Лука 4
4
4-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Гуэныхь иригъэлэжьын щхьэкӀэ, шейтӀаныр Хьисэ и ужь зэритар
(Маттэ 4:1-11; Марк 1:12-13)
1Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр и гум куууэ хыхьауэ, Хьисэ Иорданыпсым къыӀукӀыжащ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм ар губгъуэ нэщӀым ишащ. 2Гуэныхь иригъэлэжьын щхьэкӀэ шейтӀаныр а щӀыпӀэм Хьисэ и ужь махуэ плӀыщӀкӀэ къыщитащ. А махуэхэм Хьисэ зыри ишхакъым, махуэ плӀыщӀ нэужьым ар къэмэжэлӀащ.
3ШейтӀаным Хьисэ къыжриӀащ итӀанэ:
– Уэ Тхьэм ури-Къуэмэ, щӀакхъуэ хъуну мы мывэм унафэ хуэщӀ.
4Тхьэм и псалъэу тхахэм хэтщ,#4:4 Тхьэм и псалъэу тхахэм хэтщ – еплъ 5 Мусэ 8:3. – жриӀащ Хьисэ шейтӀаным, – «ЩӀакхъуэ къудейкъым цӀыхур зэрыпсэунур, атӀэ дэтхэнэ псалъэу Тхьэм къыбгъэдэкӀырщ».
5Хьисэ бгы лъагэ гуэрым дишщ, дунейм тет къэралыгъуэ псори зы нэпӀэзыпӀэм къригъэлъагъури, 6шейтаным къыжриӀащ итӀанэ:
– Мы къэралыгъуэхэм я тепщэныгъэ псори щӀыхьышхуэу яӀэри сэ уэ уэстынущ, ахэр си ӀэмыщӀэм илъщ икӀи сэ сызыхуейм естыну сыхуитщи. 7Аращи, лъэгуажьэмыщхьэу ууву сэ сыбгъэлъапӀэмэ, мы псори ууей хъунущ.
8Тхьэм и псалъэу тхахэм хэтщ,#4:8 Тхьэм и псалъэу тхахэм хэтщ – еплъ 5 Мусэ 6:13. – жриӀэжащ Хьисэ, – «Зиусхьэну уи Тхьэр бгъэлъапӀэурэ, узыхуэлэжьэн хуейр абы и закъуэщ».
9Абы и ужькӀэ шейтӀаным Хьисэ Ерусалим ишэщ, Тхьэм и унэшхуэм и нэхъ лъагапӀэ дыдэм тригъэувэри, къыжриӀащ абы и ужькӀэ:
– Уэ Тхьэм ури-Къуэмэ, мыбдеж зыщедзых; 10-11Тхьэм и псалъэу тхахэм хэтщи:#4:10-11 Тхьэм и псалъэу тхахэм хэтщ – еплъ Уэрэд ЛъапӀэхэм (Сабур) 90:11-12.
«Тхьэм и мелыӀычхэм укъахъумэну
унафэ къахуищӀынущ,
мывэм уи лъакъуэхэмкӀэ
ужьэхэмыуэн щхьэкӀэ,
я ӀэхэмкӀэ узэрахьэнущ».
12– Тхьэм и псалъэу тхахэм хэтщ,#4:12 Тхьэм и псалъэу тхахэм хэтщ – еплъ 5 Мусэ 6:16. – жэуап иритыжащ Хьисэ абы, – «Зиусхьэну уи Тхьэр умыгъэунэху!»
13Хьисэ гуэныхь зэрыригъэлэжьын Ӏэмал псори щиухым, и пӀалъэр къэсмэ, къигъэзэжыну ӀукӀыжащ шейтӀаныр.
Хьисэ и лэжьыгъэр Галилей хэкум зэрыщиублар
(Маттэ 4:12-17; Марк 1:14-15)
14Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ Хьисэ Галилей хэкум игъэзэжащ итӀанэ. Хьисэ теухуа хъыбарыр а хэку псом щызэлъащӀысащ. 15ЦӀыху псоми щӀыхь къыхуащӀурэ, Хьисэ абыхэм я синэгуэгухэм#4:15 синэгуэгу – журтхэм я тхьэлъэӀупӀэщ. Тхьэм и псалъэхэр щаригъащӀэрт.
Назарет дэс цӀыхухэм Хьисэ зэрамыдар
(Маттэ 13:53-58; Марк 6:1-6)
16Хьисэ щапӀа Назарет къалэм#4:16 Назарет къалэр – еплъ Маттэ 2:23. кӀуащ. И хабзэм тету, щэбэт махуэм#4:16 щэбэт махуэр – еплъ Маттэ 12:1. синэгуэгум щӀыхьащ. Тхьэм и псалъэу тхахэм щыщ къахуеджэну, абы щӀэсхэм я пащхьэм иуващ. 17Ешайа бегъымбарым и тхылъыр къратащ. Тхылъыр зэгуихри, мыпхуэдэу здит щӀыпӀэр#4:17-19 здит щӀыпӀэр – еплъ Ешайа бегъымбарым и тхылъым 61:1-2; 58:6. къигъуэтащ:
18«Зиусхьэным и Псэ ЛъапӀэр сигу илъ хъуащ;
Тхьэм дагъэ лъапӀэр къысщихуащи.
КъыщӀысщихуар тхьэмыщкӀэхэм хъыбарыфӀыр
яхуэсӀуэтэн папщӀэкӀэщ.
Зи гур кӀуэдахэм ягу къызэфӀэзгъэувэжыну,
щхьэхуит зэрыхъужынум и хъыбар
лъэхъуэщым щӀэсхэм езгъэщӀэну,
нэфхэр къэзгъэплъэжынуи,
гугъуехь зытелъхэр щхьэхуит сщӀыжынуи
Тхьэм сыкъигъэкӀуащ.
19Зиусхьэным и нэфӀ цӀыхухэм къащыщыхуэну
илъэсыр къызэрысам и хъыбар
езгъэщӀэнуи сыкъигъэкӀуащ».
20Хьисэ, тхылъыр зэтрипӀэжщ, синэгуэгу ӀуэхутхьэбзащӀэм иритри, тӀысащ. Синэгуэгум щӀэс цӀыху псоми я нэхэр абы траубыдащ. 21Хьисэ абыхэм яжриӀэу щӀидзащ:
– ФедаӀуэурэ, Тхьэм и псалъэу тхахэм хэт мы псалъэхэр нобэ пэж хъуащ.
22ЦӀыхухэм хуабжьу ягу ирихьащ Хьисэ, абы и псалъэ дахэхэри ягъэщӀэгъуащ.
– Исуф и къуэр аракъэ мыр? – жаӀащ.
23– Щэч хэмылъу мы псэлъэжьыр къызжефэнщ: «Дохутыр, уэ зыгъэхъуж». ИтӀанэ къызжефэнщ: «Капернаум къалэм щыблэжьауэ зэхэтхам хуэдэ Ӏуэхухэр мы ущапӀа къалэм щылэжь», – яжриӀащ абыхэм Хьисэ.
24Ар жиӀэри, Хьисэ къыщӀигъужащ:
– Пэжыр нывжызоӀэ, зы бегъымбари езыр щалъхуа къалэм щадэркъым. 25Ауэ пэжыр нывжызоӀэ, Иляс бегъымбарым#4:25-26 Иляс бегъымбарыр – еплъ Пащтыхьхэм я хъыбархэр зэрыт япэ тхылъым, (3-я Царств) 17:1. и зэманым уафэм илъэсищрэ мазихкӀэ зызэхуищӀу, уэшх къемышхыу щыхъум, зэрыкъэралу гъаблэшхуэм щыхэхуам, Израил къэралым фызабэ куэд ису щытащ. 26Апхуэдэу щыта пэтми, абыхэм ящыщ гуэрым деж Тхьэм Иляс игъэкӀуакъым, ауэ Сидон къалэм и Ӏэхэлъахэм ит Сарептэ жылэм дэс фызабэ гуэрым деж игъэкӀуащ. 27Елисей бегъымбарым#4:27 Елисей бегъымбарыр – еплъ Пащтыхьхэм я хъыбархэр зэрыт етӀуанэ тхылъым, (4-я Царств) 5:1-4. и зэманми уэшын узыфэ зэфыкӀ цӀыху куэд Израил ису щытащ, ауэ Елисей абыхэм ящыщ зыри игъэхъужакъым, Сирие хэкум щыщ Нееман зи цӀэ закъуэм фӀэкӀ.
28Ар щызэхахым, синэгуэгум щӀэс цӀыху псори хуабжьу къэгубжьащ. 29Ахэр къэтэджри, Хьисэ къалэм къыдахуащ икӀи къалэр зытет бгым щадзыну драшеящ. 30Ауэ Хьисэ абыхэм я зэхуаку дэкӀри ежьэжащ.
Хьисэ лӀы гуэрым жин бзаджэр зэрыхихуар
(Марк 1:21-28)
31Хьисэ Галилей хэкум щыщ Капернаум къалэм#4:31 Капернаум къалэр – Галилей гуэлым и ищхъэрэ-къухьэпӀэ Ӏуфэм Ӏутщ. къехри, цӀыхухэм Тхьэм и псалъэхэр яригъащӀэу щэбэт махуэм щӀидзащ итӀанэ. 32Тхьэм и псалъэхэр Хьисэ зэраригъащӀэ щӀыкӀэр икъукӀэ ягъэщӀэгъуащ цӀыхухэм, тепщэныгъэшхуэ иӀэу абыхэм епсалъэрти.
33Жин бзаджэм иӀыгъ лӀы гуэр щӀэтт синэгуэгум. Ар макъышхуэкӀэ къахэкӀиящ:
34– Къэгъанэ! Сыт уи Ӏуэхуу дэ къытхэлъыр, Назарет щыщ Хьисэ? Дыбгъэунэхъуну укъэкӀуа? Уэ хэт ущыщми, сощӀэ: Тхьэм къыбгъэдэкӀа ЛъапӀэр уэращ.
35– Щыгъэти, мы лӀым къыхэкӀыж! – жиӀащ Хьисэ, жин бзаджэм егийри. ЦӀыху псоми я пащхьэм лӀыр щриудри, зыри иримыщӀэу, жин бзаджэр абы хэкӀыжащ.
36ЦӀыху псоми ар хуабжьу ягъэщӀагъуэурэ, зыр адрейм еупщӀырт:
– Ар сыт! ГъэщӀэгъуэн! Тепщэныгъэшхуэрэ лъэкӀыныгъэшхуэрэ иӀэу, жин бзаджэхэм унафэ яхуищӀурэ, цӀыхухэм яхеху.
37Аращи, Хьисэ теухуа хъыбарыр хэкум дэнэкӀи щызэлъащӀысащ.
Хьисэ цӀыху куэд зэригъэхъужар
(Маттэ 8:14-17; Марк 1:29-34)
38Синэгуэгум къыщӀэкӀыжри, Хьисэ Симон и унэм щӀыхьащ. Симон и щыкъу анэр плъыржьэр гуащӀэм хуабжьу хигъэзыхьауэ пӀэм хэлът. Ар игъэхъужыну Хьисэ елъэӀуащ. 39Хьисэ сымаджэм щхьэщыувэщ, плъыржьэрым егийри, хихуащ. ЗанщӀэу къызэфӀэувэри, абыхэм хьэщӀагъэ къарихащ цӀыхубзым.
40Дыгъэр щыкъухьэм, узыфэ зэмылӀэужьыгъуэхэр зиӀэ сымаджэ псори Хьисэ къыхуашэу щӀадзащ псоми. Абыхэм ящыщ дэтхэнэри, и Ӏэр трилъхьэурэ, игъэхъужырт. 41Жин бзаджэхэри, «Уэращ Мэссихьу Тхьэм и Къуэр», жаӀэу къэгуоурэ, цӀыху куэдым къахэкӀыжырт. Ар зэры-Мэссихьыр ящӀэрти, егийри, псэлъэну хуит ищӀакъым Хьисэ.
Галилей хэкур къызэхикӀухьурэ, Хьисэ Тхьэм и псалъэхэм цӀыхухэр иригъэдаӀуэу зэрыщытар
(Марк 1:35-39)
42Нэху зэрыщу, къалэм дэкӀри, Хьисэ щӀыпӀэ пхыдза гуэрым кӀуащ. ЦӀыху гупышхуэ лъыхъуэрт абы икӀи къыщагъуэтым, я деж къагъэнэну хэтащ.
43Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм#4:43 Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр – еплъ Маттэ 3:2. теухуа хъыбарыфӀыр цӀыхухэм нэгъуэщӀ къалэхэми щахуэсӀуэтэн хуейщ. Аращ Тхьэм сыкъыщӀигъэкӀуар, – яжриӀащ абыхэм Хьисэ.
44Галилей хэкум ит синэгуэгухэм цӀыхухэр Тхьэм и псалъэхэм щригъэдэӀуащ апхуэдэу.
Currently Selected:
Лука 4: KbdNTGP2017
Highlight
Share
Copy
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017