Лука 3
3
3-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
УмэхъакӀуэ Иуан и уазыр
(Маттэ 3:1-12; Марк 1:1-8; Иуан 1:19-28)
1Тиверий#3:1 Тиверий – Хьисэ къэхъуа нэужь, 14-37-нэ гъэхэм Рим кесару щытащ. кесарым и тетыгъуэм и епщыкӀутхуанэ илъэст; Понтий Пилат#3:1 Понтий Пилат – рим цӀыхухэм ящыщу Понтий Пилат, Хьисэ къэхъуа нэужь, 26-36-нэ гъэхэм Иудей, Самарие, Идумей хэкухэм я Ӏэтащхьэу щытащ. зи цӀэр Иудей хэкум и Ӏэтащхьэт абы щыгъуэ. Ироди#3:1 Ирод – Ирод Антипэ жыхуаӀэрщ. Хьисэ къэхъун и пэкӀэ 4-нэ гъэм къыщыщӀэдзауэ Хьисэ къэхъуа нэужь 39-нэ гъэм нэсыху, ар Галилей, Перей хэкухэм япщу щытащ. Галилей хэкум ипщт; Ирод и къуэш Филипп#3:1 Филипп – Хьисэ къэхъун и пэкӀэ 4-нэ гъэм къыщыщӀэдзауэ Хьисэ къэхъуа нэужьым 34-нэ гъэм нэсыху, Итурей, Трахонит хэкухэм япщу щытащ. Ахэр къэралым и ищхъэрэ-къуэкӀыпӀэ лъэныкъуэмкӀэ щыӀащ. Итурей, Трахонит хэкухэм япщт; Лисаний зи цӀэр Авилиней хэкум ипщт. 2Аннэрэ Кайафэрэ#3:2 Аннэрэ Кайафэрэ – Хьисэ къэхъуа нэужьым 6-15-нэ гъэхэм Аннэ дин пашэшхуэу щытащ. Кайафэ, Аннэ и пхъум и лӀыр, 18-36-нэ гъэхэм дин пашэшхуэу щытащ. дин пашэшхуэт#3:2 дин пашэшхуэр – дин пашэхэми Тхьэмадэ Хасэшхуэми я тхьэмадэу щытащ.. А махуэхэращ Зэчрей и къуэ Иуану губгъуэ нэщӀым щыпсэууэ щытам Тхьэм и псалъэхэр къыщыхуехар. 3Иуан, Иорданыпсым и Ӏэхэлъахэ псори къызэхикӀухьым, цӀыхухэр Тхьэм и псалъэхэм иригъэдаӀуэурэ, мыпхуэдэу жиӀэрт:
– Фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэжи, зызвгъэумэхъ,#3:3 умэхъыныр – еплъ Маттэ 3:1. Тхьэм ахэр къыфхуигъэгъун щхьэкӀэ.
4Мы Ӏуэху псори къэхъуащ Ешайа бегъымбарым и псалъэхэр зэрыт тхылъым зэритым хуэдэу,#3:4-6 Ешайа бегъымбарым и псалъэхэр зэрыт тхылъым зэритым хуэдэу – еплъ Ешайа бегъымбарым и тхылъым 40:3-5.
«Губгъуэ нэщӀым джэ макъ гуэр къыщоӀу:
Зиусхьэным и гъуэгур хуэвгъэпси,
и лъагъуэхэр захуэ хуэфщӀ.
5Дэтхэнэ къуэладжэри исеинущ,
дэтхэнэ бгыри Ӏуащхьэри
лъахъшэ хъунущ.
Гъуэгу нэшэкъашэхэр захуэ хъунущ,
гъуэгу къургъакъхэр джафэ хъунущ.
6ЦӀыхухэр мыкӀуэду Тхьэм
къызэрыригъэлынур цӀыху псоми
ялъагъунущ».
7Иуан зезыгъэумэхъыну къежьа цӀыху куэдым яжриӀащ:
– Фэ, блэ щылъхухэ!#3:7 блэ щылъху – блэм къилъхуа жыхуиӀэщ. Тхьэм и губжьу къэкӀуэнум фыӀэщӀэкӀын гугъэ хэт фэзыгъэщӀар? 8Фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэжи, абы хуэфащэ ӀуэхуфӀхэр влэжь. «Ибрэхьимщ дэ ди адэр», жывмыӀэххэ. Сэ нывжызоӀэ, Тхьэм хузэфӀэкӀынущ мы мывэхэм Ибрэхьим щхьэкӀэ бын къахухигъэхъукӀыну. 9Джыдэр жыг лъабжьэхэм трашэщӀакӀэщ. Аращи, фӀыгъуэ къызыпымыкӀ дэтхэнэ жыгри къраупщӀыкӀыжынурэ, мафӀэм пэрадзэнущ.
10ЦӀыхубэр Иуан къеупщӀащ:
– Сыт атӀэ дэ тщӀэн хуейр?
11– ДжанитӀ зиӀэм я зыр зимыӀэм ирырет! – яжриӀащ абыхэм. – Шхын зиӀэми шхын зимыӀэм ирырет!
12Хьэкътын ахъшэр#3:12 хьэкътын ахъшэр – еплъ Маттэ 5:46. хэзых цӀыхухэр, зрагъэумэхъын щхьэкӀэ, Иуан деж къакӀуэри къеупщӀащ:
– Дин егъэджакӀуэ, дэ сыт тщӀэн хуейр?
13– ЦӀыхухэм къеӀыфхын хуейм нэхъыбэ къеӀывмых, – яжриӀащ абыхэм.
14– Дэри сыт тщӀэн хуейр? – къеупщӀащ зауэлӀхэри Иуан.
– Зыми и ахъшэ лъэщыгъэкӀэ къытевмых, зыми пцӀы тевмылъхьэ, лэжьапщӀэу къыват ахъшэмкӀэ арэзы фыхъу, – яжриӀащ абыхэм.
15– Мы Иуаныр Мэссихьу#3:15 Мэссихь – еплъ Маттэ 1:17. жыхуаӀэр армырауэ пӀэрэ? – жаӀэурэ гугъэ ящӀу, цӀыху псори ягукӀэ зэупщӀыжырт.
16– Сэ псымкӀэ фызоумэхъ, ауэ сэр нэхърэ нэхъ лъэкӀыныгъэшхуэ зиӀэ гуэр си ужькӀэ къэкӀуэнущ, – яжриӀащ Иуан псоми. – Абы и вакъэ лъэпсхэр хуэстӀэтэнуи сэ схуэфащэкъым. Абы Тхьэм и Псэ ЛъапӀэкӀи мафӀэкӀи фэ фиумэхъынущ. 17Абы и хьэнцэр и Ӏэм ӀэщӀэлъщ, и хьэмыр игъэкъэбзэжынурэ, и гуэдзыр гуэнхэм ирикӀутэжынущ абы, ауэ хьэуазэр мыункӀыфӀыж мафӀэ лыгъейкӀэ игъэсынущ.
18Апхуэдэу, Иуан цӀыхухэм нэгъуэщӀ Ӏуэху куэди яригъащӀэурэ, хъыбарыфӀыр яхуиӀуатэрт.
19Езым и къуэшыр#3:19 и къуэш – и къуэш Филипп (еплъ Марк 6:17) Рим къалэшхуэм щыпсэуар аращ. псэу пэтми, абы и фыз Иродиадэ къызэришэжам щхьэкӀи нэгъуэщӀ мыхъумыщӀагъэу илэжьа псом щхьэкӀи Иуан пщы Ирод егиящ. 20Ирод а мыхъумыщӀагъэу илэжьа псоми хигъахъуэурэ, и зауэлӀхэм Иуан лъэхъуэщым щӀрыригъэдзащ.
Иуан Хьисэ зэриумэхъар
(Маттэ 3:13-17; Марк 1:9-11)
21Иуан, цӀыху псори иумэхъа нэужь, Хьиси иумэхъащ. Хьисэ Тхьэм щелъэӀум, уафэр зэӀукӀри, 22тхьэрыкъуэм и пкъым хуэдэ пкъы иӀэу, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр Хьисэ къыхуехащ. Уафэм зы макъ къиӀукӀащ:
– Уэращ сэ фӀыуэ слъагъу си Къуэ щӀасэр. Сигу урихьащ уэ.#3:22 Уэращ … сигу урихьащ – еплъ Сабур (Псалтыр) 2:7; 1 Мусэ 22:2; Ешайа бегъымбарым и тхылъым 42:1.
Хьисэ къызыхэкӀа лъэпкъыр
(Маттэ 1:1-17)
23И лэжьыгъэм щыщӀидзам, Хьисэ илъэс щэщӀым итт. ЦӀыхухэм зэрагугъамкӀэ, ар Исуф и къуэщ. Исуф Илий и къуэщ. 24Илий Матфат и къуэщ. Матфат Левий и къуэщ. Левий Мелхий и къуэщ. Мелхий Ианнай и къуэщ. Ианнай Исуф и къуэщ. 25Исуф Маттафий и къуэщ. Маттафий Амос и къуэщ. Амос Наум и къуэщ. Наум Еслим и къуэщ. Еслим Наггей и къуэщ. 26Наггей Мааф и къуэщ. Мааф Маттафий и къуэщ. Маттафий Семей и къуэщ. Семей Исуф и къуэщ. Исуф Иудэ и къуэщ. 27Иудэ Иоаннан и къуэщ. Иоаннан Решай и къуэщ. Решай Зоровавел и къуэщ. Зоровавел Салафиил и къуэщ. Салафиил Нирий и къуэщ. 28Нирий Мелхий и къуэщ. Мелхий Аддий и къуэщ. Аддий Косам и къуэщ. Косам Елмодам и къуэщ. Елмодам Ир и къуэщ. 29Ир Иосие и къуэщ. Иосие Елиезер и къуэщ. Елиезер Иорим и къуэщ. Иорим Матфат и къуэщ. Матфат Левий и къуэщ. 30Левий Симеон и къуэщ. Симеон Иудэ и къуэщ. Иудэ Исуф и къуэщ. Исуф Ионан и къуэщ. Ионан Елиаким и къуэщ. 31Елиаким Мелеай и къуэщ. Мелеай Майнан и къуэщ. Майнан Маттафай и къуэщ. Маттафай Нафан и къуэщ. Нафан Даут и къуэщ. 32Даут Иессе и къуэщ. Иессе Овид и къуэщ. Овид БоӀаз и къуэщ. БоӀаз Салмон и къуэщ. Салмон Наасон и къуэщ. 33Наасон Аминадав и къуэщ. Аминадав Арам и къуэщ. Арам Есром и къуэщ. Есром Фарес и къуэщ. Фарес Иудэ и къуэщ. 34Иудэ Екъуб и къуэщ. Екъуб Исхьэкъ и къуэщ. Исхьэкъ Ибрэхьим и къуэщ. Ибрахьим Тэрахъ и къуэщ. Тэрахъ Нахъор и къуэщ. 35Нахъор Серух и къуэщ. Серух Рагав и къуэщ. Рагав Фалек и къуэщ. Фалек Евер и къуэщ. Евер Салэ и къуэщ. 36Салэ Кайнан и къуэщ. Кайнан Арфаксад и къуэщ. Арфаксад Щэм и къуэщ. Щэм Нухь и къуэщ. Нухь Ламех и къуэщ. 37Ламех Мафусал и къуэщ. Мафусал Енох и къуэщ. Енох Иаред и къуэщ. Иаред Малелеил и къуэщ. Малалеил Кайнан и къуэщ. 38Кайнан Енощ и къуэщ. Енощ Щэт и къуэщ. Щэт Адэм и къуэщ. Адэм Тхьэм ейщ.
Currently Selected:
Лука 3: KbdNTGP2017
Highlight
Share
Copy
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017