YouVersion Logo
Search Icon

Маттэ 20

20
20-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
ЖызумгъэкӀхэм ятеухуа ущие хъыбарыр
1– Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр#20:1 Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр – еплъ 3:2. зыхуэдэр мыращ. Жызум хадэ зиӀэ гуэрым и жызум хадэм щигъэлэжьэн лэжьакӀуэхэр къилъыхъуэну пщэдджыжьым жьыуэ дэкӀащ. 2ЛэжьакӀуэхэр къыщигъуэтым, епсалъэщ, махуэм динар зырыз яритыну зэгурыӀуэри, и жызум хадэм игъэкӀуащ игъэлэжьэну.
3– Жызым хадэр зейр пщэдджыжьым сыхьэтыр бгъум#20:3 пщэдджыжьым сыхьэтыр бгъум – зэрытха дыдэм хуэдэу зэбдзэкӀмэ, «ещанэ сыхьэтыр» арщ. Абы къикӀыр пщэдджыжьым сыхьэтыр бгъурщ. дэкӀри, нэгъуэщӀ лӀы Ӏуэхуншэхэр бэзэрым тету ирихьэлӀащ. 4ЩрихьэлӀэм, мыпхуэдэу яжриӀащ: «Фэри си жызум хадэм фыкӀуи, къэвлэжьыр фэстынущ». Ахэри кӀуащ жызум хадэм.
5– Жызум хадэр зейр шэджагъуэм дежи,#20:5 шэджагъуэм деж – зэрытха дыдэм хуэдэу зэбдзэкӀмэ, «еханэ сыхьэтыр» арщ. Абы къикӀыр шэджагъуэрщ. сыхьэтыр щым дежи,#20:5 сыхьэтыр щым деж – зэрытха дыдэм хуэдэу зэбдзэкӀмэ, «ебгъуанэ сыхьэтыр» арщ. Абы къикӀыр шэджагъуэ нэужьым сыхьэтыр щырщ. аргуэру дэкӀри, нэгъуэщӀ Ӏуэхуншэ гуэрхэри хадэм игъэкӀуащ. 6ИкӀэм-икӀэжым, сыхьэтыр тхум деж#20:6 сыхьэтыр тхум деж – зэрытха дыдэм хуэдэу зэбдзэкӀмэ, «епщыкӀузанэ сыхьэтыр» арщ. Абы къикӀыр шэджагъуэ нэужьым сыхьэтыр тхурщ. аргуэру дэкӀри, нэгъуэщӀхэри къыщрихьэлӀэм, абыхэми яжриӀащ: «Махуэ псом зыри фымыщӀэу мыбдежым щхьэ фыщызэхэт?»
7– «Ӏуэху дэзыгъэлэжьын дгъуэтакъым», къыжраӀащ абыхэм.
– «Фэри фыкӀуи, си жызум хадэм фыщылажьэ. Къэвлэжьыр фэстынщ», яжриӀащ абы.
8– Пщыхьэщхьэр къыщысым, жызум хадэр зейм лэжьакӀуэхэм я унафэщӀым жриӀащ: «ЛэжьакӀуэхэм къеджи, я ужькӀэ къэкӀуахэм щыщӀэдзауэ япэу къэкӀуахэм нэсыху, я махуэ лэжьапщӀэр ет».
9– Сыхьэтыр тхум Ӏуэхур зыублахэр къыщыкӀуэм, лэжьакӀуэхэм я унафэщӀым абыхэм динар зырыз яритащ. 10Ӏуэхур япэу зыублахэр къыщыкӀуэм, нэхъыбэ къратын ягугъащ, ауэ абыхэми динар зырызщ яритар. 11Ахъшэр Ӏахри, жызум хадэр зейм едауэу щӀадзащ. 12«Дэ махуэ псом хуабэвэхым дыхэту, гугъу дехьу дылэжьа пэтми, ди ужькӀэ къэкӀуауэ зы сыхьэт нэхъ мылэжьахэм дахуэбгъэдащ», жаӀащ.
13– Жызум хадэр зейм абыхэм ящыщ зым жриӀащ: «Си ныбжьэгъу, мыхъун уэсщӀэркъым. Зы динаркъэ дызэрызэгурыӀуар? 14Уи лэжьапщӀэр щтэи, кӀуэж. ИужькӀэ къэкӀуами уэ уэстам хуэдиз естыну сыхуейщ. 15Си ахъшэм сэ сызыхуейр есщӀэну сыхуитыжкъэ? Хьэмэ уэ уфыгъуэрэ сэ сызэрыхьэлэлым щхьэкӀэ?»
16(ИтӀанэ Хьисэ щӀигъужащ:) – Апхуэдэу я ужь итхэр япэ ищынущ, япэ итхэри я ужь къинэнущ; къеблэгъахэр куэдщ, ауэ хэплъыхьауэ яхэтыр мащӀэщ.
ЗэраукӀынури лӀахэм къазэрыхэтэджыкӀыжынури Хьисэ ещанэу къызэрыжиӀар
(Марк 10:32-34; Лука 18:31-34)
17Хьисэ ЕрусалимкӀэ дэкӀуейуэ гъуэгу здытетым, и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀыр я закъуэу лъэныкъуэкӀэ Ӏуишри, яжриӀащ:
18– Мис иджы дэ ЕрусалимкӀэ дыдокӀуей. ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр* дин пашэшхуэхэмрэ торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ ерагъэубыдынущ. Абыхэм укӀ къытралъхьэнущ, 19икӀи къыщыдыхьэшхынурэ щӀопщкӀэ къеуэнущ, жорым ираӀулӀынурэ ар хамэ лъэпкъхэм#20:19 хамэ лъэпкъхэр – Рим цӀыхуу тепщэныгъэ зиӀэхэрщ. ӀэщӀалъхьэнущ; ар лӀахэм къахэтэджыкӀыжынущ ещанэ махуэм.
Зеведей и къуэхэм я анэр Хьисэ зэрелъэӀуа Ӏуэхугъуэр
(Марк 10:35-45)
20Зеведей и къуэхэм#20:20 Зеведей и къуэхэр – апостолу Екъубрэ Иуанрэщ. я анэр, и къуэхэр и гъусэу, Хьисэ къыбгъэдыхьэри, и пащхьэм лъэгуажьэмыщхьэу къитӀысхьащ, зыгуэркӀэ къелъэӀуну хуейти.
21– Сыт уэ узыхуейр? – еупщӀащ Хьисэ цӀыхубзым.
– Уи тепщэныгъэшхуэр къыщыскӀэ, мы си къуитӀым зыр уи ижьырабгъумкӀэ, адрейр уи сэмэгурабгъумкӀэ тӀысыну хуит щӀы, – къыжриӀащ цӀыхубзым.
22– Фэ фызыщӀэлъэӀур фщӀэркъым, – жиӀащ Хьисэ. – Сэ сызэфэну гугъуехь фалъэм итым фэ фефэн флъэкӀыну, е цӀыхухэм гугъуехькӀэ сызэраумэхъынум#20:22 умэхъыныр – еплъ 3:1. хуэдэу, фэ абыхэм зевгъэумэхъын флъэкӀыну?
– ТлъэкӀынщ, – къыжраӀащ абыхэм.
23– Сэ сызэфэну гугъуехь фалъэм итым фэри фефэнущ, – яжриӀащ Хьисэ. – ЦӀыхухэм сэ гугъуехькӀэ сызэраумэхъынум хуэдэу, фэри фаумэхъынущ. Ауэ си ижьырабгъумкӀэ е си сэмэгурабгъумкӀэ фыкъэтӀысыну хуит фысщӀын слъэкӀынукъым. А тӀысыпӀэхэр си Адэм зыхуигъэхьэзыра цӀыхухэм яйщ.
24Адрей цӀыхуипщӀу Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ар щызэхахым, а зэшитӀым яхуэгубжьащ. 25Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр къриджащ:
– Фэ фощӀэ, – яжриӀащ Хьисэ, – мы дунейм тет тепщэхэр цӀыхухэм я пщэм зэрыдэсыр, пашэхэми цӀыхухэм тепщэныгъэ зэрыхуаӀэри фощӀэ. 26Ауэ апхуэдэ зэхущытыкӀэкъым фяку дэлъын хуейр фэ. Фэ фщыщ ин хъуну хуеймэ, ар ӀуэхутхьэбзащӀэ къыфхурехъу. 27Фэ фщыщ япэ итыну хуеймэ, ар пщылӀ къыфхурехъу. 28ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр къыщӀэкӀуар цӀыхухэм я сэбэп зригъэкӀын щхьэкӀэкъым, атӀэ езым и сэбэп цӀыхухэм яригъэкӀын икӀи цӀыху куэдым щхьэкӀэ и псэр щхьэщэхужу итын папщӀэщ.
Хьисэ лӀы нэфитӀ зэригъэхъужар
(Марк 10:46-52; Лука 18:35-42)
29Хьисэрэ и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ Ерихон къалэм#20:29 Ерихон къалэр – Ерусалим и ищхъэрэ къуэкӀыпӀэ лъэныкъуэмкӀэ, километр 24-кӀэ пэжыжьэу, Иордан псым и дыгъэ къухьэпӀэ лъэныкъуэмкӀэ щыӀэщ. къыщыдэкӀыжым, Хьисэ и ужь цӀыху гупышхуэ къиуващ. 30ЛӀы нэфитӀ гъуэгу напщӀэм тест. Хьисэ зэрыблэкӀыр щызэхахым, макъышхуэкӀэ къаджэу щӀадзащ абыхэм:
– Зиусхьэну Даут и Къуэ,#20:30 Даут и Къуэр – еплъ 9:27. гущӀэгъу къытхуэщӀ!
31ЦӀыху гупышхуэм ямыдэу, «Шывгъэт!» жраӀащ, арщхьэкӀэ лӀы нэфитӀыр нэхъ макъышхуэкӀэ къэджащ аргуэру:
– Зиусхьэну Даут и Къуэ, гущӀэгъу къытхуэщӀ!
32Хьисэ къэувыӀэщ, ахэр къриджэри, яжриӀащ:
– Сыт фхуэсщӀэну фызыхуейр?
33– Зиусхьэн, ди нитӀыр къытхуэбгъэплъэжынырщ дызы-хуейр, – къыжраӀащ абыхэм.
34ГущӀэгъу яхуищӀри, Хьисэ абыхэм я нэхэм еӀусащ. Абыхэм я нэхэр къэплъэжащ асыхьэтым икӀи Хьисэ и ужь иуващ.

Currently Selected:

Маттэ 20: KbdNTGP2017

Highlight

Share

Copy

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in