YouVersion Logo
Search Icon

Лука 5

5
5-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
И гъуэгу ирикӀуэн щхьэкӀэ, Хьисэ япэ цӀыхуищыр къызэрыхуриджар
(Маттэ 4:18-22; Марк 1:16-20)
1Зэгуэрым, Геннисарет гуэлым#5:1 Геннисарет гуэлыр – Галилей гуэлыр арщ. Абы и кӀыхьагъэр километр 21-рэ мэхъу, и нэхъ бгъуапӀэр километр 13 мэхъу. и Ӏуфэм Ӏуту, Тхьэм и псалъэхэм едэӀуэн щхьэкӀэ, цӀыху гупышхуэ зэхуэсри, Хьисэ къыжьэхэзэрыхьащ. 2Псы Ӏуфэм кхъуафэжьеитӀ Ӏуту Хьисэ илъэгъуащ абдежым. Абыхэм къикӀауэ, бдзэжьеящэхэм яхъхэр ягъэкъэбзэжырт. 3А кхъуафэжьейхэм языхэзым, Симон ейм, итӀысхьэри, Ӏуфэм тӀэкӀу ӀукӀуэтыну Хьисэ Симон елъэӀуащ. ИтӀанэ кхъуафэжьейм ису, Тхьэм и псалъэхэр цӀыху гупышхуэм яригъащӀэу щӀидзащ.
4ЦӀыхухэм Тхьэм и псалъэхэр яригъэщӀа нэужь, Хьисэ Симон жриӀащ:
– КууупӀэм хыхьи, бдзэжьей къэвубыдын щхьэкӀэ, фихъхэр хэвдзэ.
5Гъуазэ, дэ жэщ псом гугъу дехьу дылэжьащ, зыри къэдубыдыфакъым, – жиӀащ Симон, – ауэ уэ зэрыжыпӀэм тету хъыхэр хэздзэнщ.
6Хъыхэр щыхадзэм, апхуэдизкӀэ бдзэжьей куэд къаубыдати, яхъхэм зэфӀэтхъыу щӀадзащ. 7Адрей кхъуафэжьейм ис я ныбжэгъухэм Ӏэ хуащӀащ къакӀуэу къадэӀэпыкъуну. Ахэр къакӀуэри, кхъуафэжьеитӀыр щӀилъэфэным нэсыху, бдзэжьейр из ящӀащ.
8Ар щилъагъум, Хьисэ и лъабжьэм зыщӀидзэри, Симон Петр жиӀащ:
– ЗбгъэдэкӀ, Зиусхьэн, сэ сыцӀыху гуэныхьщӀакӀуэщ.
9Апхуэдэу щӀыжиӀар апхуэдизкӀэ бдзэжьей куэд къаубыдат, езыри адрей и гъусэхэри гужьеигъуэм хэхуати, аращ. 10Ещхьыркъабзэу, Зеведей и къуитӀри, Екъубрэ Иуанрэ, Симон дэлажьэу щытахэр, къэуӀэбжьащ.
– Умышынэ! – жриӀащ Хьисэ Симон. – Бдзэжьей къэвубыдын щхьэкӀэ, абы и ужь узэритам ещхьу, нобэ щыщӀэдзауэ цӀыхухэр сэ си гъуэгу къытебгъэхьэнущ.
11Я кхъуафэжьейхэр псы уфэм къралъэфэлӀэжа нэужь, псори къагъанэри, Хьисэ и ужь иуващ ахэр.
Уэшын уз зыпкърыт лӀы гуэр Хьисэ зэригъэхъужар
(Маттэ 8:1-4; Марк 1:40-45)
12Хьисэ къалэ гуэрым щыӀэу, уэшын уз зыпкърыт зылӀ къыхуэкӀуащ. Хьисэ зэрилъагъуу, щӀым бгъэгукӀэ зытридзэри, ар къелъэӀуащ:
– Зи щӀыхь ин, ухуеймэ, сыбгъэхъужыфынущ.
13И Ӏэр ишийщ, абы теӀэбэри,#5:13 теӀэбэри – уэшын уз зыпкърытым утеӀэбэ хъунутэкъым. Хьисэ жиӀащ:
– Сыхуейщ, узыншэ хъуж!
Уэшын узыр а лӀым щхьэщыкӀащ асыхьэтым. 14Хьисэ абы ириухылӀащ:
– Мыр зыми хуумыӀуэтэж, ауэ дин пашэм деж кӀуэи, зыкъегъэлъагъу. Мусэ бегъымбарым и унафэм тету къурмэн щӀы узэрыхъужам щхьэкӀэ. УзэрыхъужамкӀэ цӀыхухэм я пащхьэм щыхьэт щыхъунущ ар.
15Апхуэдэу щыт пэтми, Хьисэ и хъыбар нэхъапэм нэхърэ нэхъыбэу цӀыхухэм ялъэӀэс хъуащ. Хьисэ жиӀэхэм едэӀуэну, я узыфэхэри ирагъэгъэхъужыну цӀыху гупышхуэхэр абы деж къакӀуэрт. 16Ауэ цӀыхухэм яхэкӀыурэ, Тхьэм щелъэӀуну щӀыпӀэ пхыдзахэм кӀуэныр и хабзэу щытащ Хьисэ.
Пкъыуэ хъуа лӀы гуэр Хьисэ зэригъэхъужар
(Маттэ 9:1-8; Марк 2:1-12)
17Хьисэ цӀыхухэм Тхьэм и псалъэхэр яригъащӀэрт махуэ гуэрым. Галилей, Иудей хэкухэм щыщ жылагъуэ псоми, Ерусалими къикӀа фарисейхэри#5:17 фарисейхэр – еплъ Маттэ 3:7. торэт егъэджакӀуэ пашэхэри#5:17 торэт егъэджакӀуэ пашэхэр – еплъ Маттэ 2:4. Хьисэ къедаӀуэ цӀыхухэм яхэст. Сымаджэхэр игъэхъужыну Зиусхьэным и къарур хэлът Хьисэ. 18Пкъыуэ хъуа лӀы гуэр, алэрыбгъум телъу, лӀы зыбжанэм къахьырт, унэм щӀахьэу Хьисэ и пащхьэм иралъхьэну. 19Ауэ цӀыхур апхуэдизкӀэ увти, сымаджэр унэм щӀахьэн яхузэфӀэкӀакъым. Апхуэдэу щыхъум, унащхьэм дэкӀуейщ, унащхьэм щыщ трахри, сымаджэр, алэрыбгъум зэрытелъу, цӀыху псоми ялъагъуу, Хьисэ и пащхьэм деж щрагъэлэлэхащ.
20Абыхэм я фӀэщхъуныгъэр щилъагъум, Хьисэ жиӀащ:
– Уи гуэныхьхэр къыпхуэгъуащ.
21Ар щыжиӀэм, торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ фарисейхэмрэ ягукӀэ жаӀащ:
– Хэт мыр? Тхьэр игъэпцӀыркъэ? Тхьэм фӀэкӀ, хэт гуэныхьхэр игъэгъун зылъэкӀынур?
22Абыхэм ягукӀэ жаӀэр ищӀэрти, Хьисэ яжриӀащ:
– Сыт фэ фигукӀэ апхуэдэ щӀыжыфӀэр? 23Сытыра нэхъ тыншыр: «Уи гуэныхьхэр къыпхуэгъуащ» жыпӀэныра, хьэмэрэ «Къэтэджи, ежьэж» жыпӀэныра? 24ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм#5:24 ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр – еплъ Маттэ 8:20. гуэныхьхэр игъэгъуну дунейм тепщэныгъэ зэрыщиӀэр фщӀэн щхьэкӀэ, – жиӀэщ, Хьисэ пкъыуэ хъуа лӀым зыхуигъазэри жриӀащ:
– Уэ ныбжызоӀэ, къэтэдж, уи алэрыбгъур къащти, уи унэ кӀуэж.
25Асыхьэтым абыхэм я пащхьэм лӀыр къыщытэджщ, алэрыбгъу зытелъар къищтэри, Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀурэ, и унэм кӀуэжащ. 26ЦӀыху псоми я гур щӀэхуауэ Тхьэм фӀыщӀэ хуащӀащ. Зэрыгъэщтэжауэ жаӀащ абыхэм:
– Сыту телъыджэ нобэ дэ тлъэгъуар!
И гъуэгу ирикӀуэну, Хьисэ Левий къызэрыхуриджар
(Маттэ 9:9-13; Марк 2:13-17)
27Абы и ужькӀэ ежьауэ, хьэкътын ахъшэ щыхах унэм деж щысу, хьэкътын ахъшэр хэзых лӀы гуэр, Левий зи цӀэр, илъэгъуащ Хьисэ.
– Си ужь къиувэ! – жриӀащ абы Хьисэ. 28Левий къэтэджщ, псори къигъанэри, Хьисэ и ужь иуващ.
29Левий и унэм гухэхъуэ Ӏэнэ Хьисэ щыхутригъэуващ итӀанэ. Хьэкътын ахъшэр хэзыххэри нэгъуэщӀ хьэщӀэ куэди Ӏэнэм пэрыст. 30Ар щалъагъум, фарисейхэмрэ торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм губгъэн хэлъу жраӀащ:
– Хьэкътын ахъшэр хэзыххэмрэ гуэныхь зыщӀэхэмрэ сыт фащӀыдэшхэ-фащӀыдефэр?
31– Узыншэхэракъым дохутыр хуэныкъуэр, атӀэ сымаджэхэращ, – яжриӀащ Хьисэ. 32– Щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхухэр къезджэн папщӀэкъым сыкъыщӀэкӀуар, атӀэ гуэныхь зыщӀэхэр я гуэныхьхэм хущӀегъуэжыным къыхуезджэн щхьэкӀэщ.
НэщӀым теухуауэ журт пашэхэр Хьисэ къызэреупщӀар
(Маттэ 9:14-17; Марк 2:18-22)
33Фарисейхэмрэ торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ Хьисэ къыжраӀащ:
– Иуан и гъуэгу ирикӀуэхэр нэщӀ#5:33 нэщӀ исщ – еплъ Маттэ 9:14. исырейщ икӀи Тхьэм йолъэӀу, фарисейхэм я гъуэгу ирикӀуэхэри аращ, ауэ уэ уи гъуэгу ирикӀуэхэр машхэ икӀи йофэ.
34– Щауэр я гъусэхукӀэ щауэм и гъусэхэр нэщӀ ивгъэсыну? – яжриӀащ Хьисэ абыхэм. 35– Ауэ щауэр абыхэм пэӀэщӀэ щащӀыну махуэхэр къэунэхунущ. Мис а махуэхэм нэщӀ исынущ ахэр.
36Зы ущие хъыбар яжриӀащ итӀанэ:
– ЩыгъыныщӀэм щыдэжын къыпитхъыурэ щыгъыныжьым щидэжыркъым зыми. Апхуэдэу ищӀмэ, щыгъыныщӀэр зэфӀэтхъынущ икӀи щыгъыныщӀэм щыщ щыдэжыныр щыгъыныжьым екӀунукъым. 37ФадэщӀэр зыми фэнд тӀорысэм иригъахъуэркъым. Апхуэдэу ищӀмэ, фадэщӀэм фэндхэр зэгуитхъынурэ, къижынущ, езы фэндхэри абы текӀуэдэнущ. 38ФадэщӀэр фэндыщӀэхэм ирагъэхъуэн хуейщ. ТӀури къызэтенэнущ абы щыгъуэ. 39ЩытынкӀэ ирикъуа фадэм ефам фадэщӀэр игу ирихьынукъым; щытынкӀэ ирикъуа фадэр нэхъыфӀщи.

Currently Selected:

Лука 5: KbdNTGP2017

Highlight

Share

Copy

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in