YouVersion Logo
Search Icon

Маттэ 23

23
23-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ фарисейхэмрэ я къуаншагъэр Хьисэ къызэрыщӀигъэщар
(Марк 12:38-40; Лука 11:37-52; 20:45-47)
1Хьисэ цӀыху гупышхуэхэмрэ и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ яжриӀащ абы щыгъуэ:
2– Торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ фарисейхэмрэ Мусэ бегъымбарым и тахътэм тетӀысхьащ. 3Аращи, фщӀэн хуейуэ икӀи вгъэзэщӀэн хуейуэ абыхэм къывжаӀэ псори вгъэзащӀэ, ауэ ящӀэр фымыщӀэ, абыхэм жаӀэ фӀэкӀ, жаӀэр ягъэзащӀэркъыми. 4Хьэлъэ зехьэгъуейхэр зэкӀуэцӀапхэри, цӀыхухэм я дамащхьэм тралъхьэ, ауэ цӀыхухэм ядэӀэпыкъуну езыхэм я зы Ӏэпхъуамби ягъэхъейркъым.
5– Абыхэм я ӀуэхуфӀ псори цӀыхухэм ирагъэлъагъун щхьэкӀэщ щӀащӀэр. Абыхэм я нэмэз пхъуантэ цӀыкӀуэхэр#23:5 нэмэз пхъуантӀэ цӀыкӀуэхэр – пхъуантэ цӀыкӀуэхэу (фэм къыхэщӀыкӀа дэлъхьэпӀэ цӀыкӀухэр) я тхылъ лъапӀэхэм ярытым щыщ зыдэлъхэр журтхэм фэ кӀапсэкӀэ я натӀэмрэ я Ӏэпщэхэмрэ ирашӀэ. Еплъ 5 Мусэ 6:8; 11:18. нэхъ ин, я фащэ кӀыхьхэм я къуакӀэр нэхъ кӀыхь ящӀ. 6Гухэхъуэ Ӏэнэ щытрагъэувэн щыгъуи, синэгуэгухэм цӀыхухэр щыщызэхуэскӀи тхьэмадэ тӀысыпӀэхэр яубыдын яфӀэфӀщ. 7ЦӀыху зэхыхьэпӀэхэм езыхэм цӀыхухэм пщӀэ лей защыхурагъэщӀынри «дин егъэджакӀуэкӀэ» зрагъэджэнри ящӀасэщ.
8– Ауэ фэ «дин егъэджакӀуэкӀэ» зэвмыгъаджэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ дин егъэджакӀуэу фиӀэ закъуэр Мэссихьщ икӀи фэ псори фызэкъуэшщ. 9Зыми щӀылъэм фи «адэкӀэ» фыщемыджэ, фэ адэу фиӀэ закъуэр уафэм щыӀэ фи Адэ лъапӀэрщи. 10Апхуэдэ дыдэу, «ущиякӀуэкӀи» зэвмыгъаджэ, ущиякӀуэу фиӀэ закъуэр Мэссихьщи. 11Фэ фщыщ нэхъ ин дыдэр ӀуэхутхьэбзащӀэ фэ къыфхурехъу. 12Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зи щхьэ зыгъэин дэтхэнэри Тхьэм игъэлъэхъшэнущ, ауэ зи щхьэ зыгъэлъахъщэ дэтхэнэри Тхьэм игъэинынущи.
13– Гъуэгу мыгъуэ фытеуващ, торэт егъэджакӀуэ пашэхэри фарисейхэри, бзитӀщхьитхэ! Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм и куэбжэр цӀыхухэм я пащхьэм щывгъэбыдэ. Фэ езыхэри а тепщэныгъэшхуэм фыщӀыхьэркъым, щӀыхьэну хуейхэри хуит фщӀыркъым. 14Гъуэгу мыгъуэ фытеуващ, торэт егъэджакӀуэ пашэхэри фарисейхэри, бзитӀщхьитӀхэ! Фызабэхэм я унэхэр къатывох икӀи цӀыхухэм зевгъэгъэщӀэгъуэн щхьэкӀэ, фи тхьэлъэӀухэр кӀыхьлӀыхь фощӀ. Тхьэм хуабжьу фигъэпшынэнущ абы щхьэкӀэ.
15– Гъуэгу мыгъуэ фытеуващ, торэт егъэджакӀуэ пашэхэри фарисейхэри, бзитӀщхьитӀхэ! Фэ щӀыми хыми къыщывокӀухь, фи диным зы цӀыху закъуэ къивгъэхьэн щхьэкӀэ. Ар къыщывэхъулӀэкӀэ, фэр нэхърэ тӀукӀэ нэхъ Ӏейуэ жыхьэнмэ бын ар фощӀ.
16– Гъуэгу мыгъуэ фытеуващ фэ, пашэ нэфхэу мыпхуэдэу жызыӀэхэр: «Тхьэм и унэшхуэм и цӀэкӀэ зыгуэрым тхьэ иӀуэмэ, абы зыри къикӀыркъым, ауэ Тхьэм и унэшхуэм и дыщэм и цӀэкӀэ зыгуэрым тхьэ иӀуэмэ, тхьэрыӀуэ мэхъу». 17Фэ, акъыл зимыӀэу цӀыху нэфхэ! Дэтхэнэра нэхъ лъапӀэр: дыщэра, хьэмэрэ Тхьэм и унэшхуэу дыщэр лъапӀэ зыщӀыра? 18Мыпхуэдэуи жывоӀэ: «КъурмэнщӀыпӀэм и цӀэкӀэ зыгуэрым тхьэ иӀуэмэ, абы зыри къикӀыркъым, ауэ къурмэнщӀыпӀэм телъ къурмэныпхъэм и цӀэкӀэ зыгуэрым тхьэ иӀуэмэ, тхьэрыӀуэ мэхъу». 19Фэ, цӀыху нэфхэ! Дэтхэнэра нэхъ лъапӀэр, къурмэныпхъэра, хьэмэрэ къурмэныпхъэр лъапӀэ зыщӀ къурмэнщӀыпӀэра? 20Аращи, къурмэнщӀыпӀэм и цӀэкӀэ тхьэ зыӀуэм къурмэнщӀыпӀэм и цӀэкӀи абы телъ псом я цӀэкӀи тхьэ иӀуа мэхъу. 21Тхьэм и унэшхуэм и цӀэкӀэ тхьэ зыӀуэм Тхьэм и унэшхуэм и цӀэкӀи абы щӀэсым и цӀэкӀи тхьэ иӀуа мэхъу. 22Уафэм и цӀэкӀэ тхьэ зыӀуэм Тхьэм и тахътэм и цӀэкӀи абы тесым и цӀэкӀи тхьэ иӀуа мэхъу.
23– Гъуэгу мыгъуэ фытеуващ торэт егъэджакӀуэ пашэхэри фарисейхэри, бзитӀщхьитӀхэ! ХадэхэкӀ нэхъ пудхэм ящыщу пщӀанэр Тхьэм щхьэкӀэ фот, ауэ нэхъ вгъэзэщӀапхъэу Торэт хабзэм зи гугъу ищӀ захуагъэм, гущӀэгъу пхэлъыным, Тхьэм хуэщыпкъэным фыбгъэдокӀ. Ахэращ фызытекӀ мыхъунур, адрей фи фарзэхэр зыщывмыгъэгъупщэу. 24Фэ, пашэ нэфхэ! Фызэфэм аргъуейр хэфхыурэ, махъшэу хэлъыр зыжьэдыволъафэ.
25– Гъуэгу мыгъуэ фытеуващ, торэт егъэджакӀуэ пашэхэри фарисейхэри, бзитӀщхьитӀхэ! Фэ фи фалъэхэмрэ фи лагъэхэмрэ я щӀыфэр фогъэкъабзэ, ауэ я кӀуэцӀым нэпсеягъэмрэ зымышыӀэныгъэмрэ изщ. 26Уэ, фарисей нэф! Фалъэмрэ лагъэмрэ я кӀуэцӀыр гъэкъабзэ япэщӀыкӀэ, я щӀыфэри къабзэ хъунущ итӀанэ.
27– Гъуэгу мыгъуэ фытеуващ, торэт егъэджакӀуэ пашэхэри фарисейхэри, бзитӀщхьитӀхэ! Хужьу яла кхъэ мащэхэм фахуэдэщ фэ. Ахэр дахэу къолъагъуэ, арщхьэкӀэ я кӀуэцӀыр хьэдэ къупщхьэрэ фӀей зэмылӀэужьыгъуэкӀэ кудащ. 28Щыпкъагъэ зигу илъхэм фахуэдэу цӀыхухэм закъыфӀывогъэщӀ фи фэкӀэ, ауэ фигухэм бзитӀщхьитӀыгъэмрэ бзаджагъэмрэ изщ.
29– Гъуэгу мыгъуэ фытеуващ, торэт егъэджакӀуэ пашэхэри фарисейхэри, бзитӀщхьитӀхэ! Бегъымбархэм щхьэкӀэ кхъэлэгъунэхэр фогъэув, щыпкъагъэ зигу илъа цӀыхухэм я сынхэри фогъэщӀэращӀэ. 30Апхуэдэу щыт пэтми, «Ди адэжьхэм я зэманым дыпсэуатэмэ, абыхэм бегъымбархэм я лъыр щагъажэм, гъусэ дахуэхъунтэкъым», жывоӀэ. 31Апхуэдэу жыфӀэурэ, бегъымбархэр зыукӀахэм я щӀэблэу фызэрыщытым фэр-фэру щыхьэт фытохъуэ. 32ФеуэжьэрэкӀ-тӀэ, абы щыгъуэ фи адэжьхэм къаубла Ӏуэхур вгъэбатэ.
33– Фэ, блэхэ! Фэ, блэ щылъхухэ! Жыхьэнмэр унапӀэ фхуищӀащ Тхьэм, абы дауэ фыӀэщӀэкӀын? 34Абы къыхэкӀкӀэ, бегъымбархэри, акъылыфӀагъэ зиӀэ цӀыхухэри, дин егъэджакӀуэхэри сэ ныфхузогъакӀуэ. Абыхэм ящыщ зы гупыр жорым ефӀулӀынурэ, фыукӀынущ; адрей гупми фи синэгуэгухэм щӀопщкӀэ фыщеуэнущ икӀи зы къалэм дэфхунурэ адрей къалэм фхунущ. 35Аращи, дунейм щагъэжа лъы хей псори фэ къыфтехуэнущ, щыпкъагъэ зигу илъ Хэбэл бегъымбарым и лъым къыщыщӀэдзауэ Варахийм и къуэ Зэчрей бегъымбарым и лъыр къыхиубыдэу. Зэчрей бегъымбарыращ Тхьэм и унэшхуэмрэ къурмэнщӀыпӀэмрэ я зэхуакум дэвукӀыхьар. 36Пэжыр нывжызоӀэ, мы Ӏуэху мыхъумыщӀэ псоми я лажьэр иджырей цӀыхухэм къатехуэнущ.
Еууей, Ерусалим!
(Лука 13:34-35)
37– Еууей, Ерусалим, Ерусалим! Уи цӀыхухэм бегъымбархэр яукӀ, Тхьэм и лӀыкӀуэхэри, мывэкӀэ еуэурэ, яукӀ. Бзум и шырхэр и дамэ щӀагъым зэрыщызэхуишэсым хуэдэу, уи бынхэр сэ зэхуэсшэсыну сыт хуэдизрэ сыхуея, ауэ фэ фыхуеякъым. 38АтӀэ, фи къалэм Тхьэр нэфӀкӀэ къеплъыжынукъым. 39Сэ нывжызоӀэ, «Зиусхьэным и цӀэкӀэ къакӀуэм щӀыхьышхуэр ейщ» щыжыфӀэну махуэм нэсыху, сыкъэфлъагъужынукъым.

Currently Selected:

Маттэ 23: KbdNTGP2017

Highlight

Share

Copy

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in