ дзэ зэрыгъэшх макърэ къыщыӀунущ».
14– Къеблэгъар куэдщ, ауэ хэплъыхьауэ яхэтыр мащӀэщ, – къыщӀигъужащ Хьисэ.
Хьэкътын ахъшэм теухуауэ
(Марк 12:13-17; Лука 20:20-26)
15Фарисейхэр кӀуэри, Хьисэ псалъэ гуэрым зэрытраубыдэн щӀыкӀэмкӀэ зэчэнджэщыжащ абы щыгъуэ. 16Арати, фарисейхэм я гъуэгу ирикӀуэхэр Хьисэ деж ягъэкӀуащ, Ирод пащтыхьым и лъэужь ирикӀуэхэр#22:16 Ирод пащтыхьым и лъэужь ирикӀуэхэр – ахэр Рим Ӏэтащхьэм хуэмейуэ, пащтыхь Ирод Иным къытехъукӀа цӀыхухэм ящыщ гуэр пащтыхь яхуэхъуну хуеящ. я гъусэу. Абыхэм жаӀащ:
– Дин егъэджакӀуэ, щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхуу узэрыщытми, щыпкъагъэм тету Тхьэм и гъуэгур цӀыхухэм зэребгъащӀэм дыщыгъуазэщ. ЦӀыхухэм жаӀэм зыкӀи уигъэгузавэркъым, цӀыхухэм я фэм уемыплъу, цӀыху псори уи зэхуэдэщи. 17Аращи, къыджеӀэ: Дауэ уеплърэ? Кесарым#22:17 кесар – а лъэхъэнэм, Хьисэ къэхъуа нэужь 14-37 гъэхэм, Тиверий зи цӀэр Рим кесару щытащ. хьэкътын ахъшэр#22:17 хьэкътын ахъшэр – еплъ 5:46. етт хъуну, хьэмэ мыхъуну?
18Абыхэм я бзаджагъэм гу лъитати, Хьисэ жиӀащ:
– Сыщывгъэуэну фыщӀыхэтыр сыт фэ, бзитӀщхьитӀхэ? 19Хьэкътын ахъшэр* сывгъэлъагъу.
Динар ахъшэ Хьисэ къыхуахьащ абыхэм.
20– Хэт и сурэт мыбы тетыр, хэт и цӀэ мыбы тетхари? – щӀэупщӀащ Хьисэ.
21– Кесарырщ, – жаӀащ абыхэм.
– Апхуэдэу щыщыткӀэ, кесарым ейр кесарым ефтыж, Тхьэм ейри Тхьэм ефтыж, – яжриӀащ Хьисэ.
22Ар щызэхахым, абыхэм ягъэщӀэгъуащ икӀи Хьисэ къагъанэри, ежьэжащ.
ЛӀахэм я къэтэджыжыкӀэ хъунумкӀэ Хьисэ къызэреупщӀар
(Марк 12:18-27; Лука 20:27-40)
23ЛӀахэр къызэрытэджыжынур зи фӀэщ мыхъу саддукейхэм#22:23 саддукейхэр – еплъ 3:7. ящыщ зы гуп къыбгъэдыхьэри, Хьисэ къеупщӀащ а махуэ дыдэм:
24– Дин егъэджакӀуэ, Мусэ бегъымбарым жиӀащ:#22:24 Мусэ бегъымбарым жиӀащ – еплъ 5 Мусэ 25:5-6. «ЛӀы гуэр бын имыӀэу лӀэмэ, а лӀым унагъуэ хуищӀын щхьэкӀэ, и къуэшым фызабэр къишэжын хуейщ». 25Дэ зэкъуэшибл къытхэтт. Нэхъыжьым къишауэ, дунейм ехыжащ. Бын иӀэтэкъыми, абы и фызыр и къуэшым къыхуэнащ. 26Адрейхэми – етӀуанэми, ещанэми, ебланэм нэсыху – ар къащыщӀащ. 27А псом я ужькӀэ фызри дунейм ехыжащ. 28Аращи, лӀахэр къыщытэджыжкӀэ, мы зэшиблым ящыщу хэт ар зи фызынур? Ар зэшыблыми я щхьэгъусакъэ?
29– Фыщоуэ, – жэуап яритащ Хьисэ абыхэм. – ФыщӀыщыуэр Тхьэм и псалъэу тхахэмрэ Тхьэм и лъэкӀыныгъэшхуэмрэ зэрывмыщӀэр арщ. 30ЛӀахэр къыщытэджыжкӀэ, фыз къашэжынукъым, лӀыи дэкӀуэжынукъым, атӀэ уафэм щыӀэ мелыӀычхэм ещхьу щытынущ. 31Ауэ лӀахэр къэтэджыжыныр пэж, жыфӀэу фыщӀэупщӀэмэ, Тхьэм жиӀа мы псалъэхэм#22:31-32 Тхьэм жиӀа мы псалъэхэм – еплъ 2 Мусэ 3:2-6. феджакъэ: 32«Сэращ Ибрэхьими, Исхьэкъи, Екъуби я Тхьэр»? Тхьэр псэухэмрэ лӀауэ жыхуаӀэхэмрэ я Тхьэу зэрыщытырщ абы къикӀыр.
33ЦӀыху гупышхуэхэм ар щызэхахым, Хьисэ яригъэщӀа Ӏуэхухэр ягъэщӀэгъуащ.
Тхьэм и унафэхэм щыщу нэхъ ин дыдэр
(Марк 12:28-34; Лука 10:25-28)
34Хьисэ саддукейхэм жаӀэнур ямыщӀэжу къызэригъэнар фарисейхэм щызэхахым, зэхуэсащ. 35Абыхэм ящыщ торэт егъэджакӀуэ пашэ гуэр Хьисэ, игъэунэхун щхьэкӀэ, къеупщӀащ:
36– Дин егъэджакӀуэ, Тхьэм и унафэхэм щыщу дэтхэнэра нэхъ ин дыдэр?#22:36-37 Тхьэм и унафэхэм щыщу нэхъ ин дыдэр – еплъ 5 Мусэ 6:5.
37– «Уэ уигу псомкӀи, уи псэ псомкӀи, уи зэхэщӀыкӀ псомкӀи Зиусхьэну уи Тхьэр фӀыуэ лъагъу», – жриӀащ Хьисэ. 38– Аращ я нэхъ ин дыдэу япэрей унафэр. 39ЕтӀуанэ унафэри#22:39 етӀуанэ унафэр – еплъ 3 Мусэ 19:18. апхуэдэщ: «Уи щхьэр фӀыуэ зэрыплъагъум хуэдэу, уи гъунэгъури фӀыуэ лъагъу». 40Мы унафитӀым къызэщӀаубыдэ Мусэ бегъымбарым и Торэт хабзэм ит псори, адрей бегъымбархэми жаӀа псори.
Мэссихьыр хэт зи къуэр?
(Марк 12:35-37; Лука 20:41-44)
41Фарисейхэр къызэхуэса нэужь, Хьисэ абыхэм еупщӀащ:
42– Мэссихь теухуауэ сыт жыфӀэн? Хэт ар зи къуэр?
– Даут и къуэщ ар, – жаӀащ абыхэм.
43– Апхуэдэу щытмэ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм Даут и гум кърилъхьэу, Мэссихь теухуауэ «Си Зиусхьэн» жиӀэурэ къызэрыжригъэӀар дауэ къызэрыбгурыӀуэнур? – яжриӀащ Хьисэ. – Даут мыпхуэдэу жиӀакъэ:#22:43-44 Даут жиӀакъэ – еплъ Уэрэд ЛъапӀэхэм (Сабур) 109:1.
44«Тхьэуэ Зиусхьэным
сэ си Зиусхьэным къыжриӀащ:
Уи бийхэр уи лъэгу къыщӀэзгъэувэху,
си ижьырабгъумкӀэ къызбгъэдэтӀысхьэ»?
45– Езы Даут Мэссихьым «Сэ си ЗиусхьэнкӀэ» йоджэ, – къыщӀигъужащ Хьисэ. – Апхуэдэу щыщыткӀэ, Мэссихьыр Даут и къуэу дауэ зэрубжынур?
46Хьисэ зы псалъэ къыпидзыжын зыми лъэкӀакъым. Хьисэ нэгъуэщӀкӀэ еупщӀыжыну зыри тегушхуакъым а махуэм щыщӀэдзауэ.

Currently Selected:

Маттэ 22: KbdNTGP2017

Highlight

Share

Copy

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in